Кавказ Хасэхэм Я Зэгуэхьэныгъэм (КАФФЕД) накъыгъэм и 13 м, схьэтыр 10.00 м пресс гъуазэт иригъэкlуэкlащ Адыгэм и лъэпкъгъэкlуэд – и хэку игъэкl махуэм теухуау. Абы хэтащ КАФФЕД’ым и нэхъыщхьэ Проф . Др. Юнит Динчер, и тхьэмадэ къуэдзэ Др. Ясемин Орал, гъазэщlакlуэ Тюлин Ёзгюл, Ад. Фуркан Сойупак.
Истанбул-Бейоглу, Фыджан ресторантым щекlуэкlа зэlущlэм щгъуазэ щащlащ КАФФЕД’ым Накъыгъэ мазэм и 21 щэбэт махуэм схьэтыр 16.00-21.00 м щекlуэкlыну Черкес лъэпкъгъэкlуэд-хэку игъэкl пэкlум теухуау.
«Накъыгъэм и 21 р лъэпкъ гъэкlуэд махуэщ»
Гъуазэ тхыгъэм къеджа КАФФЕД’ым и нэхъыщхьэ Проф . Др. Юнит Динчер къыхигъэщащ Накъыгъэм и 21 р нагъыщэ (сембол) махуэу зэрабжыр.
«Илъэс 101 рэкlэ екlуэкlа Кавказ-Урыс зауэр 1864 гъэм, Накъыгъэ мазэм и 21 м иухащ. Яужьрей зауэр щекlуэкlащ нобэ Сочи къалэм хехьэ Кбаадэ къуэладжэм. А махуэр къызэрыгуэкlу зы махуэкъым Черкесхэм е адырей Кавказ лъэпкъхэм дежкlэ. Накъыгъэ мазэм и 21р лъэпкъ гъэкlуэдым и нагъыщэщ.
Урыс империям дыгъапlэ лъэныкъуэм зыщиубгъун, Кавказ лъэпкъхэр и унафэ щlигъэувэн гугъэ иlэт. Мы гугъэр игъэзэщlэн щхьэкlэ Кавказ гъунапкъэм бдапlэхэр щигъуват. Иубыда щlыпlэхэм зэпымыууэ Урыс, Казак иригъэтlысхьэт. Економик дэкъузэныгъэ ярищlылlэрт. Хыфlыцlэм лъэныкъуэм и гъуэгухэр и дзэн lувымкlэ игъэбыдэрт. А щlыналъэм щыпсэу цlыхухэр мэжалlалlэмрэ уз зэрыцlалэмрэ хидзат. Апхуэдэурэ Черкесхэр я щхьэ я хуитыныгъэ ямыхъумэжыфыным ирихулlэн lуэхут кърихуэкlыр. Ауэ Черкесхэмрэ адырей Кавказ лъэпкъхэмрэ абы щхьай къикlуэтакъым. Шыщхьэмыгъазэу, псэ емыблэжу, я хэку я хуитыныгъэ зэрахъумэным щlэзэуахэщ. Урысым и гухэлъыр кlэщlу къиlуатэрт зы Урыс дзэлlым и псалъэм: Дэ дызыхуейр Черкесхэракъым, Черкесияращ.
«Накъыгъэм и 21р щхьэlэтыж махуэщ!»
Ахчыпсам я лъахэ Сочим ещlылlа Кбаадэ къуэладжэм (Урысыр Красная Полянакlэ зэджэ щlыпlэм) щиухащ Черкесым я хуитыныгъэр щаlэщlэкlа зауэр. Зауэм кlэ игъуэтами лъэпкъ гъэкlуэдыр иухакъым. Черкесхэм я хэкур ирагъэбгынащ. Зауэ лъыгъажэм имызакъуэу ахэр зэтриук1ащ уз зэрыцlалэми. Зэрыхуагъэфащэмкlэ цlыху 625.000 хэкlуэдащ. И бжыгъэр lупщlу щымытыми 1-1.5 миллион цlыхум я хэку ирагъэбгынащ. Ахэр Осман империям е нэмыщl щыпlэхэм lэпхъуащ. Хэхэс хъуа, увыlэпlэ яхуэхъуа щlыпlэхэм щыпсэуным, я бзэр я щэнгъуазэр яхъумэным и зауэр ирагъэкlуэкlащ. Ауэ лъэкъ гъэкlэдыным (ассимиласион) хущlэкъу националист къэрал политикахэм хэщlыныгъэшхуэ къаритащ. Мыбы и щапхъэщ Убыхыбзэр диаспорам зэрыщыкlуэдар. Икlий абы къегъэлъагъуэр лъэпкъ гъэкlуэдыр нобэй зэпымыуау зэрырекlуэкlыр.
101 илъэскlэ екlуэкlа лъэпкъгъэкlуэд зауэм и кlэм Черкесхэр япэ иту Ищхъэрэ Кавказ лъэпкъхэм я хэкур ирагъэбгынащ. Ауэ я адэжь щlыналъэм хуаlэ лъагъуныгъэр я гум ирахыфакъым. Абы щхьэкlэ Накъыгъэм и 21 м кlэ зыгъуэта зы лъэпкъгъэкlуэд зауэу и щыгъуэдэх махуэ къудеу уеплъ хъунукъым. Лъыгъажэр зыщlари, зэращlылlари нахуэщ, абы къыхэкlа мыгъуагъэхэр нобэй lупщlу утыку илъщ. Ар, ух зимыlэ зы щlэпхъэджагъэщ. Нобэрей Урысей къэралыгъуэр Урыс Империям и лъэужь тетщ. А щlыналъэм ис лъэпкъхэм и хущытыкlэм, и политикам, и нагъыщэхэм уеплъымэ ар наlуэу къуегъэлъагъур. Зи хэку зрагъэбгынахэм я псалъэгъуу нобей къапыщытыр аращ. 1864 гъэм, Накъыгъэм и 21 м иухакъым лей зэхьэныр. Етlуанэрей Дунейпсо зауэм техуэу 1944 гъэм я щlыр ирагъэбгынащ Шэшэн, Ингуш, Татар, Карачай, Балкархэри хэту лъэпкъ lэджэм. Ахэм лъэпкъгъакlуэд иращlылlэри Сыбырым яхуащ. Хъаргъэшыргъэм икlэр 1980 Шэшэн зауэм хуэкlуащ. Иджыдыдэй мы щlы зэрыпхъуэ политикам къигъэхъея, миллион 5 цlыхур ипlэ изыхуа Украин зауэр дыпэмыжыжэу йокlуэкlыр.»
«Къыхудоджэр цlыху гущlэгъу зыбгъэдэлъ дунейпсо лъэпкъхэр!»
Накъыгъэм и 21 м КАФФЕД’ым иригъэкlуэкlыну пэкlуэм къыхуреджэр Динчер’ым:
«158 илъэсыр къызэринэкlами 21 майхэр иджыри къуэхъур. Абы къыхэкlкlэ Накъыгъэм и 21 м гукъэкlыж хуэтщlыну, Черкес лъэпкъым къатэхьа лейр Туркуми, Дунейпсоми зхэдгъэхыну, ядэдгуэшыну 2022-Накъыгъэм и 21 м, схьэтыр 16.00’ым Еникапы Утым тщызохуэсыр. Мы къыдащlам и цlэр лъэпкъгъэкlуэщ (Еноцид) жытlэу, макъ лъэщкlэ цlыхугъэ, гущlэгъу зыбгъэдэлъ дуней лъэпкъхэм зхэдгъэхыну, ягурыдгъэlуэну Накъыгъэм и 21м Еникапы тщыlэнущ.»
Прес гъуазэм, гъуазэтхэм (журналистхэм) я упщlэхэмрэ абы и пэуэжымрэкlэ (жэуап) иухащ.