Щэхур нахуэ къохъу

0
541

1836 гъэм жэпуэгъуэ мазэм Лондон щежьэри, Шэрджэсым кlуащ «Виксен» кхъухьыр, шыгъу ишэри. 

Кхъухьыр зейр зиусхьэн Белл Джорджщ. Ар щэкlуэгъуэ (ноябрь) мазэм и 25-м урысхэм Суджыкъу къалэ щаубыдащ, шэрджэсхэм шыгъу къахуишэну хуимытауэ жаlэри. Белл и кхъухьыр ятхьэкъуащ, абы и капитанымрэ экипажымрэ Севастополь яшащ, зыкъомрэ щаlыгъа нэужь, къаутlыпщыжащ. 

Лорд Пальмерстон сабэ дрипхъей зищlащ Британием и кхъухь Урысейм зэриубыдам щхьэкlэ: «Ар дигу техуэ хъунукъым, Британиер хуитщ дэнэ сату щищlынуми, абы и щlыхьыр зэрытхъумэн къару диlэщ дэ!» – ар жиlэри парламентым и пащхьэм иуващ лорд Пальмерстон. Британием и щlыхьым тегузэвыхь лордым зыщигъэгъупщащ Шэрджэсым лей къызэрылъысар: ар зыми lэщlэмылъ хэкущ – аращ лорд Пальмерстон игу къэмыкlыжар.  

Урысхэм жаlэр нэгъуэщlщ: Шэрджэсыр ди империем щыщщ, дэ хуит дымыщlауэ адыгэ хы lуфэм зы кхъухьи къекlуалlэ хъунукъым. Абыкlэ хъыбар кърагъэщlа лорд Пальмерстон? Ар ибзыщlащ хамэ къэрал lуэхухэмкlэ министрым. «Виксен» кхъухьым и lуэхум къитэджыкlа псалъэмакъыр щlэх щызэпыуакъым Британием и парламентым, щlэх къахуэумысакъым лорд Пальмерстон. Икlэм-икlэжым, 1838 гъэм мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм и 21-м щэхур нахуэ хъуащ. 

Лорд Пальмерстон 1836 гъэм Урысейм еныкъуэкъун мурад ищlатэми, ар абы хузэфlэкlынутэкъым: министр къулыкъур къызэрыlэрыхьэххэу, 1831 гъэм, ар арэзы хъуауэ щытащ Урысейм Кавказыр зыlэщlилъхьэн мурад зэрищlамкlэ, ар (лорд Пальмерстон) Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращlылlа зэгурыlуэныгъэм зэреувэлlам арат къикlыр. Шэрджэс хы lуфэр Урысейм хуит щыхуэпщlакlэ, адыгэхэм я нэщlыбагъкlэ Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращlылlа зэгурыlуэныгъэмкlэ (1829 гъэм) акъылэгъу ухъуауэ аращ – нэгъуэщl къикlкъым абы. Езы адыгэхэм я пщlыхьэпlи къыхэхуакъым, дауи, лорд Пальмерстон апхуэдэ хьэгъэщагъэ къакlэлъызэрихьауэ. Хамэ къэрал lуэхухэмкlэ Британием и министрым зыщиумысыжар 1838 гъэрщ – парламентым щыхагъэзыхьа нэужь. 

1827 гъэм бадзэуэгъуэ (июль) мазэм и 6-м Урысеймрэ Тыркумрэ щызэращlылlа зэгурыlуэныгъэм ипкъ иткlэ, Урысейм къалэн зыщищlыжауэ щытащ и къэрал гъунапкъэм зримыгъэукъуэдиину. А псалъэр игъэпэжакъым Урысейм. Абы къыхэкlкlэ Британиер акъылэгъу хъун хуеякъым Адрианополь зэгурыlуэныгъэмкlэ. Тыркур хуитакъым езым lэщlэмылъа Шэрджэсыр Урысейм иритыну. Урысейри хуитакъым ар Тыркум «къыlэщlихыну». Тырку пащэр Анапэ щыдэса зэманми Шэрджэсыр Портэм lэщlэлъакъым, Урысейм и lэмыщlэ зрилъхьэн муради иlакъым, абы и нэщlыбагъкlэ щызэрахьэ хьэгъэщагъэр сэтей къэхъуащ, «Виксен» кхъухьыр къайгъэ хэхуа нэужь. 

Маркс Карл 

Черкес Хэку № 36 (13604) 2021 гъэ, накъыгъэм (майм) и 20  

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz