Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI

0
461

Ди республикэм щеджэн и мураду и хэку къэзыгъэзэжауэ щыта Чурей Дыжьын куэдым яцIыху и щIэныгъэкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ. И насып Абхъазым щыIэу къыщIэкIри, абы унагъуэ щыхъуауэ щопсэу Дыжьын. Мы махуэхэм ар Налшык къэкIуэжати, «Адыгэ псалъэ» газетым щиIэ и ныбжьэгъухэр илъагъуну редакцэм къызэрыщIыхьар къэдгъэсэбэпри, деуэршэрылIащ.


Лэжьыгъэ IэнатIэу щым пэрытщ Дыжьын. Абхъазым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институту Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэм IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм щыIэщ. Абхъаз Республикэм и къэрал университетым илъэс 11 хъуауэ щрегъаджэ, абы и доцентщ. Абхъаз литературэмкIэ кафедрэм хыхьэу, филологие факультетым и 1, 4-нэ курсхэм къахуоджэ «Этнокультура абхазо-адыгской диаспоры», «Литература черкесского зарубежья» лекцэхэм. Макъамэри IэщIыб ищIакъым Дыжьын икIи ар и доктор диссертацэр игъэхьэзырынымкIэ сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъуар къыхегъэщ. Илъэситху хъуауэ ар хэтщ, флейтэр щегъэбзэрабзэ Абхъаз къэрал филармонием и «Гун- дэ» вокально-инструментальнэ ансамблым, республикэм и цIыхубэ артисткэ Чамагуа Розэ и унафэм щIэтым. ЖыпIэнурамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми зы махуи щымызэша, лэжьыгъэншэу зы дакъикъи щызымыгъэкIуа Чурей Дыжьын абдежми щи-щIэн егъуэт. Нэхъыщхьэращи, жиIэр, ищIэр мэхъу. 

-Абхъаз къэрал университетым и филологие факультетым и деж абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я центр къыщызэIухыным ехьэлIауэ япэ лъэбакъуэхэр ча хъуащи, абы сыщогуфIыкI, — жеIэ Дыжьын. — Иджыпсту мылъку и лъэныкъуэкIэ дызэрыхъунум ехьэлIа унафэм, ректорым и псалъэм, хэхэсхэм абы теухуауэ жаIэнум, нэгъуэщIхэми дапоплъэ. Факультетым си мурадыр, хъуэпсапIэр къыздаIыгъ. Си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэмкIэ, центрыр щытыпхъэщ тхыдэм, щэнхабзэм ехьэлIа зэIущIэхэр, щIэныгъэ конференцхэр, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэ-кIыу, диаспорэм, бзэм ехьэлIа Iуэхухэм щыхэплъэу, щеджэу, бзэр щызрагъащIэу, н. къ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мызэ-мытIэу кърахьэжьащ ди лъэпкъ фIэщыгъэм, «адыгэ», «шэрджэс» псалъэхэм ехьэлIа упщIэр. Ар зы цIыхукIэ, цIыхуитIкIэ, зы зэIущIэ-зэIущIитIкIэ зэфIэкIын Iуэхукъыми, мис абы теухуа конференцышхуэхэр щыIэн хуейуэ къызолъытэ, хэзыщIыкIхэр тепсэлъыхьын папщIэ. «СэркIэ апхуэдэу жысIэмэ нэхъ тыншщ», — жыхуиIэ Iуэху еплъыкIэр хъунукъым. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ сыадыгэщ, сызэрызэджэжри аращ, ди бзэр адыгэбзэщ, ди лъэпкъыр адыгэщ, ди хабзэр адыгэ хабзэщ… арагъэнщ а псалъэр адрей псоми щIахэзгъэфIыкIыр. Сэ сыбзэщIэныгъэлIкъым, ауэ щапхъэу мис мы тхылъри урикъунущ (си стIолыщхьэм телъ «Адыгэбзэ псалъалъэр» сегъэлъагъу. И.З.). «Адыгэбзэ псалъалъэ» жиIэу тетщ, и лъабжьэм деж «Словарь кабардино-черкесского языка» тетхащ. Мыхъужыххэмэ, адыгэ (шэрджэс) жытIэу, зэкIэлъыдгъакIуэми нэхъыфIу къысщохъу. Ар си Iуэху еплъыкIэу аркъудейщ. 

Чурейм и гуапэ хъууэ къыхегъэщ абхъаз университетым абазэ, адыгэ лъэпкъ литературэхэр зэрыщрагъэджыр, адыгэ литературэмкIэ тхылъ абхъазыбзэкIэ къызэрыдэкIар (зи IэдакъэщIэкIыр филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Табагуа Светланэщ). 

  • Тыркум мы махуэхэм къыщыдэкIынущ Бэрзэдж Сэфар, Агъашэ Мухьиддин, Чурей Дыжьын сымэ я интервьюхэр зэрыт тхылъ щхьэхуэ. «Iуащхьэмахуэ. Кавказ Ищхъэрэм и нэхухэр» тхылъыр абазэ бзылъхугъэ Кутарбэ Пы-нар игъэхьэзыр серием хыхьэ IэдакъэщIэкIщ.
  • -Хэт сыт жиIэми, бзэ гуп ехьэлIауэ къапщтэми, генетикэ и лъэныкъуэкIи, тхыдэмкIи абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ зэпэгъунэгъущ. Апхуэдэу щытми, ди Iуэху зыми тхузэрихуэнукъым ар дэ езым дэдмыгъэкIыжмэ, — жеIэ Дыжьын. — Зэман куэдыщэ тфIэкIуэдащ дэ. Ди нэхъыжьхэр зэрыщытам хуэдэу, абыхэм дызэрагъэсам тету нэхъри дызэкъуэувэн хуейщ сыт и лъэныкъуэкIи. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэу, цIыхушхуэхэу Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку, ЦIыпIынэ Аслъэн, Щэныбэ Юрэ, Сосналы СулътIан, Къалмыкъ Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэми абхъаз лъэпкъым хуаIа пыщIэныгъэр, абыхэм яхузэфIэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэ упщIэ зыхуэдгъэувыжын хуейщ: сыт дэ дызыхуейр? Сэ къызэрыслъытэмкIэ, нэхъыщхьэр щэнхабзэ зэхущытыкIэращ. Зыгуэрурэ йокIуэкI ар иджыпстуи, хэхэсхэм, хасэхэм, бзэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ, ауэ дыкъэувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. ДэнэкIи Iуэхур щызэхэзэрыхьа зэманым ди лъэпкъ Iуэхум дытеплъэкъукI хъунукъым.
  • Дыжьын илъэсищ хъуауэ яужь итщ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я къафэ IуэрыIуатэр щызэпкърыха тхыгъэшхуэм. Хореограф цIэрыIуэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр зи лъабжьэ лэжьыгъэщ ар. Абы иужь нэхъыбэу изыгъэхьари ди нобэрей хьэгъуэлIыгъуэхэр зэ-рырагъэкIуэкIырщ, ди къафэхэм я купщIэрщ.
  • -Дэ къыдгурыIуэн хуейщ сыт хуэдэ къафэр дэтхэнэ лъэпкъым ейми, абыхэм я фIэщыгъэхэри, дэтхэнэр дэнэ деж щагъэзащIэми щыуагъэншэу тщIапхъэщ. Сценэ къафэхэр, IуэрыIуатэ къафэхэр, нэгъуэщI къафэ лIэужьыгъуэхэр зэхэдгъэзэрыхьынкIэ Iэмал иIэкъым, — къыхегъэщ Дыжьын. — Къапщтэмэ, ди хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрекIуэкI щIыкIэм хуабжьу сегъэгузавэ, ди хабзэ дахэхэм, ярэби, зыри къыхэмынэжыххэну арауэ пIэрэ-тIэ жысIэу. Япэм жэщищ-махуищкIэ, жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIыу щытар зы пщыхьэщхьэм зэфIагъэкI. Зэманым, текIуадэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм теухуащ ар, къызгуроIуэ. Ауэ хэт зэран хъур фызышэр, нысэишэр, щауэишэжыр, нэгъуэщIхэри хабзэм тету ебгъэкIуэкIыну?! ХьэгъуэлIыгъуэр сценэкъым, ар IуэрыIуатэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ мэхъу иджыпсту хьэгъуэлIыгъуэр пщIэкIэ дэзых артистхэр. СощIэж, ипэIуэкIэ къызэрежьар уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр къраджэущ, иужькIэ хьэгъуэлIыгъуэ псор, къанэ щымыIэу, гупхэм дзыхь хуащI хъуащ. Ари зы лъэныкъуэкIэ Iей къыщIэкIынкъым, хабзэм хэзыщIыкI щIагъуэ зэрыщымыIэжыр къэплъытэмэ. Ауэ сэ цIыхухэр къыхуезджэну сыхуейт а къащтэ артистхэм езыхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыжыну, къемызэгъ уи Iуэхум къыхэмыхуэн папщIэ. НэхъыфIыжт абыхэм чэнджэщ езыхьэлIэ нэхъыжьыфIхэр диIамэ, ахэр езыхэр а ущиехэм хуэныкъуэтэмэ.
  • Чурей Дыжьын и щхьэр течауэ и гугъу ещI адыгэр дуней тетыкIэ и лъэныкъуэкIэ дэкъузауэ зэи зэрыщымытам. Зэдэлъху-зэшыпхъум хуэдэу зэбгъэдэту, зэхэсхэу, зэпсэлъылIэу, апхуэдэ зэIущIэхэм, джэгухэм щызэрыцIыхурэ унагъуэ хъууэ щытащ. Абы щыгъуэми хабзэ зэрахьэрт, нэхъыжь-нэхъыщIэ ящIэрт, пщIэ я зэхуаку дэлът. «Мис а зэпыщIэныгъэр, зэгурыIуэр зыфIэдгъэкIуэд хъунукъым, нэгъуэщI лъэпкъхэм я зыхуэпэкIи я хаб- зи дыхуэныкъуэкъым», — жеIэ Дыжьын.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр къэзыуха, ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым щылэжьа, зи кандидат диссертацэр ди деж щыпхызыгъэкIа Чурейм зыгуэр хузэфIэкIыххамэ, ар щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым къыщIихам зэрифIыщIэр ибзыщIыркъым.
  • -СыцIыху насыпыфIэт IуэрыIуатэмкIэ секторым и щIэныгъэлI-хэу КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Гъут Iэдэм, Тхьэмокъуэ Евгение, ЦIыпIынэ Аслъэн, ГъукIэ Анжелэ, Быхъурэ Мухьэмэд сы-мэ сазэрыхэхуамкIэ, абыхэм я нэIэ сыщIэту сылэжьэну си кIэн къызэрикIамкIэ. Щхьэхуэу я цIэ къисIуэну сыхуейщ адэ папщIэу Къэбэрдейм къыщысщхьэщыта, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ и редактор нэхъыщхьэу щыта, Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, редакцэм и лэжьакIуэхэу пэжкIэ къызбгъэдэтахэм, си доктор диссертацэр («Обрядовая и песенно-инструментальная традиция абхазо-адыгской диаспоры в Турции») згъэхьэзырыху си чэнджэщэгъуу щыта Къудей Зинаидэ сымэ. Сэ зыри сщыгъупщакъым, псоми сахуэарэзыщ. Нобэ сэ щIэныгъэлI къысхэкIамэ, зи фIыгъэр ахэращ…
  • Ди зэпсэлъэныгъэм и кIэухыу жысIэну сызыхуейр пщIэрэ, Залинэ? Сэ сытым дежи сигу къокIыж ЩоджэнцIыкIу Алий и «Тырку хадэ» усэр, а щIыпIэм щыщыIам щыгъуэ иусар. Абы Алий щрихьэлIащ адыгэ пщащэ тхьэIухудхэу Сэтэнейрэ Жанпагуэрэ. Зи дахагъэм итхьэкъуауэ зэплъа пщащэхэм адыгэ фIэхъусыр къагурыIуэртэкъым. Ар и жагъуащэ мэхъу усакIуэм, аращ Жанпагуэм ныщIэгубжьэу зыщIригъэгъэгусэри.
  • А пщащэхэм ещхьу ди бзэр тIэщIэмыхунымкIэ ди хабзэр тхурикъунущи, ар зыхъумэфыным ящыщ дыхъуну си гуапэщ. Абхъаз тхакIуэ цIэрыIуэ Шинкубэ Бэгърат зэрыжиIащи, и лъабжьэр псэуху, жыгри псэущ.

  

Истэпан Залинэ 

(Адыгэ Псалъэ – 25.06.2022) 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz