«Ди дэлъхур Хэкум къетшэлIэжыныр – ди хъуэпсапIэ нэхъыщхьэщ»

0
456

Гуауэмрэ зауэмрэ кърихужьэу адэжь Хэкум къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ илъэсихым щIигъуауэ Урысейр унапIэ зыхуэхъужа зэанэзэпхъухэр: Альмасри Хьудэрэ Мустэфа Бусейнэрэ. Мыхэр Хьэбэз районым хыхьэ адыгэ къуажэ нэхъ инхэм ящыщ Али-Бэрдыкъуэ щопсэу.  

Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэм ехъулIэу, Щамым (Сирием) къикIыжу адэжь щIыналъэм къитIысхьэжа унагъуэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм зыщыдогъэгъуазэ зэпыт. Бусейнэ фIы дыдэу урысыбзэр зэрызригъэщIам и фIыгъэкIэ, ди зэпсэлъэныгъэр хуабжьу гурыIуэгъуэу екIуэкIащ. 

Япэрауэ, зэанэзэпхъур хуабжьу гуапэу къытпыкъуэкIащ, гуфIэжу драгъэблэгъащ. Быным я унэ – лъапсэр зыхуейм хуэгъэзащ: унэ кIуэцIыр нэхущ, къабзэлъабзэ дыдэщ, екIуу зэлъыIухащ. Нэгум зэуэ къыщIоуэ псори дызэсэжа телевизорыр унэм зэрыщIэмытыр. Абы и щхьэусыгъуэри телевизор зэрамыIэращ.  

Мыхэр зэхуэсакъыпэу зэдопсэу. НобэкIэ яхузэфIэкIа псэукIэм нэсын папщIэ, ахэр гугъумыгъу куэдым пхыкIащ, уеблэмэ зэманкIэ псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэ бжыгъи къызэранэкIащ. 

Мустэфа Мухьэмэдрэ Альмасри Хьудэрэ (бзылъхугъэхэм я унагъуэцIэр мыкIуэдын папщIэ къагъанэ хабзэ) быниплI зэдагъуэтащ: щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ. Щамым и Хьэлэб (Алеппэ) къалэм щыпсэуащ.  

Мухьэмэд такси псынщIэ ису лэжьащ. Унэгуащэ Хьудэ сабий быным яхэсащ. Къат куэду зэтет унэщ здыщыпсэуар. Илъэс 13-м щIигъужащ сабийхэм я адэр зэрамыIэжрэ. Сымаджэ хъури дунейм ехыжащ. 

Хэт зауэ хуэныкъуэр? Сыт хуэдэ зауэми и кIэр хьэдагъэщ, гукъеуэщ! Мустэфахэ я унагъуэри дуней псом щызэбгридзащ Щамыр зэщIэзыщта зауэм.  

Анэр мэгуIэ и быным зэрыпэжыжьэм щхьэкIэ. И щIалэ Нихьэд Нидерланды къэралым (Голландием) щопсэу. И IэщIагъэкIэ хирургщ. Унагъуэ ищIащ, зэщхьэгъусэхэм зы сабий яIэщ. ЩIалэр зыщыпсэу къэралым зэрыщымыщым къыхэкIыу, и IэнатIэм ирилэжьэфкъым.  

Бусейнэ и шыпхъу нэхъыжь Закие Швецием щопсэу. Къапщтэмэ, абы щхьэгъусэ хуэхъуар Хьэбэз къуажэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу, хэкужьым къитIысхьэжа Гъусокъуэ Раджаб и япэ щхьэгъусэм дигъуэта и щIалэращ. НэIуасэ зэхуэзыщIахэри аращ. Ди щIыналъэм деж я насыпыр къыщыкъуэкIащ. 

Унагъуэм, анэм, шыпхъум, къуэшым я гукъеуэшхуэщ Щамым къина я щIалэ Мэхьмудрэ абы и щхьэгъусэмрэ зауэ здекIуэкI хэгъуэгум къызэрырамышыжыфыр. ДызэрыщагъэгъуэзамкIэ, сом гуэр къилэжьын папщIэ, щIалэм къыпэщIэхуэ лэжьыгъэр егъэзащIэ, ахъшэ зэхуихьэсу и анэмрэ и шыпхъумрэ я деж къызэрыкIуэжыным хущIокъу, псэемыблэжу мэлажьэ. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, зэрыпсэуфын къудейщ нобэкIэ абдеж къыхуэлэжьыр. Арами, Хьудэ и гущIэр зыуз бампIэ узыр шэчыгъуафIэкъым. 

Бусейнэ ди щIыналъэм деж курыт еджапIэр къыщиухащ. Зи ныбжьыр илъэс 22-м ит пщащэм нобэ-пщэдей паспорт къратыну поплъэ. ИщхьэкIэ зэрыжытIауэ, мы быныр гугъу ехьащ псэупIэкIэ. Хьудэрэ Бусейнэрэ Абхъазым, Ставрополь крайм, Черкесск къалэм, Хьэбэз къуажэм уасэ зыщIат псэупIэхэм зы зэманкIэ щыпсэуащ. Бусейнэ Iутащ сом къыздилэжьыфыну IэнатIэ зэхуэмыдэхэм: лэжьыгъэ щаIэм цехым пIалъэкIэ щылэжьащ, хьэкъущыкъу тхьэщIу щытащ… 

Мис, илъэситI хъуащи зэанэзэпхъур Али-Бэрдыкъуэ къуажэкIэм, бжьэпэм пэгъунэгъуу щопсэу. Зыщшыпсэу унэм пщIэншэу щIегъэс «Хьэбэз» жыпс заводым и унафэщI, хьэрычэтыщIэ, псапэ Iуэхухэм хуэжумарт, фIыщIэ куэд зыхуагъэфащэ Аргун Олег. Ди лъэпкъым къыхэкIа лIыфIым мы унагъуэм къахуищIэр абыхэм хуабжьу зыхащIэ икIи гуапэу Олег и цIэр ираIуэ. 

– Псым, щIыуэпс гъуэзым, электрокъарум я уасэхэри зыхэтщIэкъым. Аргун Олег и дэIэпыкъуныгъэ ин догъуэт. ФIыщIэу хуэтщIым гъунэ иIэкъым. Тхьэр арэзы къыхухъу. Тхьэм и шыкуркIэ, дыкъыхэмыщтыкIыу дызэрыпсэур зи фIыщIэр а адыгэлI нэсращ. КъинэмыщIауэ, ерыскъыкIэ, дызыхуэныкъуэ хуэдымкIэ къуажэдэсхэм зыкъытщIагъакъуэ. Уеблэмэ ахъшэ къыдэзыти къахокI. ЖысIэнщи, зы махуи гужьеикъуэ драгъахуэкъым. Тхьэшхуэм дэтхэнэри игъэузыншэ, – жеIэ пщащэм. 

Дауэ хуэныкъуэншэу мыпсэуми, зэанэзэпхъум я гу щIагъым щагъафIэ, зыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэри щыIэщ. Ар зэхьэлIар я щIалэр адэжь щIыналъэм къашэжынращ.  

– Си дэлъхур, си анэм и къуэр адэжь Хэкум къетшэлIэжыныр – ди хъуапсапIэ нэхъыщхьэщ. КъыдгуроIуэ ар Iуэху псынщIэу зэрыщымытыр. ИтIани, догугъэ… Апхуэдизу щIэгъэкъуэн зыкъыпхуэзыщIым «иджы ди дэлъхур къытхуэпшэжыну дынолъэIу» – жэуэ Аргун Олег зыхуэдгъэзэну ди напэ къытхуедгъэкIукъым, – къыпащэ зэанэзэпхъум. 

Бусейнэрэ и анэ Хьудэрэ Хэкум къыщамылъхуами, я нэгум къеIуатэ зэрыадыгэр. Я нэгури ягури зэIухащ, псэ къабзэхэщ, гуапагъыр къобэкI.  

-ДыщогуфIыкIыпэ пщIэ зиIэ Али-Бэрдыкъуэ адыгэ къуажэжьым дызэрыщыпсэум. Зауэ здекIуэкIым ущыпсэу нэхърэ, зыгуэр ухуэныкъуэми, мамыр гъащIэм ухэтмэ нэхъыфIкъэ! Ар куэд и уасэщ. Тхьэшхуэм пщIэ худощI нобэ дызэрыт щытыкIэмкIэ. 

Дэ куэдрэ къыдоупщI: «Щамым вгъэзэжыну?»- жаIэу. Абдеж дапхуэдизу фIыуэ дымыпсэуами, дгъэзэжынукъым. Хэкум къыщепщэ жьыбгъэ нэгъунэ нэгъуэщIщ, гум дыхьэу, псэм къехуэбылIэу, хуиту хьэуар уигъашэу, -къыддогуашэ Бусейнэ. 

Гу зылъытапхъэщи, адыгэ пщащэ гуакIуэр сабийIыгъыу (нянька) мэлажьэ. НэгъуэщI лэжьыгъэ игъуэтами, гуфIэжу пэрыувэнут. Унагъуэм дежкIэ дэтхэнэ сомри щIэгъэкъуэнщ. АтIэ, мыхэр хущIокъу Мэхьмуд дэIэпыкъуэгъу зыхуащIыну, адэжь щIыналъэм кърашэжыну. 

Дыкъыдохьэ унагъуэр зыдэс пщIантIэм. Абдеж жыг итщ, щIыгу хьэлэмэти илъщ. Арами, бзылъхугъитIым ар яхуэлэжькъым. ЦIыхухъу дэIэпыкъуэгъуншэу хьэлъэщ: техникэ къепшэлIэн хуейщ, хадэр ебгъэвэнми, дебгъэтхъунми, удз пыбупщIынми. ГугъапIэу яIэр Мэхьмудщ. ИтIани, зэрахузэфIэкIкIэ хадэцIыкIухэкIхэр: бэдрэжан, кабачки хуэдэхэр къагъэкI. 

– УзыфIэмыкIыжыну къуажэ гуапэщ дыкъызыщыхутар. Зи гулъытэкIэ, дэIэпыкъуныгъэкIэ къытпыкъуэкI цIыхухэм «тхьэм фигъэпсэу» яжыдоIэ. КъыддэIэпыкъухэм я цIэкIэ псори сымыцIыхуми, Тхьэм гуфIэгъуэкIэ къывитыж фи псапэр. Псом хуэмыдэу Аргун Олег сыхуейщ зыхуэзгъэзэну. И гулъытэр хэхъуэу, псапэу Тхьэм къритыж. Мы къуажэм дыкъызэрыщетIысэхрэ псомкIи зыкъытщIагъакъуэ. Ди щIыIэлъэм дэмыхуэжу ерыскъыр берычэту къытхуахь.  

Мы тхыгъэм дежи япэ ивгъэщыну сызыхуейр цIыхухэм, къуажэдэсхэм, унафэщIхэм, хьэрычэтыщIэхэм яхуэзгъазэ си фIыщIэ псалъэхэращ. Дэтхэнэми и гудзакъэр зыхыдощIэ, къыдгуроIуэ, къыдноIэс. А псоми фIыщIэкIэ дазэрыпэджэжыр зэхахмэ, ялъагъумэ, езыхэми гуапэ ящыхъунщ, – ди зэпсэлъэныгъэм и кIэухыу и псалъэр къыдехьэлIэ унэгуащэм. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz