Псэ гуапэм и Iэужьхэр

0
429

Надия щхьэгъубжэр хуиту къызэIуихри акъужь щIыIэтыIэм пэшыр хуит хуищIащ. Гу лъитащ уафэ къащхъуэм лъагъуэ хужь пхишым. Лъагъуэр хуитщ, бгъуфIэщ, уи нэр нэплъыскъым. Дэнэ нэс унишэсыну а лъагъуэм?! Сэри си лъагъуэщIэм нобэ сытеувэнущ. Надия и гупсысэр анэм и макъ щабэм къызэпиудащ: 

-Надия, ухьэзыр? Уи адэр къожьэ. 

-СынокIуэ, мамэ.  

Надия псынщIэу зигъэхьэзырри и пэшым къыщIэкIащ. Пщащэ цIыкIум и гукъыдэжым дуней псом зыдищIу къыпщыхъут. Лъагэу зызыIэта дыгъэр и бзий щабэхэмкIэ гуапэу къедэхащIэрт, къыхуэгуфIэрт. Къуалэбзу цIыкIухэм я уэршэр дахэмкIэ пщащэр ягъэгушхуэрт.  

Куэд лъандэрэ зыщIэхъуэпсам гъунэгъу хуэхъуа пщащэ цIыкIум гуфIэгъуэм и щхьэр дэуназэрт.  

И адэм дэщIыгъуу Надия машинэ псынщIэм итIысхьащ. Нобэ и тхылъыр щIилъхьэнущ фIэфIу къыхиха еджапIэм. Абы и мурадщ дохутыр IэщIагъэм хуеджэну.  

Машинэ псынщIэр гъуэгу зэхэкIыпIэм щынэсым къэувыIащ. Надия и нэр гъуэгум тенащ. ЗимыIэжьэу Надия машинэм къицIэфтащ. Къэхъуар адэм къыгурыIуакъым. Псори напIэзыпIэт! 

Машинэ хьэлъэм пэщIэлъадэ сабийр гъуэгум къытридзыну Надия хунэсащ, ауэ езым и лъакъуэм машинэ хьэлъэр ирикIуащ. Пщащэр псынщIэу сымаджэщым нагъэсащ. Дохутырхэм жаIэшхуэ щыIэтэкъым. Нэхъ иужьыIуэкIэ къыIухьа напщIэуфэ дохутырым хъыджэбзыр къызэпиплъыхьри фIы лъэпкъ жиIатэкъым. Псалъэхэр хьэлъэт: лъакъуэр пыхын хуейщ, зыри хъужынукъым, операцэм хуэвгъэхьэзыр. 

Дэнэ кIуэжа къыщыгуфIыкIа дыгъэбзийхэр, фIым щызыгъэгугъа къуалэбзу бзэрабзэхэр? Дунейр кIыфIт, щымт. 

Дауэ мыхъуами, Надия насыпыншэтэкъым. 

Гъунэгъуу блэкI дохутырым пщащэ цIыкIур къецIыхужри къоIущащэ: «Уи лъакъуэм йумыгъэIусэ». ДохутырыфI гуэрым и цIэмрэ унэцIэмрэ къыжреIэ. Узыгъэгушхуэщэн щымыIэми, пщащэм и гур къызэрыгъуэтыжащ. 

Адэм къыхуиша дохутырыр Надия гупсэхуу къеплъащ, операцэм хуагъэхьэзырыну унафэ ищIащ. 

Надия и Iэр хъыджэбз цIыкIу къригъэлам гуапэу иIыгът. Сабийм гугъэщIэхэр, къаруущIэхэр къыхилъхьэрт, гукъыдэж къритт Надия, гъащIэм щигъэгуфIыкIт: зы цIыхупсэ ажалым щысхъумащ!  

Аддэ жыжьэу дыгъэм и бзийр Надия къылъоIэс, къодэхащIэ, гуапэу къоIущащэ: «Псори тэмэм хъунущ»… 

  

Тхыгъэр зейр: Джатэжьей Миланэ Марат ипхъу, Табыхъу Хь.Къ. и цlэр зэрихьэу Анзорей дэт курыт еджапlэ. 

ЕгъэджакIуэр: Къуэкъуей Оксанэ Данил ипхъу. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz