Хэгъуэгумкlэ, Хэкумкlэ… Ар дэнэ?

0
398

Мы псалащхьэми къызэрыхэщым хуэдэу, «хэку», «хэгъуэгу», «хапIэ», «хьамэ», «хэгъэрей» псалъэ макъ щIэдзапIэхэми, «хы» псалъэр нахуэу къыхощ. Дэри дыщIэхъуэпсу, дыгъэлъапIэу, дыгъэлагэу зы жылэ тысыпIэ, псэупIэ щIыналъэу дигу къигъэкIым, и фIэщыгъэцIэщ «хэку»р. Псэлъэр зыпкъырыхауэ дыщыхэплъэм, «хы» макъымрэ «ку» макъымрэ къыджеIэ. Хым и ку ит зы щIыналъэу, зы хы тIыгуу (Остров, Ada, Island). Нобэ къэсауэ дызытеплъэ щыгъурыфэм (карта, Harita) Кафкас курш зыкIэлъыкIуэхэм щIэдзапIэу, къуэкIыпIэмкIэ Хазар Хыр, къуэхьэпIэмкIэ Хы фIыцIэр (азок) кIэух хуэхъуу.  

Ауэ, Дуней щIэныгъэрылажьэхэм зырагъэлъагъумкIэ; гъэ мин бжыгъэ куэд ипэ, Асия щIыналъэм и кум нэс, Байкал, Балкаш псы инам (гуэл) нэсу, псышхуэ итауэ, Хазар Хыри абы хэтыжу, мы хышхуэми «Асия Хы хужь»у, къаIуэтэж. Кафкас Къуршыр хыкIэ къиуфэрэзэхьыу, абы и кум ита зы щIыналъэ хытIыгуу «Хэку»р цIэ хуэхъуау пIэрэ? Хьэмэрэ абы ипэж, хым хэт зы хытIыгуу; хэтым «Му» ХытIыгу, хэтым «Лимуря» Хытыгу жыхуаIа щIыналъэм, и цIэм къыщIэнау пэрэ? ЖыуегъэIэ! ЛIы/му/ра/ей цIэм хэт макъхэм гурыщхъуэ уигъэщIыу… Мы лъэжьыгъэр щIэныгъэм, абы телэжьыхьхэм къахуэдгъэнэнщи дэ дызыщIэхъуэпс «хэку»м къэдгъэзэжынщ…  

Сэ сы Адыгэщ жызыIэ зы цIыхум, слъэгъуасэрэт жыIэу зыщIэхъуэпс щIыпIэщ, щIыналъэщ Хэкур. Сэри си хъуапсэм хэту, сызыщIэхъуэпс щIыпIэу, си щыпэ кIуэу, Хэкум сыкIуат. Илэс тIощ нэхъыбэ хъуауэ. А щIыналъэ дахэм и лъагъупхъэу хъуар слагъуну яужь ситат. Ди къуажэу «Зейыкъуэ» дей къыщыщIэдзауэ, Къущхьэхъу, Нарзаныпс къыщэжыпIэ, Iуэщхьэмахуэ, Гуэл щхъуантIэ, шэнт хъурей хуэдэ щIыпIэхэр, Налчик кIуэцI, Хьэтыкъущокъуэ и цIэ зыфIаща зыгъэпсэхупIэ (парк), Базар, Музей, щэхуапIэ хуэдэ куэд слэгъуат.

Мы гъэм, Хэкум си кIуэкIэр зытеухуар, щIыпIэ, щIыналъэ лъагъуным нэмыщI; бзэм, щIэнхьабзэм (култур) теухуау, дызырымылъэгъауэ, дызырэцIыхуа (фейскIэ) гъуэгу гъусэ дызхуэхъуахэр, дызыIуплъэу, дызэрыгъуэтын папщIэт. 

Жьы къепщэм ирипхъа «къэрабэ»м хуэдэу хамэ щIыпIэ куэдым дырипхъауэ; дызэрыгъуэтыжыным щхьэусыгъуэ хуэхъуа щIэныгъэм и зы IэщIагъэ, Iэмэпсымэ «бэджыхъы»у зезыхъэ, «интэрнэт»ым и фIыщIэкIэ дызэришэлIэжащ, дызыригъэгъуэтыжащ. ЩIыналъэ зыпэхъурейр, ди Iэгум илъ ещI… ЩIэныгъэм мы и IэщIагъэм, и зехьэкIэр пщIэмэ!!!  

Хэкум сыкIуауэ, слъагъуну синэ къызыхуикIхэр, зэрыз зэрызу дызыпищIащ. Къэбэрдей/Балкарым щыIэри, Карачай/Чэркэскым щыIэри… Дызэрылъэгъуащ…  

Кайсэри Эрджийэс Iунивэрситэм, Адыгэбзэ егъэджакIуэу, Иуан Зэуал сишау, сырихьащIэу, ЧэркIэск Къалэм Адыгэ Хасэ Тхьэмадэ Аслан Али дыригъэблэгъащ, ТВ програмым, си езэнэрей тхылъым «ЩIыуэпсыбзэ ди бзэ Адыгэбзэ»м теухуа упщIэ куэдкIэ щIэупщIахэщ, ди Журналист Iэзэхэм дарихьэлIащ, дызэрыцIыхуащ. Кардэн Заремэ, Абыдокъуэ (Щохъуж) Люсанэ. Ахэм дэщIыгъуу ди фейс гъусэ гуапэу, егъэджакIуэ, сурэтыщI Iэзэ Абыдэ Асйат, и щхьэгъусэ Абыдэ Едич тлъэгъуащ, тцIыхуащ. 

Къэбэрдейм къэдгъэзэжауэ Налчик Къалэ, Радиом, «Езыр къэмысу, и тхылъыр къытлъэIэсащ» зыхужиIа, нэгъабэрей и програмым кIэлъыкIуэу, Тхылъым дытепсэлъыхьу зы тIысыгъуэ програмым, я нэхъыщхьэ Журналист Къудей Лида, цIыху гуапэр тлъагъуу дызэрыцIыхуащ.  

Ди щIалэ лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Астемыр «Джэрэз гуп»ым и лэжьапIэм дыригъэблэгъауэ, я нэхъыж Думэныщ Аулэдин, зыдэлъажъэ щIалэ гупыр тлъэгъуащ. Тамэрис Кафэм дыщызхэсу; Синэ къызыхуикI Адыгэ Хасэ Тхьэмадэ Бэщтоу Аслан къытхэхьэри, махуитIкIэ дызэгъусащ. 

Элбрус Тхылъ тедзапIэм дыкIуауэ, ди усакIуэ Iэзэ Ацкъан Руслан, ипэ кIуэгъуэм дызэрыцIыхуауэ Журналист, тхакIуэ Джэрыджэ Арсэн тлэгъуауэ кIыхьу дызыдэуэршэращ.  

И тхылъым цIэуэ «Хьэтхэр» зыфIища, ди щIалэ тхакIуэ Iэзэ Фырэ (къаныкъуэ) Анфисэ дырихьэщIауэ, унагъуэкIэ дызэрылъэгъуащ. ДызэрыцIыхуащ.  

Си фейс гъуэгу гъусэхэу Багъ Маряам и бынхэм дей Дубаий щыIэу схуэлъэгъуакъым (ТэлэфонкIэ дызэпсэлъэжащ).  

ХьэцыкIу Рая, и къуэрылъху щIалэр дунейм ехыжауэ; а гуауэм зэрыхэтыр къыдагъэщIауэ, и гуауэр зыдэдгуэшыну, Урух къуажэ дыхуэгуIэу, и гуауэр хэдгъэщмэ тфIэфIу дыкIуэри и къуажэм щытлъэгъуащ.  

Ди гъуазджэлэжь, езым хухэхауэ, сурэт щIыным хуэIэзэ, ди бзэм, хуегъэзэкIауэ лъыгъуазэ, ди зы цIыху гуапэу Цырым Руслан и кIыщым (Iуэху щIапIэ) дыщызырылъэгъуащ, дыщигъэхьэщIащ.  

Ди бзэр Iэзэу зезыхьэ, ди щIалэ лэжьакIуэ, Табыщ Мурат, си бысым Тэнащхэ «къеблагъэ» жиIэу нэкIуауэ, зы Iэнэ уэрщэр кIыхкIэ дыуэршэру дызэгъусащ.  

 

ЩитIым (200) нэсауэ тхылъ, лэжьыгъэ зиIэ, Тхыдэтх цIэрыIуэ Унэж Кащиф дырихьэщIауэ, къэдуэршэрынухэр зэ тысыгъуэр тхуримыкъуауэ, (етIэнэрем сэ сыхущIэмыхьэу) зыщыдымгъэнщIу дызбгъэдэсащ.  

Унэ зытетищ иригъэщIау, зыхуихьэса тхылъхэр щIилъхьэну; КъэхутакIуэ Iэзэ Сокъур Валера и лъэжьапIэм, тхылъалъэм (библотэкэ) дыщыздэуэршэращ. 

Схуэлъэгъуа, мы ди лъэпкъэгъухэр зэрыслъэгъуам сызэщIиуIэфIау; ауэ, ди нэхыжьыф ХьэIупэ Джэбраил лъагъунлагъу сызырыхуэмыкIуэфар, Калмык Аднан, Жаман Мэдинэ зэрызмылъагъуфар си жагъуэу (схузыфIэмыкIыу) къэзгъэзэжащ.  

Ябыным хуэдэу Налчик сыздыщIыIа Тэнащ Хьэжмырзэхэ, Зейыкъуэ Къуажэ Токъмакъ Азикхэ зэрыунагъуэу фыщIэшхуэ зэрыхуэфащэр къыхэзгъэщын хуейщ.  

КъыкIэлыкIуэну тхыгъэхэм щхьэхуэ щхьэхуэу, хэслъэгъуахэм сытепсэлъыхьынущ.  

Мы, кIэщIу сызытепсэлъыхьау хъуар зыпызыщIар; щIэныращ, щIэныгъэращ, щIэныгъэ IэщIагъэхэращ.  

Щlэныгъэр, гъуэгу гъэлъагъуэ фхуэхъуну… Зы хъуэхъукlэ… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz