ЩыIэу пIэрэ адэ-анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ? Хьэуэ! Ауэ дэ дыцIыкIуху ар къыдгурыIуэркъым, куууэ зыхэтщIэркъым абы я IэфIагъыр. Адэ-анэр къыпщхьэщытыхущ насыпым и кууупIэр.
Сэ сабиигъуэ дахэ сиIащ. Унагъуэм псом нэхърэ сынэхъыщIэт, сысабий кIэсыжти, сагъафIэрт. Си сабиигъуэ IэфI зэи къэзымыгъэзэжынур си нэгу къыщыщIэзгъэхьэкIэ, си гур къогуфIыкI икIи сыхуозэш а зэман дахащэм. Сэ зыми сыхуэмыныкъуэу, гугъуехь жыхуаIэр сымыщIэу, насыпыфIэу сапIащ. Си жьэм къыжьэдэкIыр къысхуащIэрт, псоми фIыуэ сыкъалъагъурт. Дунейр тIэу пкIэгъуэ схуримыкъуу сыкъэхъурт. Сытыт сыщIэгузэвэнур: сэ адэшхуэ-анэшхуэми, адэ-анэми, си шыпхъу, си дэлъху нэхъыжьхэми, благъэми, гъунэгъуми я гулъытэ къыслъысу «щIым намыгъэс» жыхуаIэм хуэдэу сапIырт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гулъытэ лей къысхуэзыщIыр си адэрауэ къысщыхъурт. Ар лэжьакIуэ къыщикIыжкIэ, сэ дуней гуфIэгъуэ зесхьэу абы сыпежьэрт. СызыщыгуфIыкIын гуэр къысхуимыхьу зэи къэкIуэжыртэкъым. Сэ сыжэрти абы быдэу IэплIэ хуэсщIырт, езыми сыкъипхъуатэрти сыдридзейт, сыкъиубыдыжырт, сигъэкIэрахъуэрт. АпщIондэхукIэ сэри сызэрылъэлъу, гъунэгъухэм сызэхахыу сыдыхьэшхти, си адэр гуапагъэ къызыщIих и нитIымкIэ къызэубзэрабзэрт.
Си адэм къысхуищIэ псом я лейт сэ щIыпIэ дахэ куэдым сызэришэр, си нэгу зэрызригъэужьыр. «Гуэл щхъуантIэкIэ» зэджэ щIыпIэм сыкIуэну сыхъуапсэу къызэрищIэу, занщIэу абы сишат. Сыту дэхащэ а щIыпIэр, мэз IувымкIэ къэухъуреихьа гуэлыр щхъуантIабзэу уолъагъу. Слъагъу псор сфIэдахэу, си гур къигуфIыкIыу, гукъыдэжышхуэ сиIэу зыщысплъыхьат. Бэзэр цIыкIум сытришати, абы щащэ псом яхэзубыдыкIауэ си нэр фIэнат цым къыхащIыкIа розэм. Егъэлеяуэ сехъуэпсат, ауэ зыри схужыIэртэкъым. Абы занщIэу гу лъитэри си адэм къысхуищэхуат. Сэ ар нобэр къыздэсым зызохьэ. Апхуэдэ гукъэкIыж IэфIхэр куэду сиIэщ. А гукъэкIыжхэм ящыщщ си адэм зэрыунагъуэу къурш лъапэм е мэз лъапэм дишэурэ ди нэгу зригъэужьу зэрыщытар. Дэ, сабийхэм, топ дыджэгуу, къэджыхьу, дыкъэзыухъуреихь дахагъэм дыкIэлъыплъыхукIэ, си адэмрэ абы и къуэшхэмрэ мафIэ ящIырт, си анэмрэ и нысэгъухэмрэ тхуэпщафIэрт, шхыныгъуэ IэфIхэр къытрагъувэрти.., утхъэнум къеблагъэ! Си адэр егъэлеяуэ гушыIэрейт, «гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ», – жыхуаIэм хуэдэти, ди нэпсыр къежэхыу дигъэдыхьэшхырт. Хъыбар хьэлэмэтхэр къытхуиIуатэрт, дымыщIэ Iэджи, гушыIэ дахэ щIэлъу, тIэкIуи ауан дыкъищI хуэдэурэ, къыдигъащIэрт. А зэманыр си нэгу къыщыщIыхьэжкIэ си гур къогуфIыкI, ауэ абы щыгъуэм сэ си пщIыхьым къыхэхуэнтэкъым псоми зэуэ зихъуэжыну…
Къыттепсыха гуауэшхуэм дэ зыри дыпэплъатэкъым. Зэуэ уз бзаджэм гущIэгъуншэу ди адэр тIэщIихащ. ТхьэмахуэкIэ псэзэпылъхьэпIэм ита си адэр дохутырхэм я Iэзагъи, хущхъуи сэбэп хуэмыхъуу, дунейм ехыжащ. Ди куэбжэр Iухат, цIыхухэр пщIантIэм дэзт. Къэхъуар къызгурымыIуэу, сыгужьеяуэ зыщысплъыхьым: «Уи папэ щыIэжкъым», – къызжаIат. А пщэдджыжьыр сэ зэи сигу ихужынукъым, дуней псор къыстеункIыфIауэ къысфIэщIат…
-Умыгузавэ, сэ щIэх дыдэ сыныщIэкIыжынущ сымаджэщым, – къызжиIат ипэ махуэм, ауэ ар къыщIэкIыжакъым…
Сыту хьэлъэт ар си дежкIэ, сэ а пщэдджыжьым си гъащIэр иухамэ нэхъ къасщтэрт, ауэ гуIэжу щыс си анэм а псор дауэ хуэшэчын, – жысIэри а гуауэр сшэчыну мурад сщIащ. Си шыпхъу, си дэлъху нэхъыжьхэми къатехьэлъащ а гуауэр, ауэ абыхэми щIэпсэун яIэти яшэчащ: си шыпхъум и къуэ цIыкIумрэ махуэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуа и пхъумрэ щхьэкIэ и гъащIэм пищащ, си дэлъхум унагъуэ псор и пщэ къыдэхуати, и бгыр щIикъузащ…
Ди адэр дэ зэикI дигу ихунукъым. Ар епIэщIэкIыу сытми дыхуигъасэрт, диущийрт, гъащIэ гъуэгум захуэу дызэрытригъэувэнум хущIэкъурт. Ауэ си адэм димыгъэщIар зыщ – адэншэу дызэрыпсэунум дыхуигъэсатэкъым…
Папэ къыджиIэу щыта псалъэхэр куэдрэ сигу къокIыж. Абы къыджиIэрейт: «Зыми фыщымыгугъ». А псалъэхэм я мыхьэнэр иджыщ сэ къызгурыIуэ щыхъуар. Узыщымыгугъын ущыгугъыу укъагъэпцIэж нэхърэ, сыт хуэдизу гугъуехь пымылъми, узыпэщIэува Iуэхур уэ езым и кIэм нэбгъэсым нэхъыфIщ. Апхуэдэу къыщIыджиIэу щытар, шэч хэмылъу, иджырей гъащIэм ухэпсэухьыну зэрымытыншыр арауэ къыщIэкIынт. Сыту сыхуэныкъуэ сэ си адэм и псалъэ пэжхэм. Ар сыткIи си щапхъэт, абы дэ дыкъызэрилъагъумрэ къытхуищIэмрэ и закъуэтэкъым абы фIыгъуэу бгъэдэлъыр. ЗыгуэркIэ къыхуэныкъуэ цIыхум зэи «хьэуэ» жриIэртэкъым, сэбэп хъуххэнумэ, и псэ еблэжынутэкъым.
И гум гуауэ илъми, уз къеузми, гуфIэу фIэкIа зэи цIыхум закъригъэлъагъуу щытакъым. Ар псоми фIыуэ къалъагъурт, гуапэу къыхущытхэт, езыри апхуэдабзэт.
Абы и дуней тетыкIар сэркIэ щапхъэщи, си адэм дакъикъэ къэс сызэрыхуэныкъуэр зыми къезгъащIэркъым, куэдрэ нэпс хущIэзгъэкIми.
Сэ си адэр зэ къызэупщIат:
-СылIэмэ, угъыну? – жери.
-СщIэркъым, – жысIати:
-Умыгъ, – къызжиIэри къызэдэхэщIат. Ар етIуанэ махуэм сымаджэщым яшат…
Ди пщIантIэм къыдыхьэхэр псори гъырт. «Умыгъ», – къызжиIа щхьэкIэ, хэт хуэшэчынт апхуэдэ гуауэ, си адэм жиIам семыдэIуауэ, сыпыхьэрт…
Си адэр дзэм къулыкъу щищIэу илъэс тIощIым щIигъукIэ къэралым и щIыпIэ куэдым щылэжьащ. Шэшэн зауэм и курыкупсэм хэтащ. Зи псэ и IэмыщIэ къихуа сэлэтхэр кIэрыхуншэу къызэрыришэлIэжынум елIалIэу, и пщэ къыдэхуэр щIыхь пылъу игъэзащIэу зауэ IэнатIэм пэрытащ. Арауэ къыщIэкIынщ, дауи, дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъ куэд абы къыщIыхуагъэфэщари.
Зауэм и мафIэ лыгъэм къелами, уз бзаджэм и гъуэ нэмысу ихьащ, илъэс плIыщIрэ бгъурэ фIэкIа къэзымыгъэщIа си адэр. Ар куэдым ягу фIыкIэ къинащ, яхуищIар, зэрадэIэпыкъуар ящыгъупщэркъым. Си адэм ныбжьэгъу куэд иIащ, абыхэм ящыщ зым жиIэу зэхызохыж:
-Беслъэн мыхъуатэм, сэ куэд щIауэ сылIат, зауэм псэууэ сыкъикIыжынутэкъым.
Сэ си адэм сызыхуигъасэу щытахэр си гъуазэу, сыкъызыхэкIа лъэпкъымрэ си адэ-анэмрэ сахуэфащэу сыпсэуну си хъуэпсапIэщ!
Тхыгъэр зейр: Улбаш Арианнэ Беслъэн ипхъу, Къуэжыкъуей Ипщэ къуажэ дэт Шэрджэс Хь. Къ. и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ.
ЕгъэджакIуэр: Жылэ Зухра Залымхъан ипхъу.