Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ди псэлъэгъухэр Бзэр лъэпкъым и дамэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къыхилъхьауэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ гъатхэпэм и 14-р лъэпкъ махуэгъэпсым Адыгэ тхыбзэм и махуэу щагъэнэхуащ, абы лъандэрэ зэрыадыгэ дунейуэ ар ягъэмэхуэщI икIи Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ зэдаIэт. Бзэр лъэпкъым и дамэщ. Аращ абы и лъэпкъыщхьэр адрей жылэхэм яхэмызэрыхьу къыхэзыгъэщыр, и щхьэхуэныгъэхэр зэпэзыгъэлыдыр. Бзэм лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэшхуэр къызэщIегъэуIуэ, лъэхъэнэ кIыхьхэм къыпхиха щIэныгъэр ехъумэ. Нэхъ мащIэкъым жьабзэр зэрылъ тхыбзэм и мыхьэнэри. Абы и фIыгъэкIэ хъума мэхъу лъэпкъ щIэныгъэр, абы и зыужьыпIэм и Iэмалхэри нэхъ къонахуэ. Илъэси 163-кIэ узэIэбэкIыжмэ дунейм къытехьа, «Адыгэбзэм и букварь» фIэщыгъэр адыгэ узэщIакIуэ Берсей Умар зрита тхылъым лъэпкъыр и бзэкIэ еджэныр, абыкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыныр зэрыфIыгъуэшхуэр нахуэ щищIащ. МахуэщIым лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэр къэтлъытэри, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.


-Хьэутий, сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ лъэпкъ дежкIэ дунейм адыгэу тетым мыгувэу зэдагъэлъэпIэну Адыгэ тхыбзэм и махуэм?

-Бзэхэм, псом хуэмыдэу лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэхэм, я къэкIуэнур елъытащ къэралым абыхэм яхуищI пщIэмрэ ярит увыпIэмрэ. Къэралым жылэхэм яхуищI Iулыджыр абыхэм я экономикэ псэукIэм ирит гулъытэм къыщымыувыIэу, я псэкупсэ дунейм зиужьын папщIэ зэрадызекIуэ щIыкIэхэми къыхощ. Лъэпкъхэр щызыгъэIэ хъугъуэфIыгъуэхэм ар я щыжакIуэ щыхъум дежщ хэгъэгур нэхъ лъэщ щыхъури, цIыхубэр нэхъ щызэкъуэувэри. Мыр узыфIэмыкIыжын хьэкъщ. Къэралым телъ хьэкъым нэхърэ нэхъ мащIэкъым лъэпкъым и анэбзэр хъумэным хуэунэтIауэ иIэ пщэрылъхэр. Адыгэ псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди бзэм пщIэ хуэтщIыныр, абы и дахагъым, къабзагъым хэдмыгъэщIыныр, зэфIэкIыу бгъэдэлъым хэдгъэхъуэныр. Дыкъытезыхьа дунейр зэрытфIэлъапIэм хуэдэу, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, адыгэм щыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми и фарзщ и бзэр ихъумэну, абы зригъэужьыну. Хъумэным къикIыр зыщ – абы зэпымыууэ ирипсэлъэн хуейщ. Бзэм урипсалъэмэ, зиужьынущ, ефIэкIуэнущ, зиIэтынущ. Шэч зыхэмылъыжращи, бзэр димыIэжмэ, лъэпкъ щхьэхуэуи дыщыIэжынукъым.

Адыгэ тхыбзэм и махуэр махуэщI къудейкъым. Ар лъэпкъым и пащхьэ илъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэр иджыри зэ уигу къэзыгъэкIыж, щIэрыщIэу утезыгъэпсэлъыхьыж, я зэфIэхыпIэ-зэблэгъэкIыпIэхэр къозыгъэлъыхъуэж махуэщ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, зы тхыбзэм тет анэдэлъхубзэ адыгэхэм диIатэмэ, бзэр хъумэным епха ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъунут. Мыр тхузэфIэкIатэмэ, дунейм адыгэу тетыр зэщхьу тхэнут, щIы хъурейм тепхъауэ псэу лъэпкъыр нэхъри зэпищIэнут, зэрипхынут, зэгуригъэIуэнут, къару нэхъыби къыхилъхьэнут. Гугъущ мы Iуэхур, ауэ ткIийуэ иужь уихьэмэ, пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Пэжщ, илъэс куэд щIауэ дызочэнджэщ мы гупсысэм теухуауэ, ауэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ мы Iуэхугъуэм зэпэшэчэн хуей куэд хэлъщ.

Ди щIэблэм анэдэлъхубзэр зэредгъэдж тхылъхэми мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ахэр ауэ сытми бзэхабзэм и IуэхугъуэхэмкIэ дгъэнщIкIэ зэфIэкIынукъым. ДызыхэпсэукI гъащIэм езэгъыу, иджырей ныбжьыщIэхэм я дуней лъэгъукIэм пэджэжу, ауэ, нэхъыщхьэращи, зэхэщIыкI лъагэрэ щIэныгъэ куурэ къариту щытыпхъэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, мы IуэхугъуэмкIэ лъэбакъуэ хъарзынэхэр ча хъуащ. АдыгэбзэкIэ псалъэхэми, адыгэм щыщу анэдэлъхубзэр зыIурымылъхэми яхуэгъэзауэ программэ щхьэхуэхэр зэхэгъэува хъуащ, тхылъыщIэхэри къыдэкIащ. Ди егъэджакIуэхэр псэемыблэж защIэщи, а тхылъхэм гъуэгу иратыну, бгъэдэлъхьэкIэ IэмалыщIэхэр халъхьэну дыщогугъ. Мы IуэхугъуитIыр тхузэхэлъхьэжатэмэ, адыгэ тхыбзэр зэредгъэфIэкIуэн, зэщхь щIыным хуэунэтIа лъэбакъуэшхуэ тчынут. Догугъэ ари къыдэхъулIэну.

 

-Бзэм зиужьыныр тхыбзэм и мызакъуэу, зэрызетхьэ щIыкIэми елъытащ, екIуэкI Iуэхугъуэхэми епхащ. Абы и лъэныкуэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ ДАХ-м адыгэ хэгъэгухэм щригъэкIуэкIыр?

-Адыгэбзэм и Iуэху зыIутым уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы хуэдэу зэи IупщIу ди пащхьэ къиувакъым бзэр хъумэным ехьэлIа гумэщIыгъуэхэр. ДАХ-м фIы дыдэу къыгуроIуэ адыгэбзэр лъэпкъым и пкъощIэсэу зэрыщытыр, Iэмалу щыIэр ар хъумэным ехьэлIэн зэрыхуейр. Нобэ адыгэбзэр Урысейм хыхьэ щIыналъищым – КъБР-м, КъШР-м, АР-м – къэралыбзэу щыгъэуващ. Бзэр фIэкIыпIэ имыIэу хъумэн хуейуэ къэралым къыщилъытэм дежщ укъыщыжын щыпхузэфIэкIынури. ДАХ-м къару хилъхьащ тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрырагъэдж тхылъхэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэным. Ди бзэр хъумэным и зы шэсыпIэ лъэщщ ари.

Апхуэдэу, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ ДАХ-м илъэс къэс зэрыадыгэ дунейуэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м егъэлъапIэ. ЦIыху куэдым гурыхь ящыхъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ едгъэкIуэкI «Адыгэ диктантыр». Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэгъэпэща хъуа мы Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, щIыпIэ университетхэм, езы ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэм, хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.

Адыгэбзэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ зэIущIэхэр, Iэнэ хъурейхэр, щIэнIуатэхэр щIэх-щIэхыурэ идогъэкIуэкI, дэтхэнэми практикэ мыхьэнэ иIэу, абыхэм къыщыIуэта хъуа гупсысэхэр лъэпкъым деж нэсын хуэдэуи гъэпсауэ. Адыгэбзэр – лъэпкъым и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Бзэм щхьэщыт шынагъэр ДАХ-м и къарукIи, къэрал IэмалхэмкIи пхуэгъэкIуэдынукъым, абы езы лъэпкъыр пэщIэмыувэмэ, ар фIыуэ пщIэныр сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми я щхьэу зэрыщытыр къыгурымыIуэмэ. Ди гупсысэр зым хуэунэтIауэ дыщызэкъуэтым деж дылъэщщ.

 

-Адыгэ тхыбзэм и махуэм ехьэлIауэ сыткIэ зыхуэбгъэзэнт, Хьэутий, лъэпкъым?

-Лъэпкъ фIыгъуэхэм пэжыжьэхэр хэкум и цIыху нэсу къыпхуэлъытэнукъым. Зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэ сабийм нэхъ тыншу къещтэ икIи зрегъащIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэри. Къапщтэмэ, анэбзэм хуэмышэрыуэр урысыбзэми хуэлъэрымыхьщ. ЩIэныгъэ лъабжьэ зиIэр пэжыращи, анэдэлъхубзэращ цIыхум бгъэдэлъыфыну хьэл-щэн нэхъыфIхэм, зэфIэкIхэм я къигъэхъуапIэ хъур. «Анэдэлъхубзэм куэдым ухурегъаджэ, бгъэщIагъуэу тыншу, зи тIасхъэр къыпхуэмыщIэ гъэпсыкIэ хьэлэмэтым тету», – итхыгъащ Ушинский Константин.

«КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыщхьэщыт бзэхэм я атлас» фIэщыгъэр иIэу ЮНЕСКО-м къыдигъэкIа тхылъым ихуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр, адыгэбзэри яхэту. Ар гупсысэ куухэм ухэзыдзэ Iуэхугъуэщи, лъэпкъым щыщ дэтхэнэми щыгъупщэ хъунукъым. Бзэр, псом япэрауэ, хъумэн щыхуейщ адыгэ унагъуэм. АбыкIэ нэхъыжьхэм ди пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ. Дэращ къуаншэр, къытщIэхъуэ сабийхэм адыгэбзэ яIурымылъмэ. Ар хьэкъщи, тщыгъупщэ хъунукъым.

Адыгэ тхыбзэм и махуэр Iэтауэ зэдыдогъэлъапIэ. Пэжу, ар гуфIэгъуэщ, дызэрыпсэум икIи дыщыIэну гугъэ дызэриIэм ар и нэщэнэщи. Апхуэдэу щыт пэтми, сыхуейт гуфIэгъуэм хэлъ гупсысапIэхэри IэщIыб дымыщIыну, махуэшхуэм къыпыувэну адрей махуэхэри купщIэрэ IуэхукIэ дгъэнщIыну. Си гуапэу сохъуэхъу си лъэпкъэгъу псоми, фIыгъуэшхуэхэр махуэшхуэм къыдэкIуэнуи сыхуейщ. ФIыщIэ яхузощI адыгэбзэр хъумэным зи къару, зэфIэкI, щIэныгъэ езыхьэлIэ дэтхэнэми. УсакIуэм зэрыжиIащи, «ди гум и хущхъуэр, псэм и IэфIыщэу анэдэлъхубзэр, анэм и жьабзэр здэщымыIэм дыщремыIэ». Тхьэм дызэдригъэфIакIуэ!

Епсэлъар

Щхьэщэхуж Иналщ.

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Avni Lifij’in fotoğrafları 100 yıl sonra sanatseverlerle buluştu

1851.gallery, ünlü sanatçı Avni Lifij’in platin-paladyum baskı tekniğiyle üretilmiş fotoğraflarından oluşan "Affedersiniz ama sanat bir kodak fotoğrafı değildir. Ressam Avni Lifij’in Yeniden Hayat Bulan...

Boston Üniversitesi’nde bir Çerkes masalı

Karaçay-Çerkesli yönetmen, oyun yazarı, kukla sanatçısı ve sahne tasarımcısı Şaukh Evgeny İbragimov 11-16 Kasım tarihleri arasında Boston Üniversitesi’nde gösteri ve atölye çalışmaları yaptı. Üniversite...

Dijital kitap: ‘Dilin Yolu’

Tüm dünyada gündemin öncelikli sıralarına yerleşen eğitimde dijitalleşme çabaları sadece Çerkes cumhuriyetlerindeki eğitim kurumlarında değil Çerkes diasporasında da yürütülüyor. Çetav Merwan, Mışe Hun Su’ad, Ğuç’el’...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img