Анзорей / Кафтангиен

Къуажэр 1860 гъэм льъэкъуэлlэш Анзорыкхуэм и гъусэу хэкум къикlахэм яухуэу зы къуажэщ.

Къуажэр Кайсери къалэм 170 км, Пынарбашы районым 70 км пэжыжьэщ. Бабыгуей, Ярасар, Шэшэн Хьойук, Иналкъуей, Къунашхьаблэ, Мударей къуажэхэмкlэ къэтlысыхьауэ Узняйлэм я нэхъ щlышхуэ зиlэ къуажэщ. Къуажэр зытес щlыр 94.000 донум мэхъур. Ипэм къуэжэшхуэу щтащ ауэ иужькlэ къалэшхуэхэм lэпхъуэж куэд хъуащ, я щхьэу шыгъуэри къалэшхуэхэм щылажьэу я бын зыхуей хуагъазэу щыпсэунырат. Нобэ къуажэм 25 унагъуэ хуэдиз щопсэур, гъэмахуэм къалэшхуэхэм дэсу цlыух куэд мэкъу мэш яужь иту я щlым телэжьыхьу къокlуэжри щlымахуэ къэсыху щопсэур. Къуажэм щlышхуэ зэраlэм щхьэкlэ хуабжьу лъэщу щlым йолэжьхэр. Тракторым и нэхъ лъэщу и нэхъ лъапlэу яlэщ. Нэхъ зытелэжьыхьхэр хьэрэ гуэдзэрэщ. Илъэс зыбжанэ лъандэрэ кlэртlоф хасэуи щlадзащ. Анзорей къуажэр къуэжэшхуэт къуэжа лъэрыхьт. Лlы цlэрыlуэ лlы зэкlэлъыкlуэ я куэдт.

Зэкlэ сигг къэкl лlы цlэ цlэрыlуэхэр къэзбжын сыхъумэ;

Тохъ Юсуф, Бэдри, Рэмзи, Дуран, Зэпышэ Сейфэдин, Дзэгъащтэ Рушди, Къумукъ Нурэттин, Хьилми, Сосмакъ Ейуб, Али, Мэкъей Исмаил, Ибрахьим, Азиз, Аджар Али, Шогэн Хьатlутl, Къумукъ Назим, Къамбикэ Къахьир, Сосмакъ Хьамид, Муаммэр, Шогэн Шевкет, Тхьамбылмышх Къудэт, Зэпышэ Хьэж Джафэр, Шэпар Тахьир, Садо Зэкlэ сигу къэкlыжахэр ащ.

Къуажэм илъэс куэд щlащи еджапlэ щыlэжкъым саби егъэджэн зи пщэдэлъхэр къалэшхуэхэм щырагъэджэр.

Дэ дыщыцlыкlум Тохъ Решид и Анэ Пэрыт Нащхъуэ щыпсэу сощlэжыр, Пэрыт Нащхъуэ нэужьым Пэрытхэ хэкlуэдэжащ.

Анзорхэри хэкlуэдэжа лъэпкъщ.

Кьамбике Алишан
Сэмэгумкlэ щытыр тохъхэ япхъу дыщэщ. Адрейхэр тщlэlым

Сэмэгумкlэ; Бесленей Хьйри, Хьатокъщокъуэ Саадэт, Тохъ Дуран, Тохъ Хьайдар
Анзорей бзылъхугъэхэр-1961

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz