Зи чэзу тхылъаджэ зэхэс

0
554

Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэкlэ щыlэ Адыгэбзэ Хасэм зэlущlэ гъэщlэгъуэн «Акрополь» шхапlэм щригъэкlуэкlащ мазаем и 25-м. Ар «Къэухь» литературэ клубым и зи чэзу тхылъаджэ зэхэсырат. Къэбэрдейм и щlыналъэхэм къикlа егъэджакlуэхэр тепсэлъыхьащ Шэджыхьэщlэ Хьэмыщэ и повесть «Мазизэ» зыфlищам. Проблемэ куэд къыщыlэта тхылъым упщlэ куэдым и жэуапи къыщагъуэтащ адыгэбзэмрэ литературэмкlэ егъэджакlуэхэм:

*Гъащlэр пыухыкlауэ фlыуэ е пыухыкlауэ lейуэ щыткъым, lейри фlыри хэтщи, псори зэлъытыжар дэ зыхуэтшэ лъэныкъуэращ. Сытым къыхэкlрэ фlыр щыщыlэкlэ, ар къигъанэу цlыхум lейр къыхихыныр?

*Егъэлеяуэ зыгуэрым уихьэхуным щыуагъэхэм ухуешэ, уи гъащlэр зэрыхъуфыну щытам ущхьэщеш. Ауэ зыхэщlэныгъэ куу зимыlэм, егъэлеяуэ зыгуэрым димыхьэхыфым гущхьэ беигъи имыlэну къэзылъытэ щыlэщ. Дауэ щызэфlэха хъурэ ар повестым?

*Укlытэр пщlэм, щlыхьым и пэ иту кlуэ зы къарууэ къэзылъытэ щыlэщ. Гу кlуэцlылъщ жыхуаlэ цlыхум нэхърэ укlытэ зиlэм фlы нэхъыбэ цlыхум къазэрыхуихьыр гъащlэм ди нэгу щlегъэкl. Адыгэм укlытэмрэ шынэмрэ зэхуегъадэ. Укlытэр цlыхум я пащхьэм пщlэншэ узэрыщыхъунум къыхэкl шынэу уеплъ хъуну? А псом теухуауэ сыт хуэдэ гупсысэ къыдитрэ «Мазизэ» повестым?

*Псэ гугъуехьыр цlыху дыдэ мыхъуфахэр цlыху нэс хъуахэм кlэлъыщlэзыгъэхьэж, цlыхум зызэригъэкъэбзэж хэкlыпlэу жызыlэ яхэтщ гупсысакlуэхэм. Ар ди фlэщ ящlрэ Шэджыхьэщlэм и лlыхъужьхэм?

Псалъэмакъ щхьэпэ щекlуэкlащ тхылъаджэ зэхэсым. Къэува упщlэхэм теухуауэ зэдэарэзыуэ къащта lуэху еплъыкlи щlызэдэуаи къыхэкlащ.

Зэхэсыр езыгъэкlуэкlа Хьэцlыкlу Рае псалъэмакъыр иухащ Шэджыхьэщlэ Хьэмыщэ тхылъым къыщихь гупсысэкlэ: «Псом япэ цlыхур зыгъэцlыхур адрейхэм яхуиlэ щытыкlэращ: зэрахуэпэжыр, зэригъэлъапlэр, яхуиlэ гущlэгъур, адрейм и гуауи и гуапи къызэрыгурыlуэр. Хамэм хуэгущlыlэр хэгъэрейми хуэгухуэбэнукъым. Дэтхэнэ зыри щысабийм ар хэмыпщамэ, и акъылыр щызэпцlым хэмыпцlыхьамэ, балигъ хъуа нэужь гурыгъэlуэжыгъуейщ, зыхегъэлъхьэжыгъуейщ. Куэд къахэкlкъым апхуэдэхэм зи гъащlэ гъуэгур тэмэму зыгъэпсыф, а гъуэгум темылъэпэрапэ, нэхъ lеижращи, телъэпэрэпамэ, езыр-езыру къэтэджыжыф. Е мылицэм «къагъэтэджыж», е игъащlэкlэ зыхэхуэну хуэмей гупым «къагъэтэджыжри», лlэху къызыщымытэджыжыну гъуэгум тоувэ».

Ди щlэблэм гупсысэкlэ узыншэ яlэным, къызыщымытэджыжыну гъуэгу темыувэным ещlэкlын хуей лэжьыгъэхэм языхэзу, къызэхуэса егъэджакlуэхэр зэгурыlуащ тхылъаджэр егъэкlуэкlыныр еджапlэхэм хабзэ щащlыну, гущхьэгъэсэным нэхъ гулъытэ хуащlыну.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz