Байт

0
256

Хьэжрэтым я тхьэусыхэ

Хьэжрэт гущэмэ (yap) фи щIалэгъуалэм (жи)

Мэзыхьэжь гущэурэ зыкъывогъэшхи,

Къэбэрдей гущэми (рэ) фи шыжь гъэшхахэри

Къалэ кIуэн гущэми хувогъэкъуэгъур (жи).

Хьэжрэтмэ (yap) фи шы къуэгъужьхэр (жи),

Хьэдэ хьын мыгъуэмэ щIывогъэлIыкI (жи).

(Уар) къалэкIэмкIи (рэй) сызэпрыплъ мыгъуэми (рэ-ией)

Топ щхъуантIэжь гущэми лъыпсхэр къыпожыр (жи).

Ажалышэри (yap) зи нэрылъагъу (жи),

Зи ныбжьэгъу гущэмэ хамылъагъуэж (жи).

Тхьэм и унэми(рэй) щалъагъужынуэ (жи, ра-ией)

Трамэ и къуэкIэри ди Хьэжумар (жи)!

Гъубж (гущэмэ, yap) и пщэдджыжь гущэми

НыбжьэгъуфIхэри тхузэхэбгъагъэт (жи),

Тхьэшхуэри зэуагъэ щуIэгъэри (уарэ-ией) –

(Ар) а махуэ мыгъуэми хьэдагъэпаши!

Хьэжылъашэмэ (yap) уи сэшхуэ мытхэр (жи)

КъуентхъкIэрэ зыпрогъэх (жи),

Гуащэ дахэри (рэй) ныщыдахыжкIэрэ (ра-ией),

(Уэр) зи шащхьэ мыгъуэри ежьэгурыни!

Бжэныхъуокъуэурэ (yap) лъыр здашэн мыгъуэми

Бжэн хужьыбэ мыгъуэри къызэрыдох (жи).

Тхьэм и пащхьэми къехыгъэ КъурIэнхэр (ра-ией)

Iулъхьэ-IулъхьэкIэрэ тхузезыгъакIуи!

Мэхькэмэжь гущэмэ (yap) дзэшхуэр къыщекIуэкIэрэ,

Шагъдиижь гущэхэр тхудэзы гъэж (жи),

(Уэй) щуIэгъэурэ (рэй) дыщэр зыгъэжхэри (ра-ией)

(Уэр) къуршыщхьэ гущэмкIэри дезыгъэшыжи!

Хьэжрэт гъыбзэжь

 

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz