Псыжьыщхьэ къыщыхута шапсыгъ къуэпс

0
184

ЛIыщIыгъуэкIэ екIуэкIа зауэм и джэрпэджэжхэр зылъэмыIэса лъэпкъи, лIакъуи, Тхьэм иещIи, Кавказ щIыналъэм къинакъым. А лъапсэрых зауэм и лъэужь фэеплъ къыщIэнахэм ящыщу адыгэ лIакъуэ куэдым къащIэна унагъуэцIэхэм Псыжь и сэмэгурабгъум щыпсэу адыгэхэм къуажэ зэрагъэпэщыжахэм нэхъ ущрехьэлIэ. А унагъуэцIэхэр зезыхьэу щыта лIакъуэхэр Кавказ зауэм ипэкIэ Къэрэшей-Черкес Республикэр иджы зэрыс хэгъуэгум пэжыжьэу псэуащ.

Кавказ зауэ нэужьым зэрагъэпэщыжа ди республикэм щыпсэу адыгэ, абазэ къуажэхэм уащрехьэлIэ Вапсынэ, Iэгуей, Мамхэгъ, Хьэтыкъуей, КIэмрыгу, Убых, Натхъуэ адыгэ лIакъуэцIэхэм къатехъукIахэм. Апхуэдэу Шапсыгъ уэркъышхуэ Абатэхэ я унэцIэр жылэ фIэщыгъэцIэу зезыхьэ Абатэ-Хьэблэ (Эрсакон) къуажэр Инджыджышхуэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм и бжьэпэм къыщыхутащ. АтIэ сытым къихьа ахэр шапсыгъ лIакъуэм пэжыжьэ, илъэс щэ бжыгъэкIэ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэр щыпсэуа щIы кIапэм?

Уарп псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Псыжь псыхъуэ и сэмэгурабгъум нэс нэхъыбэу исар къэбэрдей, беслъэней, абазэхэ, кIэмыргуей лIакъуэхэращ. Кавказ зауэм къела адыгэхэм зэрагъэпэщыжа къуажэхэм я жылэпщхэм я цIэхэм къытепщIыкIа фIэщыгъэцIэхэр зэрахьэ: ХьэтIэхъущыкъуей, Дохъушыкъуей, абазэпщ Лэухэ я къуажэ, журтхэм я къуажэ Джэгъэнэс, Марыхъу—эстонхэм я псэупIэу щыта, нэгъуэщIхэри. Ауэ абыхэм я нэхъ гъэщIэгъуэну Уарп и псыхъуэмрэ Инжыдж псыхъуэмрэ дэсащ шапсыгъ жылагъуитI. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Шапсыгъхэм я щIыналъэр хы ФIыцIэ гъунэм къыщыщIидзэти Iэдэгум, Псыжь, Супс и псыхъуэхэр къызэщIэзыубыдэ хэгъуэгу зэбгъузэнатIиплIу къыщылът. Абы «ШапсыгъышхуэкIэ» еджэт, адэкIэ хы ФIыцIэ гъунэм шапсыгъ цIыкIум я щIыналъэм къызэщIиубыдэт ЦIэмэз къыщыщIэдзауэ Шахе, Пшад и псыхъуэхэр къыдэкIуэу.

Шапсыгъхэм я пщыуэ щытащ Абатхэ Хъанджэрий. Абатхэ къэбэрдей щылъхуу къеIуатэ и тхыгъэхэм деж. Бламберг И. къызэриIуатэмкIэ, лIакъуэр цIыху мин 200-м щIегъу. Абы тегъэщIапIэ ищIыр 1830-1833 гъэхэм а хэгъуэгум щыIа Новицкэращ. Новицкэм шапсыгъ унагъуэ мин 25-рэ къибжауэ урысыдзэм яIэщIигъэхьауэ щытащ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, шапсыгъхэм я пщышхуэу щытащ Беслъэней Абат и къуэш Убых щIыгъуу. Убых тхыгъэхэм деж зэм Убыш, зэми Убыхыу ущыхуозэ. Абатэпщым и къуэхэм я цIэхэр атэлыкъыу зрита лIакъуэхэм я фIэщыгъэцIэу къаIуатэ. Псалъэм папщIэ, Беслъэней и атэлыкъыу щытар беслъэней лIакъуэм щыщти, пщы щIалэм ар цIэуэ фIащащ. Адрейр убыххэм я деж щапIати, Убых фIащащ.

Беслъэней и адэ Абат къытепщIыкIауэ ялъытэ «Кобл», «Схапте», «Севотох», «Натхо», «Нетдахо» унагъуэцIэр зезыхьэхэр. Схапте, Севотох унагъуэцIэхэр зезыхьэхэм я цIыхухэр ящIыгъуу «Шейпсхго» псыхъуэм Абат щыригъэпсыхауэ икIи а псым и фIэщыгъэцIэм къытепщIыкIауэ къалъытэ Шапсыгъ псалъэр.

Адрей унагъуэцIитIым я цIыхухэм натхъуэкIэ еджэ хъуахэщ. Езы Абат и къуажэхэр Абин псыхъуэ дэсащ, абы и къуажэхэм зыр Антхир, адрейр Бугундир я фIэщыгъэцIэу къеIуатэ Новицкий и тхыгъэм.

Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур, и дуней тетыкIэнур Уэсмэн къэралымрэ Урысей империемрэ щагъэхьэзыра лъэхъэнэм Абат Беслъэней акъылбалигъ хъуат. Адыгэ лъэпкъыр езыр хэмыту и пщэдей махуэр къэралышхуитIым я зэгурыIуэныгъэкIэ бэзэрым щащэ хьэпшыпым хуэдэу зэфIахащ Андрианопольскэ зэгурыIуэныгъэмкIэ. Тыркуейм игъащIэкIэ IэщIэмылъа щIыналъэр щыпсэу лъэпкъхэри щIыгъуу Урысейм «иритыжащ». А щхьэкIуэ шэчыгъуей напэншагъэ къращIаращ зэгуэрми зым и лъэгущIагъ щIэмылъа адыгэ лъэпкъыр икIуэтыпIэншэ зыщIар.

1807-1812 гъэхэм Урысейм и дзэ, Золотницкий зи унафэщIым Натхъуей жылэхэу 40-м щIигъу зэтрикъутащ. Къэзакъ атаман Бурсак и гупым махуитху кIуэцIым шапсыгъхэм я къуэжэ 18 игъэсащ. А лъэхъэнэм Абат Беслъэней къыгурыIуащ и лъэпкъыр кIуэдыпIэм зэрыхуагъакIуэр. 1829 гъэм Беслъэней Тыркум кIуауэ щытащ адыгэхэм я щIыналъэу Урысейм иратыжар пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну. Абат абдеж къыгурыIуащ Тырку къэралыр Урысейм зэрыпэмылъэщыр къыщагъэпщкIуу зэрыщытыр. АкъылыфIэ, жыжьэрыплъэ Беслъэней Урысейм адыгэхэр гурыIуэмэ я Iуэху нэхъыфI зэрыхъунур зыхищIэт, икIи а Iуэхур зэфIихыным и ужь итащ. Ауэ адыгэпщхэр, мы Iуэхум я еплъыкIэкIэ, гупищу зэкъуэуда хъуащ. Япэ гупыр Тыркуейм и телъхьэт, етIуанэм Урысейм и лъэныкъуэр нэхъ къащтэт, ещанэ гупыр: хьэтыкъуейхэр, кIэмыргуейхэр, абазэхэхэр, беслъэнейхэр зыдеIэну лъэныкъуэр иджыри къыхахауэ щыттэкъым.

Адыгэ лIакъуэхэм зыдеIэну лъэныкъуэр къыхахыхункIэ Урысейм игъэхьэзыращ Адыгэ щIыналъэр хэкI имыIэу къэзэуа зэрыхъуну Iэмалхэр. Ауэ адыгэ щIыналъэм уэгум щикъухьа вагъуэу, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыгъэпщкIуауэ ис жылэхэр зэман кIэщIкIэ хуабжьу къэхутэгъуейт. Абат и къуэм Урысейм и лъэныкъуэр зэриIыгъым щыгъуазэ дзэпщхэм иджыри зэ къыхуагъакIуэ тасхъэщIэх Новицкэр. Абат зэкъуэшхэр я лъэкI къамыгъанэу дыIэпыкъуащ Урысейм и тIасхъэщIэх офицерым. Псыжь псыщхьэ щыпсэуа къуажэхэр здэщыс щIыпIэхэр хэкI ямыIэу Новицкий ирагъэлъэгъуащ. Зэкъуэшхэм шапсыгъ щIыналъэм щагъэзэжым адыгэпщ урысыдзэм япэщIэт жасусхэу къалъытэри, укI тралъхьэн хуейуэ къагъэлъэгъуащ. Абат зэкъуэшитIым я унагъуэхэр адыгэ дзэпщхэм гъэр ящIри, я хьэкум ящIэхун щIэсыну гъэрэщым щIадзэ. Беслъэней и щIалэ Щыхьым-Джэрий хьэкумыщIэхэм къыжраIэ и адэр хьэрэм ищIауэ Тхьэ яхуиIуэмэ, псэууэ къагъэнэну, и адэм бгъэдэлъа мылъкури къратыжыну. КъикIыпIэ имыIэ щыхъум, щIалэр хьэкумыщIэхэм я жыIэм еувалIэри, езыр псэупIэкIэ чэчэнейхэм яхэтIысхьэжащ. Абазэххэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм я жылэхэр зэрызэтракъутар Абат зэкъуэшхэм я къуаншагъэу къалъытэт. Апхуэдэу зэкъуэш Абатхэм я гъащIэр яхуэмыхьыж щыхъум, къикIыпIэ къагъуэтри, урысыдзэр щытепщэ Псыжь и ижьырабгъум къэIэпхъуахэщ.

1830 гъэм Абат зэкъуэшхэр пащтыхьым Кавказым урысыдзэ щиIыгъхэм я унафэщI Псыхуабэ (Пятигорск) дэсым и деж ирагъэблагъэ. Беслъэней адыгэ лъэпкъыр Урысейм хыхьэмэ я гъащIэр нэхъ зэпэщ, езыхэр нэхъ лъэщ хъуну къилъытэт. 1834 гъэм Абат Беслъэней Бытырбыху ягъакIуэри абдеж нэIуасэ щыхуохъу Хъан-Джэрий. КъэкIуэжыным и пэкIэ ар нэIуасэ хуащI кадет корпусым щрагъаджэ адыгэ уэркъ сабийхэм я псэукIэм. Пащтыхь Жылагъуэм (Царское Село) и деж пащтыхьым щыIуагъащIэ. А илъэсхэм Беслъэней щалъхуа шапсыгъ щIыналъэм егъэзэжри, и гъащIэр 1837 гъэм абдеж щеух.

И щIалэ Щыхьым-Джэрий, Тамбий ЛIыкIэщI (Тлекеч) и гъусэу, Торнау адыгэхэм я гъэру щыщыта лъэхъэнэм хуит къэщIыжыным фIыуэ хэлэжьауэ щытащ. Тэрнау Ф. хуит къыщащIыжауэ щытар 1838 гъэм щакIуэгъуэ(ноябрь) мазэм и 10 -ращ. Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм теухуауэ зыхалъхьа картэм Теген псы цIыкIур Уарп щыхэхуэж щIыпIэм 1842 гъэм Абатэхэ я жылэ щыпсэуауэ, ауэ зыбгъэдэлъу щытар езы Беслъэней, хьэмэ и щIалэ Щыхьым-Джэрий, ар убзыхуауэ щыткъым.

Щыхьым – Джэрий и къуажэ Инджыджышхуэм и псыщхьэ Кяфар псым и деж Iусауэ къегъэлъагъуэ, а лъэхъэнэм зэхалъхьа картэм. 1843 гъэм а щIыпIэм къиIэпхъукIри Инжыдж цIыкIум и ижьырабгъум къыщепсыхащ Абат Щыхьым-Джэрий и къуажэр, абы яхэтIысхьэжащ Тамэ Алъэн-бэч и жылэ цIыкIури. Абы пэмыщIу Абатым и жылэм къахэтысхьащ Мысрокъуэ унагъуэцIэр зезыхьэ Къасей и хьэблэм щыпсэуахэр. А щIыпIэм Абатэхьэблэр щысу, пащтыхь правительствэм Щыхьым-Джэрий Инжыджышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм 1867 гъэм Ярсакон быдапIэр здэщыта щIыпIэм деж дестынэ 478-м нэс щIыгу Iыхьэ къыщритащ.

Щыхьым-Джэрий и къуажэр 1893 гъэм нэс Абатэхьэблэу тхыгъэхэм хэтщ, а гъэм и кIэм ар ятхыжащ Эрсакон къуажэцIэр иIэу. Фелицин Е. и тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, а къуажэм дэсащ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэм къащIэна: къэбэрдейуэ унагъуэ 29-рэ, беслъэнейуэ унагъуэ 17, кIэмыргуейуэ унагъуи 3, хьэтыкъуейуэ 1 унагъуэ, абазэхэу унагъуи 4, шапсыгъыу унагъуи 6, мудавейуэ 1 унагъуэ, къумыкъуу 1 унагъуэ.

Щыхьым-Джэрий и щIалэ Беслъэн 1896 гъэм бынибгъу иIауэ тхыгъэм къыхощ, ауэ абыхэм адэкIэ я гъащIэм и къекIуэкIыкIар иджыкIэ убзыхуауэ щыткъым.

Къэнащ гъыбзэжь «Абатэ епцIыж» зыфIаща, Абатхэ, Къазийхэ Тамбий ЛIыкIэщI ящIыгъуу цIыхухэм хуаусауэ щытар. А гъыбзэр зытхыжауэ къагъэлъагъуэр Тамбий Пагуэщ, ЛIыкъуэч и къуэрылъхурщ.

Абатэ гущэр къуапэм йозашэ,

Къазий и къуэ гущэр жэнэтым яшащ.

И лъакъуэ лъэныкъуэр къыщIещIэ,

Инэралым зыпэщIесэж.

Инэрал плъыжь мыгъуэм дохасэ,

Псыхъуащхьэр хьэдэкIэ ебгъэващ-

Инэрал гущэм кхъуэлыр къыдешх,

Натхъуэ къуажэр щашхым,

Шуупэр Тамбиикъуэхэ ЛIыкIэщIщ.

ПщIэгъуалэр шэкIэ ебгъэдщ,

Тхьэм и динымкIэ дыпхуэмы(а) разыщ,

Уэй, Я шыжь гущэхэр къазыбгъэщ,

Зауэ гущэм бгъэкIэ зэдокIуэ:

Натхъуэ къуажэм фи щIалэгъуалэт.

Я пщащэхэр дыщэ лэрыпст,

Я щауэхэр псэемыблэжт,

Натхъуэ къуажэм фи щIалэгъуалэщ.

Абатэ гущэм урабыдзышэт,

Шы пхъаблэкIэ зырегъэшэж:

Цей гущэкIэ Жырытэджышхуэщ.

 

Темыр Рае.

Мы тхыгъэр

«Шапсугские корни в ономастике топонимике в верховьях Кубани» щIэныгъэ лэжьыгъэм къыхэтхащ

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz