Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Казанчык/Бащылбий

Абазин Ачкарува кыт (къуажэ). Бащылбий/Казанчык кыт (Абаза Ашкаруа). Бащылбий къуажэ 1853-ым Узуняйла щlыналъэм Карачай-Чэркэс щlыналъэм Бащылбийкlэ зэджэ щlыпlэм къикъахэщ. Къыщикlым кхъухькъэ мыхъу Карс къалэмкъэ выгу шыгукlэ къэкlуахэщ. Зэ псори гупышхуэуэ Бащылбий къэтlысахэщ ар щхьакъэ яубыда щlышхуэм телэжьыхьыныр гугъу къащыхъу щlым папщlэ Адыгэ, Туркмен къуажэхэмрэ я зэхуакум зауэ къыдэкlу щыщlидзэм къуажэр зыпаху щlадзэри Тавладере, Караджаорен, Темирбогъа пцlэу къуэжищ яухуащ. Къуажэдэс лъэпкъхэр мэщlэ мащlэу яу гуэшри а зи цlэ иритlэу къуажэхэм дэтlысхьащ. Енияпан къуажэр Карачай-Черкеск Джэбэкъуейым къикlри Бащылбий Абазэм къахэту къэкlуати куэд мыщlэу Бащилбийым яхэкlри нобэ щыпсэу къуажэ Енияпан къуажэр яухуащ. Абы къинэмыщlкlэ Исмелкыт къуэжитlымрэ Елъыхъуей къуажэри къахэкlри нобэрей къуажэхэр яухуащ.

Исмейлыкъуэ Невзат Озбай Артым теухуауэ щlэныгъэшхуэ къигъалъагъу зылlщ.
Ягъан Мэжид 1955-1958 гъэхэм Азей (Пынарбашы) районум и я Мер’у тетащ иужърей зэманым 1987-1991 гъэхэми парламентеру тетащ

Ягъан Мэмэт; ил генел меджлисым 1999-2003 гъэхэм хэтащ

Къуажэр Кайсери къалэм 140, Азей районым 50 км пэжыжьэу зы къуажэщ. Щlышхуэ яlэщ. 92.000 гектарщ ящlыр Узуняйла Анзорей, Бэшкъэзакъхьэблэ нэужьым нэхъ щlы куэд тес къуажэр Казанчыкщ. Кьуажэм Жаныкьуей, Хьатукъщыкьуейыжъ, Анзорейцlукl, Хьатукъщыкъуейцlукl, Къапахълы, Сидкыт, къуажэхэр щlыкlэ къапытщ. Абазэ лъэпкъыр я пэгъунэгъу Адыгэ къуажэхэм я зэхуаку зыри къыдэмыхъухьуу зэгурыlуэу зы лъэпкъ хуэдэу зыдэпсэу зыкъуэжащ. Я хьэгъуэлlыгъуэхэм Адыгэхэр Тхьэмадэ ящlу езыхэри Адыгэ хьэгъуэлlыгъуэхэм Тхьэмадэ яхуэхъу я хабзэкlэ я псэуныгъэкlи куэду зыщхьащlымыкlыуэ зыдопсэухэр. Адыгэ нысэ куэд зэраlэм хуэдэу Адыгэ мэлъхъа куэд яlэщ. Абы щхьэкlа зыхэдз я зэхуаку дэмылъу зэдопсэухэр.

Къафкъас Хасэхэм я Конфедерацем и тхьамадэ; Агэчэ Мухудин
Агачэ Абидин пащэр Тырку Армам нэхъыщхьау джэнэралу тетащ

Къуажэм лъэпкъ лъэрыхь, лlы лъэрыхь куэд дэсащ нобэи дэсхэщ. Къэралым къулыкъущlэу утыку яубыду еджауэ щlэныгъэшхуэ яlэу цlыху куэд къыдэкlащ. Къэзбжын сыхъумэ; Ягъэн Енвер Паша, Мэжид, Осман, Омер, Мемет, Тахьсин, Ерол, Абидин, Албуз, Нахъшыр Хьакъи,

Агаче Мухьудин, Абидин Жэтгэр Сейфо, Мухьудин, Етек Къарабэ Хьилми, Джэвдет, Дэгунэ Хьайри, Сервет, Агаче Назим, Казым, Ахьмет, Файык, Лий Хьсан, Емир, Себахьаттин, Низаметтин, Исмел Оздемир, Нахъшыр Хьайдар.

Къуажэр щlышхуэ яlыгъ lэщышхуэ зырахуэу зы къуажэщ, нобэ къуажэм дэсу Ягъан Хьалук, Дениз Жэтгэр Хьажмуса lэщышхуэ зэрахуэу лъэрыхьу дэсщ. Къуажэм егъэджапlэр зэхуащlыжащ. Цlыух дэсхэр къалэшхуэхэм щопсэухэр я бын ирагъэджэн щылэжьэн я унафэу къуажэм дэкlахэщ, ауэ еджауэ цlыух куэд яlэщ. Турк къэралым къулыкъущlэу щылажъэу цlыух лъэрыхь куэд яlэщ. Нобэ къуажэм дэсхэри я щlакхъуэкlэ лъэрыхьу лэжьыгъэшхуэ къырахьэлlэуэ унэ дэхащэхэр щlэрыпсу ирагъэщlауэ гуэдз, хьа хасэу абы елъэжыу трактор лъэщхэр яlэу псэуныкlэ дахэ яlэщ.

 

 

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img