Дыгъэ нурыфIэу зи псэр зэщIэплъэ, хуабагъэ инкIэ зи гур гъэнщIа, жэщ-махуэ зымыщIэу еджакIухэм ядэлажьэ, егъэджэныгъэр зи гъащIэ гъуэгуу къыхэзыха, гъэсэныгъэм, ущииныгъэм гулъытэ хэха хуэзыщI егъэджакIуэ куэд Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм диIэщ. Пэжщ, дэтхэнэ зы егъэджакIуэри щапхъэщ, ауэ нобэкIэ си тхыгъэм къыщыхэзгъэщхэр фIым я фIыжщ, мыхэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и егъэджакIуэхэщ.
Анэдэлъхубзэм зезыгъэузэщI ЛIыIэщын Людмилэ
Адыгэбзэр зи анэбзэ, зи бзэм хуэлажьэ цIыхухэр лъэпкъым ди куэдщ. Ар узыгъэгушхуэщ. Апхуэдэ гушхуэныгъэ къызэзыт цIыхубзщ ЛIыIэщын Людмилэ. «Емызэш лэжьакIуэ» цIэр, схулъэкIамэ, мы цIыхубз екIум фIэсщынт. ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, ущиякIуэ, унафэщI цIыхубзыр Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар щеджащ Налшык къалэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр училищэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым.
Арыкъ къуажэм дэт курыт школым и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьыгъэр щыщIэзыдза Людэ щылэжьащ езыр щалъхуа Астэмрей къуажэми, Налшык къалэ дэт еянэ еджапIэми, 63-нэ сабий садми, Кэнжэ дэт етIощIанэ еджапIэми. 1995 гъэ лъандэрэ ЛIыIэщыныр щолажьэ Налшык къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и методист нэхъыщхьэу. И лэжьыгъэр фIыуэ зэрищIэм, абы и гуи, и пси зэрыхилъхьэм и щыхьэту къэпхь хъунущ ар УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэу зэрыщытыр, КъБР и Правительствэми, Урысей щIэныгъэ академиеми, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтми я щIыхь тхылъхэр къызэрыхуагъэфэщар.
ЕгъэджакIуэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъу лэжьыгъэхэу ЛIыIэщыным къыдигъэкIахэм ящыщщ «Мои истоки», «Дополнительные материалы по развитию речи русскоязычных учащихся», «Сборник календарно-тематических планов», нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэпеуэм ЛIыIэщын Людмилэ 2008 гъэм бжьыпэр къызэрыщихьари. Абы иригъэкIуэкI зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм, махуэшхуэ гъэлъэгъуэныгъэхэм курых яхуэхъур адыгэбзэрщ, ар еджакIуэхэм фIыуэ ялъагъуу, ящIэу къэгъэтэджынырщ.
И чэнджэщкIэ, гулъытэкIэ ар зылъэмыIэсыр мащIэщ, уеблэмэ, апхуэдэ щымыIэнри фIэщ мэхъу. Сабий садхэм щегъэжьарэ курыт еджапIэхэм нэсыху абы и Iэпэ покIуэкI. Дерс зэIухахэр гъэлъэгъуэныр пщэрылъ зыхуищIа егъэджакIуэхэм егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьэ IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпу, ахэр тэмэму еджакIуэхэм зэрыбгъэдалъхьэным хущIокъу Людэ. Зы тхакIуи, усакIуи, лъэпкъым къыхэкIа цIыхушхуи къимыгъанэу пшыхь хьэлэмэтхэр яхуегъэхьэзыр.
Къэхутэныгъэ лэжьыгъэми и нэIэ тригъэтщ ЛIыIэщыным. ЕджакIуэхэм езыхэм къахута, къалъыхъуа, ятха лэжьыгъэхэмкIэ зэпеуэхэр еублэри, ар куэд и уасэщ. Усэ зытххэм, уэрэд жызыIэхэм, дахэу къафэхэм, сурэтхэр екIуу зыщIхэм я зэфIэкIхэми кIэлъоплъ мы цIыхубз гуащIафIэр. Псоми псалъэ къахуегъуэт, щыхуейм деж ткIийщ, щыщабэ зэманым и бзэр фоупсщ. Адыгэгу, адыгэпсэщ Людэ. ИщIэ, илэжь дэтхэнэми курых яхуищIыр хабзэрщ, нэмысырщ, щIэныгъэрщ.
Къалэм адыгэбзэр щебгъэджыныр мытыншми, а лэжьыгъэм йогугъу ар. Езым къызэригъэпэща методсоветым мыадыгэ сабийхэм папщIэ программэхэр, тхылъхэр зэхрегъэгъэувэ, егъэлажьэ. Сыту лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIрэ, сыту куэд хузэфIэкIрэ мы цIыхубзым, сыт а псори абы щIыхузэфIэкIыр? Жэуапыр нэрылъагъущ! ЛIыIэщын Людмилэ и лэжьыгъэр фIыуэ елъагъу, адыгэбзэр зыпищI щыIэкъым, егъэджакIуэ нэсщ, гъэсакIуэщ, ущиякIуэщ, чэнджэщакIуэщ.
Куэдым щапхъэ яхуэхъу егъэджакlуэ Дэхъу Ритэ
Дэхъу Ритэ ди республикэм фIыуэ къыщацIыху егъэджакIуэщ, гъэсакIуэщ. Илъэс 36-рэ хъуауэ зи IэнатIэр хьэлэлу езыхьэкI цIыхубзым къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэу мэлажьэ Дэхъур. Щытхъу псалъэхэр фIэмыфIми, жысIэ-сIуатэми схуэмыухщ Ритэ и цIыхуфIагъыр. ЗыхэIэбэ Iуэхугъуэр къобатэ, сыт хуэдэ упщIэми и жэуапыр гупсэхуу, тэмэму, пэжу уи пащхьэ кърилъхьэнущ, къыбдэIэпыкъунущ, зыкъыпщIигъэкъуэнущ.
Ритэ методикэ лъэщкIэ лажьэ егъэджакIуэщ, къалэ, республикэ зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм Дэхъум и гъэсэнхэр щыпажэщ. ЩIэблэм ябгъэдилъхьэ, яригъащIэ, яригъэлъагъу куэдыр абыхэм хьэл, хабзэ, гъуазэ яхуохъу. Ар езыри куэдрэ хэтщ егъэджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм икIи апхуэдэхэми бжьыпэр щеубыд.
Налшык дэт школхэм щылажьэ егъэджакIуэхэмкIэ Дэхъур щапхъэщ. Дерс зэIухахэм, махуэшхуэ зэхыхьэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм къэпщытакIуэу яIэщ ар. Мызэ-мытIэу апхуэдэу сыдэлэжьащ Ритэ. Игу ирихьари, зэмыгугъуари гупсэхуу жызыIэж къэпщытакIуэщ ар, ауэ дерсхэр езыгъэкIуэкIхэм гуихыу яхущыткъым, дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэт.
ЕгъэджакIуэ нэсым и щапхъэ Дэхъу Ритэ хуэдэхэр адыгэбзэм зэрырилажьэр лъэпкъым хуэщхьэпэу къызолъытэ. Адыгэбзэр фIыуэ зэрилъагъум и щапхъэщ Дэхъум усэ, эссе, рассказ купщIафIэхэр и Iэдакъэ къызэрыщIэкIыр.
Щокъуий Светланэ и дуней
Псэ дахэ зиIэ цIыхур зыхэпсэухь дунейри телъыджэщ. Езыр гъащIэм щыгуфIыкIыу, зыхэтхэм гуапагъэкIэ етэу зэрыщытыр арагъэнущ Щокъуий Светланэ и IуэхущIафэхэри щIэдахэр. Щокъуийр илъэс куэд щIауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щолажьэ Налшык къалэ дэт 18-нэ гимназием. Теплъэ зэкIуж зиIэ бзылъхугъэщ, цIыху гуащIафIэщ ар.
Светланэ егъэджакIуэ къудейкъым – ар узэщIакIуэщ, къэпщытакIуэщ, щапхъэгъэлъагъуэщ. Илэжьым хуабагъэ хелъхьэ, зэIусэр ирегъэфIакIуэ. Зэрихьэ хабзэкIэ псоми яхуэтыгъэщ, цIыхупсэр зыщIэхъуэпс гуапагъэкIэ узыпсыхьщ.
Сигу икIыжыркъым Светланэ япэу щыслъэгъуар. Дерс зэIуха зыт сэ си нэхэр занщIэу техуат пэшым къыщIыхьа цIыхубзым. Моуэ-щэ, нэхугъэ гуэр къыздыщIихьат абы пэшым. Дерсыр суха нэужь, абы купщIэ зыщIэлъ псалъэу къызжиIар щэрэ минрэщ. Абдежым къыщыщIэдзауэ Светэ си дзыхь зэзгъэз цIыху мыкуэдым курых яхуэхъуащ. Сыт щыгъуи и чэнджэщкIэ къысхуотыгъэ ар, си мызакъуэуи псоми гулъытэ яхуещIыф абы. Жьыми и уэршэрэгъущ Щокъуийр, нэхъыщIэхэр и сабиибзэм дрегъэхьэх, езыми а цIыкIухэр зыпищI щыIэкъым. Арагъэнущ иджыкIэ абы и лэжьыгъэр нэхъыщIэхэм щIатриухуар.
А лэжьакIуэ гумызагъэм зыхимыщIыкIыр мащIэщ. Ар уэрэдми дожьу, къафэми зыдрегъэкIу, усэрыбжэщ. Хабзэм, бзэм, нэмысым теухуауэ игъэхьэзыр, игъэлъагъуэ пшыхьхэр телъыджэщ. Езым иригъэкIуэкIыж зэIущIэм утыку зэрыщитыр нарт пшыналъэхэм щытлъагъу цIыхубз зэкIужущ.
Щытхъу тхылъхэр, цIэ лъапIэхэр тIощIрыпщIу тыгъэ хуащIащ Щокъуийм. Ар унагъуэ насыпыфIэу мэпсэу, и пхъурылъху Къущхьэ Ларианнэ пщащэ телъыджэщ, уэрэджыIакIуэщ, республикэм нэмыщI, хамэщIхэми къыщацIыху, зэхьэзэхуэхэм ирагъэблагъэ.
Аракъэ-тIэ насып хъужри – уи лэжьыгъэкIэ ущапхъэмэ, унагъуэкIэ псори къохъуапсэмэ!
Лэжьыгъэм дахагъэ хэзылъхьэ Тэтэр Ларисэ
Агънокъуэ Лашэ зэритхащи, цIыхубзыр дунейм и дыгъэщ, цIыхубзыр дунейм и мазэщ. Тхьэм ирещIи, апхуэдэу а псалъэхэр щIитхар Тэтэр Ларисэ хуэдэхэр арагъэнщ. Теплъэ зэкIуж зиIэ цIыхубзым удимыхьэхыныр Iэмал зимыIэщ, сыту жыпIэмэ абы илэжь сыт Iуэхуми дахагъэ хелъхьэ.
Ларисэ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) дэт етIощIанэ курыт еджапIэм адыгэбзэр щрегъэдж. Илъэс куэд щIауэ егъэджэныгъэр, гъэсэныгъэр гуащIэ зыхуэхъуа Тэтэрым и Iэпэ зыпемыкIуэкIа, зи гулъытэ зылъимыгъэIэса, лъагъуныгъэкIэ имыпсыхьа еджакIуэ гъуэтыгъуейщ. Иригъэдж предметхэм ехьэлIауэ абы и гъэсэнхэм я пащхьэ иримылъхьэ, яримыгъащIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Гуапэу псалъэ, адыгэбзэ къабзэ зыIурылъ, бзэм и щэхухэм щыгъуазэ егъэджакIуэ нэсщ ар. Ларисэ и еджакIуэхэм къалэми республикэми щекIуэкI зэпеуэхэм бжьыпэр щаIыгъщ.
Мы Iуэхугъуэм телъыджагъ хэслъагъуэркъым. ФIыгъуэ зэрылъ къэпым и щхьэпсыр еджакIуэхэм яхузэIуихащи, гу къабзэ зиIэ, адыгэбзэр зи анэбзэ, щIэныгъэкIэ псыхьа хъуа гъэсэнхэм фIыщIэ пэлъытэу Тэтэрым увыпIэ нэхъыщхьэхэр тыгъэ хуащI. Ар гъэсакIуэ Iэзэщ, ущиякIуэщ, и дерсхэр куэдым щапхъэ яхуохъу, методическэ лэжьыгъэкIи ядогуашэ. Бзэм теухуауэ республикэм щекIуэкI зэпеуэхэм мызэ-мытIэу нэхъыфIу къыщалъытащ Ларисэ икIи щытхъу тхылъу абы иIэм я бжыгъэр къэлъытэгъуейщ. Адыгэ хабзэр бзыпхъэ дахащэу зэрыщытыр хьэкъ тщызыщIщ Тэтэрыр. ЦIыхум пщIэ яхуещI, езыри ягъэлъапIэ.
ЩIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъым и щапхъэщ ар бзэмкIэ екIуэкI зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, дерс зэIухахэм и Iуэху еплъыкIэ щыжиIэу, утыку кърахьэ лэжьыгъэхэр къипщытэу зэрыщытыр. Узэрыгушхуэ хъун цIыхущ мы егъэджакIуэр, адыгэбзэм и къэкIуэнур егупсыс, абы хуэлажьэ цIыхущ. Аращ-тIэ, цIыхум и цIэр зыфIещыж, жаIэ. Тэтэрым и хабзэкIэ, лэжьыгъэкIэ, гулъытэкIэ, гуапагъэкIэ, еджакIуэхэм яхуиIэ лъагъуныгъэкIэ и цIэр фIыкIэ Iуащ.
Сыт и уасэ мыпхуэдэ егъэджакIуэ удэлэжьэну, пхуэлэжьэну – насыпышхуэщ! Адыгэбзэр кIуэдыжу жаIэ. Зэи си фIэщ мыхъун Iуэхугъуэщ ар – Ларисэ хуэдэ цIыхухэр бзэм хуэлажьэу абы кIуэд иIэкъым.
Зи нэгум нурыр кърих Уэркъуасэ Иринэ
Илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэм телажьэ Уэркъуасэ Иринэ, Тхьэшхуэм ирещIи, мыгуфIэу, и нэгум нэхугъэ гуэр къримыхыу зэи слъэгъуакъым. Налшык къалэ дэт еплIанэ гимназием щолажьэ Уэркъуасэр. Бзэр фIыуэ имылъагъумэ, абы ар хуэмысакъыу щытамэ, еджакIуэ цIыкIухэм я дежкIэ гъуэгугъэлъагъуэу щыт тхылъыр Иринэ къыдигъэкIынтэкъым.
Зи гугъу сщIы тхылъыр курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэ куэдым я Iэпэгъущ. Мыадыгэ сабийхэм папщIэ абы итх, утыку кърихьэ лэжьыгъэхэр куэдыкIейщ. Республикэм щылажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэм хабжэ Иринэ. Зэманым, гъащIэм къигъэув къалэныщIэхэмкIэ псыхьа хъуа и дерсхэм сабийхэри егъэджакIуэ куэди ятхьэкъу. Езым бзэ дахэ Iурылъщ, гуапэщ, щIыкIафIэщ. И гупсысэр щхьэ закъуэм хуишэу къигъанэркъым, еджакIуэ псоми а ищIэмкIэ яхуотыгъэ. ЛъэкIыну псомкIи цIыхум зыщIигъэкъуэну хьэзырщ Иринэ. ЦIыху нэс жыхуаIэжыр аракъэ-тIэ!
Къалэ, республикэ зэпеуэхэм гукъыдэж иIэу езыри хэтщ, абы иригъаджэ цIыкIухэми бжьыпэр къыщахь. Егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэмкIэ узэда хъуа дерсхэм къадэкIуэу, Иринэ и нэIэм щIэтхэр хабзэм щIепIыкI, гулъытэ яхэлъу егъасэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм дрегъэхьэх. КъызэрысцIыху лъандэрэ гуапэу къысхущытщ, зыкъысщIегъакъуэ абы, и IуэхущIафэхэми сыщогуфIыкI икIи срогушхуэ.
Пэжу жыIа хъуащ псалъэжьыр: «Бзур зыIэтыр дамэмэ, цIыхур зыIэтыр и акъылщ». Дамэ темытми, къуалэбзуубзэу бзэрабзэ Уэркъуасэм акъылышхуэ бгъэдэлъщ, зэфIэкI ин иIэщи, и мурадхэм ялъэIэсыну ди гуапэщ. Адыгэбзэм и егъэджакIуэу зэрыщытыр псом я лъагапIэщ. ЖыпIэнурамэ, бзэм тхуигъэтIылъа щэхухэр ныбжьыщIэхэм къахузэIузых егъэджакIуэщ Уэркъуасэ Иринэ.
IэнатIэр езыгъэфIакIуэ Къумахуэ Маринэ
Илъэс тIощIым щIигъуауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ Къумахуэ Маринэ. Налшык къалэм дэт еплIанэ гимназием и цIэр фIыкIэ жезыгъэIэ Маринэ зыпэрыхьэ дэтхэнэ лэжьыгъэри гупсэхуу егъэзащIэ. ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэм папщIэ зэхаубла зэпеуэхэм бжьыпэр мызэ-мытIэу къыщыхуагъэфэщащ а цIыхубзым.
Къумахуэм езым и Iуэху еплъыкIэ егъэджэныгъэм хуиIэжу щытщ, IэмалыщIэхэр къигъэсэбэпкIэрэ еджакIуэхэм щIэныгъэ, гъэсэныгъэ ябгъэдилъхьэу. Маринэ и зэфIэкIым, и лэжьэкIэм гу къыщылъатащ республикэми Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми. Мастер-классхэр екIуу зыгъэлъагъуэ егъэджакIуэм фIыщIэ тхылъхэр куэдрэ къыхуагъэфащэ.
Бзэ дахэ зыIурылъ, адыгэ хабзэр зи фащэ, теплъэ гурыхь зиIэ Маринэ школакIуэхэр зэреджэну «Анэдэлъхубзэ» тхылъри зэхигъэуващ икIи къыдигъэкIыжащ. Мы лэжьыгъэ мытыншымкIэ ар егъэджакIуэ куэдым я чэнджэщакIуэщ. Зи дерс зэIуха мызэ-мытIэу сыщIэса егъэджакIуэм сабийхэр апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури, ар абыхэм зэрахущытыр, щIэныгъэ зэрабгъэдилъхьэр сфIэтелъыджэщ. Дэтхэнэ зы еджакIуэми гулъытэ хуещI, урокхэр гъэщIэгъуэну, удихьэхыу зэхеухуанэ, IэмалыщIэхэмкIэ дерсыр зэщIеузадэ Маринэ. Адыгэбзэр зыпищI зэрыщымыIэм шэч къытесхьэркъым.
Къумахуэр сабийхэм еджапIэ нэужьми зэрадэлажьэми сыщыгъуазэщ. Интернетми щыфлъагъунущ абы и дерс тыкIэхэр. ПсынщIэрыпсалъэхэр, псалъэжьхэр, къебжэкIхэр, усэрыбжэхэр зи Iэпэгъу егъэджакIуэр хущIокъу ахэр сабийхэми зэраригъэщIэным. Пэжщ, куэд зыщIэм куэд елэжьри, мащIэ зыщIэр ауэ щысщ, жыхуиIэр. Маринэ куэд зыщIэщ, куэдым хунэсщ, цIыхум адыгэбзэр Iурызылъхьэ егъэджакIуэщ.
Гурэ псэкIэ зи лэжьыгъэм бгъэдэтхэр адыгэхэм сыт щыгъуи куэду диIащ. Псэемыблэжхэр мыдрей цIыхухэм щапхъэ сыткIи яхуэхъуу, абыхэм ягъэлъагъуэ фащэр бзыпхъэу къащтэу щытащ. Апхуэдэщ зи гугъу сщIы егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр. Абы и дежкIэ къалэн нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэр сабийм егъэщIэныр аращ. Тхьэм иригъэфIакIуэ.
Адыгагъэр зи гъащlэ гъусэ Аброкъуэ Светланэ
Дыщэр чэзэпкIэ ягъэунэхумэ, цIыхур зыIэтыр, абы и пщIэр лъагэ зыщIыр и лэжьыгъэрщ, унагъуэу зэрыпсэурщ, дуней тетыкIэу иIэрщ. Адыгэ унагъуэм къыщыхъуа, щагъэса цIыхум и дунейр телъыджэу щытынущ, ар куэдым я щапхъэу, гъуазэу увынущ, сыту жыпIэмэ адыгэ хабзэм щIапIыкIа, гуащIэр фIыуэ зылъагъуу къагъэтэджа цIыхур Iей хъункIэ Iэмал зимыIэщ. Аброкъуэ Светланэ фIагъыу бгъэдэлъым курых хуэхъур адыгэ жьэгу пащхьэ зэрыщапIар арагъэнущ.
Илъэс 25-рэ хъуауэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лажьэ Аброкъуэ Светланэ фIым я фIыжщ. Къаскъулхэ Хьэсэнбийрэ Аслъижанрэ зэдагъуэта быниблым я нэхъыщIэщ Светланэ. Адэ-анэм я жыIэр тIу зымыщI сабийхэм къахэжаныкI хъыджэбз цIыкIум и гур щIэныгъэм пасэ дыдэу итхьэкъуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къиуха нэужь, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьащ ар.
Гъэсэныгъэ дахэ зиIэ, зыхурагъаджэм и купщIэр къызыгурыIуэ пщащэр тхылъ еджэным, бзэм иIэ щэху куэдыр наIуэ къэщIыным зэман мымащIэ тримыгъэкIуэдаи. Иджыпсту тынш хъуа щхьэкIэ, нэхъапэм художественнэ тхылъ уеджэну, дерсхэм тэмэму зэрызахуэбгъэхьэзырыну учебникхэр гъуэтыгъуейт. И зэмани зэфIэкIи щымысхьу зи еджэныгъэм кIэлъыплъ Светланэ хуабжьу егъэджакIуэ хъуну хуейт. Зэман дэкIри, зыщIэхъуэпса, зыхуеджа IэщIагъэр игъуэтащ.
НобэкIэ ар ящыщщ адыгэбзэр цIыкIухэм фIыуэ езыгъэлъагъу егъэджакIуэхэм. Зы илъэсым нэхърэ адрейм Светланэ и IэщIагъэм нэхъ хигъахъуэурэ мэлажьэ. Абы и методикэ лэжьыгъэм лъэкIыныгъэ ин иIэщ, дерс зэрыригъэкIуэкI Iэмалхэр телъыджащэщ. Зи дерс зэIуха мызэ-мытIэу сызыщIэса егъэджакIуэм и бзэр дахащэщ, урокым и егъэкIуэкIыкIэр хьэлэмэту зэхеухуанэ, IэмалыщIэ къигъэсэбэпхэм еджакIуэхэм бзэр фIыуэ яригъэлъагъу къудейкъым, атIэ ахэр гупсысэфу, езыхэм я Iуэху еплъыкIэ яIэжу ирегъасэ. Псалъэм и къэпсэлъыкIэм, пэжу ар тхын зэрыхуейм, зэджа тхыгъэм и купщIэр зэрищIапхъэм, тхыгъэр зытхам и творчествэм зэрыщыгъуэзапхъэм и нэIэ тригъэтщ Светланэ. КлассщIыб еджэныгъэми гулъытэшхуэ хуещI абы.
Гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи сабийхэм абы яригъащIэр, захригъалъхьэр мащIэкъым. Езым и хьэлым щыщ хъуа адыгагъэр цIыкIухэм гъащIэ гъусэ яхуещI. Светланэ Бэтэх курыт еджапIэм и егъэджакIуэщ илъэс куэд щIауэ. Лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI, бзэр фIыуэ зыщIэ, куэдым я дежкIэ щапхъэу щыт лэжьакIуэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и методист ящIащ. ЕджапIэм и унафэщIым, щIыпIэ администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ, щытхъу тхылъу Аброкъуэм пщIы бжыгъэхэр къратащ.
А псори езым и гуащIэкIэ, лэжьыгъэкIэ къызэрилэжьыжам шэч къытесхьэркъым. Абы и дерсхэр щигъэлъагъуэ пэшым фыщызгъэхьэщIащэрэт, дерс зэIуха иригъэкIуэкIыу фыщIэзгъэсащэрэт. Классыр сыт щыгъуи къабзэщ, езым и IэкIэ итхыжауэ блын газетхэмкIэ, тхакIуэ-усакIуэхэм ятеухуа тхыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIэжащ. Мыри къыхэзгъэщынут. Светланэрэ сэрэ илъэс зыбжанэкIэ дызэдэлэжьащ. А илъэсхэм къриубыдэу абы и нэкIу зэхэуфауэ, мыарэзыныгъэ ислъагъуэу зэи къытхыхьакъым. Урокхэм зэрызыхуигъэхьэзыр лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъымпIэхэр щапхъэ зытепх хъунщ, псори зэпэщу, екIуу, еджапIэ унафэщIым «сегъэплъ» жиIамэ, уригушхуэу бгъэлъагъуэ хъунт.
Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Дзэлыкъуэкъуажэ дэс Аброкъуэхэ нысэ яхуэхъуащ Светланэ. Абы и щхьэгъусэ Аброкъуэ Аслъэн КъБКъУ-м и физматыр къиухащ, сурэтыщIщ. Илъэс 30 хъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм бынитI зэдагъуэтащ: Дианэрэ Ислъамрэ. Ахэр фIым я фIыжщ. Дианэ диплом плъыжьу щы иIэщ, Америкэм щылэжьащ, иджыкIэ хэкум къигъэзэжауэ банкым щолажьэ, IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфI цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ. Ислъам Ставрополь (Шэткъалэ) дэт медицинэ институтыр къиухауэ Мэзкуу щолажьэ. Аслъэнрэ Светланэрэ зэдагъуэта сабийхэм лэжьыгъэ мыкIуэщI драгъэкIуэкIащ, нобэр къыздэсми ущииныгъэ хуабжькIэ зэщIэзыузадэхэщ адэ-анэшхуэхэу Мусэрэ Мариерэ, ныбжьыщIэхэ я адэ шыпхъу Адыгэунэ Бэллэ сымэ.
Зи лэжьыгъэкIэ, унагъуэ псэукIэкIэ, бын гъэсэкIэкIэ щапхъэ зытепх хъун цIыхущ Аброкъуэр. ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъ, гущIэгъулы, жьыми щIэми гулъытэ яхуэзыщI, зэхэгъэж зымыщIу адыгагъэр цIыкIухэм гъащIэ гъусэ яхуэзыщI егъэджакIуэ Светланэ узыншагъэ быдэ иIэу псэуну си гуапэщ.
Адыгэбзэр си псэм щыщ зыщIа егъэджакIуэ Кlэмпlу lэсият
Дзэлыкъуэ куейм адыгэбзэр нэхъ щефIакIуэу, щагъэшэрыуэу, щагъэлъапIэу щытщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъу Iуэхугъуэщ нэхъыжьхэр нэхъыщIэхэм адыгэбзэкIэ зэрепсалъэр, адыгэ хабзэр унагъуэм и курыхыу зэрыщытыр, Балъкъыпс гъунэгъуу зэрыщежэхыр, Iуащхьэмахуэ жэщ-махуэ имыщIэу плъыру къазэрыщхьэщытыр, пщэдджыжь дыгъэпсыр цIыху гъащIэм фIыкIэ зэрыпэджэр. КъищынэмымыщIауэ, къуажэм бзэм хуэлажьэ, абы телажьэ, сабийм ар яIурызылъхьэ егъэджакIуэ нэсхэр яIэщ. Си щхьэкIэ сыкъуапщтэмэ, адыгэбзэр си псэм щыщ зыщIа егъэджакIуэщ КIэмпIу lэсият. Ар Къамылыкъуэ курыт еджапIэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэщ, еджапIэм егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и завучщ, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Илъэс 28-рэ хъуауэ адыгэбзэм телажьэ цIыхущ.
Ася зыми емыщхь егъэджакIуэщ. Абы адыгэбзэр Iурылъ къудейкъым, атIэ бзэм и щэху куэдым щыгъуазэ цIыхущ. Арагъэнущ егъэджакIуэм и дерсхэр щIэщыгъуэу, гурыхьу щIыщытри. Сыт щыгъуи зэпIэзэрыт, зи жыIэмкIэ уи гур зыгъэпсэху lэсият курыт еджапIэм занщIэу си егъэджакIуэ щыхъуакъым. Илъэс зыбжанэкIэ адыгэбзэм сезыгъэджар районми, республикэми фIыуэ къацIыхуу щыта Къущхьэ Мухьэмэдщ. Зи узыншагъэкIэ лэжьыгъэр къэзыгъэна Мухьэмэд и еджакIуэхэм къытхуагъэкIуащ цIыхубз егъэджакlуэ. Пэжщ, lэсият куэдрэ еджапIэм щыслъагъурт. КъысфIэщIырт ар хуабжьу ткIийуэ, сызэса си егъэджакIуэм сригъэджэжамэ нэхъыфIу къысщыхъурт. Ауэ зи дерс дызыщIыхьа КIэмпIум занщIэу сыкъыдихьэхащ. Класс пэшыр нэхут, дэтхэнэ зы хьэпшыпми езым я увыпIэ яIэжт, блынхэр бзэм епха тхыгъэхэмкIэ, тхакIуэ-усакIуэ сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIат. Адыгэбзэр зыгъэуэршэру дызэзыгъэцIыхуа егъэджакIуэм псори дыкъыдихьэхащ. Абы и дерс тыкIэр щIэщыгъуэт, гъэщIэгъуэнт, купщIафIэу щытт. Бзэм ехьэлIауэ грамматикэ хабзэу щытми, литературэм и тхыгъэ зэпкърытхми, классщIыб лэжьыгъэкIэ дылажьэми-псоми егъэджакIуэм и псэм щыщ зэрыхилъхьэр нэрылъагъут. Арагъэнут еджакIуэхэми lэсият дыщигъэхьэщIэ дунейр щIытфIэтелъыджэр. Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпкIэрэ дерсыр зэхэзыгъэувэ lэсият глаголхэмкIэ блэкIа, ит, къэкIуэну зэманхэм дыщигъэхьэщIэт, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, жыIэгъуэ дахэхэр тIурылъ жьабзэм къыхиухуанэт, зэми нарт эпосым щыщ лIыхъужьу ди лIыгъэр наIуэ дигъэщIырт, зэми лъэхъэнэ хьэлъэм халъхуа щIалэщIэу бэм и къыщхьэщыжакIуэ дищIырт. Дерсыр щытхуримыкъур нэхъыбэт, сыту жыпIэмэ гъэщIэгъуэн куэд ди пащхьэ къизылъхьэ егъэджакIуэм къыджиIэр тфIэмащIэт, дыхуейт иджыри нэхъыбэ дигъэщIэну. Дерс закъуэкIэ зи лэжьыгъэр мащIэу къэзылъытэ КIэмпIум къызэригъэпэщауэ щытыгъащ «Бгырыс щIэблэ» щIалэгъуалэ гупыр. ЕджапIэм мы организацэм щыхэмыта, зи зэфIэкI къыщызымыгъэлъэгъуа къыщыбгъуэтынкъым. lэсият и фIыгъэщ ебгъуанэ классым сыщIэсу ХьэкIуащэ Андрейрэ Нало Ахьмэдхъанрэ къызэрысцIыхуар. Къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий къызэрыралъхурэ илъэси-100 щрикъум ирихьэлIэу абы къызэригъэпэща пшыхьым къригъэблэгъат хьэщIэ лъапIэхэр. Андрейрэ Ахьмэдхъанрэ телъыджэ ящыхъуа зэIущIэр езыгъэкIуэкIа сэ зэикI си гугъэнтэкъым илъэс куэд дэкIауэ абыхэм саIущIэжыну, пшыхьыр цIыхушхуэхэм ягу къинэжу абы къысхутепсэлъыхьыжыну. Адыгэбзэ дахэкIэ зэхэгъэува хъуа пшыхьым щыIуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ телъыджэхэр, утыку усакIуэм и тхыгъэкIэ зэхэгъэува хъуа теплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуащ, къафэ щагъэзэщIащ, уэрэд екIухэри щыжаlащ. Алий хуэстхыгъа си усэми а пшыхьым сыкъыщезыгъэджар lэсиятщ.
АдыгэбзэмкIэ си егъэджакlуэ КIэмпIу lэсият зэIусэ, зыхэIэбэ дэтхэнэми псысэ хьэлэмэту зыкъызэкъуихырт. Мызэ-мытIэу республикэм щекIуэкIа зэреуэхэм бжьыпэр къыщIратари аращ абы. КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ ¬щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэ иригъэкIуэкIам фIым я фIыж егъэджакIуэу къыщалъытащ lэсият. Мы зэпеуэм абы щигъэлъэгъуа дерсыр нобэми яфIэтелъыджэщ. Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа «Нартхэ я дыгъэ» драмэ-поэмэр лъабжьэ зыхуищIа дерсыр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэну егъэджакIуэм зэхигъэувати, зэманыр зэрыкIуэр умыщIэу щытт. Поэмэр еджакIуэ нэхъыжьхэм утыку щагъэзащIэщ, купщIэр къагъэлъагъуэри-итIанэ ар еджакIуэхэм зэпкърахын щIадзащ. IутIыжым и тхыгъэм хэт дэтхэнэ зы образми утыкум зыкъыщигъэлъэгъуащ, я шыфэлIыфэ елъытакIэ фащэ-щыгъын дэтхэнэми яIащ. Сэ сыкъапщтэмэ, тхыгъэр къэзыIуэтэжа ЛIыжьым и Iыхьэр згъэзэщIащ. Иджыпсту хуэдэу сощIэжыр абы щыжысIа псалъэхэр: «Насып дыгъэр къызытепсэу, гугъэ-щыгъэм хуиту щесынхэ!»… Мы тхыгъэр езыр хуабжьу гъэщIэгъуэнт, ауэ курыт еджапIэм щат дерсым Ашэ, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, КъуийцIыкIу, Лашын, Уэзырмэс, Ашэней сымэ утыку къыщипшэну, Щыблэ, Уащхъуэ, Благъуэ, ШейтIан, Чынтхэр адыгэбзэкIэ щыбгъэпсэлъэну сыт и уасэт?! Уасэншэт! Нартхэр щыпсэуа зэманым дыщигъэхьэщIэу нобэрей гъащIэм цIыхухэм насыпу къалъытэмрэ зэпызыщIа КIэмпIу lэсият ита дерсымкIэ япэ увыпIэр зэпеуэм къыщихьащ.
ЕджакIуэр зэджэ тхыгъэр къыгурыIуэн папщIэ, адыгэбзэр абы фIыуэ илъагъун щхьэкIэ Iэмал куэд къэзыгъэсэбэп егъэджакIуэщ КlэмпIур. Дерсыр къагуригъаIуэу абыкIэ зи Iуэхур зэфIэзыгъэкIхэм ящыщкъум ар. ЦIыхум и гъэсэныгъэм хуабжьу гулъытэ ин хуэзыщI цIыхубзым адыгэ хабзэр еджакIуэхэм бзыпхъэ дахащэу къарегъэлъагъу, къарегъащIэ. Хабзэм, нэмысым, Iулыджым, адыгагъэм ехьэлIауэ абы классщIыб лэжьыгъэу игъэлъэгъуамрэ еджакIуэхэм ябгъэдилъхьамрэ мащIэкъым. Зэпыу имыIэу зызыхъуэж гъащIэм егъэджэныгъэм ехьэлIауэ къыщежьэ IэмалыщIэхэр занщIэу къэзыпхъуатэ цIыхущ lэсият. ЕджакIуэхэм абы ядилэжь, ядригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр курых щохъу республикэ зэпеуэхэм. АдыгэбзэмкIэ илъэс къэс екIуэкI олимпиадэхэм КIэмпIум и еджакIуэхэм бжьыпэр къыщахь.
НобэкIэ КIэмпIу lэсият республикэм и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Абы и цIэр фIыкIэ къраIуэ, ар егъэджакIуэхэм щIэгъэкъуэн яхуохъу, мастер-классхэр егъэлъагъуэ, зэпеуэ-зэхьэзэхуэхэм къэпщытакIуэу яшэ. Унагъуэ дахэу псэу lэсият бынитI иIэщ. Абыхэми еджапIэр ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къаухащ.
АдыгэбзэмкIэ си егъэджакIуэу щыта, нобэми Къамылыкъуэ курыт еджапIэм щылажьэ КIэмпIу lэсият сыхуейщ и узыншагъэр ефIакIуэу куэдрэ лэжьэну!