Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мис ар хъунс!

Лlыр пхъащlэт. И lэпыдз лъэпыдзри и фызрат. Сыт хуейми, зыхуейм и цlэр зей жимыlэуэ:

«А мыстыр, къэхьыт фыз!»

«Хъунс!»

«Мо мыстыри къэхьыт фыз!» жиlэурэ зыlэригъахьэт.

Цlыхубзым, ищхьэгъусэм пхъэм сыт къыхищlыкlми; фlэгъэщlэгъуэнти махуэ гуэрым:

«Алыхь лlыжь, уэ уалыхьым!» жиlэщ жи.

«Тобэ жыlэ фызфжь! Тобэ жыlэ фызфжь!» жиlау щыпэрыуэм,

«Алыхь тlэ убегъымбарым!»

«Ааа!.. Мис ар хъунс!» жиlэс жи.

 

Къэзыlуэтэжар: Къэрэшэй Рефикъщ, Узын-яйлэ Астэмырей щыщщ, Илъэс 78 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img