Си анэшхуэр, зэрылъху-зэрыфlыу зыхэс ди унагъуэм и гуфlэгъуэщ, нобэ илъэс щэныкъуэм сынэсащи, «Москофу натlэ зэрыхъэуэ си сырыху цlыкlу» жиlэурэщ къызэрызэджэр.
Къысхуэгубжьауэ щытми, къызэдэхэщlэну щытми лъынтхуэшхуэхэр зэрикlуэ и lэ бэлагъ псыгъуэ цlыкlухэмкlэ си щхьэц сырыхухэр къихичыным хуэду къекъурэ си тхыдзэм къытелъэщlыхьынщ, тlэкlу тыркубзэ ныкъуэкlэ ауэ и нэхъыбэм Адыгэбзэкlэ, «Си Шупашыкъуэ, си хьэ такъыр, си благъуэ цlыкlу, дуней нэхум укъытезынэ» жиlэурэ къыхэкlиикlыу, модэ джэдум зэрытелъыщlыхьым ещхьыуэ къыстелъэщlыхьынщ, нобэ нэгъунэ апхуэдэщ.
Зыдэщысым щысу ди унагъуэр зэрехьэ, мор фщlэ мыр фщlэ жиlэурэ псоми и lуэху хилъхьэуэ щытщ. Хадэми, бом щlэт жэмхэмми, джэдэщым щыгъуалъхьэ джэдхэми, зыкъэмынэми я lуэху зэрехуэ, утыкур зейр сэращ жыхуиlэу.
Унагъуэм исхэри абы ищl унафэм есащи абы жиlэм емыдаlуэуэ ягу загъэкъым ауэ едаlуэхэми щхьэжь зыфlэфlщ ищlэр.
Мы зи гугъу тщlыр хэт жыфlэмэ, ар, щхьэц сырыхуэщхуэу ди къуажэм и Гуащэхужь дахэращ, си анэшхуэр.
Гуащэхужь жэм къищу бом щlэт нысэм и лэгъупым йоплъэри куэд къыщlищауэ щытмэ, «Хьэбзым хуэдэ, шыкlэм щlифын къыщlэбнэжакъыми, шхын щхьэкlэ быгъэлlэну» жиlэнщи ешхыдэнщ, джэд-къазым щыкъун куэд иратмэ, «Мыхэм шхын щхьэ дагъэлlэнущ, гуэным гъавэ къыранэжакъым» жиlэнщи губжьынщ.
Мы псори зэрижиlэр Адыгэбзэкlэщи илъэс 72-м ит си анэм фlэкlа зымыикl абы жиlэхэр къыгурыlуэкъым.
Си анэми, «Хъунщ нан, сэ иджы яжесlэнщ, иджы нэужь апхуэду ящlэжынкъым» жиlэнщи тыригъэужьынщ.
Си анэм и гуащэм хуищl пщlэмрэ щlыхьымрэ сфlэгъэщlэгъуэнщ, айтlур Адыгэбзэ защlэщ зэрыпсалъэри, къэпсэлъыр езбы тlум фlэкlэ зыми къыгурыlуэркъым.
Я псэлъэкlэр апхуэдизу псынщlэщ, апхуэдизу шэрыуэщи къырагъэкl макъыр бгы лъагэхэм къежэх псы уэрыр мывэ шакъырым щысхэуам и деж щысхэпх макъ зэкlужым хуэдэщ.
Сыкъэмылъагъуххэу махуэ псом Адыгэбзэкlэ къапсэлъым сыфlэтелъыджэу содаlу, щlагъуэ къызгурмыlуэми жаlэхэм сыкъотхъыкl.
Зы пщэдджыжь гуэрэ, си анэшхуэр махуэ псом хуэмыдэуэ гузэвэгъуэ хэту къэтэджащ, псоми ехъущlэт, мыр мыхуэду фщlэ мор мыхуэ фщlэ жиlэурэ lуэху яхуиутlыпlщт, етlысыхыпlэ иlэтэкъым.
lэнэ лъакъуэ джэдум хуэду и кlэм зыщыхъуэурэ къыкlэлъыскlухь щхьэкlэ апхуэдизу фlыуэ сыкъилъагъу пэтрэ сэ нэгъунэ сыкъилъагъутэкъым, и хъущlыным щыщ сэри къыслъигъэст.
Си анэм соупщlащ, «Гуащэхужь мыпхуэдизу гузэвэгъуэ щlыхэтыр сыт, урыс генералыр плъакlуэ-дэlуакlуэ къыхуэкlуэну ара?» жысlэри.
«Гуащэхужь и ныбжьэгъу лъапlэхэм щыщу а зыращ къыхуэнэжар, Сашыж гуащэр хьэщlэуэ къыхуэкlуэнущ нобэ, хуэгузавэуэ хьэщlэ жыхуаlэм хуэдэщ ар, аращ нышэдибэ къыщlытхуэбзаджэр.»
Си анэшхуэм, джэдэщым иту фlагъэжыну джэдхэр датхэнэрами, япщэфlыну шхыныгъуэхэр, зыхэлъыну пlэ-шхэlэнхэм сытхэм я унафэр дыгъуасэ яхуищlагъэхэт ауэ игу мызагъэуэ агуэру нобэи зэ къытыригъэзэжт.
Ар щысхэсхым сэри си нэ вагъуэр къикlащ, мы хьэщlэ лъапlэр, мы ефэ-ешхэ зэlухар зэзымгъэлъагъуну lэмал иlэтэкъым, lейуэ си нэ къыхуикl хъуат.
Сашыжь иужь дыдэ щыслъэгъуар щытар илъэс 40 ипэт, Гуащэхужь и ныбжьэгъум деж лъагъунлъагъу кlуэти сэри сыщlалэ цlыкlуу сыздишагъат.
Нобэ хуэду сощlэж, абы щыгъуэ lэплlэшхуэхэр къызишэкlыу си щхьэц сырыхухэм lэ къэзэридилъари, мэ гуакlуэр къыспих фошыгъу гъэщlэрэщlахэри си жыпым къызэрилъхьари.
А махуэм хуабжьу къысхуэгумэщlат ауэ дэнэ щысщlэнт ар къызхэкlыр.
Сашыжь и къуажэмрэ ди къуажэмрэ я зыхуаку Псыщхъуантlэжьыр зиукlыжрэ щlэутlэрахъэу уэру блож, Адыгэ къуажитlри и лъэныкъуэ зэрызымкlэ къыщысщ угуомэ зыхэпхын хуэду.
Мы къуажитlыр Хэкуми апхуэду зэгъунэгъуу зэбгъэдэсауэ жаlа ауэ абы цlыхухэр Урыс топхэм зэпэlудза ищlауэ щытми мыбы гъуэгу къозмыту блэж псышхуэращ къуажитlыр зэпэlэщlэ зыщlыр.
Нэщхъеягъуэ, гуфlэгъуэ сыт хъумэ цlыхухъухэр зыгуэрэурэ зыпхырокl абы ауэ, цlыхубзхэмрэ жыкlэ-фэкlэхэрэмрэ адрей къуажэм кlуэн хъумэ, ищхьэкlэ дэкlыуэ махуит гъуэгукlэ къырекlуэкlын хуей хъут.
«Зыгуэрэ щитхьэлэнум деж Псыжьыр мэфий» щыжаlэт Хэкум, мыри аращ.
Аращи, Гуащэхужьрэ дуней ахърэткlэ шыпхъу ищlа Сашыжьрэ зэрылъагъун хъумэ апхуэдиз гъуэгур ямыкlууэ хъутэкъым.
Зэныбжьэгъужитlыр фlыуэ лъандэрэ зэрылъэгъуатэкъым, сэри схуэпабгъэт Сашыжь, я уэршэурыр зэрекlуэкlыну щlыкlэми а махуэм си lуэхур ныкъуэуэ къэзгъанэри унэм пасэуэ сыкъэкlуэжащ.
Сащыжьыи къэсат, уи къэкlуэ махуэ ухуъ Сашыжь.
Сытыт къауэршэрынур, даурэт зэрызэхущытынухэр? Нанитlым хуабжьэуэ си нэ къахуикlт.
Мыпхуэдэ зыгуэрэ игъуэ къыпхуихуауэ даурэ блэбгъэкlынт, видео камэрам тесхыну мурарад сыщlащ.
Нанэхэр зыщlэс пэшым сыдэмыкl щlыкlэ си унэкъуэщ хъыджэбз Нафсет быдэуэ езыухылlащ жаlа псори димгъэхуу камерамкlэ тырихыну.
Лlоуэ пlэрэт зытепсэлъыхьынур мы Адыгэ гуащитlыр?
Нэхъыбэуэ зесхуэр Адыгэбзэкlэ жаlэнухэр мыкlуэджыну десументкlэ гъэпса зэрыхъунрат ауэ икlи я щlалэгъуэм ягъэхъахэр, къэшэну яlахэр, лъагъуныгъэ зыхуаlахэр нахуэ къэщlа хъунут.
Гуащэхужь хьэщlэ лъапlэ дыдэ къыхуэкlуэнут, щlэхыуэ хъыбар яригъащlэри быгъэдигъэсыну къуажэ фызыр къыригъэблэгъащ.
Шэджагъуэ нэужьхэм деж, къуажэ фызри къекlуэлlауэ, Сашыжь жьантlэр иратауэ Гъуащэхужьрэ Сашыжьрэ зыбгъэдэсу уэршэрышхуэ ящlри гъуэлъыпlэм къекlуэкlыуэ исхэщ.
Бжэр тlэкlу дэмэдазэуэ къэнат, сэри закъыземгъэлъагъуу абыкlэ сахоплъэ арщхьэкlэ жаlэм щыщу зы псалъэ жыпlамэ къызгурыlуэркъым.
Ахэм сыфlэфlыщэуэ саходэlухь ауэ зыкlэй адрейхэр зэ езэжу си цlыкlущхьэм а махуэм гуапэуэ къысхущыту си гум фlыдыдэуэ къинэжа Сашыжь щхьэц баринэм зэ lэплlэ есшэкlыжащэрэ жызори схуэшэlэжкъым,
А си Сашыжь гуащэу щхьэц барынэ дахэ, а уэ lэплlэ къызэрызэпшэкlауэ щытам хуэду сэри сынакlуэуэ зы lэплlэшхуэ уэсшэкlыжа кlышэрэт!
Сашыжь апхуэдиз илъэс блэкlа пэтрэ даурэ апхуэдизу гуапэуэ сигу къинэжами уэ къащlэ,
Си анэм и анэм къыжиlэжыуэ щытащ, Гъуащэхужь и щlалэгъуэм и дэхагъэуэ щытар, зэхэсхэм уэршэрхэм щигъэхъахэр, джэгухэм и хэтыкlэхэр.
Езбыи ицlыхут щlалэхэр къызэрыхуэлlэр, къызэрыщlэбэгыр, тlэкlу яхуреплъэкl къудей мыхъумэ зыми къэшэн хуэхъун идэтэкъым, зэрыжаlэуэ щlалэхэр къыздигъажэт, «Дахэ мыгъуэ псыгъуэ кlыхь» жаригъэlэт.
Нытlэ, жылагъуэм ис щlэлэу хъуар апхуэдизу зытезыгъасхьэ Гуащэхужь дау хъууэ Шупашыкъуэ Къытый Исмейл дихьэхат?
Абы теухуауэ хэт сеупщlами зыми дэхэдахэу зыгуэр къызжиlатэкъым, ебзы Гуащэхужьи сыкlэщlэпщlыхьт зэзэмызэ, си адэшхуэм даурэ укъыдэкlуа хъуа жысlэурэ ауэ, сыт щыгъуэ сеупщlами къэгубжьти къызэхъуэнурэ сыкъырихужьэт.
Ауэ мис иджы нобэ игъуэ къыхуат, Сашыжьи къэкlуат, хьэщlэхэри къызэхуэсат, уэршэрышхуэр ящlт, я lуэхур зытетыр сыт хуэдэми зэзгъэщlэнут, нобэ къыщlэзгъэкlынут, мы къекlулlа апхуэдиз хьэщlэм зым мыхъуми зым зыгуэрхэр къапысхыфынт.
Уэри уэ Гуэщэхужь уэри уэ, уи кlащхъуэ къэзгъуэтащ нобэ, укъызlэщlэхьащ иджы, къытщыбзыщl а уи щэхур къыщlэзгъэкlынущи нобэр си уэридадэщ.
Фыз хьэщlэ гупым бжэ къуагъымкlэ сазрыхэдэlухьыр си анэм щылъагъум lейуэ къысхуэгубжьащ, «Аннаа ар сыт емыкlу Хьэтакъыр», Хьэтакъыр жиlэт сэр щхьэкlэ, «Щэхуу уахэплъэрэ уахэдэlухьыу, хьэйнапэ бо хьайнапэ, Сащыжь ныщхьэбэи пщэдей щыlэнущ, иужькlэ убгъэдэсынщ» жери сыкъыlуихужащ, Сашыжь си нэ lейуэ къызэрыхуикlыр ищlэт.
Жэш хъууэ Сащыжь зэ зэзгъэлъэгъуакlыщэрэт жысlэуэ апхуэдизу си нэ къыхуикlти, ущlэмупщlэ махуэр зэрызгъэкlуар.
Пщэхьэщхьэ хъууэ хьэщlэхэр зэрызбгырыкlыжу Сащыжь зыщlэс унэм занщlэуэ сыщlэлъадэри жьыгъэм цlыкlунитlэ ищlа нанэ цlыкlур къэзыпхъуатэри къыдэзlэтеящ.
Сащыжь къэхъуари къэщlари имыщlэуэ зоуэ щыкlийм унагъуэр зэрыщыту къэжащ, лlо къэхъуар жари, сэри нанэр къезымхьэхыжу уафэм шызэщlупскlэт, нанэ цlыкlми и гур къилэту зиутхыпщlт къехыжыну хущlэкъуу.
Апхуэду сыздэщытым, Гуащэхужь и баш къуаншэмкlэ си щlыбыкум зы къеуэкlэ къеуащи зызмгъэхъеифу Сащыжь хуэмурэ къесхьэхыжри сыгъэувыжащ, дуней ахърэт и шыпхъур сыlэщlихыжат, Гуащэхужь къыщызгъэгубжьхэм и башымкlэ апхуэдурэ си щlыбын гущыlэурэ къеуэт ауэ мызэ далэ ифlэщ хылъхьа хуэду щытт.
Сащыжь щlым къыщесхьэхыжам бауэ-бапщэуэ къэнат, бзу цlыкlум хуэду и гур къилъэтт, зыкlэщlэзызэт икlи, «Шупашыкъуэ Шупащыкъуэ» жиlэуэ и lэ псыгъуэ хъур цlыкlухэмкlэ си щхьэцым lэ къыдилъэт икlикl lэплlэ къызищэкlт.
Илъэгъуар Гуащэхужь зэи фlэфl хъуатэкъым, и бащымкlэ аргуэру зэ си щlыбым къеуэри, «Зегъэхь Шупащыкъуэ делэ» жери сыкъырихужэжащ.
Пэжым ухуеймэ анэ лъэныкъуэмкlэ си анэшхуэм и гугъу къысхуищlыжауэ lуэхур зытетым тlэкlу сыщыгъуазэт, адэ щыхъыджэбзхэм, Сашыжь си адэщхуэ Шупашыкъуэ Исмейл лъагъуныгъэ хуиlэуэ зэкъэшэныщхуэт, Гуащэхужьи Исмейл фlыуэ илъагъурэ и нэlэ тыридзауэ апхуэдэт жи, Гуащэхужь Исмейл къыхуэмыплъэкlыу щыт пэтрэ дау хъууэ къытыригъэхьэуэ зэрыдэкlуар мис аращ пшэм хэтыр.
А пщэхьэщхьэм Сашыжьрэ Гуащэхуэжьрэ сыгъэуэршэру зыкъомрэ сабгъэдэсащ арщхьэкlэ си адэшхуэ Шупащыкъуэ и гугъу къызэрезгъажьэуэ тlуми псалъэр тыралъэфэжт, абы и цlэр къизlуэху Гуащэхужь и башымкlэ си тхыцlэм къеуэурэ зызигъаущэхуэжт, Сащыжьи и нэхэр къилыдыкlыурэ и lэхэр игъэпlэрапlэт.
Уэршэрым апхуэдизу сызlэпишати си анэр къакlуэуэ, «Хъунщ иджы пщэдейри махуэщ, нанэхэри езэщагъэнщ,гъулыжыну хуеинхэкlэ хъунщ» жимыlамэ нэху щыгъуэ зэрыхъуам гу лъыстэнутэкъым.
Сэри, «Нэхулъэф фыкъикl» жысlэри скъэтэджыжыну абы сыхэту Сашыжь зоуэ и гуфlакlэм зыкlуэцыпхауэ зы данэ lэлъэщl къыдихри гъэпщкlуауэ си lэгум къырилъхьащ.
Нобэ нэгъунэ lукlэ-щlыкlэ дахэ зиlэ Сашыжь гуащэм lэплlэ есшэкlыуэ унэм сыкъыщыщlэкlыжам къысlэщlильхьа lэлъэщl тlорисэр быдэуэ зыlэщlэзкъузауэ сыlыгът.
Сыту пlэрэт мы lэлъэщl тlорысэм кlуэцlылъыр?
Си унэм сыкlуэжщ гъуэлъыпlэм ситlысхьэри lэлъэщlыр зыкlуэцlысхыну яужь сихьа щхьэкlэ lейуэ быдэуэ зыкlуэцlыпхати, щымыхъум, зыфlыремытхъу, пщэдей си анэм зыкlуецlезгъэхынщ жысlэри сыгъэтlылъыжащ.
Дыгъэр фlыуэ къыдэкlуэтеяуэ пщэдджыжьым си анэм сыкъигъэушащ «Тэдж, жьы хъуащ, пщэжджыжьышхэ ящlынущи нанэхэр уэ къоджэ» жери.
Сэ нэгъуэщl зыгуэрт зезхуэр, пlалъэ дэзмыхыуэ lэлъэщlым сыкlуэцlыплъэнут, абы фlэкlа зыри си нэм къищтэжтэкъым, «Си анэ, мы lэлъэщlыр къэптlэтэфын?» жысlэри данэ lэлъэщlыр си анэм хуэсшиящ.
«Сыт мыр, дэнэ къыздипхар?» жери итlатэну яужь щихьэм сыщlэгъуэжщ къыlэщlэспхъэтыжри сыщlэпхъуащ.
lэлъэщl зыкlуэцlыпхам кlуэцlылъыр нэгъуэщlым илъэгъуну сыхуейтэкъым, сэрат ар ипэ дыдэ зылъагъун хуейр.
Си анэр, «Шупашыкъуэ делэ, Шупашыкъуэ лелэ» жиlэурэ къызкlэлъыгуот.
Си пlэм сизэгъэжтэкъым, мис иджы тхыдэм къыхэна мы лъагъуныгъэм и щэхур си lэмыщlэ илът.
Си анэр щlэкlыжа нэужь аргуэру сызщlэлъ унэм къэзгъэзэжащ.
Зыкlэ, зыкlэцlысхын зыкlуэцlызмыхын жысlэурэ дзыхьмыщlу сыщытт, зыкlэй, «Шупашыкъуэ, уэращ ар ипэдыдэ лъагъун зыхуэфпщэр» жысlэурэ сыlущащэт.
Апхуэду си пlэм сису, зоуэ унэбжэр зыlуихри Гуащэхужь и башыр къысхуигъэсысу къыщlэхьащ, «Шупашыкъуэ дэлэ, укъыщыраджэкlэ укъыщlэмыкlуэр сыт? Лlыкlуэ къыпхуагъэкlуэнкlэ угугъэрэ».
Гупщэхужь си унэм апхуэду къэкlуэуэ къыщlэхьэ и хабзэтэкъым, Гуащэхужьур, а уд цlыкlур, ар пхущыгъэуэнт, дыгъуэс жэш Сашыжь си lэгум къырилъхьа данэ lэлъэщlыр илъэгъуати, шхэн и щхьэусыгъуэуэ абы къикlэлъыкlуат!
Аращ нытlэ Гуащэхужь, мис иджы усlэщlэлъщ, а уи щэхур сэ зэзымгъащlэмэ сэр щхьэкlэ Шу Пашэ и Къуэ жаремыlэ.
Гуащэхужь абдежым къэзгъанэри lэнэр щаухуа ищхьэ унэм сыдежеящ.
Сашыжь блынджабэм кlэрылъ си адэшхуэ Шупашыкъуэ Къытий Исмейл и сурэтым телъэщlыхьу щыту солъагъ.
Сыщlэмыхьэуэ тlэкlу сыкъокlуэтыжри сызщlоувыlыкl.
Сашыжь и нэпс цlыкlухэр къелъэлъэхыурэ гъыт, Шупашыкъуэм и сурэтым lэ дилъэурэ Адыгэбзэкlэ гъыт.
Адыгэбзэкlэ даурэ узрыгъынур, гъынми и Адыгэбзэ щыlэ жыфlэнкlэй хъунщ ауэ, цlыхум Адыгэбзэкlэ лъагъуныгъэм и уэрэд зэрижиlэм хуэду Адыгэбзэкlэ гъынщ, Адыгэбзэкlэ гуфlэнщ, Адыгэбзэкlэ гупсысэнщ.
Ар дэр хуэду, абыи щымыщу мыбыи щымыщу хамэщl къинахэм къэгурымlуэнкlэй хъунщ.
Сашыжь и пlэщхьэгъыр къэдзыгъуэ банэт куэд лъандэрэ, и нэкlу зэлъа дахэм къытелъэда нэпсхэр и lэлъэщ кlапэмкlэ щlилъэщlыкlыурэ Адыгэбзэкlэ зыгуэрхэр жиlащ.
lахъ мыгъуэ жыlэ, Адыгэбзэ сщlэуэ абы Адыгэбзэкlэ жиlар зыхэзщlыкlа кlыщэрэт, ахэр мыкlуэдыжыну зы тхылъымпlэ кlапэ тестхэфа кlыщэрэт, lахъ мыгъуэ!
Ари хэлъщ, Адыгэбзэ сщlауэ щытми, мы нанэм игу къыпыткlухэр зэрыхуэфащэуэ сытхыфнт.
Ищlагъкlэ Гуащэхужь и lэуэлъауэ зыхэпхт, и макъыр иlэтауэ унагъуэм щlэсхэм унафэ яхуещl, мы унэм и гуащэр, и тепщэр сэращ иджыри жыхуиlэуэ.
Сашыжь Гуащэхужь и lэуэлъауэ щысхихым, си адэшхуэм и серетым зэ телъэщlыхьыжри тlысыжащ.
Сэ аргуэру ипэм зэрысщlам хуэду зоуэ къэспхъуатэри уафэм дэсхьеящ.
Сашыжь, «Шупашыкъуэ, Шупащыкъуэ, уэ пщlэнщ тхьэм ищlэнщ, сехьэхыж» жиlэурэ къызэлъэlут.
Апхуэду сыщыту, си щlыбыкум аргуэру зы удын хьэлъэ къохуэ, мызэ гъуэгу хуабжьу схуигъэузат.
Гуащэхужьт ар, мызэ къыщlызэуар, дыгъуэпщыхь Сашыжь къызита lэлъэщlым и губжьт нахуэуэ.
Плъагъунщ уэ Гуащэхужь, уэ сыпфlэчыцlщ, сэр щхьэ Шупашыкъуэ Къытий Исмейл и къуэрылъуу Шупашыкъуэ делэ жаlа, мы си щlыбым къиплъхьа удыныр сыщыгъупщэнукъым.
lэнэм дытlысащ.
Кlэгъуасэм щагъэгъуу натрыху гъэгъуам щагъэтlылъа кхъуей плъыжыр, тхъуцlынэр, хыв шатэр, хьэлывэр, нэгъуэщl зыкъоми, узэда lэнэм темылъ щыlэтэкъым.
Гуащэхужь, и баш къуаншэмкlэ жыхэфэгум инуи щэ теуlэри, «Цlыкlу» жери си анэри къыриджащ, цlыкlу жиlэт гъэфlэгъыбзэуэ и нысэм щхьэкlэ.
Нобэ сэ илъэс щэныкъуэм сынэсащи, си анэри илэс 72- м итщи си анэр и гуащэм и lэнэм тlысауэ слъэгъуатэкъым.
Си анэр шейданыр иlыгъыуэ къыщlэхьэри ди шейхэр къытхурикlащ, «Гуащэхужь уэри къэтыс» щыжиlэм тlэкlуи укlытэурэ lэнэ кlапэм къыпытlысхьэщ.
Шхэныр дыухыукlэ нанэ зэныбжьэгъуитlыр Адыгэбзэкlэ уэршэрахэщ, сэри си анэм сеупщlт, «Лlо жаlар лlо жаlар?» жысlэурэ.
Къызэрызгурыlуамкlэ и нэхъыбэм зытепсэлъыхьыр си адэшхуэ Шупашыкъуэ Исмейлт.
Гуащэхужь и лlым и цlэр къыриlухэу Сашыжь и лым лы къыкlырачым хуэду къыхэщтыкlт.
Гуащэхужь илl дунейм ехыжам апхуэдизу тепсэлъыхь и хабзэтэкъым, и гугъу къебгъажьэмэ кlэщlу пиупщlт ауэ, гъэщlэгъуэнракъуэ нобэ еуэ къытыригъэщэжыурэ Шупашыкъуэ Исмейл жиlэурэ и лlым тепсэлъыхьт, ари късхэкlыр мо данэ lэлъэщlыр зэрыарам шэч хэлътэкъым.
Си жыпым сиlэбэри lэлъэщl зыкlуэцlыпхам зэ сытеlэбащ, зыгуэркlэ зыгуэр къыщыремыщl жысlэри.
Моуэ зы щlыпlэкlэ зезгъэзу lэлъэщlым сыкlуэцlыплъэн си мураду сыкъэтэджын щыхъум, «Тlыс» жери къысхуилъри сигъэтlысыжащ Гуащэхужь.
«Къэхьэуэхэр пырхъуэм дыщэфэнущ, уэри зомгъэкlуэд» жери, Сашыжь и блэгущlэр иубыдри пырхъуэмкlэ яунэтlащ, нанитlым я псэр зэрыщlэт дауикl.
Ар къызгурlуат, нобэр ауэ къызэрыкlуэ зы махуэтэкъым, Гуащыжь зыгуэрэ и мурадт, Шупашыкъуэ и щlеиныр сытми нобэ къыкъуэкlын хуэдэт.
Сашыжь тхьэмышкlэми зыгуэрэ зэрыхъунур и гум ищlауэ и нащхъуитlыр къилэлрэ и фэр пыкlауэ щыст.
Зыми зырикl жимыlуэ тlэкlу дыщыса нэужь, Гуащэхужь зыкъысхуигъазэри и тыркубзэ ныкъуэмкlэ ар жиlащ къызэшхыдэ хуэдурэ, «Еlэ, къызэкъуэх иджы а быгъэпщкlуа lэлъэщlыр» жери.
Гуащэхужь апхуэду ткlиуэ щыпсэлъам деж упэпсэлъэжын зэрымхъунур фlыуэ сщlэт.
lэлъэщlыр къисхыну си lэр си жыпым ислъхьа къудейуэ Сашыжь и гур кlэзызрэ и нэхэм мафlэ къыщlихыу къызэплъу солъагъу, «Кхъыlэ къомых» жыхуиlэ хуэдэт.
Ар ахуэду щыслъагъум сыщlегъуэжри си lэр си жыпым къисхыжащ.
Игъащlэм нанэм жиlам сыблэкlыфатэкъым ауэ иджы lуэхур щхьэхуэт «Хъуащ си нанэ, lэлъэщlыр зыкlуэцlызхынущ ауэ» жысlащ, «Уэри абы пэкlуэуэ зыгуэр къысхуэпщlэн хуейщ».
«Сыт ар?» жери ар жиlащ, къысхуэнащхъуэбдзащхъуэурэ.
«Шупашыкъуэрэ фэрэ даурэ къэшэн фысхуэхъуат, даурэ къыдэпхьэха, даурэ фызрыша хьуа, Сашыжьи щысу псори къыджепlэнущ, аращ къыппэзубыдыр.
Гуащэхужь жыхэфэгум аргуэру щэ теуlуащ, си анэр къыриджэу къакlуэ жыхуиlэуэ арат абы къыригъэкlыр.
Си анэм къэхьэуэхэр къихьри къахуишия нэужь, къыщхьэщыту увыжащ.
Гуащэхужь «Къэтыс» жери си анэр зыбгъэдигъэтlысхьащ, сэри зы шэнт къасщтэри сабгъэдэтlысхьащ.
«Еlэ иджы си анэ» жысlащ, «Гуащэхужь жиlэнухэр зы псалъэ домыгъэхуу тыркубзэкlэ къызжеlэж, емыкlущ сыт жомыlэуэ».
А пщэдджыжьышхэр Гуащэхужь и иужьрей дыдэ шхынрауэ хэт мыгъуэм ищlэнт, къэхьэуэм щыщу зы lубыгъуэ Фlэкlа емыlубу гъуэлъыпlэм икlурящ.
Ди Тхьэ лlапlэуэ псори дысхуэкlуэжынур аращ, гъэщlэ кlыхьыу илъэсищэм неблэгъа Гуащэхужьи щыlэжтэкъым.
Унагъуэр зэхэвэзэхэжэ хъуат, Сашыжь мыхъуа псоми тщlэнур дымыщlэжу утыкум дкъинат.
Сашыжь, «Еlэ Шупашыкъуэ, Гуащэхужь и пэм хьыж» жери ар жиlащ.
Си lэ ижьым иль lэлъэщlыр къыкъ мыгъуэ жиlэуэ зыщlэзкъузауэ зэрызlыгъуу Гуэщэхужь си lэплlэм изгъэгъуалъхьэщ и пlэм сыхьжри тезгъэгъуэлъхьащ.
Шупашыкъуэ и щlеиныр сэрат хьэурэ иджыри зыкlуэцlызымыхыфа данэ lэлъэщlрат, ар нобэр къыздэсым нахуэкъым.
Тэгъулан Екъуб, Тыркум
Къытый Джемил къитхыжахэмрэ къыжиlэжахэмрэ тещlыхьауэ