Динэ и ехъулIэныгъэхэр

0
133

КъытщIэхъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм и куууагъым, зэчийуэ къакъуэкIым, гъэсэныгъэу зыхалъхьэм куэдкIэ елъытащ ди лъэпкъым и къэкIуэнури. Ар хьэкъщ.  

Нобэ лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм пыщIауэ ди щIэблэр  къыдокIуэтей. Къэралым и щэнхабзэ утыкушхуэхэм адыгэ лъэпкъым къыхэкIа  вагъуэщIэ цIыкIухэр къыщоунэху.  Апхуэдэуи узыгъэгушхуэщ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ зэрыдиIэр, еджэныгъэсм кууэ пыщIауэ куэд къазэрыхэкIыр.   

Зи гугъу тщIа лъэныкъуэгъазэ зэхуэмыдэхэр къызэщIэзыубыдэу,  ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъыхьэ щIэблэм ящыщщ Хьэщкъуей Динэ. 

НыбжьыщIэ зэчиифIэр щоджэ Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и е11-нэ классым. ФIы дыдэу зэреджэм къинэмыщIауэ, илъэси 7 хъуауэ Хьэбэз районым щыIэ, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ макъамэ еджапIэм аккордеоным еуэным зыхуегъасэ.    

Iэмэпсымэр IэпщIэлъапщIэу къызэрыдэхъум гу лъатэри, Хьэмдэхъу Абчар и нэIэм щIэт цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ «Макъамэ» ансамблым хагъэхьащ. Илъэс еплIанэ хъуауи абдеж и зэчий щегъэлъагъуэ.   

Иужьрей илъэсхэм Динэ зыхэт ансамблыр хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм щекIуэкI фестивалхэм, зэпеуэхэм зэпымыууэ хэтащ. Гупым зыIэрагъыхьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ Черкесск, Псыхуабэ (Пятигорск),  Налшык, Мейкъуапэ  къалэхэм  щекIуэкIа щэнхабзэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэр къызэрыщалъэщар. Апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэм ахэр хуабжьу ирогушхуэ. 

Динэ псэкIэ зыпыщIа творческэ зыужьыныгъэм къинэмыщIауэ, щIэныгъэ лъэныкъуэмкIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрегъэхьэ. Пщащэр  жыджэру холэжьыхь еджапIэми, районми, республикэми, уеблэмэ къэрал псоми щрагъэкIуэкI щIэныгъэ зэпеуэхэм. Хэт къудейм къыщымынэу, къахожаныкI.  Абы и щыхьэтщ иджы дыдэ Динэ «Мир возможностей» федеральнэ проектым  бжьыпэр къызэрыщихьар. 

АтIэ, Динэ и гупсысэхэр жыжьэ нос. Ар наIуэ тщыхъуащ абы утыкушхуэм ирихьа къэхутэныгъэ лэжьыгъэм нэIуасэ зыщыхуэтщIым. Пщащэм «Здоровое питание  в школе и дома» темэмкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэмрэ, абы къапэкIуэжа къэпщытэжыныгъэхэмрэ  къызэрымыкIуэ лэжьыгъэу къалъытащ проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм. Уасэшхуэ хуащIащ ди хэгъуэгум икIа ныбжьыщIэ цIыкIум и лэжьыгъэм. 

— «Здоровое питание в школе и дома» темэр сфIэгъэщIэгъуэнти, сфIэфIыбзу къэхутэныгъэ проектым селэжьащ. Лэжьыгъэр згъэхьэзырыху, щIэ куэд къэзцIыхуащ икIи дяпэкIи нэхъ куууэ сджын си мурадщ а лъэныкъуэгъазэхэм епха, узыншагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр.  

Проектым сыщыхыхьэм, увыпIэ гуэри къэсхьыну сыпэмыплъа пэтми, къысхуагъэфэщам, сыкъызэрыхагъэщам хуабжьу сригуфIащ.  Къэслъэща текIуэныгъэм лъэкIыныгъэ къызитащ «Артек» лагерым махуэ 21-кIэ сыщыIэну, — гуфIэу къыддэгуэшащ ныбжьыщIэ зэчиифIэр. 

Апхуэдэу, «Артек» зыщызыгъэпсэху Динэ щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну илъагъухэмкIэ хуэмыIуэтэжу къыдалъхуахэм, и адэ-анэм къадогуашэ. АтIэ, «хы гупым» (морской отряд) хагъыхьа ныбжьыщIэм жиIэжынрэ игъэщIэгъуэнрэ и мащIэкъым. Хьэкъыр аращи, Хьэщкъуей Динэ здытекIуа «Мир возможностей» федеральнэ проектым щIалэгъуалэм лъэкIыныгъэ къарет заужьынымкIэ, ипэкIэ кIуэтэнымкIэ.

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz