Кьуажэр Шыгэбахъуэ Матгерирэ Кlэтlыкlуей Индрисрэ зэгъусэу яухуащ. Молэхэрэ Шогэнхэрэ къуажэм иужъкlэ (зэржаlэмкlэ Токаткlэ къикlри) къыдэтlысхьащ.
Уэлпэнокъуэхэри иужъкlэ къэтlысащ.


Иужъкlэ Шоген, Молэ, Пырхъыш, Уэлпэнокъуэ унагъуэхэри къахэтlысхьащ.
Къуажэм лlы цlэрыlуэ куэд дэсащ;
Кlэтlыкlуей Мэмэт, Аслан, Индрис,
Шыгэбахъуэ Матгери,
Молэ Нури, Зулкъанен,
Шогэн Къасым, Шамил, Зубейр,
Пырхъыш Умар,
Уэлпэнокъуэ Хьаж Мэмэт Гери, Сэфэр,
Бэлагъыжъ Нану,
Зэкlэ сигу къэкlыжахэр аращ, сщыгъупщаlэмэ къысхуэвгъэугъ.
Кьуэжэ дэс щlагъуэ щыlэжкъым зэпсори узняйлэм адрей къуажэхэм ещхьу зэбгырыкlа хъуащ. Щlышхуэ яlэщ, мэл хъушэ зытхуых докlыр. lащым хуабжъу пылъхэщ, мэши хьа, гуэдз куэду хасэр. Къуэжэдэсхэр мылкукlэ лъэрыхъу дэсхэщ. Къуажэм трактор, такси зимыlэ щыlэкъым.