Кайсэрым, Адыгэ Хасэм, ди «унафэр» дэ тщlыжынщ жаащ!..

0
110

07.01.2024 махуэм Кайсэри Адыгэ Хасэм, пыщIа ди лъэпкъэгъухэр дырагъэблэгъащ. Дырагъэблэгъэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, зыхэт нэхыщхьэ Хасэм (КАФФЭД) и лэжыгъэхэр, лъэжыгъэхэм и зекIуэкIэхэр, нэгъуэщI щIыпIэм къикI унафэкIэ зэрызекIуэр, гурымыхь къащыхъуауэ, КАФФЭД-ым къыхэкIыжыфын папщIэ, ез унафэщIхэр хэзыха хэдэ/хэхакIуэхэм зытетыр хуаIуатэу, къыхэкIыжыфынымкIэ унафэ хуитыныгъэ къыратын папщIэт.

Зэхуэс, зэхэс щIэдзапIэм, ХэкIум къыщикIым хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэмрэ, щIыхъейыщхуэм хэкIуэдауэ дунейм ехыжа цIыхухэм я пащхьэм зы загъуэ бжыгъэкIэ «щыгъуэ щхьэщIэ» хуащIащ.

Хэдэ/хэхыныгъэ Iуэхур игъуэм хуэдэу зэгъэкIуэн папщIэ зыгурыIуэу, зы гуп хахащ. Гуп Iэтащхьэ Мэлыхъуэ Нарт, дэIэпыкъуэгъухэу КIэнэтI Дидэм, Абыкъу Гъани хахащ.

Псалъапэр дезыгъэблэгъа Хасэ Тхьэмадэ Алхьэс Нуршах иратащ. ПсалапIэм къытехьэу, гуп зыхэсым фIэхъус ярихыу и псалъэм щидзащ. Мы зыхуэсыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, къызытехъукIар игъэлъагъуэу.

1968 гъэм лъандэрэ зытеухуа мы ди хасэр, 2003 гъэм щыщIэдзауэ КАФФЭД нэхыщхьэ Хасэми хэтщ.

Кайсэри Адыгэ Хасэм; Университем ди бзэмкIэ яджын папщIэ «Адыгэбзэ Къудамэ»р зэрыIуахар. Гъэ къэс ди еджакIуэ, 300 нэс щIалэхэм дэIэпыкъуэгъуу, иратхэр (бурс) зэрыхуэхъур. Курыт еджапIэм Адыгэбзэр хэхауэ зыреджэфыр. АБ (Avrupa Birliği) проектхэр зэгъэпэщауэ зэрызекIуэр. «Ашэмэз» къэфакIуэ гупым и лъэжыгъэхэр зыпымычу утыку къихьэу ягъэлъагъуэу. «Мазэ» музик гуп лэжыгъэхэм и дэIуакIуэхэр хэхъуэу. Ди щIэблэ цIыкIухэми я зыфIэкIыныгъэ, я IэщIагъэхэм иригушхуэу «Псынэ» цIыкIу гупым и лэжыгъэхэри зокIуэ…

ЗекIуэ мы лэжыгъэхэра пэт; Тыркум щыIэ нэхыщхьэ Хасэу КАФФЭД, «Хэку зыпыщIэныгъэ»мкIэ и пэжыр, и захуэр утыку къыримылъхьэу, Унафэр зыIэщIэзыгъэхьа зы гуп цIыкIум и унафэкIэ, «ДАХ»ыр мыхъумэ (Дуней Адыгэ Хасэ) дэ дыпIэтэуэфынкъым жаIэу ирагъэлей. Урысейм щIыпсэу ДАХ унафэщI зы гупыми, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр, лъэныкъуитIым бзэ, хабзэ, зыкIэлъыкIуэн, зыдэщIын, зыдэгуэшын Iухугъэхэм трагъэчынэхь.

Хэкум АдыгэбзэкIэ еджэныр яIэтыжауэ, и бзэмкIэ еджэжыныр унагъуэм къыхуагъэнауэ , ДАХ-ым зыри зырыжымыIэм хуэдэу, КАФФЭД-ыми макъ къыригъэкIкъым. Макъ къизыгъэкIхэми едаIуэркъым. Макъ къизыгъэкхэри, фэ «хэку»ми, «Урысэй»ми фырибий.. ! къыжыраIэу.

«Зауэр, гуауэщ» жызыIахэр бийуэ ялъытащ. Амэрикан лъэныкъуэу ягъэлъэгъуащ.

Адыгей Рэспубликэр зытеухуэным и 100. Гъэм ирагъэблэгъа КАФФЭД гупыр, щхьэусыгъуэншэу щIегъуэжыри ягъэкIуэжакъым. ДАХ унафэщI тхьэмадэми, а гъэм ягъэзэщIа нэхъ IуэхуфI дыдэу игъэлъэгъуар; КАФФЭД-ыр Хэкум зырырамыгъэхьар игъэлъагъуэу.

2022 гъэм ДАХ-ымрэ, хунафэ щIын хабзэ зэхъуэкIын папщIэ щызыхуэсами, КАФФЭД унафэщIу, бжыгъэмкIэ хуэмыфащэу хахахэм, зытыраIыгъэу, къыдэкIыпхъэ, гъэзэщIэн хуей лъэжьыгъэхэми пэрыуэу, пэувыу; АдыгэбзэкIэ ТВ, Радио, Хэкум щеджэну щIалэхэм бурс къахудэгъэкIын хуэдэ лэжьыгъэхэр зыхэт 4. Пычыгъуэр яIэтыжыри къыдагъэкIакъым. 2023 гъэм щIэрыщIэу дытелэжьыхьын папщIэ дыщызыхуэсами КАФФЭД-ым епха 53 Хасэм, 17 хасэращ къекIуэлIар. ЯщIэу, зэрыщIэу зытыракъутащ.

06.02.2023 гъэ щыхьэйшхуэм Кайсэри Хасэм къылъагъэса Джылахъыстэней Гоксун къалэ, къуажэхэм ядэIэпыкъуахэщ. ЯужкIэ КАФФЭД унафэщI гупыр зыгурымыIуэжыфу, тIу зырищIыкIащ.

ЩIыхъей гуауэм папщIэ Хэкум, Тыркум щыпсэу я лъэпкъэгъухэм хузыхуахьэса акшэхэр Адыгейм Тыркум щыIэ я лъыкIуэхэмкIэ АФАД ым къыхурагъэхьащ. ДАХ-ым Кабардейм щызыхуахьэсари бжыгъэкIэ сытым нэсами зыми ищIэркъым. Къызыхуагъэхьыну хуэныкъуэхэм я цIэхэр тхауэ хурагъэхьами и къегъэхьыгъуэ махуэр благъэкIащ. Зыхуэхьэса акшэр дэнэ щыIэми зыми ищэркъым.

Къалэ цIыкIухэм щагъэлъэгъуа Адыгэ Хасэу и бжэр зи зыIузмых хасэхэм я лIыкуэу (дэлэгация) Хасэ Тхьэмадэ зыхуэсхэм къыхэмыхьэ, я гупсысэхэр къезымыгъэхьхэр, КАФФЭД-ым и унафэр зыIэщIэзыгъэхьа зы гупым и Iэ илъ хъуауэ Фэдэрацэ унафэм щыгъуэ ахэр псори къыраджэри ди бжыгъэми зыри къимыкIыу, Iэ Iэтын бжыгъэкIэ къыттекIуэу, Тыркум адыгэ нэхъыбэ щыпсэу Адыгэ Хасэм хуэфащэ дэлэгация къыламыгъэсу, а зекIуэкIэми зы пщIэ имыIэу, ди къаруур тфIеух. Мыпхуэдэ зы гуп нэпцIым, дахэту зыкъэдгъэпцIэж нэхърэ Ди щхьэ хуиту, ди гур загъэу ди лъэпкъым дыхуэлэжэфыным папщIэ КАФФЭД-ым дыкъыхэкыжыфын и унафэ бжыгъэ 16/g езэгъуу хуитыныгъэ дыкэфтын? КригъэкIыу Кайсэри Адыгэ Хасэ Тхьэмадэр тепсэлыхьащ…

КАФФЭД-ым къикIа Хасэ тхьэмадэ къудзэ, дэIэпыкъуэгъухэри Онэр Йлмаз, Умар Аталар Кайсэри Адыгэ Хасэр хэмыкIмэ нэхъыф зэрыхъунум тепсэлъыхьахэщ.

Кайсэри Адыгэ Хасэм пыщIауэ псалъапэ къызылысахэр тепсэлъыхьахэщ. Ипэрей Хасэ тхьэмадэу Тау Мэджид КАФФЭД гупщысэм пэгъунэгъуу, къыхэмыкIыжмэ нэхъыфIыу. КАФФЭД-ым хэтынымкIэ Iэ къзэриIэтынур къыхигъэщащ. Алэскыр Нури КАФФЭД-ым къыхэмыкIмэ нэхъ игъуэ зэрыхъунур къыхигъэщащ.

Токъмакъ Сэбахаттин, къыхэкIын, къыхэнэн щымыхъуа ещэнэрей зы гъуэгуу хэдэкIэ къытхуэвыгъанэ… щыжиIащ.

Егъэн Шамил, Тунджэр, Хьарун, Iумут Аккая, Чэтин Акгул, Мамыхэгъ Мутлу сымэ Кайсэри Адыгэ Хасэм игъэлъагъуэ гъуэгур зэры нэхъ захуэр къыхагъэщыу, къыхэкIыжынымкIэ Iэ кызыраIэтынур, ягъэлъэгъуа хъуащ.

Хэдэныгъэр гъэпщкIуауэ, и бжыкIэр нахуэу я лъагъу щыкIэу, я гурылъ плъыфэхэр ирадзащ пхъуантэм.

Пхуантэр зытырахыу къырабжыкIар:

КАФФЭД-ым дыкъыхэвгъэкIыж: 300

КАФФЭД-ым дыкъыхэвгъанэ: 37

Гурыщхъуэ зиIэ, ПхымыкI: 3

Кайсэри Адыгэ Хасэ унафэщхэр, къекуэлIахэм я гъэлъэгъуа Iэ Iэт гурылъ унафэмкIэ хуит ящIащ.

Тхьэм ди хасэхэми, ди лъэпкъыми я хуэмахуэн ищI!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz