Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Си дуней нэху!

Псэ Драмэ Гуп Адыгэ Хьэщlэщым хэту

«Уи анэдэлъхубзэр уэркlэ сыт зищlысыр?» же!

А упlщlэ телъыджэм, сигу къигъэкl псори; фlыдыдэуэ плъагу цlыхум узэрыхуэупсэнщ.

Хэхэсым срибыныуэ, тыншдыдэуэ емыкlуэкlа мы сигъащlэм, сыщlыкlэлъыплъыжкlэ; дунейм зэрысхъуэжын щымыlэуэ къэзгъэщlахэр; си анэдэлъхубзэу си дуней нэхуращ къызэзытар.

Театырым сыхуеджэну сщlэтlысхьауэ, икlи сыдихьэхыпауэ, Къайсэр Адыгэ Хасэм сыкlуэуэ щlэздзащ. Адыгэбзэр нэхъыбэрэ сlурылъ хъуати, ди егъэджакlуэ гуэр; Адыгэбзэмкlэ сызэрыпсалъэм си тыркубзэр игъэкlуэду жиlэурэ, «Умыпсалъэ, мы уибзэжымкlэ; тэмакъ макъыжь хъужауэ!»

Мы псалъэ макъхэр щызыхэсхам, сыныбжьыщlэт. Атlэ, апхуэдизу сыдэзыхьэх театырым япэ ищlар, дауи, Адыгэбзэрщ.

«Тэмакъ Макъыжь»ыр зэзымпэсым, рол мащlэ къызитын нэхъыбэ сыт къызищlэнт!

Итlанэ, лlот си анэдэлъхубзэмкlэ театыр щlэмыхъурт?!

Къайсэр щыпсэу дилъэпкъуэгъухэм, мо Узыннейлэ зы Адыгэ гъащlэ къыщызгъэщlахэм, гущыlэ кlэщlкlэ захуэдгъазэуэ щlыдодзэ. Кlуэху пэтми гущыlэхэр нэхъ кlыхь, нэхъ пlаскlуэ мэхъу! Къеплъхэри нэхъ хохъуэ.

Нытlэ фlыlэ, уи лъэпкъуэгъур, и гъащlэм зэ кlэлъыбгъэплъыжыфу; тебгъэгупсысыхьыжынур! Шэч зыхэмылъращи, Къайсэр Адыгэхэр, я анэдъэхубзэмкlэ-телевизырыми, зыщlэпlэ закъуэми щызэхамыхыфыну я Адыгэбзэмкlэ-дыгъэдэхьэшхыфащ.

Сыт иуасэ ар? Сыт иуасэ, игъуэ ущихуэм уибзэкlэ угущыlэфынум!

Мы ябзэкlэ театыр зыгъувыф (профосеналнэу жыдlэкъым) гупыр, Адыгэ зыдыдэс къалэхэми зыхамыхыу къэнакъым! Къайсэр къыпыгъунэгъу къалэхэм, Анкарэ, Истамбылыжьым… Дыкъэзыцlыхум хэхъуэху, нэхъыфlыуэ дылэжьасэрэ жыдоlэ.

Дыпсэлъэфми; Хэкужьым къыраха Адыгэбзэжьдыдэмкlэ, демыджэфыуэ хъунут? Алфавит къэтлъыхъуэу щlыдодзэ, дэрдэру еджэкlэ зэдгъэщlэну! Иджыпсту тэмэму къысхуэмыщlэж а еджэн

Хьэфотэ

-тхэн lуэхур нэхъ щыкlуэтар; Думэныщ lэулэдин щызцlыхуаращ. Сыту фlыщэт lэулэдин, Къайсэрыжьым укъызэрытхуэкlуар!

lэулэдин и Адыгэбзэм, ищlэныгъэм сыдихьэхати, бзэр зэрыкlуэтэным, нэхъ лъэщ зэрыхъунум яужь ситт. Ди театыр гупыр зэчэнджэщын нэхъыжь диlэ хъуат. Аурэ lэулэдин «Адыгэ Хьэщlэщ»ыр етх. Къыддоlэпыкъури догъалъагъуэ. Абы къыкlэлъокlуэ «Адыгэ Нысашэ» зицlэр. «lуэхур зырыпхуэlэт иинагъщ!» жыдоlэри, фолк Шовым Къущхьэ Тогъэн, нысэишэ-щауэ ишэж уэрэдкlэ къыхохьэ. Къыхохьэри, нэхъри лъэщ мэхъу ди гъалъагъуныгъэр. Адыгэхэм я нысашэ хабзэхэм къоплъ, дызэхэс лъэпкъым и уэрэд жыlэ цlэрыlуэ цlыхубзыфlи, Тырку Къаралыгъуэм и парт нэхъыщхьэхэм ящыщи. Гуащэ ролыр, щызгъэзащlэу, а миным нэс цыхум (Истамбылыжьым) защыхуэзгъазэм, сызэрыгушхуам сыт иуасэ?

Аурэ lэулэдин Хэкум егъэзэжри, дэрдэрыуэ дылъэпlастхъэу дыкъуэнэж.

Културэ Министыр Чэмышъо Гьази, Гугъэ Театыр Гупыр егъэлъапlэ

2006 илъэсым, КАФФЭД-ым къырегъэблагъэри Табыщ Мурат, Анкарэ къокlуэ. (Адыгэбзэр нэхъыфlыуэ егъэщlэным и lэмэлхэмкlэ къыддэлэжьэну) Хасэхэм езым и лlыкlуэ хахыурэ Анкарэ ягъакlуэ. Сэри абыхэм сащыщти, зы мазэм блэкlкlэ Табыщым дырегъаджэ. Сыту фlыщэт, КАФФЭД-ым а ищlар! Мурат, емышхэ емыфэ жыхуаlэм хуэдыу дегъэлажьэ. Сэри аргуэрыу, театыр жызоlэри, «Гугъэм И Лъагъуэ» зицlэ (Мурат и lэдэкъэ щlэкl) пьесэр догъэув. Ди нэхъыжьыфl куэд, янэпс къызпижыхьауэ, къоплъ, фlыщlэ къытхуащl. Газет гуэрхэри къокlуэ, дыщlызэхэтым ищхьэусыгъуэр къащlэну. Дэ дыщырагъаджэм, (Гази Парк) дыщlэмыкlрэ дыщlэмыплъыу, нэгъуэщl бзэи дигу къамыкlыжу Адыгэбзэ Жэнэтым Дыхэсщ.

Дзыхьэ Заурби игъусэу

А Анкарэ пщlыхьэпlэри еухри ди къалэхэм къыдогъэзэж; ди хасэхэм дыщылэжьэну. Адыгэбзэ курсыуэ япэ езгъэжьам, (еджэкlэ зэзгъэщlахэр хэту) Гугъэ Театыр гуп къыхызощlыкlри, нэгъуэщl къалэ щыпсэу ди нэхъыжь ди ныбжьэгъу куэд къыдогъэблагъэри, ди театырым идогъэплъ. Мыри Япэ къэхъуа гуэрт; ибзэкlэ тхэн еджэн зыригъащlэу тетырым шыджэгуныр. А махуэм дызэрыгуфlам, дызрагъэлъэпlам сыт иуасэ?

Адэкlэ сабий гуп, Псэ Драмэ, Адыгэбзэм гу лъезгъэтэну (Яратыджы драмэ системам иту) зыхызошэ. Джэгурэ емызэшу Адыгэбзэм хуежа мы гупыри хэту «Адыгэ Хьэщlэщ»ыр иджыри зэ къыдогъэлъагъуэ. Къайсэр дэс сабийхэр, АдыгэбзэкIэ бгъэпсэлъэнур сытым пэпlщ хъуну!

Нытlэ, Мыекъуапэ, Адыгэ-Абхъаз Фестивальым тlоу сызыхьа сибзэм, къызигъэлъэгъуа дунейр, сигъэцlыхуа цlыху дыщэхэр, дауэ lуэта хъун! Сыту зэманыфl дыдэт; зы гъащlэкlэй пхъуэж мыхъуну. Схуэмыlуэтэн, Мэлаlикlэт игуфlэкlэр, Марят игущыlэ гукъинэхэр! Дзыхьэ Заурби иуэршэр, ар зыхэт «Медея» театырым уеплъыныр.

Театыр нэужьым хьэщlэхэр ягъусэу

lутыж Борис итха «Жьэмыгъуэ Африкем» зицlэ песэр дыгъэхьэзыру, Хэкум япэ дыщыкlуам къызырыт щыгуфlыкlахэр! «Япэдыдэ къахъу гуэрщ мыр. lутыж Борис илъэгъуащэрэт; мы ныбжьыщlэхэм езбы итхахэр зырагъувар.» Хэкум ис артист, актёр гуп, хэхэсым икlа ныбжьыщlэм ягъэлъагъуэ комедиям, ину игъэдэхьэщхынур сыт иуасэ!

Нэгъуэщ куэди, си гущlэм щызгъафlэу, си гъащlэм къыхэнауэ хэлъщ. Сэркlэ, цlыхур и хэкум пэжыжэмэ; ихэкур, ибзэрауэ къонэж.

Си анэдэлъхубзэу си Адыгэбзэр, сипсэщ. Си лъахэщ.

Си гур аращ зыгъэгуфlэр, зыгъэзагъэр. Аращ дахагъэр, гуакlуэр.

lэфlыр, лъэщыр, лъабжьэр.

Адыгэбзэращ, цlыхур зыцlыхурауэ жызыlэфыр.

Гугъэ Театыр Гупыр Чэмышъо Гьази (Културэ Министыр) игъусэу

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Адыгэм ятхьэ! Хьэщlэм, зы шей тхуефэж, жаlэри щелъэlум зихъунщlати; Тохъу Хьэжумар и хьэтыркlэ ефэ щыжаlэжым; «Тобэ lастафирылэхь; нытlэ къэфхь!» жиlэти, абы лъандэрэ Адыгэхэм ятхьэ жаlэ;...

Гум Къинахэр

Шыджэбэхъуейм язгъэтхъэжыкlэ! -Мыхъумыщlэу хъуар, Шыджэбэхъуейм ящlэт тхэ! -Лlопlэрэ ахуэду, мыхъумыщlэуэ ящlэр? -Шаркъышлэ1 кlуахэти, кхъыlэ зыдывгъэгъэтхъэж жиlэс жи; зы хьэучыфl2 къэдывгъэщэхуи!   1-Тыркум, Сивас Къалэм епхауэ, Узын-яйлэ игъунэгъу къалэцlыкlу 2-Пхъы Къэзыlуэтэжар: Къарэхэ...

ПщIыхьэпIэ, нэхуапIэ!

-Илкай! Нэхъ гъунэгъу щхьэ зыкъуомыщIрэ! Сыценэм и кум къиувэ! Къыдэплъейт!- Бзим, нэр имыгъаплъэу...! Мы Рае, и дахагъэр!! Бзиуэ къежэбзэхыр! Дыгъэ, хьэмэрэ Рае? Е Сэтэне Гуащэ? Нэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img