Лъэпкъ цlыкlухэм я бзэхэр кlуэ пэтми дэхуэха зэрыхъур хьэкъыу зыхыдощlэ. Ипэlуэкlэ, анэдэлъхубзэм иримыпсалъэм закъуэ-тlакъуэ дыдэу дыпэщlэхуэу щытамэ, иджы абы къабзэу ирипсалъэ сабий зырызыххэ къызэрынам куэдым ущlегъэгупсыс.
Шэчыншэу, бзэр хъумэнымкlэ къалэнышхуэ зи пщэ къыдэхуэр лъэпкъыбзэхэмкlэ егъэджакlуэхэращ. Ауэ ахэр зыпэщlэувэ гугъуехьыр абыхэм я закъуэкlэ къызэнэкlа хъукъым.
Унагъуэм зыщримыпсалъэ бзэм япэу цlыкlухэр щыпэщlэхуэ хъуащ еджапlэм. Мыбдеж егъэджакlуэм и lуэху бгъэдыхьэкlэм куэдкlэ елъытащ сабийм бзэр фlыуэ илъагъужыныр, абы зыlэпишэныр. Гурыфlыгъуэ сыт: лъэпкъыбзэм пщlэ хуэзыщl егъэджакlуэ щыпкъэхэр къызэрытхэтращ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэмкlэ егъэджакlуэ гумызагъэ, Черкесск къалэм дэт зи № 11 егъэджэныгъэмкlэ купсэм щылажьэ Хъытlу Айшэт.
Пэжщ, абы егъэджакlуэ lэщlагъэр къыщыхихам, адыгэбзэмкlэ иригъэджэн игугъэтэкъым. Лэжьащ тхыдэмкlэ егъэджакlуэу. Арами, 2012 гъэм абы пlалъэкlэ адыгэбзэр яригъэджыным зрет. Иужькlэ lэщlыб хуэщlыжакъым. Мис, абы лъандэрэ сабийхэр адыгэбзэм дригъэхьэхыным lэмал зэхуэмыдэхэр къыхуигупсысурэ къогъуэгурыкlуэ. И ехъулlэныгъэ нэхъыщхьэхэм хелъытэ бзэр зымыцlыхуу еджапlэм къыщlыхьа сабийр абы ирипсалъэ ищlыныр.
Илъэс кlуам лъэпкъыбзэхэмкlэ екlуэкlа «Илъэсым и егъэджакlуэ» къалэ зэпеуэм Айшэт е 2-нэ увыпlэр къыщихьащ. Иджыблагъэ, лъэпкъыбзэр хъумэным хэлъхьэныгъэу хуищlым папщlэ КъЧР-м и Цlыхубэ Зэlущlэм (Парламентым) и Президиумым ги щlыхь тхылъыр къыхуагъафэщащ. Нобэ ди псэлъэгъущ Хъытlу Айшэт.
-Сабийр анэдэлъхубзэм дегъэхьэхыныр унагъуэра, хьэмэрэ еджапlэра зи къалэн нэхъыщхьэу къэплъытэр?
-lэмал имыlэу, унагъуэращ! Куэд елъытащ унагъуэм бзэм хуиlэ бгъэдыхьэкlэм. Сабийм и анэдэлъхубзэр ицlыхуу еджапlэм къыщlыхьэмэ, адэкlэ программэм тыншу дэхъунущ, адэкlэ lурылъ бзэм нэхъри зригъэужьыфынущ. Ауэ, ар къыздикlын хуейр и унагъуэращ. Еджапlэм бзэм къыхухах сыхьэт бжыгъэмкlэ ар шэрыуэу ебгъэцlыхунри хьэлъэщ. Ауэ, пэжщ, дебгъэхьэхыфынущ, бзэм и гур къыхуэбгъэушыфынущ.
Сиlэщ еджакlуэ куэд, бзэр ямыцlыхуу, ауэ зэрагъэцlыхуным хущlэкъуу, егугъупэу. Шэч хэлъкъым, апхуэдэм ар нэхъ къыдэхъунущ. Япэ классым къыпхуэкlуа, лъэпкъыбзэм щыщу зы псалъэ зымыцlыху сабийр пlалъэ кlэщlкlэ адыгэбзэкlэ псалъэу зэхэпхыныр гухэхъуэщ. Абы нэхъри къару къызет, ауэ сытми си лэжьыгъэм сызэрыпэрымытыр, лъэпкъым сызэрыщхьэпэр наlуэ сщещl.
-Мы зэманыр къапщтэмэ, еджакlуэхэм бзэр зэрацlыхум, къызэрагъэсэбэпым сыт хуэдэ уасэ ептыфыну? Лэжьэн зэрыщlэбдзэрэ илъэс 12 хъуагъыххэщи, а пlалъэм къриубыдэу сыт хуэдэ зэхъуэкlыныгъэхэр хэплъагъуэрэ лэжьыгъэм?
-Бзэр зыцlыхуу еджапlэм къыщlыхьэр мащlэ дыдэщ. Си гъэунэхуныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкlэ, илъэс къэс lуэхур йокlакlуэ. Къапщтэмэ, е 1-нэ классым щегъэжьауэ е 11-нэ классым нэс дерсхэр щызотри, япэ классым нэрыбгэ 20 хъууэ анэдэлъхубзэм къакlуэмэ, абы щыщу бзэр зыцlыхур зытlущщ. Фlыуэ зыцlыхур зырызыххэщ. А бжыгъэм илъэс къэс нэрылъагъуу хощl.
-Бзэр ирагъэджыну хуэмейуэ адэ-анэхэм лъэlу тхылъ еджапlэм къыщlалъхьэрэ иджыри? Зэманкlэ узэlэбэкlыжмэ, апхуэдэ мыхъумыщlагъэ куэд къахэкlыу щытащ…
-Пэжыр жыпlэмэ, а лъэныкъуэмкlэ ди еджапlэм деж дыщlэгузэвэн щыlэкъым -апхуэдэ адэ-анэ къахэкlакъым. Уеблэмэ, лъэпкъкlэ зэхуэмыдэхэм унагъуэ зэдащlауэ, я сабийм адыгэбзэкlэ емыпсалъэми, «дыхуейщ бзэр ицlыхуну» жаlэурэ къэзыгъакlуэхэри яхэтщ. Езыхэр унагъуэм зэремыпсэлъэфыр къыхагъэщу, абыкlэ егъэджакlуэм и дзыхь кърагъэзу мэхъу.
-Атlэ, нобэкlэ, адыгэбзэмкlэ егъэджакlуэхэр сыт хуэдэ гугъуехь нэхъ фызыпэщlэхуэр? Сыт хуэдэ программэ фызэрылажьэр? Къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэщхьэщыкlыныгъэ фиlэ? Тхылъхэмкlэ дауэ фыхъурэ?
-Псом я щхьэр, сабийхэм бзэр яlурымылъу къызэрытхуэкlуэращ. Унагъуэм деж сабийм анэдэлъхубзэр зэхихми, сабий lыгъыпlэм зэрыкlуэу ар щыlэщlэхужыр нэхъыбэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, тхылъхэм къанэмыщlауэ, гурыlуэгъуэ зыщl пособиехэр ди бзэкlэ куэду зэрыщымыlэр, ар ди лэжьыгъэр къэзылъахъэхэм ящыщщ. Урысыбзэкlэ гъэхьэзыра сурэт теплъэгъуэхэр адыгэбзэкlэ къыщыдгъэсэбэпыр нэхъыбэщ. Адреймкlэ, бзэр джынымкlэ пэрыуэгъу диlэкъым. Еджапlэм адыгэбзэм хухэха сыхьэт бжыгъэм кlэрамыуду тыншу дролажьэ. Пэжщ, къуажэми, къалэми зэрыщылажьэ программэр зэхуэдэщ. Къалэм дэсхэм ар хуабжьу къыдохьэлъэкl, сыту жыпlэмэ, ар зытегъэпсыхьар бзэр фlыуэ зыгъэшэрыуэ сабийхэращи. Урысыбзэкlэ зэддзэкlыжурэ ди lуэхур догъэкlуатэ.
Тхылъхэмкlэ тlуэтэжащ. Ахэр хьэлэч дыдэ хъуат, совет лъэхъэнэм къыдагъэкlат дызэреджэр. Ауэ, илъэситlкlэ узэlэбэкlыжмэ, тхылъхэр щlэуэ къыдатауэ, псоммкlи дызэхурокъу. Абы ит лэжьыгъэхэри нэхъ тыншщ, ипэкlэ диlа тхылъхэм итам елъытауэ.
-Уи лэжьыгъэм сыт хуэдэ lэмалхэр къыщыбгъэсэбэпрэ, сабийхэр бзэм дебгъэхьэхын папщlэ?
-Сэ къызгурыlуар аращи, сабийм дерс гъущэ дебгъэкlуэкlкlэ, абы дебгъэхьэхыфынукъым. Си къалэн нэхъыщхьэу солъытэ сабийм бзэр фlыуэ егъэлъагъуныр. Тхылъхэри lэмал имыlэу къыдогъэсэбэп, ауэ цlыкlур бгъэпсэлъэн папщlэ, ари мащlэщ. Мы зэманым, лъэкlыныгъэхэр нэхъыбэ хъуащи, интернетыр ди дэlэпыкъуэгъущ. Щыlэщ компьютер джэгукlэм иту, адыгэбзэкlэ щlа теплъэгъуэхэр, мультфильмхэр нэхъыбэу дунейм къытохьэ. Дгъуэтыр дерсхэм къыщыдогъэсэбэп. Псалъэм и жыlэгъуэкlэ, мультфильмым зы теплъэгъуэ деплъмэ, ар зэпкърыдохыж, урысыбзэкlэ ягурызогъаlуэ, итlанэ зэхаха адыгэбзэм щыщ езыхэм къызэрызжаlэжыным хуэдэу упщlэхэр язот.
Адыгэ джэгукlэхэр классым щыдогъэкlуэкl зэпыт. Абыкlэ нэхъ цlыкlухэращ къызэщlэдубыдэр. Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм тхыдэр нэхъ ятызогъащlэ. Гъэщlэгъуэнщ, ауэ, бзэр ямыцlыхуми, ди сабийхэр лъэпкъыпсэ-хэкупсэу къотэджхэ. Мыбдежми абыхэм бзэр зэраlурымылъыр зи ягъэр анэ-адэхэращ. Япсэлъакъым, ирагъэцlыхуакъым, lэщlагъэхуащ.
Еджакlуэ нэхъыжьхэм яфlэгъэщlэгъуэнщ ди къекlуэкlыкlар, лъэпкъ фащэр, къафэр, тхыдэм къыхэщыж хъыбарыжьхэр. Мис ахэр нэхъ тегъэщlапlэ сщlыурэ, адыгэбзэкlэ къызэрызгъэпсэлъэным сыпылъщ.
-Зэрысцlыхумкlэ адыгэбзэмкlэ здыщебгъаджэ классым музей цlыкlуи хэтщ.
– Атlэ. Ар лъэпкъхэм я музейщ. Ауэ, адыгэхэм я хьэпшып куэди щlэлъщ. Мис ахэр куэдрэ дерсхэм къыщыдогъэсэбэп. Сабийм узытепсэлъыхьыр сабийм щебгъэлъагъукlэ, ар нэхъ щlэх зыхеубыдэ.
-Лъэпкъыбзэхэм хуэгъэзауэ ирагъэкlуэкl зэхьэзэхуэхэм, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм уи еджакlуэхэр хыхьэрэ? Къинэмыщlауэ, ОГЭ-м деж анэдэлъхубзэр къыхэзых щыlэ?
-Къалэм щрагъэкlуэкl зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм си сабийхэр lэмал имыlэу хэтщ. Апхуэдэ lуэхухэри бзэм зегъэужьыным хуабжьу щхьэпэу солъытэ. Псалъэм и жыlэгъуэкlэ, си еджакlуэ Куэбл Элинэ усэ къеджэнымкlэ илъэситl хъуауэ къалэм япэ увыпlэр къыщехь. Олимпиадэм, мы гъэм адыгэбзэмкlэ нэрыбги 7 кlуати, 5-м нагъыщэ зэхуэмыдэхэр къахьащ.
ОГЭ-м лъэпкъыбзэр къызэрыхэпхыфыр хуабжьу lуэху хьэлэмэту, бзэр хъумэнымкlэ щхьэпэу щытащ. Си еджакlуэ куэдым ар яфlэфlу къыхахт, ехъулlэныгъэкlи ятт. Адэ-анэхэми нэхъ гулъытэ хуащlт я быным лъэпкъыбзэр нэхъ зэхрагъэгъэщlэным. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, мы гъэм лъэпкъыбзэхэр федеральнэ переченым хыхьакъым.
-Бзэр сабийхэм нэхъыфlу ябгъэдэлъ хъужын папщlэ, уи еплъыкlэмкlэ, сыт хуэдэ бгъэдыхьэкlэ щыlэн хуей еджапlэхэм деж?
-Къалэм щылажьэ егъэджакlуэхэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ бзэр зыцlыхухэмрэ зымыцlыхухэмрэ программэ щхьэхуэ яlэныр, ахэр зэхэгъэкlауэ щытыныр. Пхузэдэгъэхъукъым. Нэхъыфlу бзэр зыцlыхуфынухэри, адрейхэм къагурыдгъэlуэху, къыкlэроху. Нобэ тхылъхэр ирикъуу дгъуэтами, абы ярыт лэжьыгъэхэр нэхъыбэм къохьэлъэкl. Къинэмыщlауэ, дерсым зэрыщеджэ тхылъхэм къинэмыщlауэ, сабий литературэу диlэр мащlэщ. А интернет дыдэми адыгэбзэкlэ щlа материалхэр щыкуэдкъым.
Иджыри зэ къытызогъазэри, адэ-анэхэм куэд дыдэ ялъытащ. «Адыгэбзэм жыжьэ уихьынукъым» жызыlэхэмрэ «дыадыгэщи, сабийм лъэпкъыбзэр ицlыхупхъэщ, тхуегъэцlыху» жызыlэхэмрэ я lуэху бгъэдыхьэкlэр зэхуэдэ хъуну..?
-Упсэу, Айшэт. Дыщыгугъынщ зи бзэ зыlурылъ щlэблэ къытщlэтэджэну!
(Черкес Хэку)