Абы и деж къыщожьэ

0
37

Мы гъэм илъэси 5 мэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэр адыгэу дунейм тетым зэрыдгъэлъапlэрэ. 2003 гъэм ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтауэ щытащ, Ар траухуащ гъатхэпэм и 14-м. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкlэ, 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьащ, адыгэбзэкlэ тха япэ тхылъыр – «Адыгэбзэ псалъалъэр». Ар и lэдакъэ къыщlэкlауэ щытащ лъэпкъ щlэныгъэлl Бырсей Умар.


АДЫГЭ еджагъэшхуэ, узэщlакlуэ Бырсей Умар 1807 гъэм къалъхуащ. И ныбжьыр илъэси 8 фlэкlа мыхъуауэ ар тырку сулътlанхэм ящыщ гуэрым идыгъури, Мысырым (Египетым) и пэщэ Мухьэмэд Алий ирищауэ щытащ. Хамэщl щыпсэу адыгэ щlалэ цlыкlум щlэныгъэ и лъэныкъуэкlэ зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъым гу лъамытэу къэнакъым икlи Умар егъэджакlуэ лъэрызехьэхэр къыхуащтащ. Илъэс 18-м щынэсам щыгъуэ Бырсейм игъэшэрыуэрт фрэнджыбзэр, тэтэрыбзэр, тыркубзэр, къэжэрыбзэр, хьэрыпыбзэр.

1825 гъэм Бырсейм и щlэныгъэм хигъэхъуэну Франджым и къалащхьэ Париж ягъэкlуащ. Абы дэт политехникэ институтым илъэсищкlэ щеджа нэужь, Умар щалъхуа щlыналъэм къигъэзэжащ. 1843 гъэм и пэщlэдзэм ар Урысеидзэм хыхьащ икlи Кавказым къулыкъу щищlащ, тэрмэш къалэныр игъэзащlэу. Иужькlэ Бырсейр Ставрополь дэт еджапlэхэм ящыщ зым адыгэбзэмкlэ егъэджакlуэ нэхъыщхьэу ирагъэблэгъащ. И къалэнхэм къадэкlуэу, Умар иригъэкlуэкlащ щlэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу тщlы «Адыгэбзэ псалъалъэр». Щlэныгъэхэмкlэ Урысей Академием и lэщlагъэлlхэм зэрыжаlамкlэ, а тхылъым мыхьэнэшхуэ иlэщ – апхуэдиз макъ зэщlэжьууэр хьэрфкlэ къэбгъэлъэгъуэныр лэжьыгъэ къызэрыгуэкlкъым.

Апхуэдэу адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуэунэтlауэ щытащ еджагъэшхуэм зэман кlыхькlэ иригъэкlуэкlа къэхутэныгъэхэр. Бырсейм и лэжьыгъэм пащэ нобэрей ди лъэпкъ щlэныгъэлlхэм, къэхутакlуэхэм.

Лъэпкъыбзэу дунейм тетхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэм и lуэхум узыгъэпlейтей куэд нобэ зэрыхэтым и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкlуэкlа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефlакlуэ бзэхэм зэрыщымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.

А псори нэсу къагурымыlуэу щыткъым адыгэбзэм и зыужьыныгъэм кlэлъыплъ, абы елэжь lэщlагъэлlхэм, щlэныгъэлlхэм. Адыгэбзэр хъумэным, абы адэкlи зегъэужьыным хуэунэтlа унафэ КъБР-м и Парламентым къищтащ. Апхуэдэу, дызэрыт гъэ еджэгъуэм республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщlэдзэ классхэр адыгэбзэкlэ щрагъаджэ. Ари сэбэп хъунущ ди анэдэлъхубзэр къэкlуэну щlэблэм яхуэхъумэнымкlэ.

Адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ и лъэпкъым хуэгъэпса хъуэпсапlэшхуэ иlауэ щытащ: «Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи lэмырым солъэlу анэдэлъхубзэм хузиlа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щlэблэ си ужь къихъуэну». Адыгэбзэм теухуауэ щlэныгъэлl щэджащэм и псэм щигъэфlа и гурылъхэр нобэрей адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым икlи «бзэр тlэщlэкlмэ», дызэрыкlуэдыр «лъы зыщlэт» адыгэ псоми яхуэгъэза къыхуеджэныгъэ лъэщу щытын хуейщ.

 

Жыласэ Маритэ

«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щlэныгъэмкlэ н къудамэм н унафэщl. 2008 гъэм Гъатхэпэ мазэм и 14.

Мы гъэм илъэси 21 мэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэр дыгъэлъапlэу зэрыщlэдзэрэ. (Жьынэпс)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz