Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Астемырей/Шерефие

Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр Урыс Япон зауэ нэужьым Кlэрэф Залымджэрий и гъусэу зауэм кlуэуэ зауэм къыхэкlыжа гупым Тэрчым псэупlэ щамыгъуэтым Тэрчыр я бгынэу къикlа цlыхухэм яухуауэ зы къуажэщ.

1905 гъэм хэкум (Астемырей) къикlри Карс къалэм къэтlысащ ауэ куэдрэ дэмысу Сирием lэпхъуахэщ, ар щхьэкlэ Сириеми куэдрэ дэмысыфу Мерсин къалэм къэкlуахэщ. Абы икlри Истамбыл Менекшэ етlысэхахэщ, ари мыхъу Токат къалэм кlуахэщ абы къикъри Кlэрэфхэ Аслъэнхьэблэ Аслъэн Хьэжы я анэшти Узняйлэ щыпсэуныр нэхъ игъуэу ялъытащ. Аслъэнхьэблэ щыщыlэм зы тlысыпlэ я лъыхъуэурэ Аслъэн Хьэжырэ Маршан Емир пащэмрэ зэгъусэу къэралым екlуэлlахэщ «мы цlыхухэр дэ ди лъэпкъэгъущи зы псэуа пlэкlэ фыкъадэlэпыкъу» жаlэри.

Къуажэр Заманты псым и къыщlэкlыпlэм етlысэхащ, хэхэс (гочмэн) унэ хьэблэ хьэблэу хуащlри ягъэтlысащ.

Къуажэ тlысыпlэр Римым (Византия) я зыгъэпскlыпlэ хьэмэму Заманты псы и къыщlэкlыпэу щlыпlэ дэхащэщ.

Къуажэм я къатlысыкlи зэрыхъуар тэмэму 1908 гъэращ.

Къуажэр япэ дыдэ къэкlуауэ лlыцlэхэр:

Кlэрэф; Асуфэ, Былэ, Елджэрыкъуэ, Мыдэ, Жамбот, Хьэжумар, Шумаф, Мэжид, Хьэмид

Къарашей; Аней, Изет, Зеки, Уахьаб, Идрис, Шабэдин, Хьаж Умар, Ахьмэд.

Бэвыкъуэ; Хьэтутцlукl

Хьэтlэф; Асуфэ

Сохътэбатыр; Муса

Мэкъуауэ; Гази

Пхъуэнтэрыщlэ; Азейшэ, Мухьажид

Терчыкъуэ; Елбыздыкъуэ

Щоджэн; Саадулэ

Феяпщэ; Ириза, Камил, Мухьажыр

Хъурсин; Лlыкlуэ

Хьатlэф; Абдулэ

Щхьацэ; Пlытlэ

Лэжьэрей; Али

Кlэнцlалэ; Болэтсан

Ишэгъуэ хъыджэбзу къэкlуауэ:

Кlэрэф; Кlурицэ, Гуащэ, Гуэщэней.

Къуажэр Кайсери къалэм 160 км, Азей районым 60 км пэжыжьэу япэкlэ зэрыжытlам хуэдэ Заманты псы и къыщlэкlыпlэм щысщ. Къуажэр Византия къащlэна къалэм и мывэхэмкlэ ящlащ ауэ хэмыкlуэдэжауэ зытlэкlуи къелащ. Къуажэр къуажэшхуэу щтащ ауэ нобэкlэ куэду мащlэщ дэсыр абы ищхьэусыгъуэри къуажэдэсхэр къалэшхуэхэм lэпхъуэжауращ. Щlы толэжьыхьхэр, lэщ тlэкlуи зэрахуэр. Гъэмахуэхэм къалэшхуэхэм щыпсэухэр къокlуэжри гъэмахуэ икlыух щопсэухэри бжьыхьа хуэкlуэм къуажэм докlыжхэр.

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img