Кайсэри къалэм и щIыгъурыфэй (гэогърафя) щыпIэ щытыкIэм дыщеплъым, Анадолэ зыфIэща, Асия цIыкIукIэ гъэIуа хытIыгу ныкъуэм икум щытысауэ зы къалэщ.
Илъэсищэ зыкIуа (1763-1864) Адыгэ-Урыс лъапсэрых зауэщхуэ нэужьым Iэмалыншэу къыщикIым, гъэтIсыпIэ щIыпIэхэм дыщеплъыми хыдолъагъуэр. Iузуняайла зыфIэща зы губгъуэ убгъуауэ, и зы лъэныкъуэр Сивас щIыналъэм, и зы лъэныкъуэри Кахраманмараш (Джылахъыстэней) лъэныкъуэм нэсу, ауэ и нэхъыбэри Кайсэрым епхауэ Адыгэ къуажэ куэд къагъэтIысащ. Кайсэри Къалэр икум зэритым къыхэкIыу, лэжъапIэ, щхын Iыхьэ къэхьыпIэ, псэупIэ яхуэхъуащ къуажэдэс Адыгэхэми…
Кайсэри къалэм къэIапхъуа Адыгэхэри хэмыкIуэдэжыпэу, я бзэр, я хабзэр, я щIэнхабзэр яхъумэжу зырахьэжыфын папщIэ зыхуэсыпIэу «хасэ»хэр яухуахэщ. Адыгэхэм къуажэцIэкIэ яухуа хасэхэм нэмыщ, Адыгэ хасэхэри щыIэхэщ. Зи ныбжь хэкуэтахэр зэкIуалIэ, щIалэхэр зэкIуалIэ хасэхэу. Кайсэри Адыгъэ Хасэр, щIалэхэм хуегъэзэкIа и лэжыгъэхэр нэхъ хыдолагъуэр.
Мы мазэр, Накъыгъэ мазэм хуэзэу 21. Махуэр дунейм дэнэкIэ щыIэ Адыгэхэм «щыгъуэ щIэж махуэ»у хухэхауэ, и блэкIар, и щхьэ къырикIуахэр зэрыщымыгъупщар игъэлъагъуэу егъащIэр…
Зыгуэтыныгъэ Адыгэ Хасэм; хэкум къыщикIым хэкIуэдахэм папщIэ, фэщхъуныгъэ хабзэу, жэрымэ ягъэуащ. КъекIуэлIахэм Iурыхуащ. И псапэр, дунейм ехыжахэм япсэм лъысыну. Тхылъ лъапIэм и пычыгъуэхэм хуеджахэщ. Iуниверситэ егъэджакIуэ Къущхьа Сэдат хэкум къикыным щхьэусыгъуэ хуэхъуахэм тепсэлъыхьащ. Сэри зы псалэгъуэ къыщыслъагъэсам ди бзэмкIэ; Лъэпкъыр хъумэн папщIэ, бзэр зэрыхъумэн зэрыхуейм сытепсэлъыхьащ. Хьэрыпым и бзэр, дызыхэсхэм и бзэм фэкIа бзэ зедымыхьэжмэ, ди бзэр зэрыкIуэдынум, сытепсэлъыхьащ. Хасэми, унагъуэ кIуэцIыми ди бзэр щызетхьэмэ, щIэблэми зырахьэу бзэм гъащIэ игъуэтынущ. Мыс абы щыгъуэ; мы бзэр кытхуэзыгъэнахэми я гур фыгъэтыншынущ… яжесIащ…
Мыдырей Кайсэри Адыгэ Хасэми гъэ къэс Кайсэрим хухэхауэ нэхъ урамыщхуэхэм Фуар гъуэгъу зыфIэща гъуэгум и зыщIыпIэм щыщIэдзауэ Фуар кIуэцIым нэсыху, щысыу мин бжыгъэхэр зыщIэхуэн унэшхуэм (салон) дынэсыхукIэ Адыгэ ныпхэр, щызекIуэным и щхьэусыгъуэр зыгъэлъагъуэ, махуэм тепсэлъыхьу зыгъэлагъу тхагъэхэр (панкарт) яIыгъуу щымыу, ауэ зэзэмызэ «Адыгэ уей, уэй» псалъэр щIалэхэм къыхадзэурэ дынэсащ. Дынэса нэуужь Адыгэ Хасэ Iэтащхьэ Алхъэс (Уэтей) Нуршах махуэм тепсэлъыхыу зы псалъэгъуэ кIэщкIэ зыIуихащ.
ИстанбулакIуэ пшыналъэр макъамэу зи лъэгуу, зэгъэпэщауэ зыхэлъ, хэкум и къикIыкIэм, къыщикIым щыгъуэ ящхьэ кырыкIуахэр зыгъэлъагъуэм теузэда теплъэхэр (кино) пычыгъуэ пычыгъуэу тепсэлъыхыурэ гурыIуэгъуэ къытхуэзыщIар Хьэжщолук Муратщ.
Зауэр гуауэщ! Тхьэм гуауэ-щхьэуэншэ дищI! КъизыгъэкI псалъэхэмкIэ тIысыгъуэм и кIэр кэсащ.
Ауэ мы мазэ лэжыгъэхэр Кайсэри къалэм щыдухкъым. Хасэм пыщIа бзылхугъэхэр зыгуэхьэуэ яухуа коопэратифым къыщалэжъахэр, цIыхубэм зыщагъэпсэхун папщIэ зэгъэпэща хадэщхуэ утым (Миллэт Бахчэ) зы тхьэмахуэкIэ ягъэлъэгъуащ, ящащ. Ящахэр шхыныгъуэм дей щыщIэдзауэ, гъуазджэ IэщIагъэм щыщыу щIэкI хэкIхэр, фэеплъ тыгъэ цIыкIухэм хуэдэу хьэпшып, Iэмэпсымэхэр…
АткIэ, Iэзагъэ Iэщагъэм хуэгъэсэным теухуауэ Адыгэ бзылъхугъэхэр дыщэ, фащэ, хэдыкIын, нэз къэхуэхьын, уагъэ иун, щыгъэ лэжыгъэ хуэдэхэм хуэгъэсахэм я лэжьыгъэхэр «Талас Санат Галэри» зыфэща гъэлэгъуапIэм щагъэлъэгъуащ. Iэзэу езгъэлэжьар ХьэщIэлI (Iэгуей) Хьэуащ. Къеблэгъа Талас къалэ мерым (башкан), къалэ пашэм (каймакам) щоIпщ зэрыз тыгъэ хуащIащ.
Кайсэри Адыгэ Хасэм, илэс лэжьыгъэу цIыкIухэм теухуауэ «Псынэ щIалэцыкIу гуп»ым хэтхэм хуегъэзэкIауэ къафакIуэ гупыу хуагъэсащ. Мы цIыкIухэр щагъасэм, гъэсапIэм зэ тIо сыкIуауэ сахэплъащ, сахэдэIуэхьащ. ГъэсакIуэм Тыркубзэ зэримыщIэм и фыгъэри цIыкIухэм бзэкIэ къащхьэпэу, къипсэлъ Адыгэбзэри цIыкIухэм зыхахыу, бзэр тхьэкIумэм къинэу, къащхьэпащ. Мыхэр псори зи фIыгъэу, фIыщIэ зыхуэфащэр, гъэсакIуэ Унэж Мадинащ. ЦIыкIу щIыкIэ гъэса мы къафакIуэхэм, ныбж ягъуэтауэ, къафакIуэ Iэзэ къызэрыхэкIынум гурыщхъуэ хэлъкъым. Хасэм лъэжыгъэ зыхуэхьэсыж къыригъэкIыу зытыриухуа гъэлъагъуэми, Псынэ щIалэцIыкIу гупым къалэжьа гъэлъагъуэным дэщIыгъуауэ, Истанбыл Абаза Хасэм и къафакIуэ гуп зэпэщ Ридадэ Энсаблэ «Аныха» гупышхуэм (нэрыбеу 80) и лэжьыгъэхэри щагъэлъэгъуащ.
Ридадэ гупым игъэлъэгъуа къафэ дахащэхэм дэщIыгъуат, IуэрыIуатэхэм хэтыж пасэрейм и цIэрыIуэу, гъукIэ кIыщым щIэтыу, сыджым телъыу уадэкIэ иуIуу, а шэмэджыр сэшхуэ хуэхъуащ, Нарт Сосырыкъуэ. ГъущIым хэзагъэ, гъукIэ Нарт Лэпщ къилэжьыу хэплъагъуэу.
IуэрыIуатэхэм къызэрыхэщу, жыгейшхуэ нэзым удж хъурей тхьэлъэIу гъэзащIэр хэплагъуэу, Нарт Тхьэгъэлэджи, зыдэпсэуа лъэпкъыр иущиеуэ, теплъэ дахэхэм, а лъэхъэнэр хэтлъэгъуа къытIфIэщIыу (АбазэбзэкIэ я фIэщыгъэцIэхэр щхьэхуэми).
Псынэ щIалэцIыкIу Гуп къафакIуэхэр зыгъэса, гъэсакIыуэ Унэж Мадина, Истанбыл къикIа Ридадэ гупыр зыпыщIа Абазэ Хасэм и Тхьэмадэ Егъэн Албузи махуэм и фэеплъ яхуэхъуну тыгъэхэр иратащ.
КъекIуэлIахэм, ялъэгъуахэр икъукIэ ягу ирихьащ. Ягурыхьхэри; хуеуа, я Iэгушхуэ макъхэмкIэ ягъэлъагъуащ.
…Лъэпкъым епхауэ, Кайсэрим, Адыгэ Хасэм, мы гъэрей и лэжьыгъэхэм дыщыхэплъам, гур химыгъэщIыу, гур хигъахъуэу зы лэжъыгъэ екIуэкIащ. ФIыщэшхуэ яхуэфащэщ… Ауэ, Си жагъуэ зэрыхъущи, ди бзэр къагъанэу, (Бзэу хъуар лъапIэщ!) дызыхэсым и бзэ ТыркубзэкIэ къэпсэлъыныращ (Зи мыхъужыхэмэ бзит зехьэ).
Унагъуэм, Хасэм, Уэрамым, мыбы хуэдэ гъэлъэгъуапIэхэм щызомыхьэ ди бзэр, дэнэ щызетхьэнур!!! Зыдэтхьыжыну!!!
ЕтIэнэгъэрей лэжьыгъэхэм ди бзэр зетхьэфыну зы гугъэкIэ…a