Фи тхыдэр зыщывмыгъэгъупщэ…

Ди ныбжьэгъу Чурей Дыжын и фlыгъэкlэ Куржы-Абхъаз зауэм и лlыхъужь Мырзей Аслъэнбэч 2024 гъэм накъыгъэ мазэм и 30-м доктор диссертацэ пхигъэкlыну утыку кърилъхьауэ къэтщIат. Аслъэнбэч илъэситl хуауэ Абхъазием щопсэу. Абхъаз Къэхутэныгъэ Институтым и этнологие къудамэм щылажьэ Аслъэнбэч Абхъаз Къэрал Университетым и Тхыдэ къудамэми адыгэ тхыдэр щрегъаджэ. Ар напэкlуэцl щиплl хъу и доктор диссертацэм илъэс щэщlкlэ елэжьащ, зытеухуар зауэ щэнхабзэр адыгэ гъащIэм къызэрыхыхьамрэ зэрызыщиужьамрэщ. Тхыдэри IуэрыIуатэри тегъэщIапIэ щыхъуа диссертацэр Урыс Федерацэм и щlэныгъэлl пщыкlутхум хъуауэ къагъэлъэгъуащ.

«Жьынэпс» газетым интервью къритыну Мырзей Аслъэнбэч сэрэ дыщызэхуэзащ Лабахуа Елена и лэжьапlэм.

 

ЖьГ: Псом япэ ди газетым еджэхэм закъебгъэцlыхун? Уи нобэрей щlэныгъэ къулыкъур, уи lуэхур, уи лэжьыгъэхэр…

МА: Сэ си цlэр Аслъэнбэчщ, Мырзэйхэ сыщыщщ, лъэпкъкlэ Къэбэрдейм и Джылахъстэнейм хыхьэ адыгэ къуажэ сыщыщщ, ауэ Осетием и къалащхьэ Орджоникидзе сыкъыщалъхуащ, си сабиигъуэр абы щысхьащ, иужкlэ тlэкlу зэман гуэр дэкlри си унагъуэр Къэбэрдейм къэlэпхъуэжащ, сэри абы курыт еджапlэр къыщызухащ. Университетым сыщlэтlысхьэри тхыдэ факультетым сыщеджащ, 1990 гъэм къэзухащ. Абы иужькIэ Москва дэт Этнологиемрэ антропологиемкIэ институтым и аспирантурэм (щlэныгъэ ищхьэ зэзыгъэгъуэтахэм щыпащэ еджапlэ) сыщlэтlысхьэри къэзухащ, абы иужькIэ кандидат диссертацэри пхызгъэкIащ. Ар теухуат адыгэм я зекIуэ хабзэм. А диссертацэр тегъэщlапlэ зыхуэхъуа «Адыгэ зекIуэ» тхылъыр тlо къыдэкlащ. Япэу 2000 гъэм, етlуанэу 2004 гъэм IутIыж Мэжид и дэlэпыкъуныгъэкIэ. Абдежми сыкъыщымыувыIауэ тхыдэм солэжь.

Къэбэрдей-Балъкъэр музейм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и этнологие къудамэм сыщылъэжащ. Иджи, мис, илъэситl хъуауэ Абхъазым сыщопсэу. Абхъаз КъэхутэныгъэхэмкIэ институтым сыщолажьэ. Абы нэмыщI Абхъазием я Къэрал университетым студентхэр щызогъаджэ адыгэ тхыдэм, адыгэ этнологием, адыгэ этнографием теухуауэ. Кlэщlу жьыпIэмэ, аращ.

ЖьГ: Уи диссертацэм утхутепсэлъыхьын? Псалъэм папщlэ, дауэ и темэр къызэрыхэпхар, литературэхэм дауэ узэрылъэlэсар…

MA: Зэрыжысlащи, си япэ тхылъыр адыгэ зекlуэм теухуат. Зекlуэр, зэрыфщlэщи, пасэрей хэбзэщ. Пасэрейм адыгэхэр зэпымычу заум хэтащ. Бийхэр къытеуэрт, я щIыналъэр яубыдыну къеныкъуэкъурт. Адыгэхэм къэралыгъуэ яlакъым, мыдреи къэралыгъуэхэм ещхьу, дзэ яlэу, сэ сщIэрэ, къэрал lэмэпсымэ яlэу. Ауэ псори цlыху щхьэхуитт, зауэлIт, lэщэ-фащэр зыкIэрахтэкъым. Я хэкур, я хуитыныгъэр яхъумэныр я къалэнт. Псом хуэмыдэу пщы-уэркъхэм lэщэ яlыгът, лъхукъуэлIхэми я къэлъэнт, бий къытеуэмэ, я хэку щхьэкlэ зэуэну, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэну. Я хъуреягъыр бийти, зекlуэ ежьэхэрт, къеныкъуэкъухэм теуэрт, Iэщ, былым къахурт, гъэр къащlт. Зекlуэ хабзэмкlэ пщы-уэркъхэм къахьа мылъкур зэрыщыту ягуэщын хуейт, тхьэмыщкlэхэм, фызабэхэм, лъхукъуэлlхэм хуагуэшырт. ЗекIуэкlэ мылъку зрамыгъэпэщми, цlэрэ щхьэрэ яIэ хъурт, пщIэшхуэ ягъуэтырт. Мис а хабзэхэм убгъуауэ сытетхыхьащ. Ауэ зауэм пыщlа щэIнхабзэр кlуэдкlэ нэхъ инщ, нэхъ куущ, зекlуэм нэмыщIи нэгъуэщI lэджи иджыри щыlэщ. А пасэреи lэмэпсымэхэр, хабзэхэр, псом хуэмыдэу къан, атэлыкъ, пlур жыхуэтlэр щlалэгъуалэр зауэм хуэщlауэ ягъэсэн папщlэ адыгэм яIа хабзэщ. Псом хуэмыдэу пщы-уэркъхэм я быныр нэгъуэщl унагъуэ иратти ирагъэпlырт. Иджы а гъэсэныгъэм lэджи хэхьэт, псалъэм папщlэ, цlыху хэтыкlэ, псэлъэкIэ екIу, ауэ нэхъапэ дыдэу зыхуагъасэу щытар lэщэ-фащэм хуэlэрыхуэныр, щы тесыкlэр, лъэрызехьэу щытыныр арат. Уэркъ хабзэм хуагъасэрт.

Зауэр зауэщ, ауэ зауэми хабзэ гуэр иlэщ. Псалъэм папщlэ, адыгэхэм цlыхубзи, сабии, лlыжь-фызыжьи яукlыртэкъым, унэ, гъавэ ягъэстэкъым, уlэгъэ хъуар, бийми, яукlынутэкъым, lэщэ зымыlыгъ цlыхум еуэнутэкъым. Итlанэ пщы-уэркъхэм гъэр ящlам пщlэ намыс иратт. Ягъэлажэртэкъым, мылъку къраIыхти зейм иратыжт. Ауэ гъэр ящIар пщылlмэ, унэlутмэ, езыхэми пщылl е унэlут ящIыжт, ящэжынкIи хъунт. А лъэхъэнэр апхуэдэт.

Зауэм хуэщIа адыгэм lэщэ-фащэ нэхъыфl дыдэхэм ящыщ ящIт. Псалъэм папщlэ; джатэ, афэ джанэ, нэгъуэщl Iэджи. Езым ящlыжа lэщэ-фащэ ящыгъыу щытащ. Ахэр зыщIыф гъукIэ Iэзэхэр яIэт. Апхуэдизкlэ я Iэзагъым цlэрыlуэ ищIати, лъэрызехьэхэти, нэгъуэщI къэралхэм, Тыркум, Ираным, Урысейм я пащтыхьхэм, Польшэм нэгъунэ, цlыху къагъакIуэрт, афэ джанэхэр, адыгэ джатэхэр ящэхуну, ахэр зыщI гъукlэхэр, лэжьакlуэхэр я деж яшэурэ езыхэм я цlыху ягъэсэну.

Епщыкlуиянэ лъэщlыгъуэм, фочыр къежьа нэужь, афэ джанэм и махъэнэр ехуэхащ, фочым кlуэцlриудти. Ауэрэ цIыхум щыхыхьэм щатlагъэу къэнэжат.Абы ипэкIэ, пасэрей феодальнэ лъэхъэнэм, епщыкlутхуанэ епщыкlуплlанэ лъэщlыгъуэм, афэ джанэ зыщымыгъ цlыхур зауэм хэхьэфынутэкъым, абы зауэлlыр ихъумэрт.

А зэманым адыгэ пщы-уэркъхэм пщылlхэр зауэм хагъэхьэтэкъым, езыхэр зауэт, лъэпкъыр яхъумэну пщэрылъ зыщащIыжати. Мыдрей пщылlхэм щIыр явэрт, сэ сщlэрэ, lэщ зэрахуэт, ари къалъэнышхуэщ, сыт щыхьэкlэ жыпlэмэ зэуэн нэмышI, ушхэн хуейщ, упсэун хуейщ. Псори зы лъэпкъыу, зы хабзэм тету щытащ, Ауэ щыхьэж и къалъэн иlэу, ар ягъэзащlэу псэути, лъэпкъыр къелт, lэджэ бэлыхь ятелъми, псэут, багъуэт.

Си етlуанэ тхылъым зауэм пыщlэ культурэр псори къызэщlеубудэ. lэщэ-фащэри, зауэм пыщlа хабзэри, абы зэрызыхуагъэхьэзырри, щыгъынри (адыгэ фащэри зауэм и хуэIухуэщlэу щытат) – мис апхуэдэу комплексу сыбгъэдохьэри, псоми топсэлъыхь убгъуауэ. Аращ си докторскэ диссертацэм и лъабжьэри. Ар 2024 гъэм накъыгъэм (май) и 30-м Абхъаз Къэхутэныгъэхэмкlэ и Институтым щызгъэзэщащ. Диссетрацэ Советым цlыху пщыкlутху хыхьэрт, иныкъуэр Урысейм къикIауэ, иныкъуэр Абхъазым щыщу. Хэплъэхэри зэдэарэзыуэ си лэжьыгъэм доктор цэр къилэжьу къалъытат.

ЖьГ: Дяпэкlэ уи академик лэжьыгъэхэм теухуауэ сыт хуэдэ гурылъхэр уиlэ?

МА: Япэу зауэм культурэм теухуауэ къыдэкlа тхылъым илъэсих тезгъэкlуэдат. Иджы согупсыс темэщIэ; адыгэ аристократием теухуауэ. Аристократхэр лъэпкъ псоми яlэщ. Лъэпкъым къыхэкIащ ахэр, щIыхь яIэу, унафэр яlэщlэлъу, лъэпкъ культурэр ягъэкlуатэу, зэрахьэу, итlанэ я культурэр адрей цlыхухэми къащтэжу. Апхуэдэу аристократиер капитализмэр къежьэн ипэкlэ, епщыкlутхуанэ лIэщыгъуэм лъэныкъуэ егъэза хъуащ. Буржуазиер щызэфIэувам аристократием апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэжакъым.

Иджы адыгэхэм теухуауэ аристократием и къежьапlэр, зэрекIуэкlар, хабзэ къагъэхъуахэр, а хабзэр лъэпкъым зэрыхэпщар, лъэпкъым теухуауэ сыт хуэдэ къалэнхэр игъэзэщlауэ щыта – къэзгъэлъэгъуэжащ и пэм щыщlэдзауэ и кlэм нэсу. Ар щагъэкlуэдар коммунист зэманыращ. Ягъэкlуэдащ пшы-уэркъхэр, езы щхьэхуитыныгъэр, цlыху куэд щхьэпылъэ ящlащ, культурэри щыIэжакъым. Ауэ а культурэр адыгэ хабзэм щыщщ, хабзэм хэпщlауэ лъэпкъым хэтщи, а темэм сытепсэлъыхьыну, ар къэсхутэну си гугъащ. Ар къыщысхутэкlэ, зэзгъэпщэну сыхуейщ Европэмрэ нэгъуэщl лъэпкъхэмрэ, даурэ зэрыщытыр, адыгэм сыткlэ щхьэщыкlрэ, сыткlэ ещхь, жысlэу.

ЖьГ: Дэгъуэщ, си къуэш, упсэу. «Жьынэпс» газетым и лэжьакIуэхэм фlыщlэ пхудощl. Уи лэжьыгъэхэр Тхьэм нэхъыбэ, нэхъ дахэ, нэхъ уэр ищI. Ди газетым еджэхэм папщlэ зы псалъэ, псалъитl жыпlэн?..

МА: Ди лъэпкъэгъухэу хамэ къэрал щыпсэухэм захуэзгъазэу жысIэну сызыхуейращ: фи хэку фимысыжми, дихуэнщ апхуэдэ зэман, къэвгъэзэжыфыну, хуиту ди хабзэр, ди бзэр зетхьэу, ди щхьэ и унафэ тщlыжыфlу дыпсэуну. Ауэ а зэманыр къэсыху, фыздэщыlэ щIыпIэхэм фи лъэпкъ гупсысэр фыфlэмыкIуэду, фы бзэр фхъумэжу, фы хабзэр фхъумэжу, хэкурысымрэ хамэ щIыпIэ исхэмрэ зыфlэмыкIуэду, дызэрыlыгъыу, ди тхыдэр тщэжу зытхъумэн хуейщ

Ди тхыдэм, сэ зэрысщIэмкlэ, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм апхуэдэу кууэ хащыкlкъым. А тхыдэр щlалэгъуэлэм зэрыфхузэфlэкlкlэ хэфпщэн хуейщ, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, цlыхум и тхыдэр щищlэжым деж, абы лъэпкъ гупсысэр къегъэущ. Бзэм мыхьэнэщхуэ иlэщ, бзэр уиlэмэ, бзэр пхъумэжмэ, уадыгэщ. Уи тхыдэр пщlэжмэ, нэхъ уигъэгушхуэнущ, щlалэгъуалэм «сы адыгэщ», «сэ адыгэу сыщытыну сыхуейщ», «си адэжьхэм ещхьу сыщытыну сыхуейщ» нэхъ жаlэнущ, Апхуэдэ пэгагъэ къозытыр, апхуэдэ лъэпкъ гупсысэ лъагэ къозытыр тхыдэращи, а тхыдэм зи Iэмэл зэриIэкlэ ди щlалэгъуэлэм ядгъэщIэну, ябгъэдэтлъхьэну, тхылъу ирехъу, ар кино ирехъу, сэ сщlэрэ, нэгъуэщl lэмэпсымэ lэджий щыlэщ. Ар бгъэдэтлъхьэным мыхьнэшхуэ иlэу собжри, фи газетым апхуэдэ къалэн Тхьэм къывигъэхъулlэ.

ЖьГ: Упсэу, си къуэш.

Сурэтхэр: Чурей Дыжын

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz