Къуажэр 1859 гъэм хэкум Хьатуей къикІа лъэпкъхэм я ухуауэ зы къуажэщ. Тохъу Али, Тохъу Елмырзэ, Алтуд, Тэнокъуэ, Мэзанхэ ипэ къэтІыса лъэпкъхэрщ. ИужькІэ Тагу, Хьэмгъокъуэ, Щобыдэ, Іэбыдэ, Пщыншэ, Тохъу (щхьэхуэу гуп) Борсэ, Къумукъ, Мэрзей Мухьамэд (Мэрзей Решид и Адэр) куэд иужькІэ къэкІуащ, ХьэжтІыш, Къуэдэбэрдокъуэ, Бырс (Къундэтей Къаракъуи къикІащ).
Иужьдыдэ Муса Къундухъ и гъусэу къэкІуа Мэрзей ХьэкІашэи щыІэщ. ИужькІэ Чорум къалэм къикъри Кил Якъуб къэкІуащ. Тохъу Али Плъыжьи Чорум къалэм къикІри иужькІэ къуажэм къыдэтІысхьащ. Тыкъынэ Амдуллахь хэкум къикІа нэужь Ескишехьир къалэм зыкъомрэ щыпсэуа нэужь мы къуажэм къекІуэлІэжащ.
КІуэкІуэ Бешир, ХьапцІэ Батырбей къуажэм къакІуэри щыпсэуащ. Тэнокъуэ Нурбей гушыІэрейуэ ІащкІэи Іэзэу фІыщэу ялъагъу зылІт. Алтуд Мэмэт къуажэм илъэс куэдрэ я Ефэндыуэ щыпсэуащ. ЦІыху щэныфІэу пщІэшхуэ иІэу щыпсэуащ.
ХьэжтІыш Хьамо хьэщІэ и гъэхьэщІэн фІэфІу цІуху м фІыуэ къалъагъу зылІт. Борсэ Сэлэдин нэсауи цІыху щэныфІэу пщІэ иІэу цІыхум фыщэу къалъагъу зылІт. Хьамгъокъуэ Щуда къэгубжьырейу, бзаджэу жаІэжыр. Тыкъынэ Амдуллахь абрэджу куэдрэ губгъуэм итащ.
Мэзан Къамбот лІыгъэ хэлъу лІы бзаджэу щытауэ жаІэжыр. Къуэдэбэрдокъуэ Азиз шыкІэ зауэм кІуэуэ, къигъэлъэгъуа лІыгъэмкІэ къулыкъу я фІиубыдау лІыфІт. Пщыншэ Зубер цІыху щэныфІэу псоми фІыуэ къалъагъу зылІт. Кил Решад къылъыс ищІэфу пщІэ иІэу зылІт.
Багу Щамырзэ хуэкъулейу зылІу щтащ.
Къуажэр Кайсери къалэм 170 км., Азей районым 72 км. пэжыжьэу зы къуажэщ. Къуажэр Казанчык, Мударей, Сидкыт, Анзорей, Капакдыпынар къуажэхэмкІэ ящІ зыпылъу зы къуажэщ. Сивасым и Шаркышла районри 40 км. кІэ пэжыжьэщ.
Къуажэр къуажэшхуэкъым, къуажэшхуэу щытакъым ауэ лІыфІ куэд дэсащ, зэр Узняйлэм пщІэ къыхуащІу. зэхэтыкІэ дахэ яІэу зы къуажэт. Дэ ищхьам хэкум къикІахэм я гугъу тщІащ ауэ абы иужькІэ ахэм я быну лІы цІэрыІуэ куэди яІащ.
Кил Хьилми, Сабри,
Тохъу Хьэжахьмэд, Демир, Бахьаттин, Бекир, Фэтхьи,
Мэрзей Кушук,
Тыкъынэ Мурат,
ХьэжтІыш Муджахьид,
Пщыншэ Аладдин,
Бырс Нэжми, Хьилми, Яуз, Хьэмзэт, Фози, Аслыхъан, Атие, Ремзи,
Адэжэ Дурсун, Мухьамэд Мырзэ,
Алтуд Мэмэт, Музафэр,
сигу къэкІыжхэр.
Бырс Иза Латин графиккІэ тхэкІэ ищІэуи егъэджакІуэу щыпсэуащ. Къумукъ Къасым, Къардэн Аслан и чэтэм хэтауэ къуажэм фІыуэ щалъагъу зылІт.
Къуажэм лІыфІ цІэрыІуэ куэдыкІей къыдэкІащ, лІыгъэкІэ цІыхугъэкІэ зэр Узняйлэм «Жылэ Тхьэмадэу» пщІэшхуэ яІауэ щыпсэуахэр нобэрей махуэми зэпсоми я цІэр ящІэжу лІыфІхэм датепсэлъыхьынщ.
Тохъу Хьэж Умар, жылэ тхьэмадэу пщІэшхуэ иІащ. Зэр Узняйлэм къацІыху и унафэ пщІэ игъуэту зылІт.
Мэрзей Рэшид хуабжьу лІы хахуэу цІыхугъэрэ зэфІэкІыныгъэ и куэду а зэманым нэхъ лІы цІэрыІуэт.
Тохъу Хъусейн, лІыфІу цІэрыІуэу пщІэшхуэ иІэу щыпсэуащ.
Тохъу Емирбей, зэпІэзэрыту зытету щэнхабзэ иІэу щыпсэуащ зэр Узняйлэм пщІэшхуэ къыхуащІу.
Тохъу Аслан Іуэхушхуэ къригъэкІуэкІыу, щІэныгъэшхуэ иІэу зэр Тыркум зэпсоми къацІуху лІыфІт.
Къуажэм нобэкІэ унэгъуэ зыбгъупщІ щопсэур. къуажэдэсхэм Іэщ, мэл къапыщІащ, гъэмахуэм къалэдэсхэр къокІуэлІэжхэри я лэжьыгъэ кърахьалІэжыр. ЩІымахуэми къалэшхуэхэм мэІэпхъуэжыр. Къуажэдэсхэм Анкара, Истамбыл щыпсэууэ хуэкъулейу цІыху куэд дэсщ.
АнзорейцІыкІу и ц1эу Узунейлэм къуажэ щыӀэӀым. Анзорейыжс къуажэм и ц1эр. Узунейлэм ипэ дыдэу къыдэт1ысхьа къуажит1ым зыр Пазарсус адырер Къаракъуыйс. Араси Къафтанчей (Анзорей) къуажэр иужък1э Узунейлэм къэк1уа нэужъ Пазарсу щхьа Анзорейыжъс жа1ар араси т1ури Анзорейс, ц1ык1у ин и1э1ым. Тхылъым нэгъуэщ1 пхэнджхэри, ныкъуэ дыкъуагъэ иджыи лейуэ хэмытапхъэу “ди къуажэмрэ мыхэмрэ сыт захуи1уэхур иджы?” жыхуэп1эн зыгуэрхэри хэтс ауэ ахэр 1уэху1ым, хэт сытми дахуэдэу щытами, дауэ дэсами сыт хузыф1эк1ами куэду фӀыуэ дощӀэр иджыи ящ1эр. Тхьэ аразы къыпхъухъу утелэжъыхьас сыт хуэдизу щытми