Мы дыгъэлъэгъуа IуэхъугъуитIым щIамыдзэ кIыщIэ; цIыху зыфамыщ ипэ, хьэ лъэхъэнэм щыгъуэ, аддэ, ижъ ижъыжъым щIыналъэм и хуэбагъэм епхауэ апхъуэурэ, зекIуэурэ псэуащ. Жэщым и кIыфIым зихъумэжын папщIэ гъуанэ, кугъуанэ, бгъуэнщIагъ хуэдэ, псэупIэ хъумапIэхэр зэрихьащ.
Нэху щыуэ и нэмкIэ жыжэхэр илъагъу щыхъум щакIуэ кIуэуэ, къиущэкIун кыщигъуэтым ар ишхыу, щимыгъуэтым щыгъуэ, къэкIыгъэ лъэгухэр къыщIитIыкIыу, къыпыкIэ тIыгъуахэр ишхыурэ зекIуащ.
БгъуэнщIагъым къыщIэкIыфыным гъэ мин куэд икIуащ. И щхьэусыгъуэри псэущхьэ ин лъэщхэм зыщихъумэнырат. Псым щыхуэныкъуэм, махуэми псым Iухьэфтэкъым, «Псы хуэлIэн» псалъэр ди бзэм, псыншэу, псы Iурымыхьэу хуэлIэу «лIэн»ыгъэм хуэзышэ псалъэу къыхэхьащ.
ЦIыхум зы лъагагъэ игъуэту, и лъэм щытеувэм щыгъуэ, «Iэ» зыфIищIа и пкъыгъуитIыр хуиту къэнащ. Зихъумэну жыг къудамэр «Iэ»кIэ щиIыгъым «Iэщэ» хуэхъуащ. И лъэм теувэу лъагагъэр, къиIэта и Iэм, и Iыгъ Iэщэм и лъагагъэр щыдищIыгъум псэущхьэ ин лъэщхэри къыщышынэу къыбгъэдэмыхьэф щыхум псыр зыдыщыIэхэм Iухьэф хъуащ.
Псыр щызежэ щIыпIэр къуэрат, къуэладжэхэрат. Псыми, щхыныгъуэ хуэхъуну бдзэжьей хэст. ЕщакIуэу къиубыдыфырт. Мы щIыпIэхэм щытысыу щыпсэуфыным нэсат. Къуэладжэ псым пэгъуэнэгу гъуанэхэм исыурэ, зыгуэрэхэр зытырауфэу щIэсыпIэ ящIыу щIадзащ. А зытыраухуа тIысыпIэм и нэзхэр чы цIынэкIэ къахуэхьащ. А къахуэхьахэр пщIантэ яхуэхъуащ.
ТIыса псэущхьэхэр (хьэ хэр) лъыкIэ зэблауэ зы гупти «Хьэблэ» зыхужаIащ. Къуэм, абы «жэ»кIэ ежэх псым и цIэхэр зэгъусэу а тIысыпIэ щIыпIэм «къуажэ»р цIэ хуэхъуащ…
ТІысами, ЩакIуэныр щагъэтакъым. ЩакIуэ кIуэт. ЩакIуэ щыкIуэм имыукIыу псэууэ кыщиубыди хъут. Гупу щыщакуэхэм къуагъу, къуэгъунапIэм дагъэзэрыхьыу зыпэлъэщахэр зэгъусэхэу къэхуэхьа щIыпэхэм щызытыриIыгъэт.
Езыр езырурэ щIэхъуэуэ щIэблэ ягъуэту щIидзащ. А щIэблэ щIэхэри игъасэу, игъащхэу (ишхыр сытми къыхуахьыу), гъэ Iэса, Iэсэ хъуахэр, къэхуэхьахэм (Iуэ)м кырагъэкIыу хъун ирагъэшхыу, (ягъэхъуу) яхъумэу къырашэкт. Мы яхъумэу, ягъэхъуу къырашэкI псэущхьэхэр псори зейр арат. А ра’р тхьэуэ ялытэрат. Ар «ды», «дыгъэ»ра’т. Зер арами, къытхуэупсэу дэ къыдитащ. Зейр дэращ. «Ды дей»щ хужаIащ. А псэущхьэхэр я Iэм илът, я Iэщэлът я Iуэм итт. Ар зейм и Iэм «Iэщэ» (баш) IэщIэлът. А IэщэмкIэ игъэшынэт. А игъэшынэ псущхьэхэм папщIэ «Iэщ» хужаIат. А Iэщхэр «хъун» зыдыщыIэхэм ишэрт, игъэхъуакIуэу, игъэхъут. ЗыгъэхъуакIуэу зыгъэхъум цIэ хуэхъуат «Iэхъуэ»р. Iэхъуэм и гъэхъур «мэлы»мэ мэл Iэхъуэ, «мэлыхъуэ», щынэмэ «щынахъуэ», щкэмэ щкахъуэ, жэмымэ жэм Iэхъуэ, «жэмыхъуэ» хужаIауэ къыщIэкIынущ.
Лъэхьэнэ кIыхь зыкIэлъыкIуэхэм, псэущхьэ цIыкIуи, ини ягъэсащ. Япэ игъэсахэм щыщыу «мэ» жиIэу «лы» къезытым «мэлы» хужиIауэ, бэуэ лы къезытыми «былым» хужиIауэ къыщIэкIынщ.
А Iэщыу ягъэса псэущхьэхэм мэл, бжэн, щыхьбжэн, кхъуэ, жэм, шы хуэдэ псэущхьэхэм я лыр, я шэр, я фэр, я цыр, сытым хуэныкъуэми шагъуэтащ.
Шэм шху, шатэ, кхъуей, тхъу хащIыкIащ.
И фэхэм, щатIэгъэн щыгъын «фащэ» хащIыкIащ.
Фэ Iув зиIэ кхъуэм и фэм «кхъуафэ» псылъэ, Iусылъэ, щхьалъэ, псы щIыIум бзэжейм ирещIэну тесыну «кхъуафэжьей» хащIыкIащ.
Цы къызытекIхэм я цIыхэмкIэ Iуданэ, Iуданэм хэщIыкIауэ Iэлъэ, лъэбэдым щыщIэдзауэ цейти, цакуэти, щIакIуэ хуэдэ щыгъын куэд хащIыкIащ. ТепIэн-щIэлъын зыфIэща уэнщIэку, щхэIэн щхьэнтэ хуэдэ зэхьэнхэр къыхащIыкIащ.
Мэл-былым зехуэнур зы лэжыгъэ Iуэхугъэу гъащIэм къыхэхьауэ зы IэнатIэщ. Тхьэм и лIыкIуэу къагъэлъагъуэхэм (бейгъамбэр) я нэхъыбэр мы Iуэхугъэм хуэлэжьащ. Пасэрейм къежьа IуэхугъуитIым я зыр, мэл-былым, IЭЩ ЗЕХУЭНщ. Адырейр ВЭН-СЭНщ.
Бэн-сэн лэжьыгъэми щIэдзапIэ хуэхъуар бгъуэнщIагъым къыщIэкIыу тIыса нэужьщ.
Зы махуэ гуэрэм щакIуэ кIуауэ, щэхуу ещIэу щыщылъым щыгъуэ; бзу цIыкIухэм щIыр къаулъэпхъэщыу, къыратIыкIыу, яIупэм жьыдэлъыр ирадзэу трапIэжыу кIэлъыплъащ. Уэшхыпс, хуабэ илъагъуурэ, лыгъуазэурэ кIэлъыплъащ. КъыхэкIыкIыу, къыдэкIыкIеу, щхьэ пищIэу, щхьэм шэ ирищIэу, ирищIа шэр игъэжыу, щхьэмыж быдэ хъууэ, гъууэ, тIыгъуэу къыпылъэлъу ялъагъуащ. Дэри, мы бзуухэм зыращIым хуэдэу тщIымэ мыхъуну пэрэ жаIэу щIадзагъэну къыщIэкIынщ.
КъыратIыкIащ, я Iыгъ IэщэмкIэ, къыпылъэлъу гъуру ящхым щыщ ирадзащ къратIыкIа кумбыгъуэхэм. КъэтIэпIащ, къыхэкIыкIащ, къыдэкIеящ, щхьэмыж хъуащ, тIыгъуащ. Бэгъуауэ къыпылэлъ хъуащ. Щхьэмыжьым къырахащ. Мыхэр щигъэзащIэм щыгъуэ макъ къыригъэкIыу щытамэ къыригъэкI макъыр цIэ хуэхъунут. Макъ къыщыримыгъэкIым, езыми цIэуэ къытена макъ псалъэр мы къэкIыгъэми цIэ хуэхъуауэ къыщIэкIынущ «хьэ» хужаIащ. Хьэр, къэкIыгъэхэм япэ дыдэ къагъэкIауэ ялъытэращ. Хьэжыгъэ псалъэми хыдолъагъуэр, «хьэ»м зэрыхэщIыкIар. Хьэр къэплъыу пIацIэ хищIэмэ хужаIари «хьэпIацIэ»щ.
КъыратIыкIыу гугъу щыхъум, я Iыгъ IэщэмкIэ иратхъэу, иратхъам, хьэр ирапхъэу щIадзащ. ЯIыгъ Iэщэр пхъэти цIэ хуэхъуащ «пхъэIэщэ»уэ. (Нобэ къэсауэ зыдохьэ а цIэр). ПхъэIэщэмкIэ щыратхъэм езыхэращ щIэщауэ екъуар. ЯужькIэ къарууфIэ зы псэущхьэр ягъасэри пхъэIэщэм ар щIащIэри, ищIэ Iуэхуми щIэщIауэ зыщIэми зы макъкIэ цIэ хуэхъуащ. «бэ»н, «вы» хужаIау.
Явауэ, а гъэм халъхьэу, къытырахыжым «гъавэ» хужаIащ. Япэ дыдэ хащIар «хьэ»ми, адырей къэкIыгъэхэри IэкIэ ягъэсауэ къыщIэкIынущ, мэщыу дызэуэу къитшыу хъуам «гъасэ» къыдош хужытIащ.
Къитша гъасэхэр, гуэдз, хьэ, хьэмцIи, зэнтхъщ. Гъасэр щаIуэр «хьэм»щ. ЗыраIуар «балбэ»щ. БалбэкIэ щаIуэм жэпкъыр зыпеуд, щхьэмыжым жылэр къыхокI. Уазэрэ (саман) жылэмрэ зыхэгъэкIын папщIэ жыбгъэр кыщепщэм хуэгъэзауэ, пхъэ гуахъуэ пIащэкIэ кIыщтэуэ зыхагъэкIт. Гъавэр къузанэ пхъашэм щIагъэкIт. Гъэкъэбза гъавэр щхьэлым щахьэжыу «хьэжыгъэ» хъурт. Хьэжыгъэми хэщIыкIа щхыныгъуэхэр дызыпэрыс ди Iэнэм нэс къэсыу…
Хьэр зыхащIэ щIыпIэм «хьэсэ» хужаIащ. Нобэ хадэрыкI, хадэхэкI зыфIэща къэкIыгъэхэри къыщагъэкI щIыпIэми «хадэ» хужаIауэ вэн-сэн лэжьыгъуэм хэтыжщ.
Мы лъэжьыгъуитIым къыхэкI щхыныгъуэхэр, фи Iэнэм щыбагъуэну…a