Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хьэпэщlей / Ташолук

ХьэтIохъущокъуэ Гази 1859 гъэм 76 унагъуэ и гъусэу хьэжым кIуэн и щхьэусыгъуэу къакIуэри османлым къыдэтIысхьэщ. Ипэ дыдэ яухуа Адыгэ къуажэхэм ящыщу ХьэпэщIей къуажэр яухуащ. къуажэр ипэ дыдэ Батырдэгу Алгери иухуащ, ар щхьэкIэ куэд мыщIэу Алгери къуажэм дэкIыжри ХьэпэщIэхэ къыдэтIысхьащ. къуажэм и цIэри «ХьэпэщIей» кIэ зырахъуэкIащ.

Ипэ дыдэ къэтIыса лъэпкъхэр;

Тамбий Талъостэн (Азэу щта), ХьэпэщIэ Талъостэн, ХьэпэщIэ Кушук, Гъубж Щхъымгери, Хьэмид, Хьэжгери, Иуан Мэмэд Али, Къанокъуэ Ахьмэд… зи цIэ тхузэгъэщIахэращ.

Къуажэр куэду ину зы къуажэу щтакъым, ауэ нэсауэ цIэрыIуэхэ пщIэ иIэу цIыху куэд щыпсэуащ.

Къуажэр ЛIыгъурхьэблэ, Бэшкъэзакъхьэблэ, Мэкэней, ЩIэшхьэблэ, Къаялты къуажэхэм щIыкIэ зыпылъуращ. Къуажэм мэлрэ, жэмрэ зрахуэр, гуэдзрэ хьэрэ хасэр.

Къуажэм лIы цIэрыIуэIуэ щыпсэуахэр;

ХьэпэщIэ нури; цIыху Iущу щтащ, унафэщIу акъылрэ гупсысэрэ иIауэ Iуэху зэблихыфу зылIу щтащ.

Батырдэгу Алгери; ЛIыгъэ хэлъу зылIу жаIэжыр.

Тамбий Талъостэн; азэу щтащ, цIыхухэм узыншагъэкIэ ящхьэпэт ауэ къуажэм куэдрэ дэмысу Азей районым щыпсэуауэ жаIэжыр.

Гъубж махьмуд, абы и къуэ Хьайдар, хэкум къикIа Гъубж Хьэжгери, абы икъуэр Хьэмид абы и къуэжри Бэдри.

Иуан Алым.

Иуан Гъузер абы и къуэ Сэлэдинрэ Зекирэщ.

Къанокъуэхэ Ахьмэд.

АфэщIыж юсуф.

ХьэпэщIэ Нури и къуэр Фэхьми.

ХьэпэщIэ Сабри, Хьайри, Хьикмет.

Къардэн вахьаб.

Бырсейкъуэ Казим.

Акъей Азми (ТIатIущ) Хьилми, Кирами.

ХьэпэщIэ Кемал, Зия.

ИужькIэ Щэныбей къикIыжу хэхэсу къэтIыса Къалмыкъхэ Хьэж Ибрэхьим, Суфян, Вахьид.

Сийухъхэ хэкIуэдэжащ иужь дыдэ ЧолакIкIэ зэджэу зылIрэ и шыпхъу Накукрэ щыпсэуащ тщIэжу ауэ тIури унагъуэ зэримыхьам папщIэ хэкIуэдэжахэщ.

Хьэж Емырхьанрэ и къуэ Хьаж Фуадрэ цIыху щэныфIэу къалъэсIамэ ящIэжу цIыхухэм фIыуэ къалъагъу псэукIэ дахэ яIэу щыпсэуащ.

Къуажэр Кайсери къалэм 120 км, Азей районми 30 км.кIэ пэжыжьэщ. къуажэр щыгум и суращ. ЩIымахуэхэр нэхъ ткIийуэ блокIыр. Псы щIэгъэхьэ щIы яIэкъым.

НобэкIэ къуажэм щыпсэу лъэпкъхэр, АфэщIыжхэ, Гъубжхэ, Иуанхэ, Бекхэ, Къалмыкъхэщ, зэпсоми Iэщ япыщIэу щIы телэжьыхьу лэжьакIуэу мэпсохэр.

Гъулэ КъуийкIэ еджэхэу цыщ лэныстэкIэ зымахуэм 130 мэл къищIауэ сощIэж, мэлхэм я лъакъуэр зыпхэри сэрати хуэбжьу сригъэшауэ щта. СыхукIэлъщIэмыгъэхьэуэ.

Yazarın Diğer Yazıları

АнзорейцІыкІу / Пазарсу

Къуажэр 1859 гъэм хэкум Хьатуей къикІа лъэпкъхэм я ухуауэ зы къуажэщ. Тохъу Али, Тохъу Елмырзэ, Алтуд, Тэнокъуэ, Мэзанхэ ипэ къэтІыса лъэпкъхэрщ. ИужькІэ Тагу, Хьэмгъокъуэ,...

Кlурашынхьаблэ/Тахьтакопру

Адыгэ/Къэбэрдеи къуажэ. Къуажэр 1859 гъэм хьэжым кlуэн я щхьэусыгъуэу Урысым къикlа пщы Хьэтlохъущокъуэ Гази и гъусэу Узняйлэм къэтlыса гупым къахэкlыу нобэ щыпсэу щlыпlэм къэтlыса...

Астемырей/Шерефие

Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр Урыс Япон зауэ нэужьым Кlэрэф Залымджэрий и гъусэу зауэм кlуэуэ зауэм къыхэкlыжа гупым Тэрчым псэупlэ щамыгъуэтым Тэрчыр я бгынэу къикlа...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img