Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ. Къуажэр пщы къуажэщ,

Ипэ дыдэ къэтIысахэмрэ иужькIэ къыдэтIысхьа лъэпкъхэм я лIы цIэ тхузагъэщIахэр;

ХьэтIохъущокъуэ Мусабий, Хьасан,

Мэкэр Асхьад,

Агуей Хьэжы,

Шыд ЦIунэ, Мухьарбий,

Думэн Иса, Зекерия, Къадир.

Мэкъуауэ Иса, Ибрахьим, Пагуэ, Али, Шабан, Саид.

Хэхэсу къыдэтIысхьэжа лIы цIэхэр;

Быж Асхьад, Камил, Хьэж Исхьакъ,

Ансыкъуэ Шакир, Сэлэдин,

КIэрэф Хьамид, Мэжид,

Дзэгъащтэ Али, Осман,

Багу Хьасан,

Шыгъэлыгъуэ Хьайдар,

Адэмей Гази,

Дамэлей Ахьмэд.

Къуажэм лIы цIэрыIуэу щыпсэуахэр;

ХьэтIохъущокъуэ Гази,

Агуей Тофикъ, Али, Умар, Нание, Махьмуд,

Мэкэр Мэмэт, Умар,

Алъэсчыр Адил, Ахьмэд, Дуран,

Шыгъэлыгъуэ Ата, Сами,

Шыд Фэхьми, Ариф, ЛутI,

Сигу къинэжахэр аращ.

Къуажэр; Узуняйлэм икум ису зы къуажэщ. КъетIысылIа къуажэхэр ХьэтIохъущокъуейыжъ, Къундэтей, Бэшкъэзакъхьэблэ, Казанчыкщ.

Къуажэр Кайсери къалэм 150 км, Азей районым 50 км кIэ пэжыжьэщ. ТеплъэкIэ къуажэ дахэ цIыкIущ, удзыпцIэщ, жыгей щы куэдщ. Ауэ къуажэщIыр цIафтабзэщ, жыг щыплъагъуныр амалыншэщ.

Къуажэдэсхэр зэр Узуняйлэ къуажэхэм я щхьа кърикIуаращ кърикIуар. Зэ псом хуэдэу мы къуажэдэсхэри я Бын ирагъэджэнрэ лэжьапIэ зэрагъэпэщын я унафэу къалэшхуэхэм Iэпхъуэжащ. Къалэшхуэхэм цIыху куэд щопсэур, еджауэ къулыкъу зиIэ, егъэджакIуэ, инженеру, завод яIэу цIыху лъэрыхьхэр щопсэур.

НобэкIэ къуажэм унэгъуэ тIощI хуэдиз щопсэур, мэкъу, мэш толэжьыхьхэр, Iэщ япыщIащ. Къуажэм еджапIэ сыт зыри дэткъым.

Къуажэм узытепсэлъыхьыну сщIэр зэ псори мыращ. НэмыщI сызытепсэлъыхьыни си куэдщ ауэ ди Адыгэ лъэпкъым теухуауэ пщIэ зэтхэри жыпIэ хъуркъым. Абы гу къанэ къыхокI, макъ лъагэ я гъэIур.

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img