Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мазаем 21 Махуэ! Анэдэлъхубзэм И Дунейпсо Махуэу!

Сыт бзэ псалъэр анэм пыщIауэ «Анэдэлъхубзэ» щыхужаIар? «Адэщылхубзэ» хужаIами хъунут? ЦIыхур дунейм къытемыхьэ кIыщIэ, анэ ныбэм щисым щIедзэ, анэр и быным и ныбэм щилъым щыщIэдзауэ, еIусэу, теIусэу, епсалъэурэ гукIэ зыпыщIауэ, псэкIэ зыпыщIауэ, ар зыдыщIыIэ и гъуэм хъумапIэм щехъумэ.

Гъуэм къикIыу къызыдытехьа щIына-лъэми мэкIэ щызырощIэ, иджыркъэс ныбыджкIэ зыпыщIами, иджы нэужь ныбыдзкIэ, шэкIэ зыпещIэ. Щэзыгъэфыр аращ. Зылъэсыр аращ. ЗытIэщIыр аращ. Зыхуапэр аращ. зыгъэпскIыр аращ. Гуащэу, гущэр аращ, щIэзыупскIэр аращ. Гущэ уэрэдыр, дахащIэ уэрэдыр, щытхъу уэрэдыр хужызыIэр аращ, И макъым макъамэ ху-щIэзгъувэр аращ… КеббжэкIкIэ пхуэухынукъым гъащIэр дэзыгъащIэр аращ.

Нытэ абы и бзэр къигъанэу хэт и бзэ зэ-рихьэнур? Езым дэщIыгъуу кыдилъхуащ а бзэр. Аращ абы «анэдэлхубзэ» щыхужаIар. Дэри ди анэм и бзэу «анэдэлъхубзэ» диIэщ. А бзэми зы цIэ фIащащ. Адыгэм и бзэ хужаIауэ «Адыгэ бзэ»уэ!

Мы дэ ди бзэм хуэдэуэ, дунейн минибл (7.000) хуэдиз бзэ тетщ. Мы бзэхэм и щанэ (1/3) хуэдизыр (2.500) хэкIуэдэжыну тошынэхьхэ. Мы зытешынэхь бзэхэм дэ ди бзэри хэту ягъэлагъуэ. Зыгъэлъагъуэри (BM) Лъэпкъ зыгуэхьэныгъэм (UNESCO) Гъасэныгъэ, щIэныгъэ, щIэнхабзэхэм и лэжакIуэхэращ.

Мы хэкIуэдэжыну бзэ шынагъуэхэр нэрылъагъу я щIын папщIэ: ЩэкIуэуэгъуэ мазэм и 17-м 1999 гъэм, зыхуэсыу Мазаем и 21 Махуэр «Анэдэлъхубзэм и Дунейпсо махуэ»у хухахащ. 2000 гъэм щыщIэдзауэ щIэнхабзэ (кулутурэ) щхьэхуэхэр, бзэ куэдыныгъэр хъумэным хуегъэзэкIауэ «Анэдэлъхубзэм и Дунейпсо махуэ»р гъэлъапIэн махуэу хухахащ. Мы гъэм и 25. Далэу дытохьэ.

Бзэ хэкIуэдэжыну зытешынэхьхэр, Кралыгъуэхэм щыпсэу хэхэс лъэпкъхэращ. Е бзэ иIэу, хуиту кралыгъуэ зимыIэхэращ. Зыхэпсэуэхьхэм цIыхухэр щызыхэхьэкIэ IэфIыгъэ кызырыщIахыр и бзэ, и анэдэлъхубзэр щызырихьэращ. И бзэмкIи еджэжыфыни хуейщ. Зыдэпсэу лэпкъхэри, зыхэмыдзауэ зыхуэдэ хъуни хуейщ.

Дызыщыпсэу Тыркум дыщыхэплъэм щыгъуи хыдолагъуэ, АсимилъацIякIэ дунейм хуэдэщ, бзэхэр хокIуадэ. Мис хэкIуэдэжа бзэхэм ящыщщ  Убыхыбзэр. Мыбы хуэдэу кIуэмэ, нэгъуэщ бзэхэри хэкIуэдэжыну шынагъуэщ.

Тыркум, Тыркубзэм щымыхъуа бзэхэм теухуауэ, 2012 гъэм щыщIэдзауэ, адырей бзэхэм хуегъэзэкIауэ е 4. Гъэ еджэгъуэ нэужьым щыщIэдзауэ, хэдэныгъэкIэ и бзэмкIэ еджэну, зы тхьэмахуэм сыхьэтитI хехыф. Анэадэм Iэ щIидзэу хихами, унагъуэм щызыримыхьэж  хъуа бзэр, зы тхьэмахуэм сыхьэтиткIэ пхузэгъэщIэжын! Ар, цIыху зыхэдз диIэкъым. Хэт си бзэмкIэ седжэжынщ жиIэми, ди еджапIэхэр хуIухащ, жиIэфыным и щхьэусыгъуэ хужыпIэфынщ. Зы еджапIэм, еджакIуэу цIыкIуипщI (10) хуэдиз Iэ щэдзамэ еджапIэ щIэсыпIэхуIуах. Езгъаджэн, егъэджакIуэ щамыгъуэти мэхъу. Зырагъэджэн тхыл традзэ-ныр зы бжыгъэм нэмысмэ хутырадзэкъым.

Дэ къуажэм дыщыдэсым, еджэным щIэдзэгъуэ ныбжым, ди бзэу тIурылъ анэ-дэлъхубзэр Адыгэ бзэт. Тыркубзэр еджапIэм щызэдгъащIэт. Иджы Адыгэ бзэр къызыIурымына, еджакIуэ цIыкIуми бзэр ирагъэщIэжыну ягугъэу, анэ адэхэм и зы мащIэ дыдэр, и бзэмкIэ егъэджэным ходэ. Тыркум дыщыпсэу Адыгэ цIыху бжыгъэу дыщытепсэлъыхькIэ милуан зы тхух бжыгъэу къыдопсэлъ. ЕджапIэм и бзэм хэдэу, хуеджэну, хэдаухъуар псори,  еджакIуэ цIыкIу бжыгъэр щитхум (500) нэмысмэ, зэ-джэну тхылъым и  тедзэныр гугъу мэхъу, традзэкъым. Анэдэлъхубзэм и щхьэм къы-рикIуэр мыращ. Зытетыр дымыщIэмэ, дымытхмэ, жыдмыIэмэ, зыми зыхэдмыщIэхэуэ;

ЩIэщIэхьа мафIэр зымыщIэ, псы хуа-бэм хагъэтIысхьа хьандыркъуакъуэм хуэдэу, хэсэхьыурэ зырыхэвэхьыр, имэщIэу зэрыхэкIуадэм хуэдэу, бзэкIэ дыхэкIуэдэнущ. УзэплъэкIыжкIэ зыри къимыкIыжу, Еууей, Еууей!  жыпIэкIэ, зыбукIыжкIэ зыри къэмынэжу… зыми улъэмыIэсыжу…

Уэщхым, уэфым ущызыхъумэнур щIакIуэмэ; ЩIакIуэр къапщтэу зыдэпхьынумэ,  уэщхым ипэщ, пщIэ щиIэр…

Уэщх блэкIам щIакIуи кIылъахьыжкъым»! Псалъэжьщ…

АткIэ, дыкызыхэкIам, дыкъызыдикIа Хэкум, илъэсищэ ныкъуэ (50 гъ.) ипэ ды-хъуапсэу, дыпэплъэт, дэ псалъэн фIэкIэ, тхэкIэеджэкIэ тщIэкъым. Мыбы тхылъ зицIэ зыри щыIэкъым, щыдиIэкъым. Абы, Хэкум ди бзэмкIэ, иротхэироджэхэ. ЕджапIэхэм ди бзэмкIэ щырагъаджэ жытIэу дыщыгуфIыкIт, дыщIэхъуэпст. Зытетыр мы гъэм слъэгъуащ.

Мэгъэ ХэкIум ещэнэрейуэ сыкIуащ. СызыдэкIуахэм псоми щхьэхуэ щхьэхуэуэ са-гъэлъэпIащ, сагъэхьэщIащ. Ауэ зыкъомым, уэр папщIэ, уи гупэр МэзкуукIэ гъэзауэ къафIэщIмэ куэду уфIщ. Уи щIыбыр дэнэ къэна, уи бгъур хуэгъэзауэ къафIэщIмэ, укъалъагъумэ; тIууэ ищIыкIа лъэныкъуитIым, адырей лъэныкъум уащыщ къафIэщIыу, гурыщхъуэ къыпхуащIынущ. Хэт адырей лъэныкъуэр? И щIым, и щIыналъэм, и бзэ, и хабзэ зэрихьэу хуиту тепсэуэхь зыфIэфхэр.

Зигъэлъэпкъ хъумэу, еджапIэхэм Адыгэбзэ яIэтыжауэ, и бзэмкIэ езыгъаджэ зыфIэфхэми къуажэхэм, зы тхьэмахуэм сы-хьэт зы тIущ хухахыжауэ. Зытетыр ящIэрэ пэт, мыхэр къезыщIэхэр ягъэлъапIэу, мы-хэр зымыдэхэр ягъэбийуэ зы гупщысэ зырахьэ. ХъуэхъукэIэ, щытхъукIэ егъэлеяуэ абыкIэ зыпеуэу. Бын унагъуэу, зыхэсым и бзэр шэрыуэу зэрихьэу, и анэдэлъхубзэм иремыджэфыу. Щыпсалъэхэм «зы дыхъужасэрэт» псалъэр япэ ирагъэщыу. Фейс гъусэ узыхуэхъуу ущызыхуэтхэм щыгъуэ, зыхэсым ибзэр зырахьэуэ. Мы бзэр дэ къыдгурыIуэкъым, ди бзэмкIэ къэфтх жыпIэмэ; -Дэ фэр щымыхъуа, дызыхэсхэми худотх! жаIэу…

Дэ дыхэхэсыу, дэрдэру зы гугъуехькIэ зэдгъэщIэжа, ди бзэ еджэкIэтхэкIэр тхылъым нэдгъэсащ. Ди бзэр тхъумэну, дызэлэжь ди гупщысэр бзэм ирипсалъэу, тхылъ, тхыгъэ емыджэфхэм лъэIэсын, зыхахын папIщIэ, макъкIэ ди тхыгъэ, ди тхылъхэм тхуеджэным зызыгъэщIагъуэхэми дарихьэлIащ. Сыпхуеджэнщ жиIэу, сызыщигъэгугъуу хуезыгъэхьа тхылъыр и гу къыщызгъэкIыжым щыгъуэ, «кысщыгъупщащ» щыжиIам, мазищ лъандэрэ щыгъупщауэ, блигъэкIауэ къыщIэкIащ. Дэ щхын Iыхьэм ахъщэкIэ дыхолажьэ. Мы е-джэным сыт уахъыт щытезгъэкIуэдэнур «къысIэрыхьэ щымыIэу» къизыгъэкIий ды-хуэзащ.

Хэкум сызыдыщыIам, мэгъэ Iэнэ бэгъуахэм сыпэрысащ. Хъуэхъу зыкIэлъыкIуэхэм сахэдэIуэхьащ. Щыгъуэ махуэм, Накъыгъэм 21-м «ковит» пандэмир щхьэусыгъуэ ящIауэлъэпкъэгъухэр ягъэпIэтIэуакъым. Абы папщIэ ебгъуанэрей (Iуэгъуэ) мазэм 10 Махуэр «Адыгэ Махуэу» ягъэлъапIэну хухахащ. А махуэм хуегъэзэкIауэ сыт къэхъуа, сыт къэщIа зыми ящIэкъым. Тхуэмахуэн хъуну…

Ди хасэхэми, бзэм хуегъэзэкIауэ лэжьыгъэщхуэ щекIуэкIыуэ зыри хэслагъуэкъым. Хасэм къекIуалIэхэр дызыхэсым ибзэкIэ, ТыркубзэкIэ мэпсалъэхэ. Дунейм ехыжахэм япсэм и псапэр лъысыну КурIэн ирагъаджэ. Тыркубзэ, Хьэрыпыбзэ щызыхэпхыуэ АдыгэбзэкIэ уепсалъэмэ гъэщIэгъуэн къащыхъуу.

Мы комыр сыт щIжысIар! Дэдызыщыпсэуми, ХэкумкIэ дыщыпсэуми, уэ уи бзэр уэ умыхъумэжмэ нэгъуэщIыми (UNESCO) ми уи бзэ Анэдэлхубзэри ихъумэнкъым. ЗэрыхэкIуэдэнур, щIыхэкIуэдэнур кыбжиIэнщ. ЗыхиуигъэщIыкIынщ! «Мы уи бзэр зехьэй, хъумэ! Хуэсакъ!» жиIэнщ.

Сэ гугъэр сыт щыгъуи сохъумэ! Нобэрей си тхыгъэр зы гугъэкIуэд тхыгъэми. Еджэхэр зэ иригупщысэнщ. Еджэ щыIэмэ? И бзэмкIэ еджэщымыIэмэ, щымыIэнумэ, (UNESCO)-м  жиIэхэр дищхьэ кырикIуэныри, Iэнэм телщ.

Бзэхэм я нэхъыжь ди бзэр, зепхьэмэ гъащIэ игъуэтынущ. Зомыхьэмэ а бзэр къозытам птырихыжынщи, Убыхыбзэм хуэдэу хэкIуэдэжынщ.

Хъуэхъур тфIэфIщ. Хъуэхъуншэу тхыгъэр быух хъун! Анэдэлъхубзэм и Дунейпсо махуэр, зыхуэфащэм хуэмахуэну…

Yazarın Diğer Yazıları

Батэ зыгъэши диlэщ! Гъэш зыгъэбагъуэй..!

Нобэрей мы си псэлъащхьэр, лъэныкъуиткlэ егъэзауэ тэпсэлъыхьын, тегупщысэхьын хуэйщ. Ущыпсэукlэ урохьэлlэ; Ущедаlуэм щыгъуэ жиlэхэм, къипсэлъхэм урешажьэ. lуэхушхуэ ищlэу, сытемынэ ищlэрэ, мы къомыр дауэ хузэфlэкыу...

Дызыщыпсэу къалэ: Къайсэри!

Нобэ мы цlэр зэрихьэми тепщэгъуэр зыlыгъа къэралыгъуэхэм епхауэ Хьэтхэри, абы пыщlауэ Хьэтlитlхэри, Ромари, Персыри, Макэдоныри, Сэлчукъури, Османлыри щыпсэуахэщ. Кападокя зыфlэща къэралыгъуэми къалащхьэй хуэхъуащ. «Мазэкъа»кlэ...

Бжыгъэхэр, бэуэ жэуэ къыдобж (!)

Мы псалъащхьэми зэригъэлъагъум хуэдэу, «бэ» псалъэми куэдыгъэр, «жэ» псалъэми псынщIагъэр егъэлъагъуэ. Куэдыр, жэкIэ зыкIэлъыкIуэн, зыкIэлъыгъэкIуэн къикIыу. Бжын, бжыкIэ, бжыгъэ псалъэхэми хэтыжыу хыдолъагъуэ. Бэуэ зежэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img