Дунейм тет лъэпкъыжь псоми хуэдэу, адыгэм езым и хабзэ, и дуней еплъыкӏэ иӏэурэ къекӏуэкӏащ. А блэкӏам ухэплъэжыну, ди адэжьхэм я гупщысэкӏэу щытам щыгъуазэ зыхуэпщӏыну икъукӏэ гъэщӏэгъуэнщ. Апхуэдэу, я дуней еплъыкӏэу щытам и зы ӏыхьэ мащӏэу и гугъу тщӏынщ «Гъэрэ щӏырэ щызэхэкӏ» жыхуаӏэу щыта махуэщӏым.
Адыгэхэм пасэ зэманыжьым илъэсыр тӏууэт зэрагуэшыр: гъэ, щӏы – жэуэ. Гъэрэ щӏырэ щызэхэкӏыу ялъытэр махуэмрэ жэщымрэ я кӏыхьагъыр зэхуэдэ щыхъужрат. Ар иджырей махуэбжымкӏэ зытехуэр гъатхэпэм и 21- 22 жэщращ. Илъэсыщӏэр къыщихьэр арауэ ялъытэти, гуфӏэгъуэшхуэ иращӏэкӏт, махуэ бжыгъэкӏи ягъэмахуэшхуэт «мафӏэщхьэтыхьи» унагъуэ къэс хуащӏу, пщэдджыжьым жы дыдэуэ псы ежэхым е псынэм кӏуэрэ зыщатхьэщӏт, зыщагъэпскӏт, «Кхъуэ бэгумрэ дыгъужь бэгумрэ зыхамыгъапскӏэ щӏыкӏэ!» жаӏэурэ.
Икӏи Тхьэлъэӏур Илъэсыщӏэ хъуэхъукӏэ ирагъажьэт:
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ! Ди Тхьэ закъуэ! Уафэри щӏылъэри зезыгъакӏуэ, Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкӏ. Щымыӏэр хэзыгъахъуэу Телъыджэр зи ӏэужь. Псори зыщыгугъыу Зыми щымыгугъыж, Къэхъури зэлъэӏуу Зыми емылъэӏуж Ди Тхьэ, Зы Тхьэ, Тхьэшхуэ! Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу, Губгъуэу диӏэр бэвылъэу, Лъэуджыджэ тхэмыту, Ӏей тхэтыныр ди жагъуэу, Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу, Ди япэ идгъэщ щымыӏэу, Ди фӏыгъуэр зэдэдгуэшу, Гукъеуэр зэдэтшэчу. Дищӏ бэвылъэр темыкӏыу, Ди пщащэхэр щӏыкӏафӏэу, Ди щӏалэфӏхэр лӏы хахуэу, Ди ӏуэху дэна ямыщӏу, «Ӏуэху щӏэн» жаӏэм къэжану, Пэрытыныр и хьэлу, Хьэгъуэлӏыгъуэр яублэу, Бланэм хуэдэу къарууфӏэу, Мафӏэм хуэдэу къэмыскӏэу, Ди щӏэблэр ефӏакӏуэу, Ди нэхъыжьхэр тхуэузыншэу, Ӏэнэм щысым тхьэмадэфӏу, Хасэм хэтым гуащӏафӏэу. Фӏыгъуэ дыщымыщӏэу, Щӏэм дигъэгуфӏэу, Хъугъуэфӏыгъуэхэр ди бащэу Илъэсыщӏэр етхьэкӏыну Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщӏам жиӏэ!
Къыкӏэлъыкӏуэу, ӏэмал имыӏэу, бзылъхугъэхэм мафӏэм деж мэл кӏапэ е нэгъуэщӏ щэ дагъэ ягъэплъти, абы къыпыткӏур мафӏэм хагъаткӏуэт, жьэрымэ ягъэут. Абы хэту мыпхуэдэ хъуэхъуи жаӏэт:
Мы жьэрымэр Адыгэ унагъуэхэм, Адыгэ жылагъуэхэм, Адыгэ Хэкум имыкӏыу; Ху жылэрэ мафӏэ жылэрэ кӏуэдыжыху Лъэпкъ узыншэу мы щӏыгум дызэхэзекӏуэну Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщӏам жиӏэ!
Къинэмыщӏауэ, ягъажьэт хъурейуэ щыт хьэлджейхэр (дэлэнхэр). Бзылъхугъэхэм я нэхъыжьым ахэр зэтрилъхьэти, ибзт. Ахэр щибзкӏэ хъуэхъуу жиӏэт:
Мы хьэлджеищыр Дыгъэм и плъыфэщ, Дыгъэм и нэзрэ и бзийрэ псоми къалъысыну Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщӏам жиӏэ!
Иужькӏэ кӏапэм е щэм я дагъэр зыхэткӏуа мафӏэмкӏэ Пыпхэ Хъурей пагъанэт. Ар мэкъум къыхэщӏыкӏа хъурей зыкӏэрыщӏа баш кӏыхьт. Щыпагъанэкӏи хъуэхъу жаӏэт:
Нобэ гъэрэ щӏырэ зэхокӏ, Нобэ Илъэсыщӏэ дытохьэ. Дыгъэм и хуабэрэ и нэхурэ Нэхъ щӏэгъэхуэбжьауэ къитыну Тхьэм жиӏэ!
Махуэщӏыр ӏэмал имыӏэу Удж къафэмкӏэ ягъэдахэт.
Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкӏэ, иужькӏэ илъэсыр ӏыхьиплӏу иращӏыкӏ хъуащ: гъатхэ (гъа-тхэ), гъэмахуэ (гъэ-махуэ), бжьыхьэ (бжьы-хьэ), щӏымахуэ (щӏы-махуэ) жэуэ.
Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ тӏощӏрэ пщӏырэ, илъэсым махуэ 360-рэ къищтэу арат. Илъэс къэсыхункӏэ махуитху-хы къыдидзэрт, икӏи ахэр адыгэхэм тхьэлъэӏу махуэхэу яӏащ.
Адыгэхэм нэхъ гу зылъатэр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр арат. Псалъэм щхьэкӏэ, къуажэхэм хэхауэ бгыщхьэ, жыг гуэрхэр яӏэт, дыгъэр абыхэм я щхьэщыгум къызэриувэмкӏи, зэманыр къащӏэрт.
Гъатхэр – псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Гъатхэпэм и 21-22-м къыщегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 21-22-м нэгъунэт. Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр – махуэ 30, накъыгъэр – махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм щыщу махуэ 22-рэ.
Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэ м и 21-22), гъэмахуэм щӏидзэрт. Гъэмахуэ – псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэӏу мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокӏадэм махуэ 22-рэ.
Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщӏэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ. Вагъуэбэр жыг щхьэкӏэм хыхьамэ, бжьыхьэр къэсауэ ялъытэрт. Гъэ псом къагъэкӏар, къагъэхъуар къыщрахьэлӏэж мазэхэщ. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокӏадэм щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкӏуэгъуэр – махуэ 30, дыгъэгъазэм щыщу махуэ 22-рэ.
Адэкӏэ Вагъуэбэр щӏым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ дыгъэгъазэм и 21-22 махуэм, абы щыгъуэ щӏымахуэр къихьэу ялъытэ. Щӏымахуэр махуэ 90 мэхъу. Абы хохьэ дыгъэгъазэм щыщу махуи 9, щӏышылэ мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер – махуэ 28, 29-рэ хъууэ, гъатхэпэ мазэм щыщу махуэ 22-рэ.
Нобэ дунейр зыхэхуа щытыкӏэ хьэлъэм, мыпхуэдэ махуэщӏ нэхухэр, цӏыхухэр зэзышалӏэхэр, хабзэфӏхэр зызэрахьэхэр къэтӏэтыжыным мыхьэнэшхуэ иӏэщ.
Дунейпсо жылэхэм я илъэсыщӏэр махуэ иреху, я бэшэчагъым къару, я гугъэхэм нэху уреху!
Литературэхэр: -Таов Х.Т., Батырова Л.Х. Адыгэ Календарь (махуэхэм, мазэхэм я цӏэхэр), Нальшык, 2004 -Адыгэ Псалъэ -Черкес Хэку
Зыгъэхьэзырар Хьэжбэвыкъуэ Эрлоган Иылмазщ