Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Лъэпкъым и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр

Ди лъэпкъымкӏэ бзэм мы­хьэнэуэ иӏэпхъэр къегъэлъа­гъуэ абы «анэдэлъхубзэ» зэ­рыфӏащам. Анэм нэхърэ нэхъ лъапӏэ щыщымыӏэкIӏэ, бзэр анэ дэлъхуу Тхьэм къыщыдитакӏэ, лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхуми абы пщӏэшхуэ хуищӏу, лъагъуныгъэ мыкӏуэщI хуиӏэу щытын хуейщ.

Атӏэ, укъэзылъхуа анэм и бзэр ӏумпэм пщӏын хуей? Ди бзэм делъэпауэмэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищӏысыж? Дэ зы­щыдгъэгъупщэ мыхъунщ кӏы­фӏыгъэм дыхэту дызэрып­сэуар — лӏыщӏыгъуэ бжы­гъэкӏэ тхэкӏэ, еджэкӏэ ӏэмал зэрыдимыӏар. Къыдэзэуахэми хъуащ, ди щӏыгу къыттрахами кърагъэкӏуащ, ауэ ди анэ­дэлъхубзэр тӏурачын ялъэкӏа­къым.

Псынэр пкудэжмэ, нэгъуэщӏ щӏыпӏэ къызэрыщиуды­жым, жыг ираупщӏыкӏам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу, ди адыгэбзэри зауэ мафӏэм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэкӏащ.

Адыгэбзэм и пщэдейр зэ­лъытар ди щӏэблэ къэкӏуэн­ращ. Иджыпсту, гъащӏэ дызы­хэпсэукӏым, нэхъыщхьэ ды­дэу солъытэ ди щӏэблэр хэкупсэу, къыздалъхуа щӏыналъэр ягъэбжьыфӏэу, я бзэр ягъэшэрыуэу гъэсэныр. Дэ къыдгуроӏуэ ар зэрымытыншыр, ауэ хабзэри бзэри нэгъэсауэ тщӏэмэщ сабийр щытхуэ­гъэсэнур, абы лъэпкъым и беягъымрэ бзэм и къулеягъымрэ щыбгъэдэтлъхьэфынур. Ди лъэпкъым и мылъку нэхъ инхэм ящыщщ бзэр, ар лъэпкъ щэнхабзэм и ӏэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. Абы къыхэкӏыу, бзэм дрипсалъэ къудейуэ щымыту, ди лъэпкъым къыдекӏуэкӏ хабзэ дахэхэри абыкӏэ къридгъэлъэгъуэфу щытын хуейщ.

Нобэ, дэ, адыгэбзэмкӏэ егъэджакӏуэхэм жэуаплыгъэ къызэрымыкӏуэ дбгъэдэлъщ. Илъэс къэскӏи ар гъэзэщӏэныр нэхъ гугъу, нэхъ хьэлъэ хъуурэ йокӏуэкӏ. Дызэрыт зэманым ди пащхьэ кърелъхьэ гупсысэ зэхуэмыдэхэр, дызыгъэпӏейтей ӏуэхугъуэ щхьэхуэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди бзэр ӏэщӏыб зыщӏыну хуейхэм я бжыгъэхэми хохъуэ. Я быным анэдэлъхубзэр ирагъэджыну хуэмейуэ еджапӏэхэм лъэӏу тхылъкӏэ зыхуэзыгъазэ адэ-анэхэр илъэс къэскӏи нэ­хъыбэ мэхъу.

Сытым къыхэкӏыу пӏэрэ ар? Сэ сызэрегупсысымкӏэ, унагъуэм щӏэсхэр къыщекӏуэлӏэжкӏэ, щхьэж и ӏуэху пэроувэ, иужькIэ телефоным хотӏысхьэри, нэрыбгитӏ зэмыпсэлъэж-зэрымылъагъуж жыхуаӏэм хуэдэу я пшыхьыр макӏуэ, псэлъапӏи, зэмани яIэкъым. Нэхъыкӏэжыр аращи, илъэс иримыкъуа сабийм зиущэхун, зэран мыхъун папщIэ, телефоныр и пащхьэ ирагъэувэри трагъэу. Абдежым зэхихыр урысыбзэщ, хамэбзэщ. Дэнэ деж атӏэ, абы адыгэбзэр здызыхишэнур? И адэ-анэр къемыпса­лъэмэ, унагъуэм бзэр щыземы­кӏуэмэ, сабийм адыгэбзэр дауэ зэригъэщӏэну, дэнэ кърихыну абы хуиӏэн хуей фӏылъагъуныгъэр?

Жэуаплыгъэ хуабжь зыбгъэдэлъуи солъытэ нэхъыжьхэм — адэшхуэ-анэшхуэхэм. Дэнэ щыӏэу пӏэрэ сабийхэм таурыхъ яжезыӏэу щыта нанэ-дадэхэр? Хъыбар зэхуэмыдэхэр хуаӏуатэу, нэмысым, хаб­зэм, абы и щапхъэм щӏапӏы­кӏыу, пшыхь къэсыхункӏэ цӏы­кӏухэр къызрагъэтӏысэкӏыу таурыхъ жызыӏэу щыта нанэхэр? Шэч къытесхьэкъым, абы­хэм сэбэп хуабжь къазэры­дэкӏуэу щытам. Сабийхэр нанэ-дадэхэм зраубыдылӏэу, адыгэбзэкӏэ епсалъэу, тхылъ къахуеджэу зыбгъэдагъэсмэ, ди сабийхэр я адыгэбзэм ешэлӏэжа зэрыхъунур си фӏэщ мэхъу.

Бзэр хъумэныр егъэджакӏуэ къудейхэмкӏэ зэфӏэкӏынукъым. Унагъуэхэри, щӏэныгъэлӏхэри, егъэджакIуэхэри, сабий ӏыгъыпӏэхэм щылажьэхэри — псори зэгъусэу телэжьыхьын хуейщ абы.

Псом хуэмыдэу нэхъыщхьэу солъытэ, сабий ӏыгъыпӏэм деж адыгэбзэм зэ­ман нэхъыбэ хухахыныр, гъэсэныгъэм, нэмысым, ӏэдэбым, щэным нэхъ тегъэчынауэ телэжьэн хуейуэ. Сыту жыпӏэмэ, сабийхэм нэхъ цӏыкӏу пэтми лъабжьэ ягъуэтмэ, къыдэкӏуэтея нэужьи, еджапӏэми хэлъхьэныгъэ нэхъыбэу хуищӏы­фынущ.

Адыгэбзэмкӏэ егъэджакӏуэхэм ди гукъеуэр мащӏэкъым. Еджапӏэм сыхьэт бжыгъэу адыгэбзэм хухихар апхуэдизымкӏэ мащӏэщи, нэгъэсауэ зы тхыгъэ пхуэджкъым, дерсхэр тэрэзу пхуайткъым. Тхьэмахуэм и кӏуэцӏым, бзэм — сыхьэтитӏ, анэдэлъхубзэм зы сыхьэт закъуэ хухэхащи, абы къриубыдэу тхакӏуэм и гъащӏэмрэ и гуащӏэдэкӏымрэ нэ­ӏуасэ хуэпщӏыфыну? Тхыгъэр бджыфыну? Гъэсэныгъэм и нэщэнэхэм и щапхъэхэм ящыщу сыт хуэдиз яжепӏэфыну? Ди дерсхэм хухэха сыхьэт бжыгъэхэр нэхъыбэу щытамэ, адыгэбзэмкӏэ егъэджакӏуэхэр нэхъ тегъэчынауэ бзэм дытелэжьэфынут.

Жагъуэ зэрыхъущи, цӏыхухэм гупсысэ, еплъыкӏэ тэ­рэз зэрамыӏэми куэд къыпо­кӏуэ. Псалъэм и жыӏэгъуэкӏэ, республикэм адыгэбзэмкӏэ къыщыдэкӏ «Черкес хэку» газет закъуэм и щӏэдзыгъуэ хъумэ, унагъуэ куэдым зралъэфыхь, щӏэзыдзын къахэмыкӏыу. Атӏэ, а къыдэкӏыгъуэ закъуэрами унагъуэм къихьэу щытамэ, абы къытехуэ хъыбархэр зэдаджмэ, зэдеплъмэ, ари лъэпкъ гъэсэныгъэм, бзэр яӏэпызымыгъэхуным и зы лъэныкъуэу щытынут.

Нобэкӏэ сыт тлъагъур — адыгэ унагъуэм щызэхэпхыр урысыбзэщ, адыгэ къуажэ уэ­рамхэм щызекIуэри аращ… Ди адыгэбзэр нэхъ бзэ куухэм, шэрыуэхэм, нэхъ дахэхэм ящыщу солъытэри, диӏэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну.

Дахэщ ди бзэр, купщӏафэщ, пшынэбзэ шэщӏауэ мэбзэрабзэ, а зэщӏэпщӏыпщӏэм уи гум ӏэпапӏэ зэмы­фэ­гъухэр нурым хуэдэу къытре­нэ, уи псэр ехьэху… Ауэ а дахагъэр тфӏэмыкӏуэду пщэ­дейрей махуэм нэтхьэсыфын папщIэ, адыгэбзэр дэ фӏыуэ тщӏэн хуейщ, етIысэхыгъуэ димыӏэу дытелэжьыхьын хуе­йщ. Яхэтлъхьэн хуейщ ди адыгэ щэн дахэхэр, ядгъэщӏэн хуейщ ди тхакӏуэ-усакӏуэхэм я тхыгъэхэр, хъыбархэр, псысэ­хэр, ядгъэгъэувын хуейщ адыгэбзэмкӏэ таурыхъхэр, джэгу­кӏэхэр къайдгъэублэжын хуе­йщ. Щӏэблэр пэӏэщӏэ щӏын хуейщ телефонхэм. Адыгэбзэмкӏэ тхылъхэр абыхэм я пащхьэ къихьэжмэ, еджэн щӏадзэмэ, итӏанэщ щӏэблэ узыншэ, гъэса, тынш щыдиӏэнури, ди бзэри щымыкӏуэдыжынури!

Лий Майе,
ищхьэ нагъыщэ зиӏэ, УФм егъэджэныгъэмкӏэ пщӏэ зиӏэ и егъэджакӏуэ

(Черкес Хэку)

Yazarın Diğer Yazıları

Ankara ve İstanbul’da ‘Çerkes Kültürü Günleri’

Ankara’daki Rus Evi 15 Nisan saat 17.30’da “Çerkes Kültürü Günleri” etkinliğine ev sahipliği yapacak. “Çerkes Kültürü Günleri”nde, Adigey’in ünlü topluluğu Aşemez ile Kabardey-Balkar Cumhuriyeti’nden Vyacheslav...

Gençlerden 21 Mayıs çağrısı: “Miras senin, söz senin”

21 Mayıs Çerkes Soykırımı’nın bu yılki programına dair Ortak Akıl Masası’nda söz kurmak üzere 10 Nisan Cuma akşamı saat 19.30’da gençler İstanbul Kafkas Kültür...

‘Sözün Üç Hali’

İstanbul Kafkas Kültür Derneği (İKKD), 2019’dan bu yana dernek bünyesinde faaliyetlerini sürdüren Seteney Çalışma Grubu’nun koordinasyonunda ‘Sözün Üç Hali-Yazarlar Söyleşisi’ başlıklı etkinliği düzenliyor. Söyleşi 11...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img