Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Щӏэныгъэр зи дунейуэ, зи дунейр щӏэныгъэу зыхьа (Адыгэ бзэщӏэныгъэлӏ Шагъыр ӏэмин къызэралъхурэ илъэс 95 ирокъу)

Къыщӏэбгъэлъэху нэхъ кууужу къызэкӏуэцӏыкӏыу адыгэбзэм зы щэн гъэщӏэгъуэн иӏэщ. А щытыкӏэм узыӏэпимышэнкӏэ ӏэмал иӏэкъым. Адыгэбзэм теплъэгъуэ щхьэхуэурэ ди пащхьэ къригъэувэжыр лъэпкъым къикӏуа тхыдэ гъуэгуанэм и закъуэкъым, атӏэ абы къызыкъуехыж а лъэпкъым и гупсысэкӏэри, дуней лъагъукӏэри, гурыгъу-гурыщӏэхэри, щыӏэныгъэм кърит гузэхэщӏэ зэмылӏэу­жьыгъуэхэри. Арыххэуи, цӏыхур бзэ хэха гуэркӏэ псалъэми, бзэми езым и «бзэ» иӏэжщ, и псэлъэкӏэ телъыджэ ешэщӏ, абы ущӏэдэӏуным, ар зэхэпхыным фӏыгъуэ куэд къыхэкӏыу. Адыгэбзэм урипсэлъэныр мащӏэщ, абыкӏэ угупсысэни хуейщ, щӏыжаӏэри арагъэнущ. Бзэм и «псэлъэкӏэр» зэхэзыхыу кӏуэцӏылъ щэхубзэр абы ирипсалъэхэм я деж нэзыхьэсыжыфым Тхьэшхуэр етащ: абы ар егъэпщӏыпщӏ, гупсысэр плъыфэ щхъуэкӏэплъыкӏэхэмкӏэ зэщӏеблэ, псалъэм и кӏуапӏэхэр къегъэӏэгъуэ. Апхуэдэт адыгэбзэр лъэныкъуэ куэдкӏэ зэзыгъэпсэлъэфа, илъэс 17-м иту зи гъащӏэр абы езыпхыу дунейм ехыжыху хуэпэжа, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Шагъыр ӏэмин Къабцу и къуэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Аруан щӏыналъэм щыщ Лэскэн Етӏуанэ (Аслъэмырзей) къуажэм 1930 гъэм къыщалъхуащ Шагъыр ӏэмин. Хьэщӏэщ щэнхабзэмрэ лъэпкъ ӏуэрыӏуатэмрэ зи гъащӏэм щыщу къэпсэуа нэхъыжьыфӏхэм я дежщ абы дунейм тетыху адыгэбзэм хуиӏа щытыкӏэ дахэр щызэфӏигъэувар. Зэрысабийрэ Щагъырым адыгэ псалъэр и тхьэкӏумэм итт икӏи нэхъыжьхэм къаӏуэтэж тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ абы и ӏэфӏыр къыхап­щащ.

Курыт еджапӏэр къыщиухам, ӏэмин къыхихыну гъуэгур зыхуэдэр ищӏэрт – ар яхэтащ Тблиси дэт, Джавахашвили Иванэ и цӏэр зезыхьэ къэрал университетым кавказыбзэхэмкӏэ и къудамэм щӏэтӏысхьэну Куржым 1947 гъэм кӏуа гупым. Иужькӏэ адыгэ бзэщӏэныгъэр лъагэу зыӏэтахэм ящыщу ӏэмин къыдеджащ зи цӏэр лъэпкъым и тхыдэм дыщэпскӏэ иратха Щэрдан ӏэбу, Кӏэрашэ Зейнэб, Зекӏуэгъу Увжыкъуэ, Кӏуащ Тамарэ, Къумахуэ Мухьэдин сымэ. Мы гупым унэтӏакӏуэ гъуэзэджэ яхуэхъуащ адыгэхэр фӏыуэ зылъагъуу, абыхэм хуащӏэр къызэмэщӏэкӏыу дунейм тета профессор гуп дыгъэлыр: Чикобавэ Арнольд, Рогавэ Георгий, Ломтатидзе Кетеван, нэгъуэщӏхэри.

Еджэныгъэм хъарзынэу хэгъуэза щӏалэщӏэм куууэ зритащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зэдай яӏэмрэ унейуэ яхэлъымрэ джыным, абыхэм я зэщхьэщыкӏыныгъэхэр къызыхэкӏыр къэхутэным, зыуэ хэту, ауэ макъхэм я лэжьэкӏэм къашэ зэтекӏыныгъэхэр къыщӏэгъэщыным. Шагъырым пасэу къыгурыӏуащ фонетикэм къыщымыувыӏэу, лексикэм зритмэ, и къэхутэныгъэхэр нэхъ хьэлъафӏэ зэрыхъунур, утыку кърихьэ гупсысэхэр щӏэныгъэ пэжым и шыбзэм хуиту зэрыщӏэкӏынур. Апхуэдэ еп­лъыкӏэр зэрыхьэкъыр абы нэхъри щызыхищӏар кандидат лэжьыгъэм зрита нэужьщ.

Шагъыр ӏэмин университетыр фӏы дыдэу 1952 гъэм къиухри, Рогавэ Георгий и чэнджэщкӏэ СССР-м Щӏэныгъэхэмкӏэ и академием Бзэщӏэныгъэмкӏэ и инстиутым и аспирантурэм щӏэтӏыс­хьащ. Бзэм хэлъ щхьэхуэ­ныгъэхэр нэсу къыпхуэтӏэ­щӏынкӏэ зы ӏэмал иӏэкъым, абы и щӏыпӏэ псэлъэкӏэхэмрэ диалектхэмрэ умыджауэ. «Адыгэбзэ (къэбэрдей-шэрджэсыбзэ») унэтӏыныгъэр къыхэзыха щӏалэр тогушхуэри, къэбэрдей адыгэбзэм и балъкъ псэлъэкӏэр къихутэну иужь йохьэ. Кандидат диссертацэм хуигъэхьэзыра лэжьыгъэр, «Къэбэрдей адыгэбзэм и балъкъ псэлъэкӏэм и щхьэхуэныгъэхэр» зыфӏищар, зэры­щыту къуажищым (Бэтэх, Ятӏэкъуэ, Хьэжыхьэблэ) щып­сэухэм я бзэм тещӏыхьат, фонетикэ, морфологие, лексикэ я лъэныкъуэкӏэ яӏэ щхьэхуэныгъэхэри щызэкӏэлъыгъэкӏуат. 1955 гъэм диссертацэр пхегъэкӏри, Шагъырым филологие щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат цӏэр къыхуагъэфащэ.

Шагъырыр аспирантурэм щӏэст, Институтым кавказыбзэхэмкӏэ и къудамэм щӏэныгъэ лэжьакӏуэ нэхъыщӏэу лэжьэну щрагъэблэгъам. И гъащӏэ псор а ӏуэхущӏапӏэм епхауэ зыхьа щӏалэр зы махуэ хущӏегъуэжакъым къыхиха гъуэгум. Аспирантурэм здыщеджэм Шагъырым адыгэбзэри яригъэджащ Лунчарскэ Анатолэ и цӏэр зезыхьэ Театр гъуазджэмкӏэ урысейпсо институтым (ГИТИС-м) щеджэ адыгэ ныбжьыщӏэхэм. Иужькӏэ, 1986 – 1988 гъэхэм Шагъырыр профессор ӏэна­тӏэм пэрыту Щукин Борис и цӏэр зезыхьэ театр училищэм адыгэбзэмкӏэ адыгэ щӏалэгъуалэм щадэлэжьащ.

Шагъырыр Институтым акавказыбзэхэмкӏэ къудамэм и унафэщӏым и къалэнхэр игъэзащӏэу 1962 – 1963 гъэхэм лэжьащ. Ар щӏэныгъэ лэжьа­кӏуэ нэхъыжьуи, щӏэныгъэ лэжьакӏуэ нэхъыщхьэуи щытащ. 1991 – 2002 гъэхэм ар Институтым щӏэныгъэ лэжьа­кӏуэ пашэу лэжьащ. Кавказыбзэхэм ятеухуа и лэжьы­гъэхэмкӏэ дунейм и щӏыпӏэ куэдым фӏы дыдэу къыщащӏэу щыта профессор Климов Георгий 1998 гъэм дунейм ехыжа нэужь, Шагъырыр къудамэм и унафэщӏ ящӏащ, Налшык къэӏэпхъуэжыхукӏи а ӏэнатӏэм пэрытащ. ӏэмин и къалэмыпэм лэжьыгъи 100-м щӏигъу къыщӏэкӏащ. Абыхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ яӏащ 1962 гъэм дунейм къытехьа «Адыгэбзэм и лексикэ щӏэныгъэм теухуа тхыгъэхэр», 1977 гъэм тхылъитӏу къыдэкӏа «Адыгэбзэм и этимологие псалъалъэр», 1982 гъэм игъэхьэзыра «Абхъаз-адыгэбзэхэм я лексикэм зэщхьу хэтыр», 1989 гъэм къыдэкӏа «Абхъаз-адыгэбзэхэм хамэбзэхэм къыхаха лексикэр» лэжьыгъэшхуэхэр. Мыбыхэм щӏэныгъэм дежкӏэ яӏэ мыхьэнэр зэпхар абыхэм адыгэбзэм и псалъэхэр къанэ щымыӏэу къызэрахутэм, езым къыхэхъукӏахэм­рэ нэгъуэщӏыбзэхэм къыхэ­кӏахэмкӏэ зэрызэщхьэщигъэ­кӏым, зэлъапсэгъу бзэхэм я лъабжьэр къызэрыщӏигъэщым къыщыувыӏэркъым, атӏэ лексикэм и теорием и ӏуэхукӏи гулъытэ хьэлэмэт дыдэхэр щещӏ, щӏэныгъэм и къуэпсхэр жыжьэ идзу, нэгъуэщӏ къэхутэныгъэ гъуэгухэр къыщӏагъэщу.

Щӏэныгъэм и пащхьэ щиӏэ фӏыщӏэхэр къалъытэри, Ша­гъыр ӏэмин Къэбэрдей-Балъкъэрым щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ цӏэ лъапӏэр 1980 гъэм къыхуагъэфэщащ. Ар Урысейм естественнэ щӏэныгъэхэмкӏэ и академием япэ­щӏыкӏэ член-корреспонденту (1991 гъэм) хагъэхьащ, иужькӏэ – действительнэ члену (1994 гъэм) хахыжащ. Шагъырыр Абхъазым Щӏэныгъэмкӏэ и академием и академикт, Европэм и кавказыдж хасэми хэтт. Щӏэныгъэлӏым илъэс ӏэджэкӏэ Къэрэшей-Шэрджэс щӏэныгъэ-къэхутакӏуэ институтым адыгэбзэмрэ абазэбзэмкӏэ и къудамэм и лэжьы­гъэр иунэтӏу, абы и лэжьа­кӏуэхэм я щӏэныгъэ гъуазэу щытащ.

Шагъыр ӏэмин къытхэтыжамэ, илъэс 95-рэ ирикъунут. Шагъырым и ныбжьыр илъэс 73-м иту 2003 гъэм дунейм ехыжащ. Ноби фӏыкӏэ ягу къагъэкӏыж ар. Цӏыхур къы­щыпхэмытыжым деж абы бгъэдэлъа фӏагъ псори нэхъ гуащӏэу зыхыбощӏэ, къэплъыхъуэу ухуожьэ, и псалъэ ухуэныкъуэу мэхъу. ӏэмин фӏыщӏэ щӏыхуэпщӏын куэд къигъэнащ. Абы адыгэбзэ щӏэныгъэм хуищӏа хэлъхьэны­гъэр ин дыдэщ, и мыхьэнэри мыкӏуэщӏщ. Шэч хэлъкъым, Шагъырым и щӏэиныр адыгэ зэхэщӏыкӏым и лъагъуэхэш лъэщу щытынущ.

 

Сурэтр зейр Табыщ Муратщ

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

КIуэцIылъыр зыхуэдизыр ящIатэмэ…

Дуней щэхубэм я lункlыбзэlухыр Кавказым щыгъэпщкlуауэ игъащlэми къалъытэу къэгъуэгурыкlуэрт, зыплъыхьакlуэхэмрэ къэхутакlуэхэмрэ уэру щыпэкlурт. Ятхыжыр лъэпкъ щэнхабзэм щыщ теплъэгъуэхэрами, къахьыр lуэрыlуатэм щыщ щапхъэхэрами, ди щlыналъэм...

Нэпсыкlэу щlаутхыкlыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъырт

Жан мыгъуэм хьэкъугъыр къреш, Шэ пIэнкIри къыщелъэлъэхым, Жан и нэпситIыр къыфIолъэлъэх. Джаурыдзэр гум къыщилъэлъым, Жан гущэр къызэфIомахэ, ХэщIапIэм хэта и дэлъхур ФочпэбжкIэрэ кърахулIэжыр, ЛIы щауэм и псэуныгъэр А щIыпIэм щрагъэух. Сэ си дэлъхуу...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img