«Щы» псалъэм къикӏыр дымыщӏэмэ, «щыгъуэ»ри, дыщӏэщыгъуэри гурыӏуэгъуейщ.
«Щы» псалъэр зэрызэхэтхыу, зы бжыгъэ дигу къегъэкӏ. Зы, тӏу, щы. Зыкӏэлъыкӏуэ бжыгъэм ещанэрейр. Пэжщ. «Щы»р, зы бжыгъэми ар зы махуэщ. Ар зы нэхущ. Ар зы хуабэщ. Ар зыгъэбагъуэщ. Ар зы псэукӏэ щӏыкӏэщ. Нэху «щы»мэ, ар мэщы (нэху мэщы). Дунейр мэунэху, махуэ мэхъу. Нэм елъагъу, цӏыхум елъагъу, къотэдж, зеужь, зетхьэщӏ, ӏуэхум (пасэрейм щыгъуэ, щакӏуэ макӏуэ) щӏедзэ. Мы къедбжэкӏахэр ар «щы»щыӏэм «щы»гъуэщ.
Нтӏэ, щыр сыт? Щы/ӏэ/р хэт? Сыт щӏы/щы/ӏэ/р? Щыӏэр щымыӏэжмэ сыт хъур? Мы упщӏэхэм пэкӏуэжхэр, утыку итлъхьэмэ гурыӏуэгъуэ хъуну согугъэ!
«Щы»р дыгъэращ. Дыгъэм фӏэхъус ехыгъуи«щы»ращ.
Пщыхьэщхьэ. (Езанэреи фӏэхъус ехыгъуэу)
Пщэдджыжь. (Етӏуаэреи фӏэхъус ехыгъуэу)
Шэджагъуэ. (Ещанэреи фӏэхъус ехыгъуэу)
Мис мы «щы» щыӏэгъуэр, нэхущ махуэщ, фӏыщ, нэм елъагъу, шхэгъуэщ, тхъэгъуэщ. мэпӏэтӏауэ, мэхъей, мэ щӏакӏуэ, къехь, кърехьэлӏэ, унагъуэм зыдагуэщ, зыдопсэу. Зэролъагъу, зопсалъэ, зыдогушыӏэ. Зыщохьэ, зокӏуж. Мы къедбжэкӏауэ хъуар, зыгъэунэху зэрызгъэлъагъу, зыгъэхуабэу зыгъэтыншу ар щыщыӏэращ. Ар щыщыӏэр зы гугъэщ. Ар щыщыӏэр зы фӏыгъэщ.
Ар щыщыӏэм дунейр нэхут, игъэунэхут. Дунейр хуабэт, гури а ху’м дэхуабэт. Ауэ ар дунейм ехыжт. Пщэдджыжьым щы/щӏэ/дзауэ, пщыхьэщхьэ пщӏондэ «щы»ӏар зыгъэунэхур «щы»ӏэжтэкъым. Махуэрей и гъащӏэр иухауэ дунейм ехыжауэ «щы/ӏэж/тэ/къым». Мис а иӏэу щытар щимыӏэж щыхъум, «мэ/щыгъуэ», хо/щыгъуэ! (щыгъуэ, щыгъуэныр, узэсар, фы къыпщыхъур, фӏыуэ плъагъур, гурыфӏыгъуэр умыӏэжу; узыхэхьэ кӏыфӏыгъэращ).
Щыр, щыӏэр, щымыӏэжыр, абы къыхэкӏыу «щыгъуэ»р гурыӏуэгъуэ хъуамэ; Накъыгъэм 21 Махуэм дыщӏэщыгъуэри гурыӏуэгъуафӏэ хъуну къыщӏэкӏынущ.
Лӏэщӏыгъуэ зы щыплӏ ипэ екӏуэкӏа, илъэсищэ зауэу (1763-1864) зауэшхуэхэм лъэпкъыр хэкӏуэдащ, и хэкур ирагъэбгынащ. И хэку иӏэр, имыӏэж хъуащ. Зы псэупӏэу «щыӏэ» щӏыпӏэр щыӏэми, имыӏэж хъуащ. Къызыхэкӏа лъэпкъыу и блэкӏар, и анэ адэжьыр хэкӏуэдащ. Щыӏэжкъым! Зы щыуэпс псэукӏэ зекӏуэкӏэу; щыӏэр щыщымыӏэж, иӏэр имыӏэж щыхъум щыгъуэщ, цӏыхур щӏэ«щыгъуэ»р.
Зауэм хэкӏуэдам хуэгъын, тӏысыпӏэ псэупӏэ зыримыӏэжыным хуэгъын, усэ хуэусын, тхьэусыхэн, гъыбзэ хузэхэлъхьэн.
«Уи бгъэм къыщӏэжу псэ уэрхэр» хужиӏэу къригъажьэу, и зы нэхъыжьым; уи жьыщхьэр махуэ ухъу зыхужиӏэу зэрылъыта «ӏуащхьэмахуэ» хуэусэн.
«Зеиншэу къэна уи бынхэми,
Уи бгъафэр яхузэ1ухыж
Адэ хэкужьу Кавказу
Уэ си псэ, уэ си дуней…
Хамэ хэку сыщезэшащи
Уи куэщ1ым сыщыгъэжей» жиӏэу хуэлъэӏуэн.»
«Севмыгъафэ Лабэпс! Сабий хьэдэхэм ар я гъэпскӏэпсщ», хужиӏэн.
«Уей, си адэжь пщӏантӏэм шыгур щызыщӏащӏэр,
Си гущӏэм къыщӏитхъурэ, хэкур дагъэбгынащ!
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ!» хужытӏэу дыхуэгъыбзэн.»
Накъыгъэ мазэ къэкӏыгъэ «къэрабэ»м хуэдэу щэныкъуэм нэс, къэралыгъуэ щӏыпӏэ щхьэхуэхэм дызэрырипхам…
Хы фӏыцӏэм хэкӏуэда ди лъэпкъэгъухэм, хьэдэ хъуа ӏэпкълъэпкъым, я лыр бдзэжьейхэм шхын зэрыхуэхъуам… хы нэзым къридзылӏа и щхьэ къупщхьэр, щхьэцхэр бзухэм гъуэ зэрыхуэхъуам…
Тхьэм дыхуоусэ, дыхуотхьэусыхэ, хуаусахэри гъыбзэу яхузэхэтлъхьауэ…
Аращ! Диӏэр димыӏэжу, щыӏар щымыӏэжу щыхъум щыгъуэ, мис абы щыгъуэ, дахуощыгъуэ!
Хухэхауэ, Накъыгъэм и 21 Махуэхэм хуэзэ махуэм гъэ къэс, дунейм дэнэ дыщыпсэуми ди «щыгъуэ» махуэщ. Ди «щыгъуэ щӏэж» махуэщ.
Тщыгъупщакъым!
Тщыгъупщэнукъым.
Ящыдгъэгъупщэнукъым!
Ди бзэр, ди хабзэр хэдмынэу; дунейм дэнэ щӏыпӏэ дыщыпсэуми, узыншэн, ипэкӏэ кӏуэтэн лъэпкъ тхьэм дищӏ!
Мы щыгъуэ щӏэж махуэу, гу къэгъэкӏыжу, фэеплъу гъэтӏыса сынхэр, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зыдыдэс къалэхэм щагъуващ. Ахэр:





