Бадзэуэгъуэм и 1-м Налшык къыщызэlуахащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и «Дэнлэч» проектым хыхьэ гъэлъэгъуэныгъэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэ Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэlуаха гъэлъэгъуэныгъэм «Дэнлэч» фlащащ. Илъэсиплl хуэдиз и пэкlэ хэкум къэзыгъэзэжа Шыкъ Талихьрэ абы и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр, Талихь и анэ Пщыгъуэтыж Шахризэт и фэеплъщ «Дэнлъэч» lэщlагъэ гъэлъэгъуэныгъэр! Шыкl Талихь хэтащ Истамбыл Кавказ Щэнхабзэм Хасэм и lэщlагъэ зэlущlэхэми. Гъэлъэгъуэныгъэр тхьэмахуитlкlэ цlыхухэм яхузэlухат. Илъэситlым щlигъуащ Талихь Хэкур къуажэ къуажэу къикъухьурэ, я щыгъупщэжу щlэзыдзlа адыгэ lэщlагъэхэр, сабийхэми балигъхэми яригъащlэу, ди щэнхабзэ фэеплъыр хъумэным, ар щlэблэщlэм яригъэщэжыным уасэ зимыlэ и хэлъхьэныгъэр щигъужу ирегъэкlуэкl.
Адыгабзэм езгъэкIугъэр: МэфшIукъо Щенгюл








