Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри,
«Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи.
«Бейм ейс!» жиӏэс жи.
«Тэнэ пхурэ?» жиӏэти;
«Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи.
«Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?» жиӏэти,
«Зэпэгъэзау укъызэпсэлъати, зэгъэдзэкӏауэ сынопсэлъэж!» жиӏэс жи.

КъарэцIыкIу Илкайрэ, Шыбзыхъуэ (Къэрдэн) Фатӏимэрэ

Къэзыӏуэтэжар:
Шыбзыхъуэхэ (Къэрдэн) Фатӏимэтщ, Узын-яйлэ, Хьэтӏыхъущыкъуеижьым щыщщ. Илъ. 96 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Кӏэтроф хэлъхьакӏэ

Бгъурбащ ӏэслэнхьэблэхэр, Бэзэрсу нысэ къашэну кӏуати, нысашэр дахэу къагъэхьэщӏэс, псори зыфӏэкӏс, тхьэмадэхэри зыхуэарэзыу, янысэри хьэзыру къежьэжынупэт; Бэзэрсухэм: -Яу Бгъурбащхэр фыкъэкӏуауэ фокӏуэж! Дэ ды ӏузуняйлэс. Дэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img