1864 накъыгъэ 21 – 2026 накъыгъэ 21
Я адэжь хэкум, Кавказым къыщыхъуа, 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м къигъэлъэгъуа, лъэпкъгъэкӏуэдымрэ хэку егъэбгынэнымрэ ехьэлӏауэ захуагъэ къызэралъыхъуэм,
Щыпсэу дэтхэнэ къэралыгъуэми ДЕМОКРАТИЕМ, ЗЭХУЭДЭНЫГЪЭМ,
ЩХЬЭХУИТЫНЫГЪЭМ, ЗАХУАГЪЭМ щӏэбэныным…

«Къуажэхэм жэщ кӏыфӏым теуныр хабзэ хъуат. Урыс
сэлэтхэр кӏыфӏым хэту тӏурытӏ‑щырыщурэ унэхэм
зэрыщыхьэм къыкӏэлъыкӏуэ гуауэ нэщхъейхэр апхуэдизкӏэ
инти, зы офицер‑доклад зыщӏи тегушхуэнутэкъым ахэр
зэӏэпыхыным…»
Лев Толстой
«Мыр, пэж дыдэуи гущӏэгъуншэ зауэт. Щэ бжыгъэм щигъу
Адыгэ къуажэм мафӏэ щӏадзащ. Гъавэхэмрэ хадэхэмрэ
зэхедгъэкъутэн папщӏэ шыхэм зэхедгъэутащ, и кӏэми псори
зэхакъутауэ къэнащ.»
Урыс тхыдэдж Е. Д. Фелицын
«Кхъухьзехуэхэм загъэнщӏыртэкъым. Цӏыху 50‑60
зэрыхуэ кхъухьым цӏыху 200‑300 ирагъэтӏысхьэрт. Псы
тӏэкӏурэ щӏакхъуэ тӏэкӏурэ яӏыгъыу гъуэгу техьахэрт.
Махуэ 5‑6‑рэ щрикъум ахэр яухти, шхынынщӏагъэм
къыхэкӏыу уз зэрыцӏалэхэм зытрадзэрт, гъуэгум
щылӏэрт, лӏахэри хым хадзэжырт. Цӏыху 600‑рэ зэрысу
гъуэгу техьа кхъухьым цӀыху 370‑рэ фӏэкӏа псэууэ
къанатэкъым.»
Франджы журналист А. Фонвилл
«Хэхэсхэм я ӏуэхур насыпыншагъэ хуокӏуэ.
Шхынынщӏагъэмрэ уз зэрыцӏалэмрэ я щыгум итщ.
Трабзон къэкӏуа цӏыхуи 100 000‑м щыщу цӏыху 70 000
къитӏысыкӏащ. Цӏыху 70 000 Самсун щитӏысыкӏащ.
Махуэ къэс хэкӏуэдахэм я бжыгъэр 500 мэхъу. Трабзон а
бжыгъэр цӏыху 400 щохъу. Гереде лагерым цӏыху 300,
Акчакалэрэ Сарыдерэрэ махуэ къэс цӏыхуи 120‑150‑м
нэс щокӏуэд. Италян Доктор Бароззи и тхыгъэхэм мы
псалъэхэр гу лъыптэу итщ: “Цӏыхухэр, куэд щӀауэ
къэкӏыгъэхэмрэ, къэкӏыгъэ къуэпсхэмкӏэ, щӏакхъуэ
щӏэщӏахэмкӏэ псэуну яужь итщ.”»
Поляк Полковник Лапинский Теофил







