Гуауэ гуэрхэр зэманым и тэрэзымкӏэ нэхъ псынщӏэ хъуркъым; атӏэ зэман блэкӏыху, тхыдэм и плӏэм нэхъ хьэлъэу къытоувэ. 1864 гъэм накъыгъэм и 21 махуэр Шэрджэс лъэпкъхэм я дежкӏэ апхуэдэ дыдэщ. Пэжыгъэм и нэкӏу щӏыӏэ-щхьэщымыкӏым дыщеплъкӏэ, Урысей Пащтыхьым Кавказыр цӏыхуншэ ищӏыну иригъэкӏуэкӏа политикэм и уасэ хьэлъэр долъагъу. Цӏыху минищэ бжыгъэхэр, лӏэщӏыгъуэ кӏыхькӏэ, къыщалъхуа, щапӏа, щыпсэуа щӏыналъэхэм залымыгъэкӏэ ирахуащ. Зэрызэщӏэубэдауэ щыт кхъухь ӏэпкълъэпкъхэм цӏыху куэду ирагъэзэгъауэ зрагъэжьэ а мыхъумыщӏагъэ хъуа тенджыз гъуэгур куэдым япэ икӏи иужь дыдэ увыӏэпӏэ яхуэхъуащ. Абыхэм ихуэм куэдкӏэ щӏигъу цӏыхухэмкӏэ гъэнщӏа кхъухь импровизированнэхэмкӏэ ирагъэкӏуэкӏ а ӏэмалыншагъэкӏэ тенджыз Фӏыцӏэм къыщакӏухьыныр куэдым япэ, иужьрей къэувыӏэпӏэ яхуэхъуащ. Тенджыз Фӏыцӏэм и мэжэщӏалӏагъэм, уз зэрыцӏалэхэм, Хы Фӏыцӏэ псы къэукъубеяхэм щӏэблэ псори я дриящ. Зи ныбжь хэкӏуэтахэм щӏэблэм зэӏэпахыу щыта «Хы Фӏыцӏэм къыхэкӏа бдзэжьей ямышхын» хабзэр ностальгие Ӏуэрыӏуатэкъым; ар икъукӏэ куущ, лырэ къупщхьэкӏэ гъэнщӏа тенджызыр кхъэшхуэ зыщӏа а пэж дыджым и щыгъуэ куущ.
Анэдолэрэ дуней псомрэ щызэбгрылъэлъа, хамэщӏым я бзэр, я щэнхабзэр, я цӏэр гъэщӏэрэщӏэжын хуей хъуа лъэпкъым, апхуэдиз гуауэ зэхишауэ, гугъуехь псоми емылъытауэ ноби: «Дэ дыщыӏэщ», жаӏэфӏыныр пэжыгъэщ. Ауэ нэгъуэщӏ зы пэжыгъэй щыӏэщ: Я хэкур егъэбгынэныр кхъухьхэм щекӏуэкӏыу щиуха ӏуэхугъуэ къудейкъым. Бзэмрэ хабзэмрэ хуэм – хуэмурэ зэманым и щхьэл мывэм и зэхуэкъум щыкӏуэдыжын шынагъуэр, нобэ къыздэсым хэкур егъэбгынэным кӏыхэкӏэ ӏуху нэхъ макъыншэ гуауэ дыдэщ.
Зи хэкур зрагъэбгына Кавказым и бынхэм я хэкужьым и щыгъуэр нэмысыфӏэу яӏыгъыу, абыкӏэ дуней псом хъыбар ӏупщӏ дыдэ ирагъэщӏа: Тхыдэм и напэкӏуэцӏ кӏыфӏхэм уаӏумыплъэу, уӏэгъэхэм пэж дыдэу фэ тращӏэжыркъым. Накъыгъэм и 21-р зыгурыгъэӏуэныр, щымыгъупщэныр, щумыгъэгъупщэныр зы лъэпкъым хуащӏ пщӏэ къудейкъым, атӏэ дуней захуэу, цӏыху щытыныгъэ щӏыхьым и нэхъ лъабжьэ дыдэщ.
Зэзыдзэкӏэр: Хьэжбэвыкъуэ Эрдоганщ







