КАФФЕД-м Самсун къалъэм щригъэкӏуэкӏынущ

Кавказ Хасэхэм я Федерацэм (КАФФЕД), 2026 гъэм накъыгъэм и 23‑м щэбэт махуэм, Шэрджэс лъэпкъгъэкӏуэдымрэ хэку егъэбгынэнымрэ и щыгъуэ махуэр ягъэлъэпӏэну унафэ ищӏащ.
162‑рей илъэсым и щыгъуэ махуэр Самсун къалэм щекъуэкӏынущ. Нэгъабэрей щыгъуэ махуэм и программэр KAFFED‑м накъыгъэм и 21‑м Самсун къалэм къыщызэригъэпэщат.
KAFFED‑м хэт хасэхэм я щӏыпӏэ Ӏуэхугъуэхэр накъыгъэм и 21‑м, махуэку махуэм ящӏынущ.
Истамбыл Бейулум

Истамбыл Ищхъэрэ Кавказ Жылагъуэ Зэгухьэныгъэхэм я Зэщӏэгъэуӏуэ Хасэм Шэрджэс лъэпкъгъэкӏуэдымрэ хэку егъэбгынэнымрэ накъыгъэм и 21‑м сыхьэт 20:30‑м Бейолу Мерым и пащхьэм зэхуэс щрагъэкӏуэкӏащ.
Конференц

Мэлыжьыхьым и 27‑28‑хэм ОСТИМ Техникэ Университетым щекӏуэкӏа «Колониальнэ щӏэпхъаджагъэхэм теухуа конференц»‑м хэтахэщ Палестинэм, Къуэкӏыпӏэ Тыркустаным, Сомалым, Къухьэпӏэ Тракием, Боснэ‑Герцеговинэм, Руандэм я лӏыкӏуэхэр.
Ӏуэхур езгъэкӏуэкӏар (модераторыр) пенсэм щыӀэ посол Ӏюмит Ярдымщ, конференцым Шэрджэсхэм я цӏэкӏэ къыщыпсэлъа уэчыл Селчук Ӏулӏуташ 1864 гъэм Шэрджэс лъэпкъгъэкӏуэдымрэ хэку егъэбгынэнымрэ теухуауэ псэлъащ.
Шэрджэс лъэпкъгъэкӏуэдым 162-рей илъэсым: «Гукъэкӏыж, Уӏэгъэ, къэкӏуэнур»

Истамбыл Кавказ Щэнхабзэ Хасэм накъыгъэм и 9‑м «Гукъэкӏыж, Уӏэгъэ, къэкӏуэнур» темэм теухуа зэӏущӏэ иригъэкӏуэкӏащ. Программэм ипкъ иткӏэ Багъларбашы Щэнхабзэ Утыкум щекӀуэкӀа зэӀущӀэм къыщаӏэтащ; уӀэгъэр щӏэблэм зэрызэрырагъашэр, хэхэс гукъэкӏыж, хэхэс щытыкӀэ кӏыхь, хэхэс хъуэныгъэ Ӏуэхугъуэхэр. Щоджэн Ӏумит
Динчер иригъэкӏуэкӏа зэӏущӏэм доклад зыщӏауэ хэтащ Пащты Заур, Тугъчэ Ӏысӏыел, Джансет Демирджан сымэ.









