Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ялыхь Къэрэшэйхэ малъхъэхэр *къэмбур хъухукlэ сгъэпсэу!

Малъхъэ тэшэти, благъэ нысашэти, благъэгъэр, къыдогъэщlэрэщlэжти, модрети мыдрети жаlэурэ Къэрэщейхэ я малъхъэхэр куэдрэ къызэкlэлъыкlуэ хъуат жи. 

Мо ягъунэгъу лlыри, мо хуэдиз малъхъэ задэ, зым нэхърэ зыр нэхъ кlыхьыуэ, зэблэкlым я хэплъэщ, яхудэплъещ аби, моуэ лъэlуащ жи: 

“Ялыхь Ялыхь! Мы Къэрэщейхэ я малъхъэхэр къэмбур хъухукlэ сыгъэпсэу.” 

*Къэмбур: Тхыщlэ 

Къэзыlуэтэжар: Къэрэщей Фаlикъщ, Узын-яйлэ – Астэмырей Къуажэм щыщ. Илъ.70 мэхъу. 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img