Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри,
«Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи.
«Бейм ейс!» жиӏэс жи.
«Тэнэ пхурэ?» жиӏэти;
«Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи.
«Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?» жиӏэти,
«Зэпэгъэзау укъызэпсэлъати, зэгъэдзэкӏауэ сынопсэлъэж!» жиӏэс жи.

Къэзыӏуэтэжар:
Шыбзыхъуэхэ (Къэрдэн) Фатӏимэтщ, Узын-яйлэ, Хьэтӏыхъущыкъуеижьым щыщщ. Илъ. 96 мэхъу.







