Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Пасэрей адыгэ хасэ зэхыхьэкIэр

Зи гугъу тщIынур XVIII лIэщIыгъуэм, XIX и япэ Iыхьэм адыгэхэм я хасэхэр зэрырагъэкIуэкIыу щыта щIыкIэрщ. 

Къуажэпщхэм, зэIупэфIэгъуу къызэдэщI пщыхэм я хасэр щекIуэкIыну щIыпIэр жылэпщ нэхъыжьым иубзыхурт, ауэ Къэбэрдей псом я хасэ екIуэкIынумэ, абы и унафэр зыщIыр пщым я пщыж тхьэмадэрт. Зэрыхабзэти, хасэр е пщы нэхъыжьым, е абы и уэркъ гуэрым и щIы кIапэм фIахыртэкъым. Абы щыгъуэми, и нэхъыбапIэм къуажэхэм пэIэщIэу щрагъэкIуэкIырт. 

Лъэпкъ зэбий, пщы зэиж щыщыIэм деж, щIыпIэр къыщыхахкIэ хуэсакъырт зыгуэрым и жылэ гъунэгъу зыхуащIу абыкIэ ар адрейхэм ефIэкI мыхъуным. Псалъэм щхьэкIэ, апхуэдэ къэхъуащ 1753 гъэм и бжьыхьэм урыс афицархэр я дэлэлу Къэбэрдейр тIууэ гуэшауэ тхьэ щызэхурагъэIуэну ягугъа хасэр щызэхэтам. 

1747 гъэм июным и 13-м Къызбрун мэз лъапэм и гъунэгъуу щекIуэкIащ пщыгъуэ къызэдэщIищым я хасэ, кърым хъаным и тхьэусыхафэм щыхэплъэу. Абыхэм пщы нэхъыжьу яIащ Бэчмырзэ Бэтокъуэ, Кургъуокъуэ Мыхьэмэт, Къетыкъуэ Жамболэт сымэ. 

Абы иужькIэ Къызбрун мэз лъапэм аргуэру 1748 гъэм февралу зэIущIэ щыIащ Кургъуокъуэ Мыхьэмэтрэ Къетыкъуэ Жамболэтрэ кърым лIыкIуэхэм щэхуу, Бэчмырзэ Бэтокъуэрэ мыдрей пщыхэмрэ емычэнджэщу зэрахуэзам щхьэкIэ. Абыхэм кърым хъаным тхыгъэ хуагъэхьат Къэбэрдейм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей зэрызыхахуам къыхэкIыу Урысейр абы къыщхьэщыжыну къежьэмэ, хъаным ищIэнум щIэупщIэу. 

Хасэр къуажэхэм пэIэщIэу губгъуэхэм, мэзлъапэхэм щрагъэкIуэкIырт, ар зы пщыгъуэ хасэм ейуэ щытми. Апхуэдэщ, псалъэм щхьэкIэ, 1748 гъэм декабрым и 31-м ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и къуэшхэм, иуэркъхэм, Анзор-хэ ящыщи ящIыгъуу, зэхуишэсауэ щыта зэIущIэр. Ар хабзэ щIэхъуам и зы щхьэусыгъуэу плъытэ хъунущ хасэр зытепсэлъыхь Iуэхур бзыщIын хуейуэ зэралъытэр, я щэхур нахуэ ямыщIыным хущIэкъуу зэрыщытар. Мыдрейуэ, ар къишэрт лъэпкъхэр зэбийуэ зэрызэпэщIэтым, зым и дзыхь адрейм зэрыримыгъэзым. Пщышхуэм, пщым я пщыжым ауэ сытми унафэ ищI хъуртэкъым, «хасэ езгъэкIуэкIынущи, си деж фыкъекIуалIэ», жиIэу. Апхуэдэу къыщыхъур зэры-Къэбэрдейуэ шынагъуэ щаIэрт, гузэвэгъуэм пщыхэр зэдэу щищIырт. 

Мыдрейхэмдеж хасэр щрагъэкIуэкIынум, зэрекIуэкIынум теухуауэ зэгурыIуэныгъэ Iэджэм хэтхэт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр хасэм кърихьэлIахэм зыгуэркIэ шынагъуэ ямыIэнырт. Абы къыдэкIуэу, къалъытэрт шыхэм яшхын, ирафын псы щыIэрэ щымыIэрэ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, зэныкъуэкъу мащIэ хэлъакъым 1753 гъэм екIуэкIа хасэр япэ щIыкIэ Шэджэм бжьэпэ щаублэу, иужькIэ ар Дохъутэмыщ деж псы ФIыцIэм и Iуфэм щаухыжауэ зэрыщытам. 

ЩIыпIэ къыхэхыкIэм псори хуэсакъырт. Пщыхэм яку зэгурыIуэныгъэ щыдэлъми (къапщтэмэ, Мэздэгу щхьэкIэ), хасэр къуажэ зэрымыс щIыпIэ зэгъуэкI гуэрым яхьырт. Къапщтэмэ, пщыхэри уэркъхэри кърихьэлIэу Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау дэсхэмрэ зэгъусэу 1767 гъэм апрелым и 12-м щыщIэдзауэ и 21-м нэсыху ирагъэкIуэкIауэ щыта хасэр цIыху щыпсэу щIыпIэхэм верст тIощIым нэблагъэкIэ пэIэщIэт. Пэжщ, апхуэдэу щIыныр фIэкIыпIэ зимыIэ хабзэу щытагъэнукъым. Хасэр къуажэхэми щыщрагъэкIуэкI къэхъурт. 

Апхуэдэу ХьэтIохъущокъуэ Къэсей зыхахуну унафэ щащIа хасэр Бэчмырзэ Бэтокъуэ и унэм 1748 гъэм ноябрым и 27-29-хэм щызэхэтащ. А Iуэхугъуэ дыдэм декабрым и 15-м щIидзэри и 28-рэ хъухукIэ 1748 гъэм щытепсэлъыхьащ Къамбэкъуэ и къуажэм. Ауэ мыбдежым мыр къэлъытапхъэщ: мы хасэхэр къуажэм щекIуэкIами, здэщыIap Джылахъстэнейрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдеишхуэм куэдкIэ пэIэщIэу. 1763 гъэм декабрым и 19-м езы ХьэтIохъущокъуэ Къэсейми «унафэ ищIат и блыгу щIэт уэркъхэр и деж къекIуэлIэну». 

Ауэ нобэ зэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым ахэр здекIуэлIэн хуеяр, сыту жыпIэмэ Къэсей зы жылагъуэкъым иIыгъар. 

Хасэм щхьэкIэ къыхах щIыпIэм ущытепсэлъыхькIэ, ар зэрекIуэкIыу щытами и гугъу умыщIу къэбгъанэ хъунукъым. Тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэщи, зэIущIэм пщыхэр щхьэхуэу, уэркъхэри щхьэхуэу щызэхэст. Абы къыхэкIыу, зым и унафэр адрейм ящIэн щхьэкIэ, ахэм лIыкIуэ яIэт. Я. Потоцкэм зэритхыжымкIэ, гупитIми зым адрейм лIыкIуэ хуащIырт икIи а зэIущIэхэр кIий-гуо хэмылъу, екIуу екIуэкIырт. 

Гупхэр зэбийуэ щытмэ, псоми сакъыныгъэ ин халъхьэрт, щхьэмыпщэ гуэрхэр къэмыхъун щхьэкIэ. Абы зэпкърыхауэ топсэлъыхь апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэм я дэлэлу щыта урыс афицархэр. 1753 гъэм октябрым и 7-м майорхэу И. Барковскэмрэ П. Татаровымрэ Шэджэм Iуфэ Бэчмырзэхэ я кхъащхьэкIэ зэджэм деж къыщызэтеувыIащ. 

Октябрым и 10-м Бахъсэн гупми Къэщкъэтауми япщхэмрэ я уэркъхэмрэ къызэхуэсащ икIи гупитIми майорхэр къыщыувыIа щIыпIэм и лъэныкъуэ зыры-зыр хэщIапIэ ящIащ. Зы гупым и мурадыр адрейм занщIэу жриIэртэкъым, атIэ лIыкIуэ ящIа уэркъхэмрэ бейгуэлхэмрэ я гъусэу майорхэр гупитIым я зэхуаку дэтт, зым и псалъэр адрейм Iэрагъэхьэжу. Зэрыхуэбгъэфащэ хъунумкIэ, апхуэдэ гупхэм я лIыкIуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи Iуэхум есат, мыр мыбы IэщIагъэ яхуэхъуащ, жыпIэу. Псалъэм папщIэ, Къэщкъэтау гупым я лIыкIуэ Шыпш Алий а къалэныр 1753 гъэм и пэкIи и ужькIи игъэзэщIащ. Дауи, лIыкIуэу ущытын щхьэкIэ, фIэлIыкIымрэ цIэрыIуагъэмрэ я мызакъуэу, акъылышхуи зэфIэкIи уиIэн хуейт. Ахэр Къэбэрдейм и къэрал кIуэцI Iуэхухэм я щытыкIэм, цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэм фIыуэ щыгъуазэт. Абы къыхэкIыуи нэгъуэщI къэралхэр, ди гъунэгъу хэрху щIэкъурт апхуэдэ цIыхухэр IулъхьэрэсаугъэткIэ къыдахьэхыну. ЛIыкIуэхэм мыхьэнэрэ пщIэуэ яIам зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ Татаровыр. 1761 гъэм майм и 3-м пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэхуэсам и гугъу ищIурэ, майорым мыпхуэдэу итхыгъащ: «Бахъсэн гупым щыщ пщыхэм къыджаIащ дэ ахэр, зэчэнджэщын щхьэкIэ, я закъуэ къэдгъэнэну, зэчэнджэща нэужь хъыбар къыдагъэщIэну. ИужькIэ ахэм хэнейрэ лIыкIуэ ящIащ Тамбий уэркъхэм ящыщу Долэтмырзэрэ ХьэпащIэрэ, Анзор Сосырыкъуэ сымэ». 

Гупхэр зэрызэрыщIэр лIыкIуэхэм и закъуэтэкъым, атIэ абы шэсыпIэ жыхуаIэм хуэдэхэри яIэт. ЛIыкIуэхэр хасэм и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс хэтмэ, шэсыпIэхэр абы щыхыхьэр зэгурыIуэныгъэр и кIэм щынэблагъэм дежт. Гупхэм тхьэ щызэхуаIуэм деж, ахэр шэсыпIэ ихьэу арат. 

  

Sayı : 2009 06 

Yazarın Diğer Yazıları

Aidiyet yolculuğu ve ikilemler

Papirüs Yayınevi’nin “2 ağaç arasında...” kitabının yazarı Can Karakaş için düzenlediği tanıtım etkinliği 19 Ekim’de Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı’nda gerçekleştirildi. Atalarının kökenini ileri yaşlarında...

Judoda gümüş madalya

19-20 Ekim’de Kosova’da yapılan U23 Balkan Judo Şampiyonası’nda İstanbul Büyükşehir Belediyesi (İBB) adına mücadele eden Çkippa Gökçe Güneş, gümüş madalyanın sahibi oldu. Sakarya Mesudiye Köyü’nden...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img