Адыгэ анэм и макъ…

0
1185

Пэжщ, адыгэ лъэпкъым ди нобэр ди дыгъуасэм фIыуэ къыщхьэщыкIащ: ещхьу ткIиижкъым ди хабзэхэр, ди бзэ дахэри гууз-лыуз хуэныкъуэщ, а псом и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къытлъыса лейрщ – ди лъабжьэжьыр ячэтхъащ, ди къудамэхэр гуащIыкIащ, тхьэмпэхэр зэхафыщIащ… Ди дыгъэр къурагъэлъэфэну, ди гъащIэр жэщ зэфэзэщ ящIыну къытпэщIэтат ерухэр, ауэ нэхулъэр къищIрэ гъащIэ къэзыгъэщI, къигъэщIар зыгъэпсэуж дыгъэр къытхуепсу дыкъызэтенащ. Псэущ си лъэпкъ дахэр! Псэущ, псэмахэкъыми, псэхейщи! Псэбыдэщи, зы лъабжьэ ин, быдэ хъужыну мэгугъэ, и фIэщхъуныгъэми къару кърет. Егъэпсэу адэжьхэм зэрахьэу щыта лIыгъэмрэ яхэлъа бэшэчагъэмрэ я хъуахуэ къыхэнащи, напэмрэ я щхьэм и пщIэмрэ къемызэгъым зыщызыхъумэр нэхъыбэщи, дахагъэр хэхыпIэ имыIэу лъэпкъ гъащIэм хэшыпсыхьащи. А псори адыгэлъым хэту адыгэ цIыхум и лъынтхуэм щызокIуэри.

Дамэ къутахэр хуэмурэ мэкIыж, лъабжьэ фыщIахэр щIэжыбэ мэхъуж, къуэс ягъуэтыж. Ауэ дамэхэр кIыжми, лъэщу зашэщIу лъагэу заIэтыфыну? Лъабжьэхэр щIэжыбэ хъужми, ахэм заужьу жьым иримыудыф жыг лъэщ къихъукIыну? Дэращ зэлъытар адэкIэ къэхъунур. Ди къэкIуэныр ефIэкIуэнымкIэ дэтхэнэ адыгэри щхьэпэ зэрыхъуфынум сэ шэч къытесхьэркъым. Дыхуеймэ. ДыщIэхъуэпсмэ. ДыхущIэкъумэ. Дытелажьэмэ. Псым ирихьэжьам «ситхьэлэмэ, ситхьэлащ» жиIэу зыдригъэзыхкъым, зэрыщIимылъэфэным йолIалIэ, бгъэдэлъу имыгугъа къару къызэкъуех. Адыгэр нобэ дыкъыщIэкIын хуейщ зэрамыгугъэу, абы щхьэкIэ къызэкъуэтхын хуейщ «щымыIа лIыгъэ».

ЯфыщIа лъабжьэм къыкIэрачахэр дэнэ лъэныкъуи, дэнэ щIыпIи нэсати, къыщыхута щIыналъэхэм лъабжьэщIэу щыхэкIащ, къудамэщIэхэр къадэжащ, тхьэмпэщIэхэр къапыкIащ. ХамэщI псынэпс ирафащ, хамэ дыгъэм и бзийхэм зрагъэуащ, ауэ ар Iэмалыншагъэт, псэууэ къызэтенэн хуейти. КъудамэщIэхэм ящыгъупщакъым къызыкIэрача лъабжьэр къыщына хэку зэраIэр. Адыгэлъ зыщIэту адыгэпсэ зыIутым адыгэ хэкур зэи и хамэ хъунукъым, и пкъыр адрыщIми, и псэр мыдрыщIщ. Адыгэ адэ-анэ, уи быным кIэншэу зэхегъэх: «Сэ си лъэр нэзмыхусыфми, уэ хэку уиIэщи, екIуэлIэж!» Япэ итахэм арат я бзэгупэм телъар.

Дэни щыпсэу си адыгэ, уи хэкужьыр къоджэ, къожьэ, къыпхуозэш. Дэни щыпсэу си лъэпкъ дыщэ, уи анэжь и куэщIыр – уи къежьапIэр къожьэнущ, урибынщи, ущыгъупщэркъым.

ЗэкIэ къемыкIуэлIэжыф си адыгэ, дэнэ щыпсэури псэкIэ дызэрыщIэурэ, гукIэ дызэпсалъэурэ, гупсысэкIэ дызэхуэзэшурэ хэкум къакIуэ гъуэгур нэхъ кIэщI дывгъэщI. Ди лъэпкъ Iуэху зедывгъахуэ, зы лъабжьэ лъэщ дыхъужыным иужь дивгъэт. ИкIэм икIэжым дызэгурывгъаIуэ, си адыгэ! ЗэгурыIуэр мэунэ! ИкIа щыIэщи, къихьэжи кърехъу!

Шорэ Маринэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz