Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Kasım 2017

0
1071

Лъагъуныгъэ

Dexu Madina, Jemthale köyünden ve 2. sınıf öğrencisi. Öyküsünde köylerinde kimsesi olmayan Taujan ninenin hayatı üzerinden ‘özlemi’ anlatıyor.

Сэ лъагъуныгъэм хэсщІыкІ щыІэкъым. КъэзгъэщІаи щыІэкъым, слъэгъуаи щыІэкъым. Ауэ сэ сощІэ цІыхуитІ фІыуэ щызэрылъагъум деж, ахэр къызэрыгъагъэр. Сыт хуэдэ зэманми – гъэмахуэми щІымахуэми – я гум гъатхэ щокІуэкІ.
– Дэнэ уэ ар щыпщІэр? Зыри хыумыщІыкІыу жыпІати, – жыфІэу фыщІэупщІэнкІэ хъунщ, ауэ а псом сэ щыгъуазэ сызыщІар егъэлеяуэ хъыбар гъэщІэгъуэнщ.
Дэ гъунэгъу фызыжь диІащ, ТаужанкІэ еджэу. Зэрыхьэблэ сабийуэ фІыуэ тлъагъут ар. ДыщыцІыкІум пщыхьэщхьэ къэс Таужан деж дыкІуэти, хъыбархэр къыджиІэжу дыщыст. И ныбжькІэ мыщІалэжми, дэтхэнэ зи къаруилъыгъуэ нысащІэми ищІэр хуэщІэнут абы. Пщыхьэщхьэми ешаифэ лъэпкъ темыту къызэтенэжт. Езы Таужани дэ дызэрыкІуэм есэжати, лакъум тхуигъажьэрт, кхъуей къытхутригъэувэрт, шейр къэвэн хьэзыру дынэст. Таужан и закъуэу псэурт…
Гъэмахуэт. Псыхъуэм зыщызыгъэпскІа сабий гупыр, дызэкІэрыщІэжауэ, Таужан и дежт дыздэкІуэр. Япэ и унэ дыхьэжыну зыми игу къэкІыххэтэкъым. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкІ хъуати, къызэрыдэжьэр псоми тщІэрт. Дызэрыдыхьэххэу, ди Іэхэр дигъэтхьэщІри пщэфІапІэм дыщІишат. Лэкъумыр игъажьэ къудейуэ арати, Іэнэм дыкъетІысэкІауэ дыпэплъэу дыщыст. Дэ сабиитху дыхъурти, сэ сынэхъыщІэ дыдэт. ДыгушыІэурэ дыздэщысым, Мурат жиІащ:
– Мартин Марьянэ фІыуэ елъагъу.
Дэри арат дызыхуейри, занщІэу псори дыкъэдыхьэшхаш.
Марьянэ плъыжь къэхъуат, ауэ Мартин къызэрыфІэІуэхуаи щыІэтэкъым. Ди гъусу дыхьэшхри, Мурат пидзыжащ:
– Сыт-тІэ? Уэ дыгъуасэ Аминэ и цІэр жыгым сэкІэ къыхэбгъэжурэ тептхэу ущысай!
Мурат ар Аминэ щибзыщІу къыщІэкІынти, занщІэу укІытэри и щхьэр щІигуащ. Апхуэдэурэ дыдыхьэшхыу дыздэщысым, Таужан лакъумыр хьэзыр ищІри Іэнэм къытригъэуващ, езыри гуфІэжу къытхэтІысхьэжащ. И ІитІыр и жьэпкъым щІигъэкъуауэ къыдэдаІуэу, къытхэплъэу щыст. Абы и нитІым ущІэплъэм плъагъурт дэ къыдэплъыху и гур зэрыхэхъуэр. Дыздэщысым, Мурат Таужан дежкІэ зыкъигъазэри еупщІащ:
– Таужан, уэ щхьэгъуси быни уиІакъэ?
Ар зэрызэхихыу, Таужан и фэм зихъуэжащ. Зэуэ нэщхъей къэхъуат, ауэ димыгъэгузэвэн щхьэкІэ, къыпыгуфІыкІыжащ. Ар дызэса гуфІэкІэм ещхьтэкъым. Иджы абы и гум апхуэдиз лъандэрэ щиІыгъа, щихъума, щигъэпщкІуа нэпсыр и нэхэм къыщІэлъэдат. ЗанщІэу гъын щІидзатэмэ, апхуэдизу дигухэр узыну хъунтэкъым, ауэ апхуэдиз узыр зи нэгум щІэт цІыхур къыщыпыгуфІыкІым, сэ, сызэрыцІыкІуу, къызгурыІуэ щІагъуи зэрыщымыІэу, си гум зызэхуишат.
Зы тэлайкІэ зыри жимыІэу щысащ ар. Къыхудэшеякъым…
Псори щым дыхъуат. Зыри жыдмыІэу, шхэни щыдгъэтыжауэ дыщыст. Иджы псори дызэплъыр Таужант. Абы жиІэну зыхуейр къыщІидзэну жьы жьэдишат, ауэ хузэфІэкІакъым. Хуэм дыдэурэ къэтэджри: «Зы дакъикъэкІэ», – жиІэри, щІэкІащ.
Дэ зыкъэдгъэхъеякъым. Шхэни щыдгъэтыжат, псалъэни къытхэтыжтэкъым. Псоми ди щхьэ щІэдгуауэ, Таужан дыпэплъэу дыщыст. ТІэкІу дэкІри Таужан къыщІыхьэжащ. Иджыт абы и теплъэр щыгууз дыдэр. И нэхэр плъыжьыбзэ хъуат, и фэр пыкІат, зэрыгъар къапщІэу, и нэбжьыц кІыхьхэр псыфт. ГуфІэнуи лъэкІыжтэкъым, хузэфІэкІыжтэкъым. Иджыри къэс зи бгыр захуабзэу зыІыгъа фызыжьым зэуэ и плІэр ухуа хъуат, дыкІэлъыплъыурэ, ди пащхьэ исурэ нэхъ жьы хъууэ къытфІэщІырт.
Апхуэдэ дыдэу и гур дгъэузауэ Мартин щилъагъум, жиІащ:
– Таужан, уигу деуамэ, уи жагъуэ тщІамэ, къытхуэгъэгъу. Дыхуеякъым, – жери, и щхьэр щІигуэжащ.
Таужан ар зэрызэхихыу, и нэхэр къиІэтри къытхэплъащ. ТІэкІурэ къытхэплъа нэужь жиІащ:
– Хьэчимт… Хьэчимт си щхьэгъусэм и цІэр…
ЕрагъэкІэ къызэрыдришейр къапщІэу жиІэри, и нэпсхэр къыфІыщІэхуащ.
– Сэ мы къуажэм сыкъыщалъхуакъым. Си адэр колхоз тхьэмадэу къагъакІуэрти, дыкъэІэпхъуауэ щытащ. Колхоз хьэмым щыкІуэкІэ, зэзэмызэ си адэм сыздишэрт. Хьэчим абы щылажьэрти, арат дыщызэрыцІыхуар. Хьэчим къызэрызэгуэкІуам гу лъыстат, ауэ япэхэм ар къызэриздзэ щыІэтэкъым. Зэспэстэкъым. – и нэпсхэр къызэрежэхыу къыпыдыхьэшхыкІащ Таужан. – Зы махуэ гуэрым нэгъуэщІынэкІэ сеплъыжащ сэ абы. Гъэмахуэ хуабэт, дыгъэри гуащІэу къепст. Мо щхьэпцІэу сыздэкІуам, дыгъэр къызэмызэгъыу, сыкъызэфІэмэхащ. Сымаджэщыр гъунэгъу дыдэтэкъым. Хьэчим ІэплІэкІэ сыкъищтэри жэрыгъэкІэ сымаджэщым сынихьэсат. Ар си ныбжьэгъу хъыджэбз цІыкІухэм иужькІэ къызжаІэжауэ арат. Махуэ зыбжанэкІэ сымаджэщым сыщІэлъати, губгъуэм къыщрича удз Іэрамэ дахэр нысхуихьурэ, щыст Хьэчим.
Абы щыщІэдзауэ нэхъ зэгъусэрей дыхъуат. Сэ абы гулъытэ лей къысхуищІу щІидзащ. Хьэчим цІыху зэкІужт, и нэгур зэІухат, сыт щыгъуи нэжэгужэт. И теплъэкІи, и дунейтетыкІэкІи дахэт. Ар куэдрэ тепсэлъыхьырт и хъуэпсапІэхэм, и мурадхэм. Агроному еджэну зигъэхьэзырт. Сэри абы сыт жиІэми сыдихьэхауэ седаІуэрт.
…МазитІ нэхъ дэмыкІыу ди хьэгъуэлІыгъуэри ящІащ.
Сэ дунейр тІэу пкІэгъуэ схурикъуртэкъым, насыпыфІэ сыхъуати. Мы къуажэм дыкъызэрыІэпхъуэжам щхьэкІэ, Тхьэм фІыщІэ хуэсщІт.
Хьэчим цІыху зэпІэзэрытт, кІий-гуоуэ щытхэм ящыщтэкъым.
Сэри унагъуэ Іуэхум сыдихьэхати, губгъуэм сызэрыкІуэж щІагъуи щыІэтэкъым. Хьэчими лэжьакІуэ къикІыжыху, сызыщыгуфІыкІын гуэрхэр къысхуихьырт.
Зэм, сощІэж, гъатхэ махуэ гуэрым, пщІантІэм сыпэщащэу сыдэту Хьэчим къэсыжащ. Гъунэгъу дыдэ къэхъуху гу лъыстатэкъым сэ абы: си щІыбыр къэгъэзат. СыкъыщызэплъэкІам слъэгъуар иджыри къэс ІэфІу сигу къокІыж. КъэкІыжыхуи си гум егъэлеяуэ зекъуз. Хьэчим лъапэпцІийуэ къакІуэт, гуфІэу, удз гъэгъа дахэхэр и дзэмкІэ иІыгъыу. Гъунэгъу дыдэ къэхъуати, къэсри ІэплІэкІэ сыкъиІэтащ, сигъэкІэрахъуэу, тІури дыдыхьэшхыу, пщІантІэкум сыкъщрихьэкІащ. Апхуэдэхэр зэтэкъым-тІэутэкъым къызэрыхъур. Сытым щыгъуи си гуапэ ищІыну хэтт.
Абы щыгъуэ си гъащІэр си нэгу къысхущІэгъэхьэртэкъым Хьэчим симыгъусэу, пэжыр жысІэнщи, къыщІэзгъэхьэнуи сыхуертэкъым. Ауэ, си гум ищІа хуэдэ, зэзэмызэ си нэгу къыщІыхьэрт апхуэдэ гупсысэхэр. Сыпэмылъэщурэ, Хьэчим си гъусэу зэрыщысу, си нэпсыр къысфІэкІуэрт, ахэм егупсысын щІэздзэху, си гум зикъузырт. А зэманым къызгурыІуэрт Хьэчим зыгуэр къыщыщІым, си гъащІэм ІэфІ зэрыхэмылъыжынур. Ауэ гъащІэр зыухуэр цІыхухэракъым. Нэхъ сызыхуэмей дыдэр, нэхъ сызыщышынэ дыдэр къэхъуащ…
Дызэрышэри, мазищ нэхъ дэмыкІыу, зауэ мыгъуэжьыр къэхъеящ. Хьэчими адрей къуажэдэсхэм я гъусэу зауэм дашащ.
Зыр зым къыкІэлъыкІуэу письмохэр къысІэрыхьэрт. Хьэчим къитхт зауэр щІэх дыдэ иухыну, шынагъуэ лъэпкъ щымыІэу. Ауэ илъэс нэхъ дэмыкІыу си Хьэчим къаукІащ. Сэ абы сымаджэ срихъуащ. Си нэр къаплъэу дунейм сыкъытехьэжын си гугъакъым. Ауэ, Хьэчим яукІауэ хъыбар сагъэщІами, сэ сыгугъэрт. Си гугъэт щыуакэ къатхауэ. Си гугъэт зыгуэр зыхагъэзэрыхьауэ. Ауэ зауэри иухащ. Си гугъэхэри нэпцІу къыщІэкІащ…
Сэ нэгъуэщІ зыгуэрым сыдэкІуэжын дэнэ къэна, сеплъыжыфакъым зыми. Нобэр къыздэсым фІыуэ солъагъу сэ Хьэчим, сылІэжыхуи слъагъунущ…
Мис аращ, си щІалэ, сыщІизакъуэр, – жери, Таужан Мурат хуеплъэкІащ, тІэкІу къыпыгуфІыкІыурэ.
Таужан къытхуиІуэтэжар сэ иджыри къэс си гум илъщ, илъэс зытхух дэкІа пэтми. Си тхыгъэм и фІэщыгъэцІэу «Лъагъуныгъэ» къыщыхэсхакІэ, абы нэхъ щапхъэфІ сэ къысхуэхьынукъым. И щІалэгъуэ дахэр щхьэузыхь хуищІащ Таужан зауэм хэкІуэда и щхьэгъусэм.
Аращ лъагъуныгъэ жыхуаІэр, цІыхур уи гум и Іыхьэ щыхъум. И щхьэгъусэр зауэм хэкІуэдами, абы хуиІэ лъагъуныгъэр зыгъэужьыхыжыфын къару щыІэтэкъым. Сэ сызэригугъэмкІэ, фІыуэ плъэгъуа, укъэзылъэгъуа цІыхум уи гъащІэр иухыху ухуиІэн хуейщ а лъагъуныгъэр. Уегупсысмэ, дуней псор зэтекъутэжауэ къыщІэкІынт, зыр зым илъагъу мыхъуу щытамэ.

Дэхъу Мадинэ Тимур ипхъу,
Жэмтхьэлэ къуажэ, ІІ-нэ класс.
ЕгъэджакІэр: Жылэ Зухра Залымхъан ипхъу

***

«Псэр ящэри, напэр къащэху»

Ali-Berdok köyünden 10. sınıf öğrencisi Abıte Aydar, “Canını verip onurunu kurtardı” atasözü üzerinden Adigelerin yaşamındaki değerlerden bahsediyor.

УкIытэ, напэ, кIухьэн. Сыт щыIэ а псалъэхэм нэхъапэ?.. А псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэр зыпкърылъахэращ Адыгэ Хабзэм и пщIэр ину езыгъэIэтар. Иджыпсту дэтхэнэ адыгэ унагъуэ нэхъыжьыфI зэрысми и щIэблэр щІэпІыкІа мэхъу дяпэ итахэм къытхуагъэна фIыгъуэм – лъэпкъ хабзэм.
Адыгэ тхыдэр къызэрежьэрэ адыгэхэм яIакъым пащтыхьи, парламенти, ену зэхэт дзэи, хьэпси, удынкIэ цIыхур гъэшынэн Іэмали. Адыгэ гъащІэм къыщыхъу-къыщыщІэ псори зезыгъэкІуар Адыгэ хабзэ телъыджэрщ, илъэс мин бжыгъэхэм къыкІуэцІрыкІауэ нобэми дызыгъэадыгэрщ.
Напэ зиIэу ябжыр укIытэ, нэмыс зыхэлъ цIыхуращ. ЦIыхур дунейм къытохъуэри токIыж, ауэ къыфIащу дунейм ехыжыхукIэ зэрихьа цIр къытонэж, абы къыхэкIкIэ дэтхэнэ зыри хущIэкъун хуейщ лъэужь дахэ къигъэнэным. «ЦІыхугъэншэщ», «хьэтырыншэщ», «напэншэщ» къыпхужаІэмэ, адыгэ лъэпкъым ущымыщыжу аращ, «зы къуажэ и уасэщ», «цІыху пэжщ», «напэ иІэщ» жаІэныр, дауи, лъапІэщ.
Адыгэ хабзэм къегъэув цIыхум напэр, укIытэр, зэхэщІыкІыр япэ иригъэщын хуейуэ. Ар IупщIу къыдигъэлъэгъуащ Нало Заур и «Псэм ипэ напэ» балладэмкIэ, Бемырзэ Мухьэдин и «УкIытэ» усэмкIэ.
Нало Заур и рассказым къыщыгъэлъэгъуащ лIым и напэр ихъумэжыным папщІэ и бзэр, дунейм и дахагъыр зэрилъагъу и нэхэр, уеблэмэ и псэри удым зэрыритыр. Абы и цІыху напэр псэм нэхърэ нэхъ лъапIэу къелъытэ. Бемырзэм абы пэджэжу етх укIытэр псэухукIэ сыткIи зэримыхъуэжынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, укIытэ пхэмылъмэ, умыпсэуж пэлъытэщ.
Напэ зиIэу ябжыр укIытэ зыхэлъыращ. Иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэлIэ мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэр IэщIыб зыщIхэм. Ахэм къагурыIуэкъым мылъкур уэсэпсу зэрыщытыр, уэсэпсым хуэдэу мылъкур зэрыкIуэдыжынур, къэнэнур напэр зэрыарар.
Сэ сыхуейщ напэ диІэу, укIытэ тхэлъу адыгэр дыпсэуну.

АбытIэ Айдар Мурат и къуэ,
Али-Бэрдыкъуэ, 10-нэ класс.
ЕгъэджакIуэр: Иуан Маринэ ФуIэд ипхъу

***

«Гуапагъэр щымащlэм жагъуагъэр щопэкlу»

10. sınıf öğrencisi Atalık Milena Kıspeç’den’in yazısında ünlüAdige ve Rus yazarların izinde umut ve umutsuzluk anlatılıyor.

Тхьэгъэзит Зубер и «Гуапагъэ» усэм щыжеlэ: «Гуапагъэр ару сфlощlыр мы шlыр зытезыlыгъэр». Пэжщ, сэ къызэрыслъытэмкlэ, гуапагъэр дэтхэнэ цlыхуми lэмал имыlэу хэлъын хуей хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ, икІи абы и зэманыр зэи икІыркъым. Цlыху гуапэу дунейм тетар къэзыцІыхуахэм ягу къонэж.
Сыт-тІэ Іей зигу илъ цІыху щІыщыІэр? Сыт абыкІэ къахьыр? Урыс тхакІуэшхуэ Достоевскэм жиlэгъащ: «Дунейр дахагъэм къригъэлынщ». Сэ сщlэркъым урыс тхакlуэшхуэм а псалъэхэр щитхым зэгупсысар… Дунейм и дахагъра, цІыху дахэ, нэгъущІ зыгуэр? Ауэ сэ сщlэращи, дахагъэкlэ дунейр хъума хъунукъым. Ихъумэнщ цlыхухэм я зэхуаку мамырыгъэ, пэжагъ, гулъытэ, гущlэгъу, гуапагъэ дэлъмэ.
Сэ си фІэщ мэхъу нэгъуэщl урыс тхакlуэшхуэ Чеховым и псалъэр: «Цlыхум и напэри, и щыгъынри, и псэри дахэу щытын хуейщ».
Цlыхум и псэр адрей цlыхум щхьэкІэ мыгузавэмэ, мыхуабэмэ, гулъытэ, гущlэгъу хуимыlэмэ, жытlэ псори, длэжь псори пцlыщ, дыцlыхуу фэ зытедгъауэу аращ.
Сэ куэдрэ согупсыс: «Сыт цlыхур цlыхум щlефыгъуэр? Щхьэ гулъытэ ямыlэрэ? Щхьэ гуапагъэ яхэмылърэ?» Сыт цlыхур гущІэгъуншэ щытыкlэм езыхулlэр? Гъащlэра? Зэманра?» Цlыхур къыщигъэщlым lэмал имыlэу хэлъын хуейуэ lуэхугъуищ хилъхьауэ жаlэ: гущlэгъу, гулъытэ, гуапагъэ. А псори хэлъу цlыху дапщэ дрихьэлlэрэ? Гугъущ а упщlэм жэуап ептыну. Щыlащ зэман ахэр зыхэмылъ цlыхур хьэlупс ящlу. Иджы гу лъызотэ укІытэншэхэм, Іэмалшыхэм, хэти ебэкъуэф гущІыІэхэм я Іуэху нэхъ ІукІыу, нэхъ щІэх къулей хъууэ, къулыкъу зыІэрагъыхьэфу. Дэнэ деж ди лъэпкъыр щылъэпэрэпар? А упщlэм семыгупсысын схузэфlэкlыркъым, апхуэдиз пщlэ, щlыхь зиlа лъэпкъым нобэ цlыху хуэмыфащэ къыщыхэкlкlэ.
Сэ сызэреплъымкІэ, мылъкур унэ дэгъуэмрэ машинэ псынщІэмрэкъым, насыпри дахэу зыпхуапэу лъапІэу зыбгъэщІэрэщІэныр аркъым. Насыпыр цІыхур фІыуэ пхуэлъагъуу, гуапагъэкІэ уахыхьэфу, уакъыхэкІыжыфу, нэхъыбэм сэбэп сахуэхъуащэрэт, жыпІэу, фІым ухущІэкъу зэпыту упсэунырщ. Мис мы гупсысэкІэр адыгэ гъащІэм щытекІуэным дыщІэбэнын хуейщ инри цІыкІури.
Гъащlэм щыхэпсэу хъуар уэ ууейщ,
Хэсэ насып – хъунщ уи гъащlэр нэхъ кlыхь,
Хэси мыгъуагъэ ухэкlынкъым бэлыхь.

Атэлыкъ Миланэ Заурбек ипхъу,
Кышпэч, 10-нэ класс
Егъэджакlуэр: Гуэщокъуэ Ритэ

***

«Акъылым уасэ иIэкъым гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым»

Urajayne’den 10. sınıf öğrencisi Cedıu Bella, “Akla değer biçilemez, eğitimin sınırı yoktur” atasözünden yola çıkarak akılla eğitimin önemini anlatıyor.

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм цIыхум и хьэл-щэн нэхъ лъапIэу къалъытэхэм ящыщ зыщ гъэсэныгъэ дахэр. Аращ акъылым и къежьапІэри. Адыгэхэм дежкІэ гъэсар Адыгэ Хабзэм тетыращ. ДиІи псалъэжь: «Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым», – жиIэу. Мы псалъэхэр дыгъуасэ къагупсысу нобэ жаIауэ аракъым, атIэ адыгэхэм я нэхъ губзыгъэ, нэхъ гупсысэ куу зиIэ, зи гъащIэ гъуэгум куэд щызылъэгъуа цIыхухэм къажьэдэкIауэ аращи, нобэ дэ дегъэгупсысэ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, акъылыр къэпщэхунукъым, къыпхуэлъэІухуэнукъым, атІэ уеджэурэ, нэхъыжьхэм я псалъэ Іущхэм уедаІуэурэ, гъащІэм къыщыхъу-къыщыщІэхэм укІэлъыплъурэ, угупсысэ зэпытурэ зэбгъэгъуэту аращ. «Акъылыр былымщ» жызыІа ди лъэпкъым зи гугъу ищІар мылъкукъым, ахъшэкъым, дыщэкІым. Ар «былымкІэ» зэджар псори пэжу къыбгурыІуэнырщ, сыт хуэдэ щытыкІэми хэкІыпІэ тэрэз къыхуэбгъуэтыфынырщ, уи унагъуэм, уи лъэпкъым и къэкІуэным уегупсысынырщ, дызэрефІэкІуэным и щэхухэр къыбгурыІуэнырщ.
«Гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым» – сыт абы къикIыр? Абы къикIыращ, цIыхур сыт хуэдизкIи хабзэ хэлъу щымытами, абы хэлъ гъэсэныгъэм зэикI гъунэ иIэнукъым, ар зэикI куэд хъунукъым. Дэтхэнэ зы цIыхури адыгэкIэ зэджэжын папщIэ, Адыгэ Хабзэм тетын хуейщ, и гур къабзэу лъэпкъым я хабзэ нэхъыщхьэхэр игъэзэщIэн хуейщ.
Аращи, цIыхум и дуней тетыкIэр Іейм е фІым хозыгъабжэр и акъылымрэ гъэсэныгъэмрэщ. Апхуэдэу щыхъукIэ, сэ дэтхэнэ зы цIыхуми и къалэну къызолъытэ и гъащIэ гъуэгум ирикIуэху акъыл зригъэгъуэтыным, гъэсэныгъэ зэхилъхьэным хущIэкъуныр.
Джэду Бэллэ Виталий ипхъу,
Урожайнэ, 10-нэ класс.
ЕгъэджакIуэр: Хьэгъур Светланэ Астемир ипхъу

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz