МурадыфIхэр зи куэд
Haradura Alla, Kabardey-Balkar Parlamentosu Gençlik Kolu Üyesi Guğotıj Ahmet’in çalışmaları aktarıyor.
ЩIалэгъуэм къыпхильхьэ къарур зыми ещхькъым. ГъащIэм лъэ быдэкIэ ухэувэху, а къарум укъызэщIеIэтэ, уигъэгушхуэу къыбдогъуэгурыкIуэ. А ныбжьым щитым деж цIыхум куэд дыдэ лъэкIынущ. Нэхъыщхьэр щIалэгъуэ къарур пщIэншэу умыгъэкIуэдынырщ. ИкIи ар и чэзум къэзыгъэсэбэпу IуэхущIафэ щыпкъэхэм хуэзыунэтIыфым и насыпщ. Апхуэдэущ зэрегупсысыр КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд.
ЩIалэгъуалэр фIым и телъхьэу, хэкупсэу къэхъунымкIэ куэд дыдэ зэлъытар и адэ-анэращ. Унагъуэращ къыщежьэр сабийм и гъэсэныгъэри, и къэкIуэнури. Унагъуэ дахэ къыхэхъукIа Ахьмэд сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэщ къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ.
Курыт школыр фIы защIэкIэ къэзыуха ныбжьыщIэр IэщIагъэхэм щахэдэм, абы экономистыр къыхихри, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым управленэмкIэ и институтым и бакалавриатым щIэтIысхьащ. Иджыпсту Бизнесымрэ къэрал управленэмрэ унэтIыныгъэм и магистратурэм и 2-нэ курсым щоджэ. Абы къыдэкIуэу Гугъуэтыжыр КъБМКъУ-м УправленэмкIэ и институтым и студент зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, еджапIэ нэхъыщхьэм щIэзыгъэтIысхьэ и комиссэм хэту илъэсиплI хъуауэ мэлажьэ.
ЩIэныгъэм зи лъагъуэ щыпхызышыну мурад быдэ зыщIа Ахьмэд журнал цIэрыIуэхэм къытрыригъэдзауэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 20-м нэс иIэщ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, урысейпсо конференц зэхуэмыдэхэми зыбжанэрэ и лэжьыгъэхэр утыку щрихьащ. Гугъуэтыжыр хэтащ Владикавказ, Ставрополь, Пятигорск, Дон Iус Ростов, Волгоград, Магас, Назрань, Саратов, Москва къалэхэм, Дагъыстэным, Ингушым, Шэшэным щекIуэкIа зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм. Дэтхэнэми и лэжьыгъэр щыпхигъэкIауэ, и цIэр фIыкIэ щыIуауэ, ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьауэ апхуэдэщ. ФIы дыдэу зэреджэр, университет гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр къалъытэри, республикэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ щыIэ стипендиер къыхуагъэфэщащ щIалэщIэм.
Ахьмэд зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм щытепсэлъыхькIэ къыхегъэщ а псори зи фIыщIэр чэнджэщ кърит зэпыту, IуэхуфIхэм тригъэгушхуэу сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъу, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Жангъураз Жансурэту зэрыщытыр.
Еджэным къыдэкIуэу щIалэщIэм нэгъуэщI лэжьыгъи ирехьэкI. Ар илъэс кIуам и жэпуэгъуэ мазэ лъандэрэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщIщ. Къыхэгъэщыпхъэщ Гугъуэтыжым Парламентым лэжьыгъэшхуэ зэрыщигъэзащIэр. Абыхэм ящыщщ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и УнафэщI Азычэ Светланэ я пашэу адыгагъэм, адыгэ хабзэм, адыгэбзэм ехьэлIауэ проект зыбжанэ къызэрагъэпэщауэ, бзэм фIыуэ хэзыщIыкI, ирилажьэ щIэныгъэлIхэр я дэIэпыкъуэгъуу районхэм щыIэ школхэм кIуэурэ зэIущIэхэр зэрыщрагъэкIуэкIыр. Нэхъыбэу а лэжьыгъэхэр зыхуэгъэпсауэ щытыр еджакIуэхэм адыгэбзэр ягъэшэрыуэу егъэсэнырщ, я бзэр, я хабзэр IэщIыб ямыщIыным, я блэкIам зыщагъуэзэным хуэущиинырщ.
МурадыфIхэр зи гъуэгугъэлъагъуэ, Iуэхугъуэ дахэхэр зи Iэужь Гугъуэтыж Ахьмэд и ехъулIэныгъэхэм хигъахъуэу, ди щIыналъэм ифI къызэрыкIын IуэхущIэхэр къыпкърыкIыу, и IэнатIэкIэ, зэфIэкIкIэ, щIэныгъэкIэ лъагапIэщIэхэм нэсы ну ди гуапэщ.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ
«Ныбжьэгъу пэжхэр налкъутым хуэдэщ-лъапIэщ икIи закъуэтIакъуэ дыдэщ. Ныбжьэгъу нэпцIхэр бжьыхьэ тхьэмпэу дэнэкIи щыкуэдщ (Ли Брюс)»
9. sınıf öğrencisi Kumış Rina, arkadaşlığı ve gerçek dostluğu Bruce Lee’nin “gerçek dostluk elmas gibi değerli ve serttir, sahte dostluklar güz yaprakları gibidir her rüzgar savurur” sözünün üzerinden açıklıyor. Karmahable ortaokulu. (Öğretmeni: Bey Marina)
Ныбжьэгъугъэ. А псалъэ кIэщIым мыхьэнэ ин дыдэ хэлъщ. Сыт-тIэ ныбжьэгъугъэр зищIысыр? «ГъащIэ» зыфlащауэ цIыхум и гъуэгуанэ кIыхьыр икIуху, лъагъуныгъэмрэ, гугъапIэмрэ хуэдэу, цIыхум ныбжьэгъугъэри къыдогъуэгурыкIуэ. Дыщэ, ахъшэ, щыгъын дахэ – ахэр псори зы зэман мэкIуэдыж, гукъэкIыжи къимыгъанэу, ауэ уасэ зэи зимыIэр, дэпхуэдиз мылъку димыIами къытхуэмыщэхунур ныбжьэгъу пэжыращ. Сабийри балигъри зэхуэдэу ныбжьэгъу хуэныкъуэщ, ныбжьэгъуншэу гъащIэр ехьэкIыгъуейщ. Псом хуэмыдэу «ныбжьэгъу» псалъэм Ли Брюс итхауэ щыта сатырхэр хуэпхь хъунущ: «Ныбжьэгъу пэжхэр налкъутым хуэдэщ – лъапIэщ икIи закъуэтIакъуэ дыдэщ. Ныбжьэгъу нэпцIхэр бжьыхьэ тхьэмпэу дэнэкIи щыкуэдщ». Ныбжьэгъуу укъалъытэныр къэблэжьын хуейщ, икlи ар Iуэхугъуэ тыншхэм ящыщкъым. Хэт-тIэ ныбжьэгъукIэ дызэджэ хъунур? Ар гуфIэгъуэ дыщиIэм деж имызакъуэу, гугъуехь дыщыпэщIэхуэхэм дежи ди гъусэ, къыддэщI, ди гум илъыр къызыгурыIуэ, ди щхьэм илъыр зыхуэтIуатэ цIыхухэращ.
Дэ езым ныбжьэгъу пэж диIэн папщIэ ар тхуэфащэу, хьэл-щэн дахэ зыхэдгъэлъыжыфу, гукъэкl диlэу, нэгъуэщlым и пlэ зидгъэувэфу щытын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэпхуэдиз ныбжьэгъу пэж димыIэми, езыхэр къызэрытхущытым хуэдэу дэри дахущымытмэ, ныбжьэгъугъэр тхуэIыгъынукъым.
Ныбжьэгъу пфIэкIуэдынри уи псэм щыщ Iыхьэ хахынри зыщ. Ныбжьэгъугъэр удз гъэгъам хуэбгъадэ хъунущ. Абы псы щIакIэурэ и быдапIэм нагъэс. Зэбгъэдэтыкlэр зыгъэбыдэщ пэжыныгъэр, гукъэбзагъэр, зэхэщlыкlыр.
Ли Брюс и псалъэхэмкIэ ныбжьэгъугъэ пэжым и лъэпIагъэр ди деж къихьэсыфащ. Сэри абы хуэдэу къыхуезджэну сыхуейт сабийри балигъри ди ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи дгъэлъэпIэну, дэри ныбжьэгъуцIэ зыхуэфащэ, ныбжьэгъуцIэ къэзылэжь цIыхуу дыщытыну.
Кумыщ Ринэ
Къармэхьэблэ, ебгъуанэ класс
ЕгъэджакIуэр: Бей Маринэ Исуф ипхъу