«Адыгэ дуней» лъэпкъ Фонд
Bak Madina, ‘Adige Dünyası’ Ulusal Vakfı’nın düzenlediği Kotlyarov Viktor ve Kotlyarov Mariya’nın kitap tanıtım etkinliğini yazdı.
«Адыгэ дуней» лъэпкъ Фондым иджыблагъэ зэlущlэ дахэ къыщзригъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм управленэмкlэ и академием.
«Кавказ» фlэщыгъэм щlэту Котляровхэ Викторрэ Мариерэ къыдагъэкlа тхылъхэр утыку ирахьащ. Мы сериер тхылъ 30 мэхъу. Абы хохьэ: художественнэ литературэм, тхыдэм, лъэпкъхэм я псэукlэм, хьэл-щэным, хабзэхэм, щэнхабзэм теухуа къыдэкlыгъуэхэр.
Мы тхылъхэр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапlэм къыщыдэкlащ. Абы хэхуащ илъэсищэм щlигъуауэ къыдамыгъэкlыжа тхылъхэри.
Викторрэ Мариерэ утыку кърахьа мы лэжьыгъэхэр къахуэщхьэпэнущ тхыдэджхэм, биологхэм, географхэм, этнографхэм, нэгъуэщl щlэныгъэлlхэми. Кавказым и тхыдэм нэхъыбэу щыгъуазэ хъуну дэтхэнэми гъэщlэгъуэн ящыхъунущ.
Мы лэжьыгъэм художественнэ литературэм щыщ къыдэкlыгъуэхэри хэтщ, псалъэм папщlэ Мэлбахъуэ Эльберд и «Iуащхьэмахуэ дэкl гъуэгур шынагъуэщ» романыр, Шинкубэ Бэгърат и «Жылакlэ» романыр.
«Кавказ» серием хэхуащ урысей щlэныгъэлlхэм ямызакъуэу, хамэ къэрал щlэныгъэлlхэм, дипломатхэм, тхыдэджхэм, ди щlыпlэхэм щlыхьэщlахэм я лэжьыгъэ куэди. Илъэс бжыгъэ дэкlам емылъытауэ мы лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр нэхъ хэмыхъуамэ, зыкlи хэмыщlауэ къэплъытэ хъунущ. Икlи, Котляровхэ я lуэху бгъэдыхьэкlэм, псэемыблэжу лэжьыгъэ ягъэзэщlам и фlыгъэкlэ мы тхыгъэхэр иджыри зэ дунейм къытехьащ.
Фондым къызригъэпэща мы lуэхугъуэм кърихьэлlат Къэбэрдей-Балъкъэрым ис тхыдэджхэр, политикхэр, жылагъуэ лэжьакlуэхэр. Ахэм, Котляровхэм я лэжьыгъэм фlыщlэ хуащlащ, адэкlи тхылъ куэд иджыри утыку кърахьэну ехъуэхъуахэщ.
Зэlущlэм кърихьэлlахэм я гукъыдэжыр къаlэтащ адыгэ макъамэм фlыуэ зылъагъу, лъэпкъ lэмэпсымэхэм елэжь Еуазхэ Зуберрэ, пшынауэ щэджащэ lэпсэхэ Дианэрэ. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкlэ колледжым и еджакlуэхэу: Ардэщауэ Роксанэ, Лафыщ Камилэ, Гъэщауэ Альберт, Тезадэ Астемыр, Макеевэ Виктория сымэ усэ къеджащ, Кавказым и тхыдэм тепсэлъыхьащ, адыгэ, балъкъэр lуэрыlатэхэм щыщ хъыбархэр жаlэжащ.
«Адыгэ дуней» лъэпкъ Фондым къыбгъэдэкlыу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ щlыхь тхылъ хуагъэфэщащ, Кавказым и тхыдэр джыным, жыджэру тхылътедзэным зэрыхэтым къыхэкlыу.
Мы зэlущlэм Республикэм и хъыбарегъэщlэ lуэхущlапlэхэм и лэжьакlуэхэр къеблэгъащ.
Презентацэр къызэзыгъэпэщари, езыгъэкlуэкlари «Адыгэ дуней» лъэпкъ Фондращ.