Щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху мыщхьэпэми, узыгъэгуфIэр зыщ – Щамым къикIыж ди лъэпкъэгъухэм Хэкужьым деж щхьэегъэзыпIэ тынш зэрагъуэтращ. Ипэ лъэбакъуэхэм къыщегъэжьауэ мы Iуэхум хэтащ икIи хэтщ Али-Бэрдыкъуэ къуажэр. Щамым къикIыжа ди лъэпкъэгъу куэдым иужьым нэгъуэщI къуажэхэм унэрэ тIысыпIэрэ щагъуэтыжами, япэу къезыгъэблэгъари дэIэпыкъуари Хьэгъундыкъуей адыгэ жылэжьрауэ зэрыщытыр гурыфIыгъуэщ.
Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну унагъуэм Щамыр ибгына иужь, гъуэгуанэ кIыхь къызэринэкIащ ди къуажэм къыщетIысэхын ипэ. Япэ ахэр здепсыхар Шэткъалэщ (Ставрополь). Иужьым Абхъазым – абдеж езы къэралым и паспорти къратащ, ауэ унагъуэр абы щемытIысэхыу Черкесск къэкIуэжащ, дэсащ, бэджэндэу яIыгъа унэм щIат уасэр къатехьэлъэ щыхъум, Хьэгъундыкъуей къыщетIысэхыжащ.
«Дэнэ къалэ е къуажэ дыдэмысами мыр ди Хэкужьщ. Мы къуажэм деж дызыщIэсыфыну унэ зэрыщыIэр Аргун Олег къыджиIэри, дыкъригъэблэгъащ. Ди гуапэу дыдэсщ Хьэгъундыкъуей жылагъуэм. ЦIыхухэри къытпыкъуокI фIыкIэ, я гуэныхь дыхуейкъым», – жаIэ унагъуэм щIэсхэм.
Альмасри Худа Адель – мыр я анэращ, абы и пхъуитIыр – Гусейнэрэ Закиярэ. Езыхэр Алеппо щыпсэуащ. Зауэм кърихужьэри, Хэкужьым къагъэзэжащ. Хьэгъундыкъуей илъэсрэ ныкъуэрэ хъуауэ дэсщ. Псори зэхэту – Хэкужьым илъэситху хъуащ къызэрагъэзэжрэ. Я зы дэлъхум унагъуэ ищIауэ Шэткъалэ щопсэу. Адрей я зы дэлъхур Щамым къинащ.
Хьэгъундыкъуей къуажэм дэс унагъуэм нобэкIэ «вид на жительство» Iэмалым тету я тхылъхэм я пIалъэр икIауэ, пащэжыным и ужь итщ.
«Цы щIыным, абы пыIэ, щыгъын къыхэщIыкIыным дропсэу, мы зэманым гъэмахуэщи, абы ахъшэ къыхэмыкIми… ЦIыхухэм тхьэмыщкIагъуэ драгъахуэкъым. Тхьэм фIыщIэу къаритыж! Ди гуапэщ Хэкужьыр къызэрытпежьар, дикIыжыни ди гугъэкъым, зэрытлъэкIкIэ мы щIыгум лъапсэ щыдутIыпщыжынущ»,- жаIэ быным.
Зэман куэди текIакъым Кавказ зауэжьыр зэриухрэ, абы ирипхъыхьа лъэпкъым и уIэгъэхэри кIыжын иджыри хущIыхьакъым. Ауэ адыгэ къуажэхэм хабзэрэ гулъытэрэ зэрыдэлъым уегъэгуфIэ, ар сыт хуэдэ зауэми, гуауэми яхуэшхакъым. Мы унагъуэ цIыкIури Хьэгъундыкъуей къуажэкIэм щетIысэхауэ, Хэкужьым и жьэгум загъэхуабэу Iусщ. Езыхэр цIыху гуапэщ, гуфIэпсыжщ, яIэр иджыри мащIэми, ар тIу иращIыкIыу, къыбдэгуэшэну хьэзырщ. Тхьэм апхуэдэ гуауэ химыгъэплъэжкIэ! Хэкужьым и жьэгу хуабэм Iусу я лъапсэр яутIыпщауэ тлъагъуну догугъэ.
Къущхьэ (Бемырзэ) Мадинэ
(Черкес хэку)