РВП къеIызыхынум ищIэн хуейр

0
1431

Хамэ къэрал щыпсууэ, и хэку къэкIуэжу Урысей паспорт къищтэну хуей цIыхум хабзэм къыхуигъэувыр Iыхьищу зэкIэлъокIуэ.
Япэ Iыхьэр. Хэкум (Урысей Федерацэм) къихьэу зы зэман пыухыкIа гуэркIэ щыпсэуну хуит зыщI тхылъ зэригъэпэщын (РВП).
ЕтIуанэ Iыхьэ. ПIалъэншэу щыпсэуну хуит зыщI тхылъ зэригъэпщын (Вид на жительство).
Ещанэ Iыхьэ. Урысей Федерацэм и паспорт къеIыхын.
Мы Iуэхугъуэхэм нэхъ кууэ тепсэлъыхьын хуейщ: Сыт хуэдэ тхылъымпIэ зэхуэпхьэсыну? Узэрыпэплъэну пIалъэр сыт хуэдиз? Мылъкуу текIуэдэнур дапщэ?

Япэ Iыхьэм теухуауэ зэхуэхьэсын хуей тхылъхэр:
1- Паспорт. Узыщыщ къэралым къыуитауэ щыхьэт тхылъ, янэхъ мащIэ мазих (6 месяцев) пIалъэу иIэу.
2- Визэ. Урысей Федерацэм укъихьэну хуит узыщI тхылъ. Визэр зэмылIэужьыгъуэу щыIэщ: туристу укъэкIуэну, укърагъэблагъэу укъакIуэу, уеджэну, Iуэху уиIэу, зэман пыухыкIа гуэркIэ ущыпсэуну, нэгъуэщIхэри. Абыхэм щыщу туристу укъэкIуэну хуит зебгъэщIу тхылъ щIэплъхьэ хъунукъым.
3- Суд зэрытрамыщIыхьамкIэ щыхьэт тхылъ (Несудимость жыхуаIэ тхылъыр). (Апостил мыхъур тегъэуауэ щытын хуейщ).
4- (Свидетельство о рождении) КъызэралъхуамкIэ щыхьэт тхылъ (Апостил мыхъур тегъэуауэ щытын хуейщ).
5- Унагъуэм цIыхуу щIэсым я цIэр, я унагъуэцIэр, къыщалъхуар зэрыт тхылъ. (Апостил мыхъур тегъэуауэ щытын хуейщ).
6- Щхьэгъусэ уиIэмэ, щыхьэт тхылъ. (Апостил мыхъур тегъэуауэ щытын хуейщ).
7- Диплом, сертификат хуэдэ тхылъхэр уиIэмэ, сэбэп хъунущ.
Урысей Федерацэм къихьа нэужь, зы тхьэмахуэм къриубыдэу здэпсэуну щIыпIэм зыщригъэтхын хуэйщ. Сом 350 хуозэр (регистрация).
Къэрал IуэхущIапIэм ирихьэлIэн хуей тхылъхэр:
– ЛъэIу тхылъ, зэман пыухыкIа гуэркIэ щыпсэуну хуит къащIыну – тIуащIэу.
– Сурэт 3,5 х 4,5 я инагъыу – 4.
– Паспорт (УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ, нотариусым и мыхъур тету)
– Суд зэрытрамыщIыхьамкIэ щыхьэт тхылъ (УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ, нотариусым и мыхъур тегъэуауэ)
– Наркотик зэрызримыхьэлIэмкIэ, уз зэрыцIалэ зэрыпкърымытымкIэ, ВИЧ къызэремыузымкIэ щыхьэт тхылъ.
– Урысыбзэ зэрищIэмкIэ сертификат (Илъэс 65-рэ зи ныбжь цIыхухъумрэ илъэс 60 зи ныбжь цIыхубзымрэ апхуэдэ сертификат хуейкъым).
– Банкым сом 1 600 (госпошлинэ) хилъхьауэ щыхьэт тхылъ.
– Зи илъэскIэ зыгъэпсэун ахъшэ (160 000 рублей) банкым зэрыхэлъымкIэ щыхьэт тхылъ.
Мы тхылъымпIэхэр гъэхьэзырауэ къэрал IуэхущIапIэм щIэлъхьэным сом 15 000 хуэдиз токIуадэ.
Зыхуеину тхылъхэр IуэхущIапIэм щIилъхьа нэужь, мазиплIым (4 месяца) къриубыдэу жэуап къыIэрыхьэжын хуейщ.
Хуитыныгъэ къратмэ, паспортым мыхъур къытрагъэуэнущ. Абы иужькIэ зы тхьэмахуэм къриубыдэу, здэпсэуну щIыпIэм зыщIригъэтхэн хуейщ. (регистрация).
АдэкIэ илъэсищ (3 года) хуиту щыпсэуфынущ.

Гюсер Атилла*

* Пэрыт Хасэм и Тхьэмадэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz