Урысей Федерацэм и цIыху узэрыхъуфыну Iэмалхэр

0
1436

УФ-м и цIыху ухъуну ухущIэкъумэ, къыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэхэм упэхъун хуейщ:
1. Илъэситху хъуауэ УФ-м ущыпсэун, зы илъэсым къриубыдэу, зэкIэлъхьэпыту мазищ нэхърэ нэхъыбэкIэ хамэ къэрал ущымыIауэ щытыпхъэщ;
2. УФ-м и Конституцэмрэ хабзэмрэ утетыну шэсыпIэ уохьэ;
3. Узэрыпсэун хэхъуапIэ (мылъку) хьэлэл уиIапхъэщ;
4. НэгъуэщI (укъыздикIа) къэралым и цIыхуу ущытыну узэрыхуэмейм и лъэIу тхылъыр пIыгъын хуейщ. УмыIыгъми хъунущ апхуэдэ тхылъ къэралхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмкIэ хуэмеймэ, е щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ар къуамытыфынумэ;
5. Урысыбзэ пщIэн хуейщ;
УФ-м и гражданин ухъуну узэрыхуейм и лъэIу тхылъыр жыпхъэ пыухыкIам иту, урысыбзэкIэ тIууащIэу ятхри, ар зи цIэкIэ тхам и Iэр щIедзыж. ЛъэIу тхылъым и упщIалъэм (бланкым) IэкIэ иптхэми компьтеркIэ тебдзэми хъунущ. Ауэ зыри бгъэкIэщI, хьэрф зырызкIэ къэбгъэлъагъуэ, уеуэж хъунукъым. УпщIэхэм я жэуапхэр дыкъуакъуэ мыхъуу, гурыIуэгъуэу, псори къызэщIиубыдэу зэрептынум хущIэкъу.

ЛъэIу тхылъым мы документхэри дэщIыгъун хуейщ:
1) 3 x 4 инагъ зиIэ сурэтищ
2) Iуэхутхьэбзэм щIэтыпхъэ къэрал пошлинэр е консульствэм етыпхъэ ахъшэр зэрыптамкIэ квитанц;
3) къэралым пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуит узэращIам и щыхьэтыр;
4) лъэIу тхылъыр щIэплъхьэн ипэ гъэм, щIышышлэм и I-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 31-рэ хъухукIэ, хабзэр къызэпызымыуд хэхъуапIэ хьэлэл узэриIам, къыпхэхъуар зихуэдизыр къыщыгъэлъэгъуа документ;
5) нэгъуэщI къэралым и гражданствэр уи фIэфIыныгъэкIэ къызэрыбгъэнам и щыхьэт. Ар къомыгъэлъагъуэми хъунущ, апхуэдэ щыхьэт тхылъ хабзэкIэ, е къэралхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэм хуэмейуэ итмэ. Апхуэдэуи уэ къомылъыта щхьэусыгъуэхэмкIэ а щыхьэт тхылъыр къыпхудэмыхамэ;
6) урысыбзэр жьабзэуи тхыбзэуи, я нэхъ мащIэу узыхуейнум хуэдиз, зэрыпщIэм и документ;
Ар къамыгъэлъагъуми хъунущ зи ныбжьыр илъэс 65-м щIигъуа цIыхухъухэм, илъэс 60 ирикъуа цIыхубзхэм, лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжьым къимыхьу къалъытахэм, I группэм хиубыдэ ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэм.

Мы щхьэусыгъуэхэм языхэз зиIэр, къэралым зэрыщыпсэунур зы илъэсым нэс ягъэмащIэнущ:
-щIэныгъэм, техникэм, щэнхабзэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызэзыгъэхъулIахэм; Урысей Федерацэм дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэу къалъытэ IэщIагъэ е квалификацэ зиIэхэм – гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ IуэхущIапIэм, е УФ-м и хэгъуэгум къулыкъу лъагэ щызыIыгъ цIыхухэм уи цIэкIэ лъэIу тхылъ пхуатхынущ;
-Урысей Федерацэм и щIыналъэм политикэ щтапIэ щызыгъуэта цIыхум – абы и щыхьэт тхылъи ират;
-Федеральнэ унафэм зэритым тету, цIыхур кIуэрыкIуэсэжу къалъытэн папщIэ, – кIуэрыкIуэсэжу укъызэралъытам и щыхьэт тхылъ къэбгъэлъэгъуэн хуейщ.
Хэмэ кърал къикIахэмрэ, къэрал гуэрми и гражданствэ зимыIэхэмрэ я ныбжьыр илъэс I8 ирикъуарэ лэжьэну я узыншагъэ, ныбжь къихьмэ, нэхъ гъуэгу тыншкIэ УФ-м и цIыхуу къалъытэну лъэIу тхылъ ят хъунущ. Апхуэдэщ къыкIэлъыкIуэу зи гугъу тщIыну цIыхухэр:
1. Урысей Федерацэм и гражданствэ яIэу УФ-м щыпсэууэ адэ е анэ зиIэхэм;
2. Я нэхъ мащIэу илъэсищ хъуауэ УФ-м и цIыху щхьэгъусэ зыхуэхъуахэм;
3. Зи узыншагъэм, ныбжьым и зэранкIэ мылэжьэжыфхэм, лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжь къихь бын УФ-м и гражданину, я ныбжьыр илъэс I8 ирикъуауэ зиIэхэм;
4. УФ-м и къэрал аккредитацэ зиIэ еджапIэ е щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я программэхэмкIэ IэщIагъэ зэрагъэгъуэту, я нэхъ мащIэу илъэсищ, гражданствэ къратыну щыщIэлъэIуам ипэкIэ, лэжьахэм. Узыгъэлажьэм Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым страховой ахъшэ уи цIэкIэ игъэкIуамэ;
5. ХьэрычэтыщIэм, Урысейм и гражданыгъэм щыщIэлъэIу пIалъэм ипэ, зэпымыууэ илъэсищкIэ хьэрычэт Iуэхур игъэлэжьамэ (УФ-м и Правительствэм игъэува лIэужьыгъуэхэрщ къалъытэнур). А зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу илъэс къэс налогу, сбору, УФ-м и Пенсэ фондым страховой ахъшэу хилъхьар сом мелуан нэхърэ мынэхъ мащIэу щытмэ;
6. УФ-м и гражданыгъэм зэрыщIэлъэIу тхылъыр щIилъхьэн ипэ, я нэхъ мащIэу зы илъэскIэ, и IэщIагъэмкIэ IэнатIэ пэрытауэ щытмэ (зыхуейну къагъэлъэгъуахэм щыщу). Узыгъэлажьэм Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым страховой ахъшэ уи цIэкIэ игъэкIуамэ;
7. Лэжьэну зи узыншагъэ къимыхьхэм лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжь къихь бын УФ-м и цIыхуу яIэмэ;
8. Езым я фIэфIыныгъэкIэ ди лъэпкъэгъухэр УФ-м къэгъэIэпхъуэжыным хуэгъэпса къэрал программэм хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ.

Нэхъ гъуэгу тыншкIэ УФ-м и гражданствэ къызэрыдэпхынум и лъэIу тхылъым дэщIыгъупхъэ документхэр:
1. Паспорт, е абы пэхъун тхылъ;
2. Гражданствэ узэриIэм, е узэримыIэм я щыхьэт тхылъ;
3. ЛъэIу тхылъыр зытхар щыпсэу щIыпIэр къыщыгъэлъэгъуа документ;
4. 30 x 40 мм инагъ зиIэ сурэтищ;
5. Къэрал пошлинэ е консулькэ сборхэр зэрептам и щыхьэт (квитанц);
6. лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжь къихьу балигъыпIэ иувам, и адэм е анэм УФ-м и гражданствэ яIэрэ, къэралым щыпсэумэ, абы и паспортыр;
7. УФ-м и цIыху, я нэхъ мащIэу илъэсищ хъуауэ зи щхьэгъусэхэм нэчыхь тхылъымрэ щхьэгъусэм и паспортымрэ, е абыхэм я копие нотариусыр щыхьэт техъуарэ и Iэ щIэдзыжауэ;
8. УФ-м IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэтахэм – IэщIагъэ зэраIэм и щыхьэт тхылъыр, апхуэдэуи абы дэщIыгъупхъэщ а IэщIагъэмкIэ нэхъ мащIэу илъэсищкIэ УФ-м зэрыщылэжьам и щыхьэт;
9. ХьэрычэтыщIэхэм я ЕГРИП-м (хьэрычэтыщIэхэм я къэрал реестр) птеухуауэ итыр къыхегъэтхыкIын, УФ-м и гражданствэм ущIэлъэIун ипэ, илъэсищкIэ, гъэ къэс щхьэхуэу, УФ-м и бюджетым налогрэ сбору Пенсэ фондым хуебгъэхьар къэгъэлъэгъуэн. УФ-м и Пенсэ Фондым езым пхуэзэу, цIыху зыгъэлажьэхэм – игъэлажьэхэм ярит улахуэм къыхэкIыу 2016 гъэм и дыгъэгъазэм и 31 хъухукIэ УФ-м и Пенсэ фондым и хэгъуэгу IуэхущIапIэм, 2017 гъэм и щIышылэм и I-м щегъэжьауэ налог IуэхущIапIэм зэрыригъэхьам я щыхьэт;
10. УФ-м и гражданствэм щыщIэлъэIуам ипэ я нэхъ мащIэу зы илъэскIэ и IэщIагъэмкIэ (зыхуейну къагъэлъэгъууахэм щыщу), УФ-м щигъэзэщIа лэжьыгъэр, зыпэрыт IэнатIэм и щыхьэт тхылъ: лэжьыгъэм и тхылъ (трудовая книжка), лэжьапIэ ущыувым къыуащIылIа зэгурыIуэныгъэр, е граждан-правовой зэгурыIуэныгъэр, стаховать ящIа цIыхум и лицевой счетым иIэ щытыкIэр УФ-м и Пенсэ фондым и хэгъуэгу щIыналъэм къеIыпхын хуейщ;
11. Мылэжьэфыну къалъытахэм, лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжь къихь бын – УФ-м и цIыхуу зиIэхэм, я быныр къызэралъхуам и щыхьэт тхылъымрэ и паспортымрэ, апхуэдэуи лъэIу тхылъыр зытхар зэрымылэжьэжыфым щыхьэт техъуэ документхэм ящыщ;
12. УФ-м и МВД-м (хэгъуэгу щIыналъэм щаIэ къудамэм) къыщызэрагъэпэща къэпщытакIуэхэм урысыбзэ пщIэуэ къызэралъытам и щыхьэт;
13. Езым я фIэфIыныгъэкIэ ди лъэпкъэгъухэр УФ-м къэгъэIэпхъуэжыным хуэгъэпса къэрал программэм хэтхэмрэ абы и унагъуэм щIэсхэмрэ – зи гугъу ящI программэм зэрыхэтым и щыхьэт е абы и копие, лъэIу тхылъыр къэзытхым апхуэдэ программэм хэт и унагъуэм щIэсмэ.
УнэцIэ, цIэ е адэцIэ зэзыхъуэкIахэм, ахэр зэрызэрахъэукIам щыхьэт техъуэ документхэри лъэIу тхылъым игъусэу ятын хуейщ.
ЛъэIу тхылъым дыщIагъу документэхэр псори урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ щытыпхъэщ. Псори пэжу зэрызэрадзэкIар, е зэзыдзэкIам и Iэ щIэдзыр зэрыпэжым нотариусыр щыхьэт техъуэн хуейщ. Хамэ къэрал къыщыдэпха документхэр УФ-м щыпхыкIын (щылэжьэн) папщIэ абыхэм «апостиль» дамыгъэ (мыхъур) тетыпхъэщ, УФ-м и къэралзэхуаку зэгурыIуэныгъэм нэгъуэщI зыгуэр имытмэ.
Къэбгъэлъагъуэр документхэм я копиерамэ, УФ-м нотариатым хуэгъэпса и хабзэм зэрытетым хуэдэу, щыхьэт техъуэн хуейщ.

Зэхуэпхьэса документхэри ущыпсэу щIыпIэращ здыщептын хуейр:
*Урысей Федерацэм ущыпсэумэ – МВД-м и хэгъуэгу щIыналъэм;
*УФ-м и гъунапкъэхэм ущыпсэумэ – дипломатическэ хэщIапIэм е консульскэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм хамэ къэрал щиIэм;
*Къэрал программэм хэту, УФ-м и щIыналъэм щыпсэухэм е пIалъэкIэ къэкIуауэ щыIэхэм, щыпсэу, е пIалъэкIэ здэщыIэ щIыпIэм МВД-м щиIэ хэгъуэгу хэщIапIэм ират, (зыхуагъазэ хъунущ).
ЛъэIу тхылъым хэплъэну къащтауэ къэплъытэ хъунущ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщауэ документ псоми уи Iэ щIэлъу щепта махуэр тету щыпIахам щегъэжьауэ. Ар зэрыпIахам и щыхьэт тхылъи къуат. Уи лъэIум илъэсым нэблагъэкIэ хэплъэнущ.
Къэралым етын хуейуэ ягъэува ахъшэр (пошлинэр) сом 3500-рэ мэхъу
Уи Iуэхум хэплъа иужь, къащта унафэм и хъыбар почтэкIэ къыуагъэщIэнущ.
ЛъэIу тхылъыр зытхам, Iэмал имыIэу, УФ-м и цIыхум и тхьэрыIуэ (присягэ) итын хуейщ. ТхьэрыIуэр зэрыт тхылъымпIэм, (абы хухэха щIыпIэм деж) уи унэцIэр, цIэр, адэцIэр, тхьэрыIуэ щыпта махуэр иптхэу Iэ щIэбдзыжын хуейщ. А тхьэрыIуэр умытмэ, УФ-м и цIыхуу укъалъытэнукъым.
ТхьэрыIуэ ямытми хъунущ, цIыху щхьэхуэхэм. Апхуэдэщ лэжьэну зи узыншагъэ е зи ныбжь къимыхьу, е зи щхьэ унафэ ищIыжыну хуимыту хьэкумым къилъытахэр (ограниченными в дееспособности), апхуэдэуи я узыншагъэм иIэ ныкъусэныгъэм и зэранкIэ тхьэрыIуэм итым къемыджэфынухэм, е Iэ щIэзымыдзыжыфынухэм. КъищынэмыщIауэ, Президентым и унафэр зылъэIэс нэгъуэщI цIыхухэми.
ТхьэрыIуэ (присяга) щыпта махуэм щегъэжьауэ къэралым и цIыху уащI, нэгъуэщI зыгуэр УФ-м и хабзэм, е Президентым и унафэм къыщымыгъэлъэгъуамэ.

Гюсер Атилла
Пэрыт Хасэм и Тхьэмадэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz