Урысейм ущыпсэуну хуит узыщI тхылъым и къыдэхыкlэр

0
1630

Урысей Федерацэм пIалъэ кIыхькIэ щыпсэуну хуит зыщI тхылъ (вид на жительство) хэхэсым къызэрыдихыну Iэмалхэр

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пIалъэ кIыхькIэ УФ-м щыпсэуну хуит зыщI тхылъ зэрагъэпэщмэ, адэжь щIыналъэм щыпсэуну, щылажьэну хуитщ.

А Iуэхур езыр-езыру зэрызэфIэфхынум, фызыхуейну дэфтэрхэм зэхэхауэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ, къэятэ хабзэ упщIэхэм жэуап етынщ.

НтIэ, Урысейм пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуит узыщI тхылъыр сыт зищIысыр?

Абы Iэмал къует пIалъэ кIыхькIэ Урысейм хэхэсу ущыпсэуну, ущылэжьэну. Апхуэдэуи къэралым и цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэм я нэхъыбэр къует. Ар зиIэхэр къэралым и цIыхуу къалъытэнымкIэ, е УФ-м и паспорт къыдахынымкIэ я Iуэхур нэхъ тынш хъунущ.

Щапхъэ къэгъэлъагъуэн.

Ар и теплъэкIэ УФ-м и паспортым ещхъщ, (тхылъ цIыкIум хуэдэу щIащ), абы хэхэсым и цэ и унэцIэ, Къышалъхуэр и ныбжьыр (и данэхэр), тхылъым и пIалъэр щикIыр итщ).

Илъэс 14, 20, 45-рэ ныбжьхэм, зи унэцIэр,цIэр,адэцIэр зыхъуэжахэм, е дэфтэрым итхэр фейцей (Iисраф) зыщIахэм яхъуэжын хуейщ.

А дакумэнтыр къыдэпхын папщIэ, псом япэрауэ, Урысейм пIалъэ кIэщIкIэ ущыпсэуну хуит узыщI тхылъымпIэр къеIыпхын хуейщ.

Сыт ар зищIысыр жыпIэмэ?

Урысейм пIалъэ кIэщIкIэ ущыпсэуну хуит узэращIыр хэхэсым и паспортым, е абы пэхъу щыхьэт тхылъым мыхъуркIэ къыщагъэлъагъуэ.

Мис мыпхуэдэущ ар зэрыщытыр.

Къэралым пIалъэ кIэщIкIэ ущыпсэуну хуит уащIамэ, УФ-м пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуитыныгъэ къуатыхукIэ, хабзэм тету Урысейм ущыIэну, ущылэжьэну ухуитщ.

Ауэ, ущылажьэ хъунур хуитыныгъэ къозыта хэгъуэгум и закъуэщ.

Илъэс ныкъуэ (мазих) нэхърэ нэхъыбэкIэ Урысейм уикIыж хъунукъым. Арыншамэ, мыхъурым къару иIэжынукъым.

Урысейм пIалъэ кIэщIкIэ ущыпсэуну хуит уащIа иужькIэ, илъэсым щIигъукIэ къэралым уисамэ нэхъыфIт, иужькIэ пIалъэ кIыхькIэ УФ-м ущыпсэуну хуит узыщI тхылъ къыдэпхыну ухущIэкъу хъунут.

ЛъэIу тхылъыр УФ-м узэрыщыпсэурэ я нэхъ мащIэу мазий щрикъум, къэралым ущыпсэуну иджыри мазиплI нэхърэ мынэхъ мащIэ къэнауэ илъэс 18 ирикъуа цIыхум езым итхын хуеищ. БалигъыпIэ имыувахэм я лъэIу тхылъыр я адэ-анэм, быфадэ-быфанэм, сабийр зыпIым, е кIэлъыплъым ятхынуращ.

ЛъэIу тхылъыр электрон IэмалкIэ Госуслуги https://www.gosusIugi.ru/ зыуэ щыт порталымкIэ ептыну хэкIыпIэ щыIэщ.

Абы папщIэ узыхуеину тхылхымпIэм ящыщщ:

•УФ-м пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну узэрыхуейм и лъэIу тхылъитI
•къэралым пIалъэкIэ ущыпсэуну узэрыхуитым и щыхьэтыр
•35х45 жыпхъэм иту сурэтиплI, (къэрал гуэрми и цIыхуу щымытхэм сурэтитI);
•я узыншагъэр къызэрапщытам и щыхьэт тхылъымпIэ;
•ВИЧ – узыфэ зэрыцIалэр къазэремыузым и щыхьэт тхылъ;
•паспорт, е абы пэхъун документ;
•зэрыпсэу мылъкур езым и гуащIэкIэ къызэрилэжьым и щыхьэт. Ар цIыхум и хэхъуэхэр къызытещщ, е лэжьапIэм кърата дэфтэрщ.
•УФ-м пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуит узэращIым папщIэ къэралым етыпхъэ ахъшэ щхьэхуэр зэрыптам (сом минитху (5) мэхъу);
•Урысейм узэрыщыпсэурэ илъэсищым щIигъуамэ, псэупIэ узэриIэр къэгъэлъэгъуапхъэщ (ар езым уи унэ, бэджэнду къэпщта фэтэр, е благъэ-Iыхьлы ирехъу). Нэхъыщхьэр унэ гуэрым ущIэсу егъэтхауэ щытынырщ.
Балигъ ныбжьым нэмысахэм папщIэ къыкIэлъыкIуэ дэфтэрхэр гъэхьэзырын хуейщ:
•къызэралъхуам и щыхьэт тхылъ;
•хуей хъумэ – сабийр зыпIхэм, е кIэлъыплъхэм я хуитыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ.

ЗыгуэркIэ уи дакумэнтхэр инджылызыбзэ защIэкIэ зэхэгъэувамэ, ар къэралыбзэкIэ зэдзэкIарэ, нотариусыр щыхьэт техъуэжауэ, щIыналъэм щыIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм (МВД-м) етын хуейщ.

Псори къызыхуэтыншэу, пэжу зэхэгъэувамэ, уи лъэIу тхылъыр зы махуэм къриубыдэу пIахынурэ уи тхылъымпIэхэм хэплъэну зэрыпIахам и щыхьэт тхылъ къуатынущ.
Уи Iуэху зытетым елъытауэ, уи лъэIум мазихым нэблагъэкIэ хэплъэнкIэ хъунущ.
Уи лъэIум арэзы техъуамэ, езы тхылъымпIэр махуэ I5-м къриубыдэу къуатыжынущ.
УФ-м пIалъэ кIэщIкIэ узэрыщыпсэуам и тхылъ уимыIэу, къэралым пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуит узыщI тхылъыр мы цIыху хэхахэм нэхъ тыншу къыдахыфынущ:

а) Хэхэсхэм щыщу зи адэ-анэ (быфадэ-быфанэ, зыпI, е къыкIэлъыплъ), къуэ е пхъу Урысей Федерацэм и цIыхуу щытрэ къэралым зэпыу имыIэу щыпсэухэм;
б) хэхэсхэм щыщу урысыбзэ уэрсэру зыщIэхэр;
в) Квалификацэ лъагэ зиIэ IэщIагъэлIымрэ (апхуэдэм хеубыдэ абы и унагъуэм щIэсхэмрэ;
г) хэхэсхым лъэIу тхылъыр щыщIилъхьа махуэм ипэ УФ-м и Правительствэм игъэбелджыла IэщIагъэхэм я зыхэзымкIэ илъэсих ирикъу лэжьауэ щытмэ, апщIондэхуи и лэжьапщIэм къыхэкI страховой взносхэр УФ-м Пенсионнэ фондым кIуэуэ щытамэ;
д) хэхэсхэм щыщу, УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта, къэрал аккредитацэ зиIэхэм;
е) Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езым я фIэфIыныгъэкIэ УФ-м къэшэжыным хуэгъэпса къэрал программэм хэтымрэ абы и унагъуэмрэ;
ж) Хэхэсхэм щыщу кIуэрыкIуэсэжу къалъытэу УФ-м пIалъэкIэ щтапIэ ихьэжамрэ абы и унагъуэмрэ, илъэс 18 ирикъуахэр, апхуэдэуи я ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуами е ирикъуауэ зи акъылым сэкъат иIэхэр.

Абы щыгъуэ фызыхуейну дэфтэрхэр фи Iуэху зытетым елъытауэ щытынущ.
ЛъэIу тхылъхэмрэ дакумэнтхэмрэ хэкум къэкIуэжхэм ядэлажьэу къэрал кIуэцI Iуэхухэмрэ министерствэм щIыналъэм щиIэ къудамэм ират:

•Зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуауэ УФ-м пIалъэ кIэщIкIэ щыпсэуну хуит ящIар щыпсэуну хуит ящащIа щIыпIэм;
•Квалификацэ лъагэ зиIэ IэщIагъэлIымрэ абы и унагъуэмрэ пIалъэкIэ щыпсэуну хухаха щIыпIэм;
•Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езым я фIэфIыныгъэкIэ УФ-м къэшэжыным хуэгъэпса къэрал программэм хэтымрэ абы и унагъуэм щыщхэмрэ къыздрагъэблэгъэжа щIыпIэм;
•Хэхэсхэм щыщу урысыбзэ уэрсэру зыщIэхэр, бзэр зэращIэм щыхьэт щытехъуа щIыпIэм щыIэ МВД-м.

Хэхэсым, е УФ-м пIалъэ кIэщIкIэ щыпсэуну хуит ящIа цIыхум и лъэIу тхылъым мазихкIэ (6) хэплъэнущ.

Къэралым пIалъэ кIыхькIэ щыпсэуну хуит узыщI тхылъыр нэхъ тыншу зрат мы цIыху хэхахэм щхьэкIэ пIалъэхэри нэгъуэщIщ.

УФ-м пIалъэ кIыхькIэ ущыпсэуну хуит уащIыным Iэмалу къуитымрэ фIагъыу хэлъымрэ сыт?

1. ПIалъэ кIыхькIэ хэкум ущыпсэуну, узыхуей щIыпIэм укIуэну, ущыIэну.
2. Дэфтэр лей хэмыту къэралым уикI-къэбгъэзэж хъунущ.
3. Медицинэ Iуэхутхьэбзэ пщIэншэу къыпхуащIэнущ, социальнэ программэ хэхахэр къуатынущ, абы хохьэ пенсэр, пщIэншэу щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр.
4. Унэхэр уи цIэкIэ ебгъэтх, абыхэм ущыпсэууэ къэбгъэлъагъуэ хъунущ.
5. ЩIыпIэ самоуправленэхэм щекIуэкI IэIэтхэм ухэт хъунущ, апхуэдэуи ухахыну зыкъэбгъэлъагъуэну ухуитщ.
6. Хамэ къэрал щыпсэу уи Iыхьлыхэм егъэблагъэ тхылъ яхуебгъэхь хъунущ.

А Iэмалхэмрэ хуитыныгъэхэмрэ къищынэмыщIауэ УФ-м пIалъэ кIыхькIэ щыпсэуну хуит ящIахэм къалэн пыухыкIахэр я пщэ къыдохуэ
1. Зи хэку къэзыгъэзэжахэр Урысейм и хабзэмрэ конституцэмрэ тету псэун хуейщ.
2. Ику иту къэблэжьыр УФ-м зы цIыхум мазэм къриубыдэу нэхъ мащIэу зыхуейну ягъэува ахъшэм нэхърэ мынэхъ мащIэу щытыпхъэщ.
3. Урысей Федерацэм мазих нэхърэ нэхъыбэкIэ уикI хъунукъым.
4. Къэралым пIалъэ кIыхькIэ узэрыщыпсэум щыхьэт утехъуэу илъэсым зэ хъыбар ебгъэщIэн хуейщ, УФ-м и цIыхуу укъалъытэнымкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Гюсер Атилла
Пэрыт Хасэм и Тхьэмадэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz